ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхыдэм  и  лъагъуэхэмкIэ

2019-10-01

  • Налшык къалэ дэт къэрал Лъэпкъ библиотекэм иджыблагъэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. «Пасэрей хьэтхэм я деж къыщыщIэдзауэ нобэм къэс» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр теухуат адыгэм и тхыдэм и лъэхъэнэ блэкIахэм. Апхуэдэу, адыгэбзэмрэ литературэмрэ фIыуэ зылъагъу-хэм «Гум и макъ» зыфIаща я клубым Адыгэхэм я махуэшхуэм ирихьэлIэу библиотекэм къыщызэригъэпэща зэIущIэм жыджэру зыкъыщагъэлъэгъуащ ныбжьыщIэхэм.

  • Абы хэтащ философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Унэж Кашиф, Къэхъун къуажэ дэт 2-нэ курыт еджапIэм и унафэщI Джатокъуэ Хьэуелэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Пэщол Сакимэ сымэ, «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием» къикIа еджакIуэхэр.
  • Къэхъун дэт 2-нэ курыт школым щыщ ныбжьыщIэхэм театр теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ утыку кърахьащ адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, хабзэм, щэнхабзэм, IуэрыIуатэм теухуа хъыбар щхьэхуэхэр. ЕджакIуэхэм ягъэзэщIа уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ дахэу зэхэухуэна хъуат. Ахэр зэIущIэм хуигъэхьэзыращ тхыдэмкIэ егъэджакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Шыбзыхъуэ Хъамсинэ.
  • Дохъушокъуэ  Синэ.