Къэрал куэдым щыцIэрыIуэ Шыхъуэстэн Владимир
2018-11-08
- Адыгэхэм, Тхьэм и фIыщIэкIэ, мымащIэу къытхэкIащ лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ цIыху щэджащэхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ ди тхыгъэр зытеухуа Шыхъуэстэн Владимир КIысту и къуэр. Еджагъэшхуэм и зэфIэкI куэд ирихьэлIащ техносферэ унэтIыныгъэм ди къэралым зыщиужьыным. РАЕН-м и академик, абы и къудамэм и унафэщI, профессор, физикэ щIэныгъэхэм я доктор Шыхъуэстэныр дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ къэхутакIуэщ, зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI щыпкъэщ.
- Шыхъуэстэн Владимир Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хыхьэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщ Сэрмакъ къуажэм 1942 гъэм гъатхэпэм и 2-м къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэм мурад ищIащ еджэным пищэну. Владимир щIэтIысхьащ къэралым и щыхьэр Москва дэт, Жырымрэ гъущIхэкI зэхэгъэткIухьахэмкIэ институтым (МИСиС) и физико-химие факультетым. «ГъущIыкIэхэмрэ гъущIхэкI зэхэгъэткIухьахэмрэ я физикэ» IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта Шыхъуэстэным 1964 гъэм лэжьэн щIидзащ.
- Северодвинск къалэм дэт, Атом кхъухьхэр ухуэнымкIэ центрым (ЦАС) ягъэкIуат Владимир. Абы щыгъуэ арат псыщIагъ флотым епха ухуэныгъэхэмкIэ IэнатIэ нэхъ лъэщ дыдэу къэралым щыIэр. Инженеру лэжьэн щIэзыдза IэщIа-гъэлI ныбжьыщIэр зэман кIэщIым къриубыдэу лэжьыгъэм хэзэгъащ, зэфIэкI лъагэхэри къызэрыкъуэкIынур наIуэ къэхъуащ. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ лэжьакIуэ жыджэрыр мыгувэу ягъэуващ Центрым диагностикэмкIэ и къудамэм и унафэщIу. Жэуаплыныгъэ ин зыпылъ а IэнатIэр ЦАС-м и къудамэ нэхъыщхьэхэм ящыщт. Арат къыщапщытэр псы щIагъым щызекIуэ кхъухьхэр зэрызэпкърылъ пкъыгъуэхэм, зэпыгъэвапIэхэм я быдагъыр, зэрыла лэчхэм я фIагъыр.
- А лэжьыгъэ псори къызыхуэтыншэу къызэригъэпэщын икIи и нэIэм ткIийуэ щIигъэтын хуейуэ пщэрылъ къыхуащIат адыгэ щIалэм, а къалэнхэм ар зэрапэлъэщынум шэч лъэпкъ къытрамыхьэу. ЦАС-м и унафэщIхэм къыхуащIа дзыхьыр игъэпэжащ Шыхъуэстэным. Зэман кIэщIым къриубыдэу абы къудамэм зригъэужьащ, технологиещIэхэри Iуэхум хигъэхьащ. Къэхутэныгъэхэмрэ къэпщытэныгъэхэмрэ зэрырагъэкIуэкI аппаратурэ лъэщхэр къагъэсэбэпурэ, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэрт къудамэм щылажьэ щIэныгъэлI-хэм. Абыхэм къыхуаутIыпщырт кхъухьхэр къызыхуэтыншэу къызэрапщытэн аналитикэ техникэ къызэращэхун мылъкушхуэ.
- Апхуэдэурэ екIуэкIащ лIэщIыгъуэ блэкIам и 80 гъэхэм я кIэух пщIон-дэ. Зы илъэсым къриубыдэу къыдэгъэкIыным хуагъэхьэзырырт псы щIагъым щызекIуэ кхъухь лъэщу зыхыбл. Абыхэм трагъэувэ атомнэ реакторхэр ди хэкум щызэпкъралъхьэрт, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и президент, Курчатовым и цIэр зезыхьэ Атом энергетикэмкIэ институтым (ИАЭ) и унафэщI, академик Александров Анатолий а унэтIыныгъэмкIэ зэфIиха къэхутэныгъэхэр я лъабжьэу. Северодвинск щылажьэ ЦАС-м и закъуэт дуней псом къыщыдэзыгъэкIыфыр зи пкъыр титаным къыхэщIыкIа кхъухь лъэщхэр. Къапщтэмэ, апхуэдэ пкъыгъуэм къыщIэ-кIа «Баракуда» псыщIагъ кхъухьым псым зыщIигъэтIысыкIыфырт метр 1000-м нэскIэ.
