ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Псалъалъэ  телъыджэр къащтэж

2019-06-22

  • Кавказыбзэхэм я нэхъ хьэлэмэтхэм икIи гъэщIэгъуэнхэм халъытэ адыгэбзэм и зэхэлъыкIэм игъащIэ лъандэрэ дехьэх щIэныгъэлIхэр, къэхутакIуэхэр. Абы елэжьащ къэрал куэдым щыщ лингвист цIэрыIуэхэр, и грамматикэр, тхэкIэ хабзэхэр, псалъэхэм я мыхьэнэр яубзыхуу, а псори щызэхуахьэсыж тхылъ щхьэхуэри къыдагъэкIыжу. Ди лъэпкъ щIэныгъэлIхэм иджыблагъэ гулъытэ хуащIыжащ 1904 гъэм Австро-Венгрием къыщыдэкIауэ щыта апхуэдэ лэжьыгъэ хьэлэмэтым — «Къэбэрдей-мэжэр-латин псалъалъэм». А псалъалъэ телъыджэр щIэныгъэ дунейм «къызэрыхашэжам» теухуат Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхэта зэIущIэр.

  • Балинт Габор

    Тхылъыр зи къалэмыпэ къыпыкIар 19-нэ лIэщIыгъуэм и кIэухым — 20-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм псэуа мэжэр (венгр) бзэщIэныгъэлI, кавказыбзэхэр джыным хуэунэтIауэ лэжьыгъэ куэд зэфIэзыха къэхутакIуэ цIэрыIуэ Балинт Габорщ. Ар 1895 гъэм Кавказым къэкIуауэ щытащ икIи адыгэбзэр иджащ, зригъэщIащ, бзэм и псалъэхэр зэхуихьэсащ. Мэжэрым игъэзэжа нэужь, Балинт и къэхутэныгъэхэр иригъэзэгъащ напэкIуэцI 1128-рэ хъу Iэрытхым. Ар псалъалъэ щхьэхуэу щIэныгъэлIым Коложвар къалэм къыщыдигъэкIащ 1904 гъэм.

  • ЗэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, псалъалъэ хьэлэмэтым щIэрыщIэу щыгъуазэ зыхуэщIыжыныр, ар джыжыныр, къыдэгъэкIыжыныр япэу къыхэзылъхьар КъБКъУ-м и лэжьакIуэ Думэныщ Аулэдин, Къэрал Эрмитажым нумизматикэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ, Стокгольм дэт университетым археологиемрэ антиковедениемкIэ и кафедрэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ Кулешов Вячеслав, ди университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и доцент Къардэн Мусэдин сымэщ.
  • — Псалъалъэм нэхъ гъунэгъуу щыгъуазэ зыхуэщIыным, нэхъ шэщIауэ яужь дызэрихьэрэ илъэс ещанэ йокIуэкI. 2016 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм ди университетым щекIуэкIащ «Эрмитажым и махуэхэр — Кавказ Ищхъэрэм» зэхуэсхэр. Абы щыгъуэ япэу гу лъыттащ Балинт адыгэбзэм теухуауэ зэхигъэува псалъалъэм епха хъыбар зэмылIэужьыгъуэхэр Европэм и еджапIэ нэхъыщхьэ зыбжанэм я сайтхэм зэрилъым, — жеIэ псалъалъэр къэгъэщIэрэщIэжыным епха проектым хэта Къардэн Мусэдин. — Псалъалъэр тфIэхьэлэмэт хъуащ Санкт-Петербургрэ Налшыкрэ я щIэныгъэлIхэм икIи и лъэужь дытехьащ. Куэд дэмыкIыуи абы тещIыхьа проект зэхэдгъэувэри, лэжьыгъэр дублащ. ЩIэныгъэлIхэри адыгэбзэ къудамэм и магистратурэм щIэсхэри зэгъусэу делэжьащ псалъалъэр джыным, щIэныгъэ дунейм хэгъэхьэжыным.
  • Проектым хэтахэм фIыщIэ хуащI Бахъсэн къалэ округым и администрацэм, абы и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, псалъалъэм щелэжьым щыгъуэ мылъкукIэ зэрызакъыщIигъэкъуам папщIэ.
  • Дунейм къызэрытехьэрэ илъэси 115-рэ хъуа псалъалъэм ди лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ абы щыбгъуэтынущ нэхъапэм адыгэхэм къагъэсэбэпу щыта псалъэхэмрэ псалъэ зэпхахэмрэ, я мыхьэнэхэри ящIыгъужу, апхуэдэуи ахэр мэжэрыбзэкIи латиныбзэкIи зэдзэкIыжауэ. Мы зэманым щIэныгъэлIхэр яужь итщ псалъалъэ телъыджэр къызэпкърызых критикэ лэжьыгъэ шэщIа гъэхьэзырыным. Балинт и къалэмыпэм къыпыкIа лэжьыгъэр ирагъапщэ Тамбий Пагуэ, Лопатинский Лев сымэ къыдагъэкIауэ щыта урыс-адыгэ псалъалъэхэм.
  • Къардэн Маритэ.