ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019-10-01

  • Уаз
  • Iейм я нэхъ Iейщ бзэгу зехьэныр
  • Япэми зэрыжытIащи, гуэныхьышхуэхэр 70 мэхъури, абыхэм ящыщщ бзэгу зехьэныр.

  • Алыхьыр зыгъэгубжь Iуэхугъуэщ ар. Ислъам динымкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ щIэныгъэлIхэм я тхылъхэм зэпкърыхауэ къыщокIуэ бзэгузехьэм Къемэт махуэм игъэвынур зыхуэдизыр. Алыхьым цIыху Iейхэм яхебжэ апхуэдэ хьэл зыхэлъхэр. Бзэгум куэд хузэфIокI, уеблэмэ, цIыху гъащIэр зэтрекъутэф. Аращи, Тхьэшхуэм цIыху Iейхэм дахибжэмэ, сыт къэдгъащIэм и мыхьэнэжыр?
  • Бзэгу зехьэн хьэлыр зыхэлъ цIыхур апхуэдизкIэ Алыхьым фIэлъагъугъуейщи, Тхьэм и псалъэу КъурIэным къыщокIуэ: «Алыхьым фIэфIкъым псалъэ щызэрахьэм деж, лажьэ имыIэу лей зытехьам къищынэмыщIа. Алыхьым псори зэхех, елъагъу». («ЦIыхубзхэр» сурэм щыщ Iэятщ).
  • Ауэ щыхъукIи, лажьэ ямыIэу пцIы къызытехуахэм, лей зылъысахэм я гукъеуэр яIуатэкIэ, гуэныхь къахьынукъым, абы щыгъуэми, лей зылъысар зыми IейкIэ тепсэлъыхьи, зыри игъэпуди хъунукъым. Алыхьым бгъэдилъхьэу, езым къехьэлIауэ лей зезыхьам хуигъэгъуфмэ, абы Iиман щыпкъэ иIэу аращи, апхуэдэхэм папщIэ КъурIэным къыщыкIуащ: «Залымыгъэм пагъэувыжыр залымыгъэщ. Ауэ ар игъэгъуу екIужым Тхьэм и фIыщIэр къихьынущ. Шэч хэлъкъым Алыхьым хабзэншагъэр зэримыгъэгъум».
  • Бзэгу зехьэныр Тхьэм апхуэдизкIэ и жагъуэщи, ар хуегъадэ хьэдрыхэ щыIэ анэкъилъхум и лыр зышхым. КъурIэным къыщокIуэ: «Уа, Тхьэр зи фIэщ хъуахэ! Зыщыфхъумэ псалъэ зехьэным, ар хьэрэмщ. Зым и щIыбагъкIэ адрейр фыхуэмыпсалъэ. Дунейм ехыжа фи анэкъилъхухэм я лыр фшхыжыну фыхуей? Ар фэркIэ гущыкIыгъуэкъэ?! АтIэ, фыщышынэ Алыхьым. Тхьэм гущIэгъу хэлъщ».
  • Аращи, а хьэл мыхъумыщIэм дэтхэнэ зыри Алыхьым дыщихъумэ! ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIахэм дызыхуаущийращи, Алыхьыр зыщымыгъупщэу, зи бзэм хуэсакъыу дунейм тетыфым и насыпщ.
  • Къэралым щынэхъ ин дыдэ
  • Мы мэжджытышхуэр Париж дэтщ, ар къэралым щынэхъ ин дыдэщ. Ар 1926 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м къызэIуихауэ щытащ Франджым и президент Думерг Гастон.
  • Япэ дунейпсо зауэм иужькIэ яублауэ щытащ абы и ухуэныгъэр. Франджыр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIэгъэкIыжыным щIэзэуа муслъымэнхэм хуащIауэ арат ар. Мэжджытым и азэн джапIэм метр 33-рэ и лъагагъщ.
  • Тхьэм и унэм и кIуэцIыр зихуэдэ щымыIэщ. Абы хэлъ тхыпхъэхэр зыхэлъу нэгъуэщI зыри бгъуэтынукъым.
  • Узыфэ куэдым  я хущхъуэгъуэ
  • КъурIэн лъапIэм и Iэятхэр узыфэ куэдым зэрахущхъуэгъуэр иджы щIэныгъэлIхэми къахутащ.
