Бзэр дэзыгъащIэр Тхьэм иузэщI
2019-10-17
- Анэдэлъхубзэр яIурылъу, ар фIыуэ ялъагъуу сабийр къэгъэтэджыныр къалэнышхуэщ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а лъэпкъ Iуэхум уелэжьу лъэпкъыбзэр ебгъэджынри, ипэжыпIэкIэ, щIыхь зыпылъ IэщIагъэщ. Лосэн (Шэмпар) Хьэужан Сэфарбий и пхъум и гъащIэр зыхуэгъэпсар анэдэлъхубзэм и лъапIэныгъэхэм ныбжьыщIэхэр щIэпIыкIынырщ, абыхэм цIыху нэс, акъылыфIэ къищIыкIынырщ. Илъэс 30-м щIигъуауэ ар щолажьэ Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №6-м.
- Хьэужан Джэрпэджэж къуажэм къыщалъхуащ. Унагъуэр Дохъушыкъуей (Старэ Шэрэдж) къэlэпхъуа нэужь, хъыджэбз цIыкIур а жылэм дэт школым щIэтIысхьащ икIи ар 1973 гъэм фIы дыдэу къиухащ. Анэдэлъхубзэр зи псэм хэлъу къэтэджа пщащэм зыхуеджэну IэщIагъэр къыхихагъэххэт абы ирихьэлIэу. АбыкIэ Хьэужан щапхъэ къыхуэхъуауэ къелъытэ и анэ дэлъхухэу, КъБКъУ-м и щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Къарэхэ Зырамыкурэ Борисрэ, адыгэбзэр илъэс куэдкIэ щIэблэм езыгъэджа и анэ шыпхъу, егъэджакIуэ-методисту лэжьа Къарэ Ленэ сымэ. Пщащэ цIыкIур куэдрэ кIэлъыплъырт абыхэм я лэжьэкIэм, ехъуапсэрт ахэр еджакIуэхэм зэрахэтым, илъагъурт къыдэлажьэхэм къыхуащI пщIэр, езыхэм я IэщIагъэм хуаIэ лъагъуныгъэр. Ахэр и щапхъэу, и гъуэгугъэлъагъуэу Хьэужан школ нэужьым щIэтIысхьащ КъБКъУ-м урысыбзэмрэ литературэмкIэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм.
- Студент гъащIэр щызу, купщIафIэу езыхьэкIахэм ящыщащ Хьэужан. Еджэным зэрыщыпашэм къыдэкIуэу, ар хуэжыджэрт университетым щекIуэкI жылагъуэ гъащIэми. Абы къыщызэрагъэпэщ зэпеуэхэм, щIэныгъэ зэхуэсхэм, щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэм я утыку куэдрэ ихьащ. Хьэужан игу къызэригъэкIыжымкIэ, а лъэхъэнэм ди университетым щезыгъаджэу щытахэу Абытlэ Мухьэб, Урыс Хьэталий, Хьэкlуащэ Андрей, Нало Ахьмэдхъан, Гъут Iэдэм сымэ куэдкIэ я фIыгъэщ щIэныгъэ куу зэрызригъэгъуэтар.
- — Зи анэдэлъхубзэм, лъэпкъым хуэпэж, фlыуэ зылъагъу а цlыху щэджащэхэм сызэрырагъэджар си напщlэ телъщ, — жеIэ абы. — А еджагъэшхуэхэм щlэныгъэфI къызэрыдбгъэдалъхьам нэмыщI, адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ яхудиlэ лъагъуныгъэми хагъэхъуащ. Абы и щыхьэтщ сэ къыздеджахэм ящыщ куэд адыгэбзэм зэрырилажьэр, нэхъ тэмэму жыпlэмэ, адыгэбзэр зэрагъэлажьэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Бэрбэч Борис, Дыщэкl Ритэ, Мыкъуэжь Анатолэ, Тlымыжь Хьэмыщэ, Шэру Нинэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
- ФIыуэ илъагъу IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэту, унагъуэ дахи хъужа нэужь, Хьэужан егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыхьащ. ЕгъэджакIуэу зэрылажьэрэ куэд щIами, абы зэи къыIэщIэужагъуэркъым и IэщIагъэр. Ар дапщэщи хущIокъу лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхур ныкъусаныгъэншэу зэрызэфIихыным. Лосэным зэрыжиIэщи, егъэджакIуэфIу ущытын папщIэ, уи предметым куууэ хэпщIыкIыныр мащIэщ, атIэ уи лэжьыгъэр зэребгъэфIэкIуэным ухущIэкъуу, егъэджэныгъэм къыхыхьэ мардэщIэхэр абы къыщыбгъэсэбэпыфу ущытын хуейщ. Зэманым декIуу улэжьэн, лъэхъэнэм хуэкIуэ щIэблэ бгъэсэн папщIэ, апхуэдэ жыджэрагъ хэлъыпхъэщ егъэджакIуэ нэсым.
