ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нобэми  дегъэпIейтей

2018-07-07

  • Ди блэкIам, тхыдэ напэкIуэцIхэм сыщриплъэжкIэ, адыгэ лъэпкъым лъапсэрыхыр къытхуэзыгъэкIуа, илъэси 100-кIэ екIуэкIа Кавказ зауэм семыгупсысын слъэкIыркъым. А зауэ гущIэгъуншэр мыхъуатэмэ, ди лъэпкъым нобэ и бжыгъэр зыхуэдизынумрэ и зэфIэкIыр зыхуэдэнумрэ хэт ищIэнт?!

  • Дунейпсо тхыдэм ухэплъэмэ, апхуэдиз илъэс бжыгъэкIэ зи щхьэхуитыныгъэм щIэзэуауэ дунейм тетыр лъэпкъ мащIэщ. Адыгэ лъэпкъым и цIыху пажэ куэд, адыгэ уэркъ жыхуэтIэу дызэрыгушхуэ, зи хабзэрэ нэмыскIэ дуней псом щыцIэрыIуэ щIалэ къуданхэр, зауэлI хъыжьэхэр хэкIуэдащ а зауэм…
  • Абы и пэжыпIэр нобэр къыздэсым зэхэгъэкIауэ джа зэрымыхъуар сигу къоуэ. БлэкIа зэманым и гузэвэгъуэр зэкъуэча хъуа лъэпкъым ди лъым хэтщ, иджыри абы ижь къытщIеху. Абы и зэранкIэ адыгэр дуней псом щикъухьа хъуащ, Хэкум къинахэри дызэпэIэщIэу допсэу, цIэ зырыз зетхьэу (адыгей, къэбэрдей, шэрджэс) икIи зэлъэпкъэгъухэм ди гъащэр, бзэр, хабзэр, тхыдэр тхъумэжа зэрыхъунум сегъэгузавэ. Ауэ, сызыгъэгуфIи щыIэщ — ар лъэпкъым сыт хуэдэ лъэпощхьэпо, гузэвэгъуэ къылъыкъуэмыкIами адыгэр зэрымыкIуэдыжарщ, ди хэку дызэриIэжырщ, лъэпкъым и бзэр, и хабзэхэр зэрахуэхъумэжарщ. АбыкIэ фIыщIэ зыхуэфащэр лъэпкъ Iуэхум иригузавэ ди пашэ нэхъыжьыфIхэрщ. АдэкIи псэу, зыузэщI, си лъэпкъ дахэ!
  • Си тхыгъэ кIэщIыр сухыжынут си гупсысэхэм къапэджэж, Тыркум щыщ усакIуэ Инэмыкъуэ Мулид и Iэдакъэ къыщIэкIа «Сыхэт сэ?» усэмкIэ.
  • Тырку щIыналъэм сыщыпсэумэ,
  • Си лъэпкъыцIэщ «тырку»,
  • ХьэрыпыщIыр лъахэ схуэхъумэ,
  • Сэ къысфIащ «хьэрып».
  •  
  • Iуэхуу щыIэм я нэхъыкIэр
  • Куэдрэ къызапэс.
  • Псалъэу щыIэм я нэхъ жагъуэр
  • Сэ къызадз — «хэхэс».
  •  
  • Сыщыпсэуми къэрал Iэджэм,
  • Сэ сыхъуащ хэкуншэ.
  • Я дэ ди Тхьэ, Хэку зимыIэр
  • Сыту насыпыншэ!
  • БЕЗЫР Ленэ.