Нобэрэ пщэдейрэ
2019-10-17
- Жэпуэгъуэм и 17, махуэку
- Къулейсызыгъэр гъэкIуэдыным и дунейпсо махуэщ
- ЩIыхуэ зыт зэгухьэныгъэхэм я махуэщ
- 1740 гъэм хыдзэлI, урысей флотым и офицер Беринг Витус и экспедицэм хэтхэм Петропавловск-Камчатский къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
- 1902 гъэм Детройт (США) къалэм къыщыщIагъэкIащ япэ «Кадиллак» автомобилыр.
- 1905 гъэм Урысейм и япэ Къэрал Думэм и зэхуэс екIуэкIащ.
- 1918 гъэм дунейм щыяпэу Москва къыщызэIуахащ сабийхэр зэрыджэгу хьэпшыпым и музей.
- 1938 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ ягъэуващ «Хахуагъэм папщIэ», «Зауэм къыщигъэлъэгъуа зэфIэкIым папщIэ» медалхэр.
- 1945 гъэм СССР-м къыхагъэхьащ Кёнигсберг къалэр, абы къедза щIыналъэхэри щIыгъуу.
- 1961 гъэм Къэрал Кремль Уардэунэр къызэIуахащ. 1992 гъэ пщIондэ абы зэреджэу щытар Съездхэм я Кремль Уардэунэ жиIэущ.
- 1990 гъэм «Внешторгбанк»-р къызэрагъэпэщащ. Иджыпсту ар ВТБ банкырщ.
- Маршал, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь, 1967 — 1976 гъэхэм СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта Гречкэ Андрей къызэралъхурэ илъэси 116-рэ ирокъу.
- Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, усакIуэ, КъШКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Тохъутэмыщ Хъызыр и ныбжьыр илъэс 76-рэ ирокъу.
- ТхакIуэ, публицист, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Котляров Виктор и ныбжьыр илъэс 67-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 17 — 20, жэщым градуси 8 — 10 щыхъунущ.
- Жэпуэгъуэм и 18, мэрем
- Азербайджаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
- США-м Аляскэм и махуэр щагъэлъапIэ. 1867 гъэм Урысей империем Аляскэ хытIыгуныкъуэр США-м зэрырищам теухуа дэфтэрхэр зэIэпахащ.
- Перуджэ (Италие) щагъэлъапIэ шоколадым и махуэр
- 1723 гъэм Пётр Езанэм Кронштадт быдапIэм и лъабжьэр игъэтIылъащ.
- 1918 гъэм Чехословакие республикэр къызэрагъэпэщащ.
- 1921 гъэм Кърым АССР-р Урысейм хыхьэу къызэрызэрагъэпэщым теухуа декретыр къыдэкIащ. 1945 гъэм автономиер Кърым область хъуащ, 1954 гъэм Кърымыр Украинэм хагъэхьащ. Абы и автономиер 1991 гъэм зэфIагъэувэжащ, 2014 гъэм гъатхэпэм и 18-м къыщыщIэдзауэ УФ-м и щIыналъэ хъужащ.
- 1922 гъэм Инджылызым и «Би-Би-Си» радиокомпаниер къызэрагъэпэщащ.
- 1924 гъэм СССР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советым унафэ ищIащ къэралым ис псоми фэрэкIым зэребэн мастэ халъхьэным теухуауэ.
- 1942 гъэм нэмыцэдзэхэм къаувыхьауэ дыхьэпIи дэкIыпIи зимыIэ Ленинград къыщызэIуахащ Комиссаржевская Верэ и цIэр зезыхьэ театрыр.
- 1944 гъэм советыдзэхэр Чехословакием ихьащ къэралыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжыну.
- 1967 гъэм «Венера-4» совет хьэрш аппаратыр ЩIым нэхъ пэгъунэгъу дыдэ Венерэ планетэм тетIысхьащ.
- 1990 гъэм Ямало-Ненецкэ автономнэ округыр Тюмень областым къызэрыхэкIым теухуа унафэ къащтащ.
- 1991 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и иужьрей зэIущIэр екIуэкIащ.
- 1991 гъэм РСФСР-м и Президент Ельцин Борис Iэ щIидзащ «Политикэ залымыгъэ кIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэм щIэбгъэкъуэншэн хабзэншагъэ зэрамылэжьар къэлъытэным теухуауэ» законым.
- 2011 гъэм Урысейм, Украинэм, Белоруссием, Къэзахъстаным, Армением, Къыргъызым, Молдавиемрэ Таджикистанымрэ Iэ щIадзащ СНГ-м хуиту сату щыщIыным теухуа зэгурыIуэныгъэм.
- Совет композитор, СССР-м и цIыхубэ артист Захаров Владимир къызэралъхурэ илъэси 118-рэ ирокъу.
- Къэрал къулыкъущIэу, политик Iэзэу, КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерий къызэралъхурэ илъэс 78-рэ ирокъу.
- Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-м и академик, КъБР-м и цIыхубэ дохутыр ХьэцIыкIу Борис и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу.
- Урысей журналист, теленэтынхэр езыгъэкIуэкIыу щыта Доренкэ Сергей къызэралъхурэ илъэс 60 ирокъу.
- КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емкъуж Лиуан и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
- Америкэм щыщ актёр цIэрыIуэ, кинорежиссёр, сценарийхэр зытх Жан-Клод Ван Дамм и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу.
- «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретару щыта, КъБР-м и Парламентым, УФ-м Связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм я ЩIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща Гъурыжь Мадинэ къыщалъхуа махуэщ.
- Урысей актёр цIэрыIуэ, режиссёр, УФ-м и цIыхубэ артист, Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр зрата Безруков Сергей и ныбжьыр илъэс 46-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 23-рэ, жэщым градус 11 — 12 щыхъунущ.