ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2018-07-07

  • ЖыIэгъуэхэр
  • Банэр  хьэм  я  закъуэкъым
  • Фадэм кърихур гум илъым и закъуэкъым, щхьэм илъри дегъакIуэ.
  • Лъыхъу куэд зиIэр къыдэнэри, зы закъуэ фIэкIа къызылъымыхъуар яшащ.
  • Фадэ пIащIэм лъэр щIеуд.
  • Абы и пэжыр бжыхьым ирапхащ.
  • Зи псалъэ темытыжым жыхьэнмэр и унапIэщ.
  • Щхьэ зимыIэм сыт щхьэц зэрищIынур?

  • ПцIы зыупсрэ псэ фIейрэ.
  • УщIалэну фIыщ, ауэ ущIалэфIыну нэхъыфIыжщ.
  • «И шыфэлIыфэр сыт хуэдэт?», — жаIэу щыщIэуп-щIэм, шыфи лIыфи имыIэу къыщIэкIащ.
  • Телъыджэ слъэгъуащ, жыпIэу умыгъэщIагъуэ, щIагъуэ щыплъагъунур япэкIэщ.
  • МыхъуакIуэуи былым щыIэщ.
  • Алыхьыр къыпхуэупсэнумэ, псэуэгъу тынш къует.
  • ЩIалэм щIалэ и Iуэхущ, жьым и Iуэхур сыт?
  • Хьэрэмыр зищIысыр зымыщIэм хьэлэлми хищIыкI щыIэкъым.
  • Банэр хьэм я закъуэкъым.
  • Вы тIыса имыгъэтэджми, цIыхур имыгъэтIысу кърехуэкI.
  • Бзуубзэр умыщIэми хъунущ, уи бзэр пщIэжмэ.
  • Кхъужь мыхъур щылъмэ, мэтIыгъуэ, мыIэрысэ мыхъур щылъмэ, мэф.
  • МафIэм имыс яжьэ хъуркъым.
  • КIуапIэ зимыIэм жапIэ дэнэ кърихын?
  • Iэжьэгъур хэкIуадэри, зэзауитIыр зэкIужащ.
  • УкIытэ зиIэ бей хъурэ?
  • ЩIыхуэ къыщыпщтэкIэ зэрыптыжын хуейри пщIапхъэщ.
  • ЩIэблэ къызыщIэмыхъуэр лъэпкъ хъуркъым.
  • КIуантIэ  Iэзид.
  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Губгъуэ мэракIуэ гъэва
  • МэракIуэр зэхащыпыкI, и кIыр къыпач, хуэсакъыурэ, ямыпIытIурэ псы щIыIэкIэ ятхьэщI, кIэструлым псы гъэва щIыIэ тIэкIу иракIэ, абы фошыгъу хакIутэ, зэIащIэурэ дакъикъи 2 — 3-кIэ къагъавэри, ягъэупщIыIуну мафIэм къытрахыж. ИтIанэ абы мэракIуэр халъхьэ, хьэкум трагъэувэжри, мафIэ инкIэ зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрах. ИужькIэ мафIэр цIыкIу ящI, мэракIуэр щIимысыкIын щхьэкIэ зэзэмызэ зэIащIэурэ хьэзыр хъуху ягъавэ, тIэкIу ягъэупщIыIу, банкI гъущэм иракIэри, и щхьэр ягъэбыдэж. Ар щIыIапIэ-гъущапIэм ягъэув.
  • Халъхьэхэр:
  • мэракIуэу — г 500,
  • фошыгъуу — г 500,
  • псы гъэва упщIыIужауэ — г 115-рэ.
  • Хупщ
  • Фор кIэструлкIэ ягъэткIу, и хуабагъыр градус 30 — 35-рэ хъууэ. Хьэкум къытрахыж, шатэ, джэдыкIэ уда хакIэ, шыгъу хадзэ, шэ хуабэкIэ ягъэткIуа пщагъэ халъхьэри, псори фIыуэ зэхагъэзэрыхь. Ар хугу хьэжыгъэ ухуэнщIам хакIэри, тхьэву япщ, и щхьэм хъыдан трапхъуэри, ягъэтэджыну сыхьэт хуэдэкIэ хуабапIэм ягъэув. Тхьэв тэджам тыкъыр цIыкIухэр, г 40 — 50 хуэдиз хъууэ къыпаупщI, Iэм дагъэ щахуэри, хъурей цIыкIуурэ ягъэджэрэз. Ахэр тхъу зыщыхуа тебэм иралъхьэри хьэкулъэкIэ ягъажьэ, тхъуэплъ дахэ, хьэзыр хъуху. Хуабэуи щIыIэуи яшх. Шейм драф, шатэ дашх.