- — Си lэнатlэм ехъулlэныгъэ нэхъыщхьэу щызиlэр анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъуу къэтэдж еджакlуэ цlыкlухэрщ. Ахэр гуфlэу, си урокхэр, адыгэбзэр ягу къэкlауэ жаlэу lэплlэ къыщысхуащlкlэ, дуней псор сэращ зейр, — и лэжьыгъэм топсэлъыхь Хьэужан. — Мы еджапlэм щхьэкlэ «урыс школ» жаlэу щытащ нэхъапэм, сыхьэт бжыгъэуи адыгэбзэм щыхухахыр мащlэ дыдэт. Апхуэдэу щытми, анэдэлъхубзэм гулъытэшхуэ щигъуэт адрей курыт школхэм закъыкIэрыдмыгъэхуу дылажьэрт сэри си гъусэу адыгэбзэр езыгъэджхэри. Къыщыхъу щыlэт тхьэмахуэ зэхуакум урок зэlухауэ е классщIыб лэжьыгъэу зытIущ щедгъэкIуэкI. Иджырей зэманым хуэдэу, апхуэдэ Iуэху зехьэкIэхэм папщIэ балл гуэри къытхущIагъуртэкъым, атIэми ди гур хигъахъуэрт, ди лъэр нэхъри жан ищIырт ди гъэсэнхэм адыгэбзэр яфIэфIу, абы и IэфIагъыр псэкIэ зыхащIэу къызэрыхъум.
- Лосэным зэрыжиIэжымкIэ, «урыс школкIэ» еджэми, еджапIэм куэдрэ Iуэхугъуэ инхэр щызэхишэрт адыгэбзэр езыгъэджхэм я методист нэхъыщхьэу а лъэхъэнэм лэжьа Къуэщlысокъуэ Нурхьэлий. Школым и унафэщIхэми егъэджакIуэхэми а пашэм къахуищI дзыхьыр ягъэпэжу, зэпеуэу ятырт дерс зэIухахэр, къызэрагъэпэщырт КВН-хэр, адыгэбзэкIэ ягъэува театр теплъэгъуэ цIыкIухэр утыку ирахьэрт.
- Апхуэдэущ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэр ноби зэрылажьэр. Ар хущIокъу и дерсхэр купщIафIэу икIи хьэлэмэту, щIэщыгъуэу икIи гукъинэу зэриухуэным, и лэжьыгъэми къыщегъэсэбэп егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ методикэм къыхыхьэ IэмалыщIэхэр. Хьэужани и гъэсэнхэри жыджэру хэтщ районым, республикэм адыгэбзэмкIэ къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Абыхэм я утыку Хьэужан щигъэлъагъуэ лэжьыгъэр купщIафIэщ, екIущ, щIэблэм щIэныгъэ куурэ гъэсэныгъэ дахэрэ яхэзылъхьэщ.
- — Лъосэн Хьэужан ди щIыналъэм адыгэбзэр щезыгъэджхэм я нэхъыфIхэм ящыщщ. ЕгъэджакIуэм иригъэкIуэкI дэтхэнэ дерсми нэрылъагъу къыпщещI абы и Iуэху зехьэкIэр хьэлэмэту, адрейхэм емыщхьу зэрыщытыр, — жеIэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм Лъэпкъ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Табыщ Мурат. — Хьэужан зэхуэдэу IэкIуэлъакIуэу дерсым къыщегъэсэбэп егъэджэныгъэ программэм къигъэув мардэхэри, ныбжьыщIэхэм я гупсысэм, дуней еплъыкIэм зезыгъэужь творческэ лэжьыгъэхэри. Ахэр зэпэщу, ныкъусаныгъэншэу зэхэухуэнэныр зыхулъэкIыр Iэзагъ лъагэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэхэрщ.
- ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм зы щIэблэкъым гъащIэм гъуэгу захуэ щытригъэувар. И гъэсэнхэм ящыщ дэтхэнэми езым и псэ къабзагъэмрэ гу хуабагъэмрэ ящыщ хилъхьэфащ абы. Хьэужан и еджакIуэ цIыкIухэм куэду яхэтщ я унэтIакIуэм и чэнджэщкIэ зыхэта зэпеуэм къыщахьа ехъулIэныгъэ лъагэхэм къапэкIуауэ фIыщIэ тхылъхэр, саугъэтхэр зыхуагъэфэщахэр. Апхуэдэхэщ Лыкъуэ Жаннэ, Бещто Зурианнэ, Алэкъул Сэлим, Сэбаншы Миланэ, Аргъэщокъуэ Алинэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Лосэным и мащIэкъым езым бзэм хуиIэ лъагъуныгъэр псэкIэ зыхэзыщIэу и лъэужьым ирикIуа ныбжьыщIэхэри. Абы къегъэлъагъуэ егъэджакIуэм и лэжьыгъэр псыхэкIуадэ зэрымыхъур, апхуэдэуи адыгэбзэр нэхъ куууэ зыджыну хуей куэд щIэб-лэм зэрахэтри наIуэ къещI.
- ФIыуэ лажьэм и пщIэри и щIыхьри лъагэщ. Абы зыбжанэрэ къыхуагъэфэщащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Бахъсэн районым егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
- «Бзэр дэзыгъащIэр Тхьэм иузэщI, Дунейм и фIыгъуэм щремыщIэ», — щыжиIэгъащ КIыщокъуэ Алим и «Псалъэ» усэм. А сатырхэр яхуэфащэ дыдэщ анэдэлъхубзэр щIэблэм егъэщIэным зи гъащIэри гуащIэри тыхь хуэзыщI IэщIагъэлI минхэм. Лосэн Хьэужан Сэфарбий и пхъур апхуэдэхэм ящыщщ. Зи лэжьыгъэр хьэлэлу езыхьэкI егъэджакIуэ Iэзэм дохъуэхъу гъащIэм щыгуфIыкIыу, и IэнатIэм ехъулIэныгъэщIэхэр щиIэу куэдрэ псэуну.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.