  • Америкэм и Штат Зэгуэтхэм дохутыр еджагъэшхуэ Ахьмэд Ал-Къади КъурIэным и Iэятхэр сымаджэм хущхъуэ зэрыхуэхъум теухуа къэхутэныгъэ пыухыкIахэр иригъэкIуэкIащ. Iэятхэм макъкIэ къыщеджэм деж щIэдэIу сымаджэхэм я гур зэрылэжьэн хуей мардэм зэрытехьэжыр, псантхуэхэр зэрызэфIэувэжыр наIуэ къащIащ.
  • Зи гугъу тщIы лэжьыгъэр щрагъэкIуэкIым зыкIэлъыплъа сымаджэхэм яхэтащ муслъымэн диныр зезымыхьэ, КъурIэным щыщу зы псалъи къызыгурымыIуэ, уеблэмэ, хьэрыпыбзэ зымыщIэ куэд. Ахэр щIагъэдэIурт макъкIэ ягъэIу Iэятхэм. ИужькIэ абыхэм я Iэпкълъэпкъым игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр Iэмэпсымэ, компьютер нэхъыфIхэмкIэ къапщытэжащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, сымаджэхэм ящыщу процент 97-м узыфэхэр ящхьэщыкIащ икIи гум, псантхуэм, фэм, нэгъуэщIхэми сэбэп яхуэхъуащ.
  • Нидерландхэм щыщ профессор, муслъымэн диныр зезымыхьэ Вандер Ховен къихутащ «Алыхь» псалъэр хьэрыпыбзэкIэ гъэхуауэ жыIа щыхъукIэ, а псалъэм хьэрфу хэт дэтхэнэ зыри цIыхум узыр щхьэщыхынымкIэ сэбэп зэрыхуэхъур. Ар абы щыхьэттехъуащиужьрейIэмэпсымэфIхэмкIэ.
  • Алыхьыр  зыщывмыгъэгъупщэ, 
  • мылъкумрэ  бынымрэ зыдевгъэхьэхыу
  • Дунеягъэри ахърэтри къэзыгъэщIауэ, псори дызыхуэныкъуэу, зыми хуэмыныкъуэж Алыхьым ейщ уафэми щIылъэми мылъкуу тетыр. Абы цIыхуу къигъэщIа псоми насып зэрызыххэ къабгъэдилъхьащ, хэти бынкIэ, хэти мылъкукIэ, хэти нэгъуэщI зыгуэркIэ. Ауэ а насыпым щхьэуназэ уищIрэ, Алыхьыр пщигъэгъупщэмэ, ахэр псори уэркIэ бий мэхъу.
  • КЪУРIЭН лъапIэм итщ: «Алыхьырщ зейр уафэхэми щIылъэми мылъкуу тетыр. Езыр зыхуейр къегъэщI: зыхуейм бзылъхугъэ ирет, зыхуейм хъулъхугъэ ирет. Е хъулъхугъэри бзылъхугъэри зэгъусэу ирет, ауэ зыхуейри мылъхуэ ещI. Езырщ псори зыщIэр, псори зылъэкIыр». («Шурэ» сурэм щыщ Iэятщ).
  • Алыхьым дунейр къигъэщIа нэужь, ар зэригъэщIэрэщIэн насып куэди къыкIэлъигъэкIуащ. Ахэри тIууэ зэщхьэщедз. Япэр къигъэщIа псоми яйщ. Псалъэм и хьэтыркIэ — дыгъэр, вагъуэхэр, хьэуар, псыр, нэгъуэщIхэри. ЕтIуанэр — щхьэхуэу дэтхэнэми хуигъэфэща насыпыращ. Псалъэм папщIэ, быныр, мылъкур, къулыкъур, нэгъуэщIхэри.
  • Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщыкIуащ: «Мылъкумрэ бынымрэ дунейр ягъэщIэращIэ» («Кааф» сурэм щыщ Iэят). Бынымрэ мылъкумрэ Алыхьым зрита и пщылIхэр а яритамкIэ я Iиманыр егъэунэху. Псалъэм папщIэ, быным узыфэ Iей е гузэвэгъуэ гуэр къылъыса нэужь, адэ-анэ куэдыр Iиманыншэ мэхъури, Алыхьыр зэрыщыIэр ящо- гъупщэж. Хэти дэIэпыкъуэгъу къилъыхъуэу Iэзэхэм я деж макIуэ, хэти нэгъуэщI зыщымыгугъыпхъэхэм ящогугъ. Псори къэзыгъэщIа Тхьэм къыпхуимыщIэр хэт хузэфIэкIын?
  • Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщыкIуащ: «Уа, Iиман къэзыхьахэ! Фи мылъкумрэ бынымрэ зыдевгъэхьэхыу, Алыхьыр зыщывмыгъэгъупщэ. Апхуэдэу зыщIэхэр унэхъуащ. Дэ фэтта мылъкум фIы къыпэвгъакIуэ, ажалыр къыфлъэмыIэс щIыкIэ. Ар къызылъэIэсым жиIэнущ: «Уа, си Тхьэ! ТIэкIу сыбгъэпсэужамэ, си мылъкуми сэджыт хэстыкIынт, цIыхуфIхэми ящыщ сыхъунт». Зи ажалыр къэсам Алыхьым хуигъэIэпхъуэркъым, Тхьэр щыгъуазэщ фэ фщIэм».
  • КъурIэным къыщыкIуащ: «Уа, Iиман къэзыхьахэ! Фи бынымрэ фи мылъкумрэ фэркIэ гъэунэхупIэ къудейщ» («Ал-Тэгъабуун» сурэм щыщ Iэятщ).
  • Iэятхэм къикIыр зыщ — сыт хуэдизу быныр мыгуащIэми, мылъкур мыIэфIми, ахэр къозытам япэ зыри ибгъэщ зэрымыхъунурщ. Тхьэм мылъку зыхуигъэфэщахэм, Алыхьым фIыщIэ хуащIрэ, я мылъкум псапэ хатыкIмэ, и Iуэхум фIы кърикIуэнущ. Абы и щыхьэтщ КъурIэным къыщыкIуа мы Iэятыр: «Уи мылъкум фIы хэпщIыкIмэ, пхуигъэбэгъуэнщ». Абы и мыхьэнэр: Алыхьым а бгъэкIуэдар щIыхуэу ептауэ ебжри, ахърэтым псапэу къущитыжынущ, дунеягъэкIи и сэбэпынагъ къыщокIыжынущ. Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Жыхьэнмэ мафIэм зыщыфхъумэ, зи мыхъуми, зы хъурмэ ныкъуэкIэ».
  • Бынри мылъкури Алыхьым къыдимытамэ, диIэнутэкъым. Дэтхэнэ зыми ди къалэнщ быныр Тхьэм и гъуэгум тету дгъэсэныр, мылъкуми псапэ хэттыкIыныр.
  •  
  • Адрейр дгъэкъуэншэну допIащIэ

  • Иджыпсту зи гугъу сщIы хъыбар кIэщI цIыкIум куэдым урегъэгупсыс. Дерс гуэр хэтхыфмэ, и сэбэпынагъ къыдэкIынут. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдым ди хьэлщ Iуэхур зыIутым щыгъуазэ зыдмыщIу, япэ дищу цIыхур дгъэкъуэншэну.
  • САуд Хьэрыпым щыщ, Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъ Саид ал-Къэхьдани дохутыр цIэрыIуэм езым и сымаджэщ иIэжу игъэлажьэрт. Зы махуэ гуэрым ар лэжьапIэм кIуатэкъым, ауэ ар щIэмылажьэм щхьэусыгъуэ иIэт.
  • Дохутырым и Iуэху зыIутыр ищIэ пэтми, абы и сымаджэщым щылажьэ медсестрам телефонкIэ къыжриIащ:
  • — Дохутыр Сэхьид, сымаджэщым укъэмыкIуэнкIэ Iэмал иIэкъым, зы щIалэ цIыкIу сымаджэ хьэлъэу къытхуашащ, уэ фIэкIа нэгъуэщIым операцэр хуэщIынукъым.
  • — Хъунщ, Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу сынэкIуэнщ, — жэуап къитащ Сэхьид.