  • Халъхьэхэр:
  • ху хьэжыгъэу — г 500,
  • шатэу — г 250-рэ,
  • джэдыкIэу — 1,
  • тхъууэ — г 40,
  • фоуэ — г 350-рэ,
  • пщагъэу — г 25-рэ,
  • шэуэ — г 50,
  • шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр»  тхылъым къитхыжащ.
  • Псалъэжьхэр
  • Дахэ  зыхэмызагъэ  щыIэкъым
  • Абрэмывэ зыкъутэм татуугъуэ егъуэт.
  • А сигу, зыIэжьэ, а си жьэ, зыубыд.
  • Абдж щыкъуейм лъапцIэу ухэмыувэ.
  • Абрэмывэ вагъэгъэкIуэдщ.
  • Абрэмывэрэ пэт зы пIэм илъкъьм.
  • Бажэм дыгъужьибгъу къегъапцIэ.
  • Бзэгум цIыхур зэрегъэукI.
  • Дахэ зыхэмызагъэ щыIэкъым.
  • Бгъащхъуэ гушхуар жьындум жьэхэхуэри ишхащ.
  • Ебгъэжьэжыным нэхърэ ебгъэблэгъэныр нэхъ тыншщ.
  • Джыдэр кIуэдмэ, и кIыp дыщэщ.
  • Егъэлеяуэ пшхымэ, фори ткIыбжьщ.
  • Езым имыщIэми, зыщIэм едаIуэр делэкъым.
  • Езым хуэдэлI зыубым лIыгъэ хэлъкъым.
  • ЕсыкIэ умыщIэмэ, хым ухэмыхьэ.
  • ЖаIар жыпIэжмэ, бзэгузехьэ уохъу.
  • ЖамыIэ щыIэщи, ямыIуэтэж щыIэкъым.
  • Жыгым и пщIащэр и фащэщ.
  • Жыгым пщIащэ пымытмэ, зы къурэщ.
  • Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым, щIэ зэрымысым насып илъкъым.
  • Жьы къемыпщэу къурэ сыскъым.
  • Жьэм къыжьэдэкIа псалъэри фочым къикIа шэри зэхуэдэщ.
  • Жэмыр гъэшыфIэми, ирикIутыжмэ, сыт и пщIэ?
  • Пэж жыIэныр нэ ищIыным хуэдэщ.
  • Зи бзэ хуимытыжыр и бзэ токIуэдэж.
  •  
  • ГушыIэхэр
  • Сыт щыIэ абы нэхърэ нэхъыфI?
  • Адэр лIэуэ телът, и къуэжьхэри щхьэщытт.
  • — Ей, сэ фэ къыфхуэзгъанэри!.. — жиIэрт адэм.
  • — ЖыIэ, ди адэ, сыт къытхуэбгъанэр? — еупщIырт и къуэхэр.
  • — Ей, сэ фэ къыфхуэзгъанэри! — жиIэрт аргуэру.
  • «Ди адэм къытхуигъанэр къыщIыджимыIэр хамэ щIэтщи аращ», — жаIащ лIыжьым и къуэхэм.
  • — ФыщIэкI! — жаIэри, хамэу щIэтыр къыщIагъэкIащ. — ЖыIэ иджы, ди адэ, къытхуэбгъанэр, — жраIащ я адэм.
  • — Мы дуней нэхур къыфхузогъанэ, цIапIэжь къом! Дахэ-дахэу фытет, фымыуцIэпIу! — къажриIащ.
  • Дыгъуэпшыхь сынывэплъати, сыгъащ
  • Театреплъымрэ артистымрэ уэрамым щызэхуэзат. Сэлам-чэламыр зэфIэкIа нэужь, театреплъым жиIащ:
  • — Дыгъуэпшыхь фи спектаклым сеплъати, сыгъащ.