- Псы щIагъым щызекIуэ кхъухь-хэм я лэжьыгъэр, абыхэм ис IэщIагъэлIхэм я зэфIэкIыр, уеблэмэ я гъащIэр елъытат Шыхъуэстэныр зи пашэ къудамэм къэхутэныгъэхэм-рэ къэпщытэныгъэмрэ зэрыригъэкIуэкI щIыкIэм. Къыпэщылъ къалэн псоми нэсу хуэхьэзыру къыпщыхъу кхъухьышхуэр къыщыщIэкI щыIэт зызыщIигъэмбрыуа псым иIэ хьэлъагъыр щыхуэмыхь. Ахэр къыщапщытэрт метри 8, 10, 18 хъууэ ЦАС-м щаухуа доккамерэхэм. Абыхэм щызэфIах къэхутэныгъэхэмкIэ къащIэрт кхъухьыр къызыхэщIыкIа гъущIым, зэпыгъэвапIэхэм я быдагъыр, яхуэшэчыну хьэлъагъыр зыхуэдизыр.
- — А атом кхъухьхэр щащIкIэ, жэуаплыныгъэ нэхъ ин зыпылъ лэжьыгъэхэр зыгъэзащIэр гъущIхэр зэпызыгъавэ IэщIагъэлIхэрауэ къалъытэрт. Ар пэжт, сыту жыпIэмэ абыхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIым, лэжьыгъэр зэрагъэзащIэ щIыкIэм куэдкIэ елъытат кхъухьым и быдагъ хъунури, — жеIэ Шыхъуэстэным. — УхуакIуэхэр иригушхуэрт ди кхъухьхэр метр 1000-м щIигъукIэ псы щIагъым зэрыщIэтIысыкIыфым. Апхуэдэ зэфIэкIым Iэмал къитырт «щэхуу», «гъэпщкIуауэ» улэжьэнымкIэ. Къапщтэмэ, США-м и кхъухьхэр зэрыщIэтIысыкIыфыр метр 400 — 500 хуэдизщ.
- Шыхъуэстэныр щылажьэ IуэхущIапIэм щагъэунэху псыщIагъ кхъухьхэм «гъуэгу ягъуэтырти», мазэ бжыгъэ зи кIыхьагъ зекIуэ ежьэрт. Апхуэдэ гъуэгуанэ кIыхьхэм кхъухьхэр нэхъри зэребгъэфIакIуэ хъуну Iэмалхэр къагъэлъагъуэрти, ахэри иужькIэ Iуэхум къыхалъытэрт. Владимир зэрыжиIэжымкIэ, къэрал унафэщIхэм мыхьэнэшхуэ иратырт ЦАС-м щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм, къэпщытэныгъэхэм. Ахэр щекIуэкIкIэ кърихьэлIэрт къэрал комиссэ псо, СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрыр я пашэу. Академик Александровым апхуэдэхэм деж кхъухьым иригъэблагъэрт ар щIыным, къэпщытэным епхауэ щыта IэщIагъэлI нэхъыщхьэхэр, Шыхъуэстэнри яхэту. «ДыщIилъэфэнумэ, псори зэгъусэу дыхрекIуадэ: проект зыщIахэри, зыухуахэри, диагностикэ езыгъэкIуэкIахэри», — гушыIэу жиIэрейт абы.
- Северодвинск щыщылэжьа илъэсхэр хуабжьу купщIафIэу щытащ ди лъахэгъум и дежкIэ. Жэуаплыныгъэ ткIий зыхищIэу и IэнатIэм зэрыпэрытым, дзыхь къыхуащIа къалэнхэр къызыхуэтыншэу, нэсу зэрызэфIихым къадэкIуэу, Владимир иригъэкIуэкIырт щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр. А зэманым Шыхъуэстэным игъэхьэзыращ икIи ехъулIэныгъэ иIэу пхигъэкIащ и кандидат, доктор диссертацэхэр.
- Шыхъуэстэным бгъэдэлъ Iэзагъым щыгъуазэ зыхуащIыну къыхуэкIуэрт нэгъуэщI къэралхэм къикI гупхэр. ЗэхъуэкIыныгъэхэм я зэманым и пэкIэ Северодвинск къалэр зэхуэщIауэ щытами, Горбачёв Михаил и тетыгъуэм абы хуиту зыплъыхьакIуэ къакIуэрт апхуэдэ лIыкIуэхэр. Шыхъуэстэн Владимир зи пашэ къудамэм япэ дыдэу зыплъыхьакIуэ къэкIуа гупыр США-м къикIауэ щытащ. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру абы щыгъуэ щыIа Уайнбергер Каспар Уиллард зи пашэ хьэщIэхэм хуабжьу ягъэщIэгъуауэ щытащ адыгэ щIалэр зи унафэщI къудамэм щызэфIах къэпщытэныгъэхэм я фIагъыр. Апхуэдэ лIыкIуэхэр иужькIэ къикIауэ щытащ Инджылызми. Зэман дэкIырти, а къэралхэм а унэтIыныгъэмкIэ щызэфIах лэжьыгъэхэм, зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм щыгъуазэ зыхуащIыну ягъакIуэрт ди къэралым щыщ гупхэри. Абыхэм яхэт языныкъуэхэм я IэщIагъэ дыдэр ягъэпщкIуауэт гупым зэрыхагъэхьэр. Къапщтэмэ, апхуэдэ лIыкIуэ гупхэм хагъэхьэ хабзэ Владимир и цIэм пытыр «СССР-м Мэкъумэш машинэхэр ухуэнымкIэ и министерствэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ» псалъэхэрат е нэгъуэщI граждан IэнатIэхэм я къулыкъущIэу къагъэлъагъуэрт. Шыхъуэстэным зэрыжиIэжымкIэ, ахэр США-м щыщыIам щыгъуэ, хуабжьу игъэщIэгъуауэ щытащ кхъухьхэр щаухуэ IуэхущIапIэм щылажьэ IэщIагъэлIхэм ябзыщI щIагъуэ щымыIэу псоми зэрыпхутепсэлъыхьыр, сурэтхэр тепхыну хуит узэращIыр. Инджылызым щыапхуэдэтэкъым: зыплъыхьакIуэхэм я упщIэхэм тэмэму жэуап къратыртэкъым, сурэттех къапщтэу ядэххэртэкъым.