  • ЗэрыжиIам тету, дохутырыр епIэщIэкIыу сымаджэщым щIыхьащ. ЩIалэ цIыкIу сымаджэу телъым и адэм ар щилъагъум, дохутырым зыкъридзащ:
  • — УцIыхукъым уэ, цIыхугъи уиIэкъым. Си сабийр операцэ щIын хуейуэ телъщ, уэ укъыкIэрыхуауэ укъэ-кIуащ!
  • ЗимыщIэжу мэкIий адэр. АдэкIи къыпищащ:
  • — Ар уэ уи къуэу щытамэ, сеплъынт укъыкIэрыхумэ.
  • Дохутырым и нэпсхэр къежэха мыхъумэ, зы псалъэ жимыIэу щIыхьэри, сабийр операцэ ищIащ. КъыщIэкIыжри, дохутырым жиIащ:
  • — Псори тэмэму зэфIэкIащ, Алыхьым и фIыщIэкIэ.
  • Сабийм и адэр апхуэдизкIэ гуфIати, дохутырым псалъэ гуапэ жриIэну хуеят, арщхьэкIэ къигъэлъэгъуа хьэлыншагъэм ириукIытэжри, бгъэдыхьакъым.
  • Сымаджэщым щылажьэ медсестрар дохутырым бгъэдыхьэри, жриIащ:
  • — Алыхьым пщимыгъэгъупщэкIэ.
  • Ар зэхэзыха адэр бзылъхугъэм еупщIащ:
  • — Сыт апхуэдэу щIыжепIар, сыт къэхъуар?
  • — Ди дохутырым и къуэ закъуэр дунейм ехыжри, нобэ щIилъхьэжащ. ТелефонкIэ сыщепсэлъам, и сабийм и хьэдэр зэригъэзэхуэжу арат. И быныр щIилъхьэри, епIэщIэкIыу къэкIуащ уи быныр къригъэлын папщIэ. Аращ къыкIэрыхуауэ къыщIэкIуам и щхьэусыгъуэри, — жэуап итащ бзылъхугъэм.
  • Щапхъэ
  • Къуажэдэсхэр зыхуэарэзы
  • Дэтхэнэ зыми мы гъащIэм къалэн зырыз щыдогъэзащIэ. Сыт хуэдэ лэжьыгъэри фIыщ, купщIэ иIэрэ, дахагъэм ухуигъасэу щытмэ.
  • Нобэрей ди тхыгъэр зытеухуар Баший Борис Адэлбий и къуэращ. Ар 1936 гъэм Лэскэн щIыналъэм хиубыдэ Арщыдан къуажэм къыщалъхуащ. Куэду цIыху гуапэу, гушыIэ хэлъу, нэщхъейр къигъэгуфIэжу, гукъеуэ зиIэм игу фIы хуищIыжу къэгъуэгурыкIуащ. И щIэныгъэмкIэ ядэгуэшэн папщIэ, и къару къихь къимыгъанэу, и фIыщIэр куэдым ялъэIэсауэ зэрыщытыр Борис и гъащIэм IупщIу къыхощ.
  • Школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, армэм дэкIщ, илъэсищкIэ дзэм къулыкъу щищIэри, щытхъу тхылъхэри къыщыхуагъэфэщауэ къэкIуэжауэ щытащ. ИужькIэ, Лениным и цIэр зэрихьэу я къуажэм щыIа колхо-зым лэжьыгъэшхуэ щрихьэкIащ: трактористу, Iэщыхъуэу, учётчикыу, фермэм и унафэщIу лэжьащ. Сыт хуэдэ лэжьыгъэ IэнатIэ пэрымытами, зыхэтым фIыкIэ къахэщу лэжьащ.
  • Нобэ Борис жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэн и пщэ дэлъщ. Ар къуажэм дэт мэжджытым и Iимамщ 1993 гъэ лъандэрэ. Iимамхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэу Налшык щыIэ курсыр къиухащ. Бгъэдэлъ щIэныгъэр къахута нэужь, КъурIэн лъапIэр тыгъэу къыхуагъэфэщащ.
  • Къуажэдэсхэр зыхуэарэзы цIыху щыпкъэм узыншагъэ быдэ иIэу и гъащIэм адэкIи пищэну Тхьэм жиIэ.