  • — Апхуэдэу фIыуэ дыджэгуауи? — еупщIащ артистыр.
  • — Хьэуэ, фызэрымыджэгуфаращ сыщIэгъар! — жиIэри ежьэжащ театреплъыр.
  • Емынэм  фызэрихуэрэ?
  • Ефэу зэхэс щIалэхэм хьэжыжьыр яхэплъэщ-яхэплъэри:
  • — ФыщефэкIи «Iыхь», жывоIэ, щыфпкърыкIыжкIи «Iыхь» жывоIэ, емынэм фызэрихуэу фефэрэ? — жиIащ.
  • — Ей, дадэ, а «IыхьитIым» я зэхуакум сыт хуэдэу дуней дахэ цIыкIу дэт уи гугъэ! — жиIащ къуэрылъхум.
  • КъардэнгъущI  Зырамыку.
  •  
  • Налшык гуэлым кIапсэ гъуэгукIи узэпрыкI мэхъу. Тезыхар Мамий Русланщ.

  • Хабзэ
  • ХьэщIэм теухуауэ
  • Къуажэм щыщ зыгуэрым щIалэ хьэщIэ къыхуэкIуамэ, жылэм джэгу е нэгъуэщI нэгузыужь Iуэхугъуэ гуэр щыIэмэ, абы яшэрт ар. ХьэщIэр ирагъэблагъэрти, гуп зэхэс здэщыIэм щIашэрт. Ирагъафэ-ирагъашхэрт, къыщIашыжырти, джэгум Iуашэрт.
  • Джэгум Iутхэм хэгъэрей зыкъыхуащIырт, нэжэгужэу къыбгъурыувэхэрт.
  • ХьэщIэм и гупэмкIэ цIыху къэуву джэгум Iут нэхъыжьхэм ядэртэкъым, «ХьэщIэр щIыбагъ умыщI!» — жаIэрти.
  • Ауэ, нэхъыбэрэ къызэрыхъу хабзэти, щIалэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, къуажэм шыгукIэ хыхьэрти, хъыджэбзхэр, я адэ-анэм елъэIуурэ, къыхашырти, джэгу хуащIырт. Хъыджэбзхэр къыхашу зылъагъу щIалэхэр епIэщIэкIыу, езыр-езыру къызэхуэсхэрт.
  • Iуэхур къызэрагъэпэщыху, щIалэ хьэщIэм Iэнэ къыхуащтэрт. Хуэмурэ щIалэхэр къызэхуэсырти, джэгур зэхаублэрт. Зы зэман хьэщIэр къыщIашырт. «ХьэщIэ щыIэщ, фытекIуэт!» — жаIэрти, джэгум Iутхэр зэлъыIукIуэтырт. ЩIалэхэр къэкIуатэрти, фIэхъус кърахырт, зыхуэфащэхэри къыбгъэдэувэрт. Утыкур инт, щIалэхэр зы лъэныкъуэкIэ, хъыджэбзхэр нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ щызэхэтт. Джэгур езыгъэкIуэкIым къэфэнуми, пшынэ зэхъуэкIын, Iэгу еуэн хуейми я унафэ ещI.
  • ХьэщIэр къыщыфэкIэ пшынэри Iэгури щIагъэхуабжьэрт, нэмыс хуащIу. ХьэщIэр къыщыфэнум, «фыкъыдэмыж, хьэщIэ щыIэщ!» — жаIэрти, адрейхэр утыку кърагъэхьэртэкъым. ХьэщIэр къыдашырт. Хъыджэбзхэм ящыщу нэхъ дахэр, зэкIужыр е пшынауэр къыхудашырти, къыдагъафэрт. Хэгъэрейхэм ящыщ утыку къихьауэ хьэщIэр къагъэфэну мурад ящIамэ, а къыдэкIам игъэзэжырти, и пIэ иувэжырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къигъэлъагъуэрт хьэщIэм пщIэ зэрыхуищIыр.
  • Джэгум Iут хъыджэбзхэр Iэгу еуэртэкъым адыгэ хабзэмкIэ. Ауэ хьэщIэр къыщыфэкIэ хъыджэбзхэри Iэгу еуэрт, хьэщIэр ягъэлъапIэу.
