Зи макъыр псыхьа
2019-10-01
- Нобэ ди псэлъэгъу Шэрджэс Iэсият Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Хьэбэз къуажэм къыщалъхуащ. Черкесск макъамэ школыр, макъамэ училищэр къыщиухащ. Дон Iус Ростов Рахманиновым и цIэр зэрихьэу дэт консерваторием щеджащ. Нобэ ар Налшык дэт Музыкэ театрым и лэжьакIуэ пажэхэм ящыщщ.
- — Iэсият, уи IэщIагъэр къыхэпхыным сыт къежьапIэ хуэхъуар?
- — Унагъуэм къыщежьащ, си сабиигъуэм къыздисхащ. Унэм Бах, Моцарт сымэ я макъамэ къыщеуэрт зэпымыууэ. Макъамэ школ, макъамэ училищэ сыщеджащ, Ростов консерваториер диплом плъыжь-кIэ къыщызухащ. КIэщIу жыпIэмэ, илъэс 17-кIэ сыхуеджащ си IэщIагъэм. IэщIагъэр къыхэсхыным си адэм сытригъэгушхуащ. Езыр зоотехник пэтми, макъамэр игъащIэм игъусащ. Илъэс 20-м щIигъукIэ «Iэдииху» ансамблым уэрэджыIакIуэу хэтащ, адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуихьэсын фIэфIу щытащ, макъамэ Iэмэпсымэхэм Iэзэу еуэрт, тхылъ куэди къыдигъэкIащ — Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтащ. Си анэми макъамэр и псэм хэлъщ — пшынэ еуэным хуэIэзэщ. Ауэ щыхъукIэ, ари зыхуеджар дохутыр IэщIагъэрщ. Макъамэ къызыщIэIукI унэ сыкъыщыхъуати, сэри абы сыдихьэхащ.
- — Театрым щыбгъэзэщIа, щыбгъэзащIэ ролхэм я гугъу уэзгъэщIынут…
- — Япэрауэ, къыхэзгъэщынут мыр: цIыхуфIи цIыху Iеи я роль къыплъагъэсынкIэ хъунущи, абы ухуэхьэзырын хуейщ. Театрым щыбгъэзэщIэнур къыпхуагъэфэща ролырщ. «Сэ мыбы сыхуейкъым» жыпIэну къезэгъыркъым. Сэ, псалъэм щхьэкIэ, Листов и «Севастопольский вальс»-м хэт Нинэ и ролыр къыщызатам, Iэнкун сыкъэхъуат, абы и хьэл-щэныр сигу ирихьыртэкъыми (ар и щхьэгъусэм епцIыжащ). ИтIанэ, сеувалIэри, ар зыгуэркIэ бгъэзахуэ хъуххэнумэ, Iэмалу щыIэр игущIыIу къэсщIат: театреплъым «пу нэлат» дыдэ иримыхыу, атIэ фIэгуэныхь хъун хуэдэу. Языныкъуэ цIыхухэм роль узэрыджэгум хуэдэу гъащIэми ущыщыт къафIощI. Ар тIэкIу си жагъуэ мэхъу.
- Си ролхэм ящыщу нэхъ гугъу сызыдехьари нэхъ сигу къинэжари консерваториер къыщызух илъэсым Пуччини и «Мадам Баттерфляй» оперэм сызэрыщыджэгуаращ. Америкэм щыщ капитанрэ Японием щыщ хъыджэбзымрэ я лъагъуныгъэт зытеухуар. Оперэр щызэпкърысхым, Японием щыпсэухэм я хьэлхэм щыщ куэ-дым хэслъэгъуащ ди адыгэ щэн-хэр. СфIэгъэщIэгъуэн дыдэу селэжьат: ди курсым сэ зырат адыгэу щIэсри, роль нэхъыщхьэри сэ къыслъысат. Си адэ-анэри абы хуабжьу щыгуфIыкIауэ щытащ. Абы лъандэрэ илъэс 26-рэ хъуауэ, мадам Баттерфляй къызэрихьэ ариер («Ария надежды») сэ согъэзащIэ.
- Ларинэ Татьянэ («Евгений Онегин»), Лацэ («Къамботрэ Лацэрэ») я ролхэри нэхъ сфIэфI дыдэхэм ящыщщ.