  • Хьэдисхэр
  • Зы лIы гуэрым ЛIыкIуэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) зыхуигъэзат Алыхьым гъунэгъу хуэзыщIын чэнджэщхэр къритыну.
  • Бегъымбарым жиIащ: «Зэи укъэмыгубжь». ЕтIуанэуи щыщIэупщIэм къыжриIащ: «Зэи укъэмыгубжь». Ещанэу щыщIэупщIэми жэуапу зэхихащ: «Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ укъагъэгубжьми, шыIэныгъэ зыхэгъэлъ».
  • ЛIыкIуэм жиIащ: «ЦIыхум гущIэгъу хуэзымыщIым, Алыхьым и гущIэгъур къылъысынукъым».
  • ЦIыхум я нэхъыбэр жэнэт Iыхьлы зыщIыр Алыхьым хуиIэ фIэлIыкIыныгъэмрэ щытыкIэ дахэмрэщ.
  • Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Жыхьэнмэ мафIэм пэIэщIэ фызыщIынур вжесIэн?». «Сыт, ЛIыкIуэ лъапIэ?» — жаIэу щыщIэупщIэм, жэуапу зэхахащ: цIыхум псэкIэ пэгъунэгъур, бзэ IэфIыр, гу щабэр, гущIэгъу зыхэлъыр жыхьэнмэм пэIэщIэнущ».
  • Хэт а тIум нэхъ къулейр?
  • Зы сабий закъуэ фIэкIа зимыIэ бзылъхугъэ факъырэ гуэр и сабийр и IэплIэм тригъэтIысхьэри, лъэIуакIуэ ежьащ. Мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ лIыжь губзыгъэ гуэрым и бжэм теуIуащ ар. ЛIыжьыр икъукIэ къулейт, ауэ бын иIэтэкъым.
  • — Сыфакъырэщ, сынолъэIу, мылъкукIэ зыкъысщIэгъакъуэ, — зыхуигъэзащ бзылъхугъэм лIыжьым.
  • — Хъунщ, зыпщIэзгъэкъуэнщ. Сэ мылъку уэстын папщIэ, уэри зыгуэр къызэптын хуейщ.
  • — Сыт мыгъуэ уэстын, сэ сыфакъырэщ, — жэуап итащ фызым.
  • — Уи IэплIэм тес уи сабийм и зы Iэпхъуамбэ цIыкIу къызэти, мылъкушхуэ уэстынщ, — жеIэ лIыжьым.
  • — Дауэ уэстын си сабийм и Iэпхъуамбэ! Сыт мы жыпIэ делагъэр?! — къэуIэбжьащ фызыр.
  • ЛIыжьыр унэм щIыхьэжри, къэлътмакъ из дыщэ къыщIихащ.
  • — Хъунщ атIэ, и Iэпхъуамби жысIэркъым, и лъэпхъуамбэжьакIэм щыщ зы Iыхьэ цIыкIунитIэ пызгъэупщIи, мы дыщэ къэлътмакъыр уэстынщ. А уIэгъэр щIэх дыдэу кIыжынущ. Уэри уи сабийри игъащIэкIэ фызрикъун мылъку фэстынущ, — жиIащ лIыжьым.
  • — Уэ лIыжьыр узэрымыгубзыгъэр наIуэщ. Тхьэ соIуэ, мы дунейм мылъкуу тетыр къызэптыну щытми, си сабийм и лъэпхъуамбэжьакIэр щыгъэтауэ, и лъэбжьанэр тозмыгъэхынкIэ! — жиIауэ фызыр къыщыIукIыжым, лIыжьыр абы кIэлъыджэри, къигъэувыIащ.
  • — АтIэ, си шыпхъу, мы дунейм мылъкуу тетым уезыгъэлъэпэуа мылъку уэ езым уи IэплIэм тесу, сыту утхьэусыхэфрэ «сыфакъырэщ» жыпIэу. Сэ мылъкуу сиIэм нэхърэ нэхъыфIт уэ уи IэплIэм тесым хуэдэ цIыкIу сиIэну, — жиIащ лIыжь губзыгъэм.
  • Аращи, дытхьэусыхэн ипэкIэ, дывгъэгупсысэ, Алыхьым фIыщIэ хуэдвгъэщI.