  • * * *
  • Адыгэр хьэщIэкIэ зэрыфIым ещхьыркъабзэу, ерыскъыкIэ хьэлэлт, «си шыгъупIастэ цIыхум ишхарэт», — жиIэу апхуэдэт. Адыгэ лIыжьхэм я шхэгъуэр къыщысами, зыщагъэгувэ щыIэт, «зыгуэр къыдыхьамэ, дызэдэшхэнт», — жаIэу.
  • Бысымыр и куэбжэпэм щыту, къуажэм къыдыхьа хьэщIэ гуэр блэкIыу сэлам кърихамэ, фIэхъусыр къыIихырти, «еблагъэ, зодгъэгъэпсэхунщ, хьэщIэ утщIынщ, бысым уимыIэмэ!» — жриIэрт. Ар зыжриIа хьэщIэр, жэщым а къуажэм къыдэнэн хъурэ, бысым имыIэмэ, къигъэкIэрэхъуэжырти, еблагъэ къыжезыIам и деж щепсыхырт. Ар бысымым пщIэ къыхуащIауэ, щIыхьу къилъытэрт.
  • Адыгэ бысымыр хьэщIэм щихъуэжыр зэзэмызэххэт. Апхуэдэ къыщыхъуми, а хьэдыгъуэдахэр къуажэ псом зэлъащIысырт. Бысымым и дежкIэ ар напэтехт.
  • ХьэщIэм и дежкIи бысымхъуэж ищIыныр къекIуртэкъым. «Бысымхъуэж зыщIым чыцI ажэ хуаукI», — жаIэу псалъэжь щыIэщ. Бысымхъуэж зыщIа хьэщIэм чыцIыхъу хуаукIырт, «бысымхъуэж щыпщIакIэ, аращ уэ пхуэфащэр», — жиIэу къикIыу.
  • «ХьэщIэр Алыхьым и хьэщIэщ, Алыхьым нэужькIэ дэ ди хьэщIэщ», «ХьэщIэр угъурлыщ, фIыгъуэ къыдокIуэ», — жаIэрти, яIэ псомкIи ягъафIэрт щыгуфIыкIыу.
  • Щоджэн  Хьэзешэ.
  •  
  • Прозэу  тха  усэхэр
  • ГукъэкIыжхэр
  • Фи Хэкум ноби ситщ. Фи деж зыщысплъыхьынкIэ срикъуркъым. Си гугъэнтэкъым гукъэкIыжхэм апхуэдиз щэху фхэлъу. Къытезгъэзэжурэ, мызэ-мытIэу сывблэкIаи хуэдэщ. ИтIани, сыкъэкIуэху щIэ гуэрхэр, нэхъапэм фхэзмылъэгъуа телъыджэхэр къызыкъувопхъуэт. ЛъащIэ имыIэу ара а фи пхъуантэм? Е сызыпэмыплъа хъыбар куэдыIуэ зэуэ къыстефтхъуэмэ, уIэгъэ зи куэд си гум зэрыхуэмышэчынур къывгурыIуэрэ? Ара си къэкIуэгъуэ къэс хъыбарыщIэ къыщIызэвутIыпщыр? Хьэуэ, фэ зыгуэр вдэзгъуэу аракъым. Уеблэмэ, псэм апхуэдизкIэ фыкъоIэфIэкIри, сызыщыщ зэманри сIэщIэгъупщыкIыжурэ, сыфхэджэразэу сыщыфхэгъуэщэжыр нэхъыбэщ. ФызэрыблэкIар е фыкъызэрызгъэнар къыспкърошэсэжри… аракъэ сызыукIыр?I Сэ нэгъазэ сызэримыIэри фэ фызэрызэзмышэлIэжыфынури къызгуроIуэри, блэкIам сыхуозэш. СыхуэзэшкIи къигъэзэжынукъым абы. Сэлам дыди къызимыхыжу ежьэжащ…
  • Хуэмурэ фызоутIыпщыж. ЗыфщызогъэпщкIу. ГъащIэм сыхокIуэтэж. Сесэжи хуэдэщ. Ауэ, итIани, сыфхуэныкъуэ мэхъури, фи лъыхъуакIуэ сыножьэж. СыфкIэлъоIэбэ. СыфкIэлъопIастхъэ.
