Анэ (унагъуэ) мылъку зиIэхэм папщIэ
2018-09-29
- «Анэ (унагъуэ) мылъкум и къэрал сертификатыр зиIэ цIыхухэм ипотекэкIэ къащта кредитым щхьэщатыкI процент ставкэхэм ящыщ Iыхьэхэр щапшыныжкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхэкIыу банк Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэным и IуэхукIэ» ХъумапIэ банкымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэр адэкIи мэлажьэ.
- Абы ипкъ иткIэ анэ мылъкум и къэрал сертификатыр зиIэхэм ипотекэ кредит къыщащтэкIэ щыгугъ хъунущ щхьэщатыкIыну процент ставкэм щыщ Iыхьэ республикэ бюджетым и хьэкъкIэ хурагъэкъужыну.
- Къагъэлъэгъуа программэмкIэ ипотекэ кредит къуатын папщIэ Iэмал имыIэу убгъэдэлъын хуейщ анэ (унагъуэ) мылъку: щIыхуэр нэхъыбэ дыдэу зэрат пIалъэр ма-зи 120-рэ мэхъу, кредиту сом мелуан 1,5-м нэс къэпщтэфынущ. Абы щыгъуэми къыхэгъэщыпхъэщ: пэщIэдзэ взносу анэ мылъкур къэбгъэсэбэп хъунущ, сабийр илъэсищ ирикъуным упэмыплъэу.
- «Мы программэм ипкъ иткIэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтащ ди республикэм и унагъуэщIэ 800-м щIигъум. ХъумапIэ банкым и лэжьакIуэхэр хущIокъу дэтхэнэ зыкъыхуэзыгъазэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуагъуэтыну икIи хьэзырщ я псэупIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ Iэмал нэхъыфIхэр къыхуагъэлъэгъуэну», — къыджиIащ Урысейм и ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Урысбий Хьэмидбий.
- Хьэтау Ислъам.