ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Сэ  си  Хэкум срилIыкIуэщ»

2020-01-14

  • Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ IV Дунейпсо щIалэгъуалэ зэхыхьэ иджыблагъэ къызэригъэпэщащ Европэм и Советым. Франджым и Страсбург къалэм щызэхаша форумым хэтащ УФ-м щыпсэу ныбжьыщIэ 24-рэ. Апхуэдэхэт МГИМО-м и студентхэр, Москва, Обнинск, Екатеринбург, Воронеж, Оренбург, Налшык, нэгъуэщI къалэхэм, щIыпIэхэм къикIа щIалэгъуалэр. Ди республикэм щыщу зэхуэсым ирагъэблэгъащ Налшык дэт гимназие №4-м и 11-нэ дипломатие классым щеджэ Брай Ланэ.

  • Гимназие №4-мрэ КъБКъУ-мрэ пыщIэныгъэ хуаIэу къокIуэкI УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм. Абы ипкъ иткIэ еджапIэм къыщызэIуахащ дипломат ныбжьыщIэхэр щрагъаджэ класс хэха, къыщызэрагъэпэщащ дипломат цIэрыIуэ Примаков Евгений и цIэр зезыхьэ залышхуэ. Гимназием щеджэ дипломат ныбжьыщIэхэр жыджэру хэтщ ди къэралым а унэтIыныгъэмкIэ щекIуэкI зэхуэсхэм, я Iуэху еплъыкIэхэр абыхэм я утыку щаIуатэу. Иджы абыхэм ящыщ ирагъэблэгъащ зи цIэр къитIуа дунейпсо форумми.
  • ЗэIущIэ иным и мурад нэхъыщхьэр хамэ къэралхэм ящыщ ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ Урысей Федерацэм щыщыIэ щытыкIэм, псэукIэм нэхъ гъунэгъуу щыгъуазэ хуэщIынырат. Абы хуэунэтIа зэхуэзэхэр, псалъэмакъ щхьэпэхэр шэщIауэ щекIуэкIащ адыгэ пщащэр зыхэта дунейпсо зэIущIэм. Ланэ къызэхуэсахэм я пащхьэ инджылызыбзэкIэ щищIа докладыр теухуат ди республикэм, абы и къалащхьэ Налшык къэралым щаубыд увыпIэм, ди щIыпIэм иIэ социальнэ-щэнхабзэ, экономикэ-политикэ зыужьыныгъэхэм, ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэмрэ абыхэм яку дэлъ зэхущытыкIэфIхэмрэ.
  • — Куэдым яфIэхьэлэмэт хъуат ди щIыналъэм теухуауэ форумым щыжысIахэр, — игу къегъэкIыж Брайм. — МащIэкъым гукъыдэж зыщIар Кавказ Ищхъэрэм, Налшык щыхьэщIэну. Ныбжьэгъу схуэхъуахэр сэ къезгъэблэгъащ гъэмахуэм Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIыну Дипкампусым. ШыщхьэуIум зэхэтшэну зэIущIэр къызэдгъэпэщынущ, УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэр къыддэIэпыкъуу.
  • Я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ, гупсысэхэмкIэ зэдэгуэшауэ, ныбжьэгъущIэ куэд зэрагъэпэщауэ къыздикIа щIыналъэхэм екIуэлIэжащ дунейпсо форумым хэта щIалэгъуалэр. Апхуэдэ зэхыхьэхэр, шэч хэмылъу, сэбэпышхуэщ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу ныбжьыщIэхэр зэрыцIыхунымкIэ, яку зэпыщIэныгъэфIхэр къыдэхъуэнымкIэ.
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.