ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Дуней псор зылъэхъа бэджыхъым детхьэлэ»

2019-12-14

  • КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэр, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэр я дэIэпыкъуэгъуу ирагъэкIуэкI «Дуней псор зылъэхъа бэджыхъым детхьэлэ» республикэпсо зэпеуэр иджыблагъэ щызэхэтащ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм. КъыжыIапхъэщ проектым ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ щыIэ къэрал агентствэм къызэригъэпэща зэпеуэм и гулъыти зэригъуэтар.

  • Абы и къалэн нэхъыщхьэр республикэм ис щIалэгъуалэ гупхэр зэхэшауэ анэдэлъхубзэкIэ зэгъэпсэлъэнырщ, я Iуэху еплъы- кIэр зэтемыхуэмэ, зэгъэдэуэ- нырщ, адыгэбзэм и пщIэр къэIэты- нырщ.
  • IуэхущIапIэм яхуеблэгъат КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэхухэм-кIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Iэрэмысэ Тимур, КъБР-м ЩIымрэ мылъкумрэ я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэ Гугъуэтыж Ахьмэд, Арщыдан дэт 3-нэ курыт еджапIэм и унафэщIым егъэджэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Мэшыкъуэ Радимэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Хьэрэдурэ Аллэ, Тэрч щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и лIыкIуэхэу ПщыукI Залымрэ Шэрыб Людмилэрэ.
  • Ди гъащIэм щыщ хъуа интернетым теухуа псалъэмакъым хэта еджакIуэхэм гупитIу загуэшат — абы и телъхьэхэмрэ ар зэран хъууэ къэзылъытэхэмрэ.
  • НобэкIэ ди гъащIэм увыпIэшхуэ щызыубыд хъуа интернетым фIагъыу иIэхэр утыкум кърахьащ ар зи Iэпэгъухэм. ЕджакIуэхэм щапхъэкIэ щIагъэбыдэжурэ къыжаIащ иджыпсту лъэбакъуэ лей умычу, унэм ущIэсу Iуэху куэд зэрызэфIэпхыфыр. Псалъэм папщIэ, интернет-тыкуэнхэм узэрыщыщэхуэфыр, щIыпIэ жыжьэ щыIэ уи благъэ-Iыхьлыхэм тыншу уазэрылъэIэсыфыр, зыгъэпсэхуакIуэ е нэгъуэщI щIыпIэ укIуэнумэ, тIысыпIэхэр, хьэщIэщхэр тыншу зэбгъэпэщ зэрыхъуар, дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэм я хъыбархэр псынщIэу къызэрыпщIэфыр, еджэнымкIи, егъэджэныгъэмкIи, лэжьыгъэмкIи ар зэрысэбэпыр, уеблэмэ лейуэ умыпщафIэу шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр хьэзыру уи унэ къебгъэшэнуи Iэмал узэриIэр.
  • Интернетым и «жагъуэгъу» гупми я еплъыкIэр яIыгъыжкIэрэ жаIащ ар хэмытуи нобэрей гъащIэм узэрыхэпсэукIыфынур. Щапхъэуи къахьащ ди япэ ита нэхъыжьхэм я гъащIэ блэкIар, пасэм цIыхухэр нэхъ зэгурыIуэу, зэхуэгуапэу, зэрыщIэу зэрыщытар. Гъунапкъэ зимыIэ дунейр къызэрыунэхурэ, уеблэмэ унэм щIэсхэри зэрымылъагъуж, сымаджэрилэ, цIыхухэр нэхъ ткIий, гущIэгъуншэ зэрыхъуари къыхагъэщащ. Псом хуэмыдэу нэм, бгым, псантхуэм, щхьэм зэран зэрахуэхъум, узыншагъэм нэхърэ нэхъ лъапIэ дунейм зэрытемытым, абы укIэлъыплъын зэрыхуейм, нэгъуэщI куэдми, щапхъэкIэ щIагъэбыдэжурэ, тепсэлъыхьащ.
  • ТекIуа гупыр наIуэ къащIын ипэ къихуэу къэпщытакIуэхэр къы- щыпсалъэм къыхагъэщащ езыхэм къабгъэдэкI псалъэкIэ гъэхуауэ, шэрыуэу, зэхэщIыкIыгъуэу еджакIуэхэм жэуап зэратар ягу зэрырихьар. Ахэр зыгъэхьэзыра, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ курыт школым щезыгъаджэ Хьэрэдурэ Эммэ къыдэкIуэтей щIэблэм анэдэлъхубзэр яIурылъу къэгъэтэджыным зэрытелажьэр зэрынэрылъагъур, и гугъуехьыр зэрыхэмыкIуадэр наIуэ зэрыхъуар къыхагъэщащ. Балл бжыгъэкIэ япэ ища интернетым и «жагъуэгъухэм» къыкIэлъыкIуэ зэпеуэми бжьыпэр щаубыдыну ехъуэхъуахэщ.
  • Иужьрейуэ къэпсэлъа, курыт еджапIэм и унафэщI Тумэ Валентинэ жиIащ:
  • — Псом нэхърэ нэхъыщхьэу сабийм бгъэдэлъын, ищIэн хуейр къыдалъхуа бзэращ. Нобэ лъэныкъуэ ирагъэзын ягугъэу зи яужь ихьа ди адыгэбзэмкIэ евгъэкIуэкI зэпеуэр икъукIэ мыхьэнэ зиIэ лэжьыгъэщ. Тхьэм фи мурадхэр къыфхузэпищэ! А Iуэху дахэм хэтыну ди еджакIуэхэм Iэмал зэра-гъуэтар куэду ди гуапэщ. КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэми тлъэкI къэдмыгъэнэну фыкъыдогъэгугъэ.
  • ЗэIущIэм и кIэухыу, гукъинэж ящыхъун хуэдэу, псоми зэгъусэу сурэт зэтрагъэхащ.
  • КУРПЫГЪУ Синэ.