2018-10-04
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и
- тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий
- Хьэзрит и къуэр
- Аруан щIыналъэм хыхьэ Старэ Шэрэдж (Дохъущыкъуей) къуажэм 1951 гъэм накъыгъэм и 27-м къыщалъхуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, ВИГИС-м и аспирантурэр (Москва) къиухащ. Ар ветеринар щIэныгъэхэм я кандидатщ, экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ, ЩIДАА-м и академикщ.
- Сэхъурокъуэр къэрал IэнатIэ иIыгъыу къокIуэкI. Ар илъэс куэдкIэ щытащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу, мэкъумэшымкIэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министру.
- 2011 гъэм къыщыщIэдзауэ «Ветеринар, фитосанитар кIэлъыплъыныгъэмкIэ Федеральнэ IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр референт центр» къэрал бюджет IуэхущIапIэм и унафэщIщ.
- Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхуагъэфэщащ Зэныбжьэгъугъэм и орденыр, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр.
- УФ-м и Президентым фIыщIэ къыхуищIащ и лэжьыгъэм папщIэ. КъБР-м и ЩIыхь тхылъ иIэщ. Абы зэрехьэ «КъБР-м и ЦIыхухэм хуэIухуэщIэ яхузэфIэзых IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. «ЛэжьыгъэкIэ псэемыблэжхэр. Урысей» щIыхь дамыгъэр зэрехьэ. Сэхъурокъуэм къыхуагъэфэщащ УФ-м и министерствэ зыбжанэм я ЩIыхь тхылъхэр.
- 2012 гъэм ДАХ-м и тхьэмадэу хахащ, 2015 гъэм а къулыкъур етIуанэу къыхуагъэфэщащ, 2018 гъэм фокIадэм и 19-м ещанэу ДАХ-м и президент къулыкъум пэрыуващ.
- ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ
- Бырсекъуэ Орфан
- 1953 гъэм Сирием къыщалъхуащ. Дамаск къалэм курыт школым ще-джащ. КъБКъУ-м и медицинэ факультетыр, Москва аспирантурэр къыщиухащ. Медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ.
- И IэщIагъэмкIэ Сирием илъэситхукIэ щылэжьащ. 1997 гъэм и адэжь хэкум къигъэзэжауэ щопсэу. ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым пIалъищкIэ щылэжьащ, вице-президентуи щытащ.
- ДАХ-м и тхьэмадэм и
- къуэдзэ Щоджэн Iэминат
- КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и къудамэр къиухащ. Урысыбзэмрэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу щылэжьащ Налшык къалэ дэт 13-нэ, 14-нэ гимназиехэм.
- 2011 гъэм КъБКъУ-м и филологие къудамэм и Методикэ центрым и унафэщIу лэжьэн щIедзэ. «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондентщ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэщ. КъБКъУ-м Егъэджэныгъэ политикэмкIэ и управленэм зэрырагъаджэ программэхэм я фIагъыр къэзыпщытэ къудамэм и лэжьакIуэщ. КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм лъэпкъыбзэхэмкIэ и къудамэм и къэпщытакIуэ советым хэтщ. Иужьрей илъэси- щым ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым Iуэху щызэрихьащ.
- ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан
- Адыгейм и Теучэж щIыналъэм хыхьэ Едэпсыкъуей къуажэм къыщалъхуащ. 1979 гъэм Адыгэ къэрал педагогикэ институтыр къиухащ, 1997 гъэм Москва дэт Социальнэ университетым юрист IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ. ДзюдомкIэ спортым и мастер цIэр зэрехьэ.
- 1981 гъэм щегъэжьауэ 2009 гъэ пщIондэ къэрал кIуэцI органхэм хэтащ, милицэм и полковникщ. Иджыпсту Адыгэ Республикэм щыIэ МВД-м метрологиемкIэ инженеру щолажьэ. 2015 гъэ лъандэрэ АР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэщ.
- ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ
- КIэкIыхъу Мэжид
- 1958 гъэм мазаем и 27-м Сочэ къалэм и Лазаревскэ щIыналъэм хыхьэ Красно-Александровскэ жылэм къыщалъхуащ. Адыгэ къэрал педагогикэ институтым и физико-математикэ, юридическэ факультетхэр къиухащ. ЕгъэджакIуэу, еджапIэм и унафэщIу лэжьащ.
- 1992 гъэ лъандэрэ Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэщ. ДАХ-м и Конгресс псоми хэтащ, мызэ-мытIэу абы и ГъэзэщIакIуэ гупым щылэжьащ, вице-президентуи щытащ.
- КIэкIыхъу Мэжид къратащ «Сочэ къалэм зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» фIагъым и дамыгъэр, «Сочэ къалэр егъэфIэкIуэным хуилэжьахэм папщIэ» щIыхьым и дамыгъэр, ДАХ-м и дамыгъэ нэхъыщхьэр, нэгъуэщIхэри. 2013 гъэм Мэжид хуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
- Сочэ къалэм и Жылагъуэ палатэм хэтщ, ЩIДАА-м щIыхь зиIэ и академикщ.
- ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Аслъэн Алий
- 1970 гъэм накъыгъэм и 31-м Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Адыгэ-Хьэблэ къуажэм къыщалъхуащ. Къэрэшей-Шэрджэс технологие институтым, Иджырей къэрал академием щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ. КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и депутату щытащ. Куэд щIауэ Шэрджэс Адыгэ Хасэм, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтщ.
- Алий къыхуагъэфэщащ КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и ЩIыхь тхылъыр, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и ЩIыхь тхылъыр, нэгъуэщIхэри.
- ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ
- ДыщэкI Эртан
- 1966 гъэм щIышылэм и 5-м Къайсэр (Тырку) къыщалъхуащ. Курыт школ нэужьым Бурсэ дэт къэрал университетым, Эрджиес университетым (Къайсэр) щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ. Анкара къалэ администрацэм инженер нэхъыщхьэу щылэжьащ.
- 2002 гъэм Германием мэIэпхъуэ, Европэм щыпсэу адыгэхэм я зэгухьэныгъэхэм я федерацэм щолажьэ, илъэситI ипэкIэ абы и тхьэмадэу ягъэув. 2015 гъэ лъандэрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтщ.