ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мэртазэ  Ланэ и  зэфIэкI

2019-10-01

  • КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и студенткэ Мэртазэ Ланэ иджыблагъэ хэтащ США-м и Массачусетс штатым хыхьэ Бостон къалэм щекIуэкIа «Women2Women International Leadership Conference» дунейпсо конференцым.

  • Ар пщащэм и дежкIэ ехъулIэныгъэшхуэщ, сыту жыпIэмэ, конференцым хэтыну гукъыдэж зыщIа цIыху 1000-м ящыщу апхуэдэ Iэмал зыгъуэтар 140-рэ къудейрщ. Абыхэм ящыщу ди къэралым икIахэр зэрыхъур плIыщ: Курск, Уфа, Новосибирск, Налшык къалэхэм икIа щIалэгъуалэрщ. Абыхэм фIагъышхуэ иIэу СкайпкIэ ягъэзэщIэфащ инджылызыбзэкIэ къыхуагъэхьа теорие лэжьыгъэхэр, зэпсэлъэныгъэхэми кIуэцIрыкIыфащ.
  • Университетым и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Ланэ а ехъулIэныгъэм ерыщу хуэкIуащ илъэс куэдкIэ. Пщащэр зэрыцIыкIурэ инджылызыбзэм дехьэх, иужьрей зэманым франджыбзэри едж. Ар мызэ-мытIэу щытекIуащ щIыналъэпсо, республикэпсо зэпеуэхэм, урысыбзэмкIи инджылызыбзэмкIи щIэныгъэ куу зэрыбгъэдэлъыр къигъэлъагъуэу. Экономист IэщIагъэм зэрыхуеджэм хуэдэурэ, Ланэ Америкэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм япыщIауэ курсхэм щIэсщ.
  • Иджыблагъэ зыхэта дунейпсо зэхыхьэм Ланэ сымэ щахуэзащ Гарвард, Симмонс, Бостон университетхэм я егъэджакIуэхэм, Америкэм и телевиденэхэм я лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм, конгрессменхэм. Ахэр зи щIалэгъуэхэм къахутепсэлъыхьащ бзылъхугъэм жылагъуэм щиубыд увыпIэм, абы IэнатIэм ехъулIэныгъэ зэрыщызригъэгъуэтыфыну Iэмалхэм, я хуитыныгъэхэр зэрахъумэфыну щIыкIэхэм.
  • Ланэ зэрыжиIэмкIэ, Массачусетс и Правительствэм и Унэм иужькIэ щызэхуэзэжащ гуп-гупу загуэшу университетхэм щыIахэр. Америкэм щилъэгъуахэмрэ зыхуэза цIыху гъэщIэгъуэнхэмрэ ятеухуа гукъэкIыжхэр студенткэм игу куэдрэ илъынущ.
  • КЪАРДЭН  Маритэ.