ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ тыгъэхэр зэIэпах
2018-09-25
- «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIащ Тыркум щыпсэу хэхэс адыгэхэм я щIэблэ сурэтыщI Бзаджэ Эргун, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XII Конгрессым и лIыкIуэхэу Хьэпай Бильгиерэ Токъу Несринрэ.
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Тыркум къикIа ди лъэпкъэгъухэр хигъэгъуэзащ редакцэм и тхыдэмрэ и лэжьыгъэмрэ зыхуэдэм.
- Бзаджэ Эргун и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу Налшык щигъэлъэгъуащ. А сурэтхэм ящыщщ абы ХьэфIыцIэ Мухьэмэд тыгъэ къыхуищIар. Апхуэдэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Щоджэн Iэминати зы сурэт къритащ, и лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпын папщIэ. Мухьэмэд хьэщIэхэм яритащ «Кабардино-Балкария» сурэтылъэ-альбомыр, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 460-рэ щрикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIар.
- Хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ гуапэу зэбгъэдэсащ, я Iуэху зыIутымкIэ зэщIэупщIащ, дяпэкIи зэрыщIэну, зэкIэлъыкIуэну зэгурыIуащ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.