ЩIэныгъэр зи гъуазэ ныбжьыщIэхэр
2018-10-04
- КъБР-м и эколого-биологическэ центрым и гъэсэнхэр дунейпсо утыкум йохьэ.
- 2018 гъэм дызэрытехьэрэ мы IуэхущIапIэм и гъэсэн-хэр дунейпсо щIэныгъэ-практикэ зэхыхьэу 17-м хэтащ икIи зэфIэкI хъарзынэхэр щагъэлъэгъуащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, центрым и къалэн нэхъыщхьэр щIыуэпсымрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ зыхъумэн щIэблэ къэгъэтэджынырщ. Иужьрей илъэсхэм мыбы и гъэсэнхэм ягъэхьэзыра проект гъэщIэгъуэныщэхэр щагъэлъэгъуа «ЩIы хъурейм и цIыху» лъэпкъпсо зэпеуэм «ЩIым и хъумакIуэ» номинацэмкIэ бжьыпэр щаубыдащ. Вернадскэм и цIэр зезыхьэ зэхыхьэшхуэм ЭБЦ-м и проекту 20-м нэблагъэ ирагъэхьати, абы и зэхуэдитIыр нэхъыфIхэм ящыщу къыхахащ. Новгород Ипщэм щызэхэта зи чэзу зэхьэзэхуэми проектитI ирагъэхьащ. Ар зейхэм къыхуагъэфэщащ ЩIыхь тхылъ.
- Жанхъуэт Зузэ.