- — Театрым и илъэсыр арэзы укъищIу екIуэкIрэ?
- — Хуэфэщэну гъэлъэпIа хъуа щIыкIэкъым иджыри.
- Дэ щIышылэм щIэддзэри ди концерти, гъэлъэгъуэныгъи, оперетти — псори ди лэжьыгъэр Театрым и илъэсым епхауэ дгъэзэщIащ, премьерэ диIащ. Мы мазэ бжыгъэ къэнами, ди гуащIэ деблэжынукъым.
- ЩэнхабзэмкIэ министр Къума-хуэ Мухьэдин и къару къызэрихькIэ гулъытэ къытхуещI, и нэIэ дыщIигъэтщ. Езыри икIи артистщи, — ди лэжьыгъэм и пIалъэр хъарзынэу къыгуроIуэ. ЗыгуэркIэ зыхуэзыгъэзахэр зэи къигъэщIэхъуакъым.
- — Театрым и цIэр фIыкIэ зыгъэIур абы и лэжьакIуэхэращ, дауи…
- — Ди Музыкэ театрыр Кавказ псом щыIэм къахэщу апхуэдэщ. Псалъэм щхьэкIэ, Къэрэшей-Шэрджэс филармонием зы камернэ оркестр закъуэ яIэу аращ. Симфоние оркестр щыIари лэжьэжыркъым, Даур Аслъэн дунейм зэрехыжрэ.
- Москва, Санкт-Петербург, Ярославль къалэхэм, Абхъазым, Тыркум, Израилым — куэдым сыщыIащ. Сэр-сэру ди театрым и уэрэджыIакIуэхэр абыхэм щызэхэсххэм езгъапщэрти.., дыдейхэр зыхэзбжэр нэхъыфI дыдэхэрат. Хъупсырджэн Албэч, Батыр Мухьэдин, Ташло Алий сымэ уедэIуэныр сыт и уасэ!
- — Иужьрей зэманым театрым лэжьэну нэкIуахэр я щIэныгъэкIэ сыт хуэдэ?
- — Театрым щIалэгъуалэ еджа, IэщIагъэр зыхэзыщIэ, макъ дахэ зиIэ куэд нытхуокIуэри, абы егъэлеяуэ срогуфIэ. Абыхэм я цIэхэр дяпэкIэ утыкум щыIунущ. Ахэр я гум, я псэм фIэфIу IэщIагъэм зэрыхущытыр нэрылъагъущ. Улахуэ щхьэкIэ театрым лэжьапIэ зы-ри къэкIуэххэнукъым.
- — Япэ дыдэу утыкум щыбгъэзэщIа уэрэдыр пщIэжрэ?
- — Тхьэбысым Умар и «Си нанэ» уэрэдыр пианинэм сыбгъэдэсу жысIауэ зэрыщытар сигу къинэжащ.
- — Уэрэд лIэужьыгъуэ къэс жыIэкIэ щхьэхуэ иIэу, дэтхэнэми уи макъыр зэрытебгъахуэр сфIэтелъыджэщ…
- — Пэжщ, жыIэкIэ зырызыххэ яIэщ. Зы щапхъэ закъуэ къэсхьынти… Акапеллэ жыхуиIэр сфIэфIщ сэ егъэлеяуэ — макъамэ Iэмэпсыми хэмыту, уи макъ къабзэмкIэ уэрэдыр жыбоIэ. Ауэ ар макъ зэгъэпэща, зэманми тIэкIу ипсыхьа уимыIэу пхужыIэнукъым. Абы ухуеджэни, зыхуэбгъэсэни, зыхуэбгъэхьэзырыни хуейщ. Уэрэд жыIэн IэщIагъэм и гъуэгу кIыхь къызэпыпча нэужьщ абы ущыхуэкIуэр. Абы къыхэкIыуи, куэдыр хуощхьэх. Зэ-тIэу уэрэд жаIамэ, уэрэджыIакIуэшхуэ хъуауэ къафIэщIу абы зыщрапщыт щыIэщ, ауэ ар щхьэгъэпцIэжщ. Ухуэхьэзыру щытмэ, зыри гугъу хэлъкъым — сыт хуэдэ гурыфIыгъуэ къыхэпхыжрэ, уэрэдым ухыхьэпауэ ар щыбгъэзащIэм деж, къодаIуэхэр къыщыпхьэхум деж!
- — Сытхэм нэхъ уелэжьрэ?
- — Иджыпсту уэрэдхэр сотх. КъБКъУ-м и «Амикс» гупым я студием, Къул Амир щIыгъуу абы сыщолэжь. Си адэр иджыри щып-сэум езгъэлъагъуурэ, «хъунущ» щыжиIэкIэ сытригъэгушхуэурэ зэхэслъхьат уэрэд зыбжанэ. Тхьэзэплъ Хьэсэн тхьэмыщкIэм и рубаи зытIущми макъамэ хуэстхауэ щыIэщ. Езыри езгъэдэIуат, и гуапи хъуауэ щытащ.
- ТеатрымкIэ къэбгъазэмэ, иужьу сыхэтащ «Севастопольский вальс» опереттэм. Мы гъэми щIэ гуэрхэр ягъэувмэ, сыхэтыну си гугъэщ. Темыркъан Пётр дежи филармонием сыщолажьэ, романсхэр, ариехэр, адыгэ цIыхубэ, урыс цIыхубэ уэрэдхэр жысIэу. Жэпуэгъуэм Мейкъуапэ зы фестиваль щекIуэкIынущи, абыи сыхэтынущ — ХьэIупэ ДжэбрэIил и «Къэбэрдей хъыджэбз уэрэдхэм» ящыщу щы щыжысIэнущ.
- — Адыгэ уэрэдхэм я нобэм дыкъытеувыIэнти…
- — Адыгэ уэрэдыжь дахэхэр, иджырей уэрэд хъарзынэхэр, хьэгъуэлIыгъуэм утемыукIытыхьу щыжыпIэ, къыщебгъауэ хъун уэрэдхэр диIэщ. Ауэ уэрэд цIыкIуитI птхыуэ «уэхьэхьей-уэтэтей, фи хьэгъуэлIыгъуэр згъэдахэнщ» жыпIэу ущIэпхъуэ хъунукъым. Укъигъэгугъэмэ, уи щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хурикъунумэ, репертуар гъэхьэзыри — итIанэ къэлэжь уи сомри.
- — Уи IэщIагъэм узыщрихьэлIа гукъэкIыж гъэщIэгъуэнкIэ укъыддэгуэшамэ, ди гуапэт.
- — Сэ къызащIауэ щыта гуэр бжесIэжынщ… Макъамэ школым сыщеджэрт иджыри. Хьэгъундыкъуейм, Алибердыкъуэ, концерт дыкIуауэ, утыкум уэрэд щыжысIэу, микрофоныр кърачауэ щытащ. Сыгъыу утыкум сыкъижыжыну къафIэщIагъэнт. Пшынауэр Iэнкуну къызоплъ, сэри залымкIэ соплъэ… ЗэпIэзэрыту сыкъикIын хуейт а щытыкIэм — залым щIэсхэм къуагъэз дзыхьым пщIэ имыIэу хъунутэкъым. Микрофоныр згъэтIылъри, си макъкIэ жысIауэ щытащ. НэхъыфIыжу IэгуауэкIэ саIэтат, пэжым ухуеймэ. Абдежым сэ си макъыр згъэунэхужат — къару гуэр зэриIэр къызгурыIуат. Сэ а Iуэхум дерс къыхэсхат.
- — Сыт хуэдэ хъуэпсапIэхэр уиIэ?
- — Дыузыншэмэ, мамыру дыпсэумэ, адрейр псори тхузэфIэкIын защIэщ. Си анэр Тхьэм схуигъэпсэу! Си дэлъхуищым сызэрагъэгушхуэр, абыхэм я бынхэм я ехъулIэныгъэхэм сазэрыщыгуфIыкIыр сыт хуэдэ насып сэркIэ! Сызыхэс унагъуэращи, абыкIи сынасыпыфIэщ — си щхьэгъусэм и бынхэм я ехъулIэныгъэхэми сагъэгуфIэ (сэ езым бын сиIэкъым). Сигу къеуэр си адэр къызэрытхэмытыжырщ.
- — Упсэу, Iэсият! УнагъуэкIи IэщIагъэкIи Тхьэм уригъэфIакIуэ!
- Епсэлъар НафIэдз Мухьэмэдщ.