Хэлъхьэныгъэ ин
2018-07-07
- Адыгэхэм ди зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ куэд хуащIащ нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIа щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм, еджагъэшхуэхэм. Абыхэм ящыщщ зи ныбжьыр иджыблагъэ илъэ-си 115-рэ ирикъуа Гиппиус Евгений Владимир и къуэр. Этнолингвист, макъамэм и тхыдэдж цIэрыIуэм зэфIэкIышхуэ ирихьэлIащ «Адыгэ лъэпкъ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ» тхылъыр дунейм къытегъэхьэным.
- Евгений и адэшхуэ Вильгельм Гиппиус макъамэдж цIэрыIуэт. И къэхутэныгъэхэр журнал зэмылIэужьыгъуэхэм къытрадзэрт; и адэ Вальдемар литературнэ критикт, профессорт. И анэми Москва дэт консерваториер къиухати, гъуазджэмкIэ щIэныгъэфI бгъэдэлът. «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жыхуаIэрати, Евгений абыхэм я лъагъуэ теуващ. ЦIыкIу щIыкIэ макъамэм дихьэхыу щIидзащ, и анэми пианинэм еуэфу иригъэ-сат. ИужькIэ ар щеджащ профессор цIэрыIуэ куэдым я деж. Тенишевым и еджапIэр 1920 гъэм къиуха нэужь, Петроград консерваторием щоджэ.
- Макъамэм ехьэлIа IэщIагъэ зыбжанэ зригъэгъуэтат щIалэ зэчиифIэм. Ар хуеджат дирижёр IэщIагъэм, къиухат макъамэм и тхыдэм щыхурагъаджэ факультетри. А псом къыдэкIуэу, ар щеджащ Петроград университетым и этнолингвистическэ отделенэм. АбыкIи зэфIэкIакъым. ЩIэныгъэм гу хуэзыщIа ныбжьыщIэр журналистикэми дихьэхырти, «Жизнь искусства», «Прелюды и фрагменты», «Соблазны и преодоления» журналхэм я гъэхьэзырыным гуащIэшхуэ хилъхьащ. А илъэс дыдэхэм библиотекэ зэмылIэужьыгъуэхэм я щIэныгъэ лэжьакIуэу лэжьащ.
- 1925 гъэм къыщегъэжьауэ хабзэмрэ IуэрыIуатэмрэ иджын щIидзащ: щIыпIэ куэдым лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я уэрэдхэр щитхыжащ, нотэхэми иригъэувэжащ, я зэпкърылъыкIэхэр иджын щIидзащ. ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэфI ди адыгэ лъэпкъми къыхуищIащ абы. 1980, 1986, 1990 гъэхэм абы и редакцэкIэ къыдэкIащ «Адыгэ лъэпкъ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ» жыхуиIэ тхылъ гъуэзэджэр.
- Гиппиус и фIыгъэщ КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, Бэрэгъун Владимир, Иуаныкъуэ Нурбий сымэ ди адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ зэрызэхуахьэсыжар, ахэр жанркIэ зэщхьэщыгъэкIарэ нотэхэр ящIыгъуу, урысыбзэкIэ зэдзэкIыжауэ къызэрыдагъэкIыфар. Ар хъуащ ди лъэпкъым и мызакъуэу, дунейпсо щэнхабзэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху- гъуэ.
- Еджагъэшхуэм ди лъэпкъ зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэм куэд щыгъуазэщ. Абы и щапхъэм щIапIыкI макъамэм дихьэх щIэблэхэр.
- БЫХЪУРЭ Миланэ.