- Апхуэдэу куэдрэ екIуэкIакъым. Устинов Дмитрий и унафэкIэ Шыхъуэстэныр ямыгъэкIуэж хъуащ хамэ къэралхэм, зыгъэпсэхугъуэ зэмани имыIэу лэжьыгъэкIэ щIагъанэрт ар. Апхуэдэу ткIийуэ IэнатIэм зэрыпэрытар иужькIэ сэбэп къыхуэхъужащ: зэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэм и кIэухым абы зыкъыхуагъазэу хуежьащ Урысейм и хьэрычэтыщIэхэм. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм Владимир Москва ирагъэблэгъащ икIи псым тет, абы къыщагъэсэбэп техникэ зэмылIэужьыгъуэхэр къэпщытэнымкIэ «ДИАТЕХ» щIэныгъэ-производственнэ IуэхущIапIэ къызэригъэпэщащ. Илъэс куэдкIэ езыр зыщылэжьа ЦАС-м щыщ IэщIагъэлI пашэхэр иригъэблэгъащ абы и IуэхущIапIэм икIи нобэр къыздэсым абыхэм ядолажьэ. Шыхъуэстэным къызэригъэпэща IэнатIэр мы зэманым ирагъэблагъэ хамэ къэрал куэдым я IуэхущIапIэхэу щIыдагъэ къыщIэшыным пыщIахэм, я техникэм и быдагъыр кърагъэхутэн папщIэ. ДИАТЕХ-р ядолажьэ Вьетнамым, Сауд Хьэрыпым, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, Азербайджа-ным, Бразилием, Испанием, Тайландым, Малайзием. А къэралхэм ящыщхэм щыIэщ ДИАТЕХ-м и къудамэхэр.
- Ди къэралым хыхьэ щIыналъэ куэдми лэжьыгъэкIэ япыщIауэ къокIуэкI Владимир здэщыIэ IуэхущIапIэр. Абыхэм ящыщщ Ставропольем, Тэтэрстаным, Башкирием, Сахалиным, Амур областым щыIэу щIыдагъэ къыщIэшыным, щIыр брууным елэжь IуэхущIапIэхэр. 21-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм ДИАТЕХ-р къалъытащ апхуэдэ диагностикэ езыгъэкIуэкIыфу ду-ней псом щыIэ IэнатIэхэм я нэхъыфIу. Диагностикэм и технологиехэр, къэпщытэныгъэм и IэмалыщIэхэр къызэгъэпэщыным хуищIа хэлъхьэныгъэ иныр къалъытэри, Шыхъуэстэнми къыхуагъэфэщащ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ щIыхь тхылъхэр, саугъэт лъапIэхэр, дамыгъэ лъагэхэр. И Iуэху зехьэкIэ екIумрэ бгъэдэлъ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ зэфIэкI инхэмрэ къызыхуэтыншэу щызэхэухуэнащ а щIэныгъэлIым и гъащIэм. Аращ къыхэзылъхьар диагностикэм и иджырей IэмалыщIэр — фононнэ (кристаллическэ) диагностикэр. ИригъэкIуэкIа апхуэдэ къэхутэныгъэхэр зи лъабжьэ щIэныгъэ тхыгъэ куэд, монографие щхьэхуэхэри хэту, и къалэмыпэм къыпыкIащ Шыхъуэстэн Владимир.
- Ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ щIэныгъэлI щыпкъэм, къэхутакIуэ емызэшым дохъуэхъу и зэфIэкIым адэкIи хэхъуэу, и унагъуэ дахэм гу ящихуэу, и щхьэгъусэ Викториерэ езымрэ зэрыгушхуэ я къуэ закъуэ Iэдэм и насып илъагъуу дунейм куэдрэ тетыну. Хэкум, къэралым къулыкъу пэж хуэщIэнымкIэ щапхъэ нэсщ Шыхъуэстэн Владимир и гъащIэ купщIафIэр.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.