Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ХII Конгрессым хэтахэм абхъаз лъэпкъым зэрызыхуагъазэ
2018-09-29
- ПщIэ зыхуэтщI ди абхъаз къуэшхэ, шыпхъухэ!
- Абхъаз лъэпкъым и Хэку за- уэм ТекIуэныгъэ къызэрыщихьрэ илъэс 25-рэ зэрырикъур — Абхъазым и тхыдэм мыхьэнэшхуэ щы- зиIэ махуэшхуэр — къоблагъэ. Абхъаз Республикэ щхьэхуитым и гуфIэгъуэ нэхъыщхьэу щытщ и ТекIуэныгъэм и махуэр. Дэ зэи тщыгъупщэнукъым абхъаз лъэпкъым и ТекIуэныгъэр, бэлыхьышхуэхэр къыщIызэранэкIар, цIыху куэд зыхэкIуэдар икIи хэщIыныгъэшхуэхэр къахуэзыхьар.
- А махуэм дэ дигу къыдогъэкIыж Абхъазым и къуэ нэхъыфIхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм, Урысейм и нэгъуэщI щIыпIэхэм, хамэ къэралхэм щыщу Абхъазым и щхьэхуитыныгъэр яхъумэну къэувауэ щытахэр. Абыхэм ящыщ куэдым нэхъ лъа- пIэ дыдэу яIэр — я псэхэр — щIатащ абхъазыщIым мамырыгъэр щытепщэ хъужыным, Апсны щIыналъэм иджыпсту щыпсэухэмрэ лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэхэмрэ заузэщIыным.
- Нобэ дэ дрогушхуэ Абхъаз Республикэ щхьэхуитым зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэм.
- Дрогушхуэ Абхъаз Республикэр щхьэхуиту къэзылъыта япэ къэралу Урысей Федерацэр зэрыщытым.
- Дрогушхуэ Абхъазым а Хэку зауэм ТекIуэныгъэр къыщихьыным, Абхъаз Республикэр щхьэхуиту къалъытэным адыгэ лъэпкъым хуищIа хэлъхьэныгъэм.
- ТекIуа лъэпкъым щIыхь худощI!
- А зауэм хэкIуэдахэр зэи тщыгъупщэнукъым!