  • Сыщыфхузэгуэпи щыIэщ куэдрэ. Ауэ екIуэлIапIэншэ сыхъуа, гуитIщхьитIыгъэм и къапхъэным сриубыда нэужь, згъуэтыжыр фэращ. Сытывогъэуж, фыкъызодэхэщIэж, си нэпсыр схуволъэщIыж. Апхуэдэхэм деж согупсыс: сыту фIыщэу фызиIэт гукъэкIыжхэр! Си гум щызэтрихьа гуныкъуэгъуэхэри а гупсысэм лъэныкъуэкIэ ирегъэкIуэтэкIыж.
  • Нэпс
  • ПщIэжрэ щIымахуэр? ЩIымахуэ нэкIу тхъуэплъыр, укIытэхыр… Ди япэ зэхуэзэр…
  • Iэпэлъапэр писыкIыу дунейр щIыIэми, гур хуабэт. Игъэхуабэрт, игъэIэфIырт ар гуапагъэм. Уи нэм къыщIих гуапагъэм. Къысщыхъурт уи нитIыр уи гум и хъыбарегъащIэу, лIыкIуэу. Арати, уи нитIым сыщIэгъуэщащ. Срашащ абыхэм уи гум и лъахэм. Абы дыгъэпсыр къыщызэпкIыхащ, псынэпс къабзи щысIубгъэхуащ. ХьэщIагъэ къызэпхащ. Аркъудейщ. Уи деж сыщыхьэщIауэ арати, си ежьэжыгъуэр къэсри, ппэIэщIэ сыхъужащ.
  • Иджы гухэлъыр къыстокIуэри, си нэгум щIэт уи нитIым сахуозэш. Гупсысэм гукъэкIыжхэм сыхешэж, блэкIам сехьыж. Аргуэруи, хуэмурэ сеутIыпщыж. СеутIыпщыжри, си нэкIум къытренэ уи гум къисха нэпс къабзэ. Ар уи гущIэм щежэх псынэм щыщ тыгъэ схуэпщIауэ аращ. СлъэщIыжын сигу пыкIыркъым, езыри гъущыркъым.
  • Бзэм и лъахэм
  • Анэдэлъхубзэм си гум абгъуэ щещI. Ар къыздалъхуащ, си сабиигъуэр щIиупскIащ, сигъэфIащ.
  • Иджы си гупсысэм и псэщ, и къэIуэтэкIэщ. Хьэуам хэтщи, жьэдэсшэ пэтми, зызмыгъэнщIу сробауэ. Си псалъэр егъэлъэщ, егъэпагэ, егъэлъагэ. Си гупсысэр етIэпI, ешэщI, гъащIэ ирет. Псалъэм я нэхъ гуапэр къахызощыпыкIри, бзэгупэм тызогъэлъэт. СурэтыщI Iэзэм сыту ещхь ахэр — ГъащIэр лъагъугъуафIэ, нэфIэгуфIэ, насыпыфIэ схуащI. Гупсысэмрэ си нитIымрэ зэхуашэри, зы щэху телъыджэ гуэр кърагъэтIэщI. Сохъуапсэри, си нэгум къыщIыхьам, си гум къихъуам сыхыхьэну сыхуожьэ. Мис абдеж зыхызощIэ анэдэлъхубзэр псэуэ зэрысIутыр, Iэпкълъэпкъым хэгуэшауэ зэрыхэтыр.
  • Хьэуэ, сыщыгъуазэкъым бзэм и щэху псоми. Абы гъуни, нэзи, лъащIи иIэу си фIэщ хъуркъым. ИтIани…зыхэсщIа мащIэр къысIурыIэфIакIэщ. Гум къикI гупсысэр щыгуапэм, щыхьэрэмыгъэншэм деж, псалъэхэри сыту нэху!..
