ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

МэшбащIэ Исхьэкъ хьэрыпыбзэкIэ «мэпсалъэ»

2018-09-29

  • СССР-мрэ РСФСР-мрэ я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, АР-м, КъШР-м, КъБР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и тхыдэ романхэу «Шэрджэсхэр», «Ридадэ» жыхуиIэхэр хьэрыпыбзэкIэ дунейм къытехьащ.

  • ТХЫЛЪИТIРИ Мейкъуапэ къыщыдэкIащ. Лэжьыгъэ щхьэпэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ Ерокъуэ къуажэм щыпсэу Тхьэкъуахъуэ Уэлид. Ар илъэсих и пэкIэ, Сирием зауэ къыщыхъея нэужь, адэжь хэкум къэIэпхъуэжахэм ящыщщ.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, МэшбащIэ Исхьэкъ и «Шэрджэсхэр» романым XVI лIэщIыгъуэм дегъэгъэзэж; «Ридадэм» дыщегъэгъуазэ адыгэ лъэпкъыр къызытехъукIауэ ялъытэ касогхэм я тхыдэ жыжьэм.
  • Зи гугъу тщIы зэдзэкIыгъэхэр Къэбэрдей Адыгэ Хасэм хьэрып къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ялъигъэIэсыну и мурадщ. Абы и пэ къихуэу а тхылъхэм ящыщ зыкъом щэкIуэгъуэм и 19-м екIуэкIа ДАХ-м и XII зэхуэсышхуэм и лIыкIуэхэм тыгъэ хуащIащ.
  • МэшбащIэм и романхэу Тхьэкъуахъуэ Уэлид зэридзэкIахэм я бжыгъэр пщIы ирикъуащ. ЖыIэн хуейщ езы Уэлиди зэрытхакIуэр, Сирие Хьэрып Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм зэрыхэтыр. Куэд дэмыкIыу «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм Iэмал яIэнущ абы и новеллэхэм къеджэну.
  •  ЧЭРИМ Марианнэ.