Сыт Мурадин дэзыхьэхыр?
2018-01-18
- Джэрмэшык Мурадин Дулыхь и къуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа «ЩIыуэпсым и зэхэлъыкIэм теухуауэ» фIэщыгъэр зиIэ тхылъыр дунейм къызэрытехьам иращIылIа пшыхь Инарыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар къыщыдэкIащ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм.
- ЗэIущIэм кърихьэлIат Тэрч щIыналъэ администрацэм щIэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Вэрий Маринэ, Мэртэзей къуажэм дэт курыт еджапIэм и унафэщI Дадэ Аслъэн, абы тхыдэр щезыгъэдж Семэн Аскэр, Инарыкъуей къуажэм и Iэтащхьэ КIуащ Владимир, школым щылажьэ егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
- Тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIам и гугъу пщIымэ, ар Курп Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школ нэужьым Джэрмэшык Мурадин Мэхъэчкъалэ дэт медицинэ институтым дзэ къулыкъум пыщIа дохутыр IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ 1981 гъэм. Иджыпсту IэщIыб ищIыжами, и IэщIагъэм Омск, Карасук, Нижневартовск, Тэрч къалэхэм щрилэжьащ. Ауэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ ирихьэкIами, ар сыт щыгъуи дихьэхырт философием. 1978 гъэ лъандэрэ къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкIа адыгэлIым и Iэдакъэ тхылъ зыбжанэ къыщIэкIащ.
- ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIа Дадэ Аслъэн къыщыпсалъэм жиIащ Джэрмэшыкыр дзэ къулыкъум епха медицинэ IэщIагъэ-лIу, къулыкъум къыхэкIыжа майору зэрыщытыр.
- — Уеблэмэ, зэпыщIэныгъэшхуэ яку дэлъкъым ар зыхуеджамрэ и Iэдакъэ къыщIэкIхэмрэ, ауэ ар зэрыстудент лъандэрэ философие къэхутэныгъэхэм дихьэхыу, иригъэкIуэкIыу, зы щIэ гуэр хэслъхьарэт жиIэу щытащ сытым дежи. ИкIи хилъхьащ — мыр Мурадин и етхуанэ тхылъщ. Иджыри мыпхуэдэ лэжьыгъэфI куэд и Iэдакъэ къыщIэкIыну Тхьэм жиIэ! — къыхигъэщащ абы.
- Пшыхьым кърихьэлIахэр яфIэгъэщIэгъуэну едэIуащ езы авторым и IэдакъэщIэкIым теухуауэ жиIахэм. Абы пэшым щIэсхэм кIэщIу ягуригъэIуащ етхуанэ къыдэкIыгъуэм къыщиIэта темэр, къехъулIауэ къилъытэр, адэкIэ и мурадхэр.
- Тхылъым теухуауэ зи гупсысэхэр къэзыIуэта, Инарыкъуей школым тхыдэмкIэ и егъэджакIуэ Шэрий Амир къыщыпса-лъэм жиIащ:
- — Сэ Мурадин илъэс куэд щIауэ соцIыху, ауэ философие купщIэ зиIэ тхылъ итхыу къыщысщIам, гъэщIэгъуэн сщыхъуащ. Тхылъым къыщыспэщIэхуам, и бзэр тIэкIу гугъуу пIэрэ, жысIэурэ седжащ, ауэ антропологие и лъэныкъуэкIэ куэду гъэщIэгъуэн сщыхъуащ, сыту жыпIэмэ, авторыр хущIэкъуащ цIыхум и къэхъукIам теухуауэ Дарвин и Iуэху еплъыкIэхэм, Марксрэ Энгельсрэ я теориехэм ехьэлIауэ зыгъэпIейтей упщIэ куэдым жэуап яритыну. СызэреплъымкIи, къехъулIащ.
- Дунейм къытехьа тхылъым теухуауэ зи гупсысэхэр къэзыIуэтахэм я жыIэхэм къыхэщащ лэжьыгъэм нэхъ гулъытэ игъуэту зэпкърахын щхьэкIэ, Iэмал имыIэу ар щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм абы ехьэлIа я кафедрэхэм хэгуэшэн зэрыхуейр.
- ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.