  • Гугъуэт Заремэ.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу:3. МышхумпIэ къызыпыкIэ жыг. 5. Хьэхэм, нэгъуэщI псэущхьэхэм я щIыфэм хищIэ хьэпIацIэ лъыиф. 7. НапIэзыпIэ. 9. ХэкIуэтауэ ящI нэмэз. 10. Уэрэдус цIэрыIуэ икIи уэрэджыIакIуэ Тхьэбысым … 11. Ищэ хьэпшыпым и уасэм пхутемыкI цIыху. 17. Хывым апхуэдэуи йоджэ. 18. КIыхьу зызыукъуэдия бгы екIуэкIым и щыгу. 23. Мывэ блыну дэкIуей бгы задэ. 24. Тэрч районым щыщ къуажэ. 25. Хьэцэпэцэ къэкIыгъэ. 26. Мылъку зи куэд цIыху. 29. Америкэ Ипщэм щыщ къэрал, вапIэу иIэр и щIым и процентищ фIэкIа мыхъуу. Абы я командэр хэтащ футболымкIэ ди къэралым щекIуэкI дунейпсо чемпионатым. 33. Псыежэх. 37. ЧнутIым зэреджэ нэгъуэщIыцIэ. 38. КIуэ пэтми … зымыкIу. 39. Данэ щэкI лъэпкъ. 40. МахуэцIэ. 41. Дунейм ехыжам ирашэкI щэкI.
  • Къехыу:1. УнафэщIым и Iуфэлъафэр къэзыжыхь цIыху. 2. «Щауэ …» — КъардэнгъущI Зырамыку, Мэремыкъуэ Хъусен, ПащIэ Ленэ сымэ ягъэзащIэ уэрэдыжь. 4. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ цIыхур щыту малIэ. 6. Уэшх къыщешхми, дыгъэр щыгуащIэми цIыху куэдым ар къыздрахьэкI хабзэщ. 7. Iуэм къиIукIащ танэ мэжэлIам и бу … 8. Адыгэ сабийхэм папщIэ къыдэкI журнал. 12. … хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым. 13. Уи лъапэм къыщIэзэрыхьу, Налшык къалэ уэрамхэм щыкуэд къуалэбзу. 14. Уэд, лышхуэ зытемылъ. 15. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 16. Хэку зауэшхуэм и зэманым связисту щыта, Совет Союзым и ЛIыхъужь. 19. Языныкъуэ пхъэщхьэмыщхьэхэм я кIуэцIым илъщ. 20. ЩIы къиуда. 21. Гъэмахуэ зэманым шым, Iэщым я фэр изых бадзэжь. 22. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 27. … вы бжьакъуэм къокI. 28. ГъущI быдэ лIэужьыгъуэ. 30. Къуэш … нэхърэ ныбжьэгъуфI. 31. … зытехуэри мэгурым, жыг зытеуэри мэгурым. 32. А къэкIыгъэм и жылэ фIыцIэ цIыкIухэр хущхъуэгъуэуи къагъэсэбэп, еIуящIэхэм афияни къыхах. 33. ЯмыгъафIэми, унагъуэ псэущхьэ щхьэзыфIэфIу ябж. 34. Ику иту тонн 60 — 80 къэзышэч псэущхьэ. 35. Тафэ, сэтей, гъавэ щIапIэ. 36. ПщэфIапIэхэм щIэлъщ, хьэжыгъэ ираухуэнщIу.
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  • Мэкъуауэгъуэм  и 30-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:5. Хъэуан. 6. Къатыр. 7. Пщащэ. 10. Хамэгу. 12. Ажахъуэ. 14. Хьэм. 16. Гъуагъуэ. 18. Къады. 21. Ажэ. 24. Щхьэ. 25. Азэн. 26. Жагъуэ. 29. Бадзэ. 30. Нэгумэ. 31. Хьэнш. 34. Даур. 35. Шылэ. 36. МэкI. 38. Хьэх. 39. Амур. 40. Армэ. 41. Пэу. 43. ЩхьэкIуэ. 45. УнэIут. 48. Мэсей. 49. Хьэшыр. 50. Iуданэ.
  • Къехыу:1. Пхъэх. 2. Мащэ. 3. Къанж. 4. Аркъэ. 8. Щыхь. 9. Щэм. 11. Мыгъуэ. 13. Амыщ. 15. Вагъэбдзумэ. 17. Гъуазэ. 19. Абгъуэ. 20. Хьэмэшыпхэ. 22. Андэгурэ. 23. Бжэмышх. 27. Гудзэ. 28. Жэм. 32. Сату. 33. Блэр. 37. КIагуэ. 38. Хьэфэ. 41. Пшэ. 42. Уае. 43. Щехьэ. 44. КIумыхъу. 46. Надэ. 47. Тхьэгъу.