Театрым, кином, жылагъуэм лъэужь дахэ къыщызыгъэна
2021-07-06
- Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Абхъаз республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Фырэ Руслан Борис и къуэр Совет районым хыхьэ Зэрэгъыж къуажэм 1951 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м къыщалъхуащ.
- Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №11-р къиухащ. Курыт еджапIэм щыщIэсым езыр-езыру теплъэгъуэхэр къызэригъэпэщу, гушыIэ гуэрхэр утыку щигъэлъагъуэу щытащ. Руслан школыр къыщиухам щэнхабзэ Iуэхум хыхьэну иджыри тегушхуэртэкъым. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щылэжьащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист гъуэзэджэ Сонэ Мухьэрбий. А артистышхуэр Руслан и анэ дэлъхути и унагъуэм куэдрэ кIуэрт. Мухьэрбийрэ и щхьэгъусэ Сыбэч Быхуэрэ куэдрэ унэм щылажьэрт, репетицэ щащIырт. Руслан и адэ-анэр и гъусэу пщэ-фIапIэмкIэ е нэгъуэщI пэшкIэ зэран яхуэмыхъуу хуэму псалъэу щIэст, я лэжьы-гъэм апхуэдизкIэ пщIэ хуащIти. ИтIанэ, театрым щагъэлъагъуэ зы спектак-ли бламыгъэкIыу кIуэурэ еплъащ. Ахэращ щапхъэ, гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар, театр гъуазджэм дезыгъэхьэхар.
- Москва зэгуэрым яшауэ щыта Гоголь Николай и «Ревизор» пьесэм къытращIыкIа спектаклым Сонэ Мухьэрбий щигъэзэщIа Городничэм и ролым хуэдэ иджыри урыс сценэм илъэгъуакъым жаIэу «Правда» газетым щытхъушхуэ къытрагъэдзауэ щытащ. 1970 гъэм зэпеуэ къызэIуахащ Москва Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр институтым щIэтIысхьэнухэр къыщыхахыу. Быхуэ зэпымыууэ къызэрыдэлэжьам къыхэкIыу и насып текIуэри, Руслан а студием хэхуащ. Москва Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр институтым драмэмрэ киномрэ я актёр (1975 гъэ), драмэмкIэ режиссёр (1978 гъэ) и факультетхэр къиухащ. Франджы тхакIуэ, драматург Бермо Мишель и «Бжэхэр мэIэуэлъауэ» тхыгъэм къытрищIыкIа спектаклыр диплом лэжьыгъэу Москва урысыбзэкIэ щигъэуващ.
- Фырэм куэдым ягу къинэжа, мыхьэнэшхуэ зиIэ ролхэр фильм зыбжанэм щигъэзэщIащ, спектакль куэ-ди игъэуващ. Актёр лэжьыгъэм и гугъу пщIымэ, псом нэхъ ягу къинэжахэм ящыщщ КIыщокъуэ Алим и «Вершины не спят» фильмым щигъэзэщIа Къатхъэн Назир и ролыр. Апхуэдэщ япэ дыдэу траха «Оглянись, найдёшь друзей» фильмым щиIа ролри. Режиссёр лэжьыгъэхэм я гугъу пщIымэ, къыхэгъэщыпхъэщ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым Молдавием щыщ драматург Друце Ион и «Святая святых» пьесэм къытрищIыкIыу и закъуэу игъэува спектаклыр, нэгъуэщIхэри.
- «Оглянись, найдёшь друзей» (1975 гъэ), «По следам Карабаира» (1979), «Кольцо старого шейха» (1980 гъэ), «Вершины не спят» (1987 гъэ), «Когда отзовётся эхо» (1988 гъэ) фильмхэм роль нэхъыщхьэхэр щигъэзэщIащ. Апхуэдэу куэдым ягу къинэжащ «Лакумы по-чегемски» (1977 гъэ), «Загадка кубачинского браслета» (1982 гъэ), «Черкес» фильмхэм зэрыщыджэгуар.
- Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр интитутым и лэжьакIуэхэм псэуху пыщIэныгъэ яхуиIэу, пщIэ, зэрылъытэ я зэхуаку дэлъу, фIыуэ зэрылъагъуу къекIуэкIащ. Фырэ Руслан и лъэIукIэ еджакIуэ игъэкIуауэ щыта адыгэ студие цIыкIур ди театрым къекIуэлIэжауэ мэлажьэ. Сыт хуэдэ IэнатIэ Iутми, еджакIуэ игъэкIуа щIалэгъуалэм я дуней тетыкIэм щыгъуазэу, я къэкIуэнур зэрыхъунум егупсысу апхуэдэт. Ахэр я хъуэпсапIэхэм, я мурадхэм лъэIэсыныр и хъуэпсапIэт.
- 1998 гъэм Фырэм юрист IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. Илъэс зэмылIэужьыгъуэ-хэм къулыкъу куэдым пэрытащ. Грознэ къалэм Лермонтовым и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и режиссёру, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал драмэ театрым и актёру, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и режиссёру, режиссёр нэхъыщхьэу, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и егъэджакIуэу, «Урысей 1» къэ-рал телерадиокомпанием и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIу, КъБАССР-м и Министрхэм я советым и УнафэщIым и къуэдзэу, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ, ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, физкультурэмрэ спортымкIэ, Курортхэмрэ туризмымкIэ, Щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ коммуникацэхэмкIэ я министру, КъБР-м и Парламентым и депутату, республикэм и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, спортымкIэ, туризмымрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и комитетым и унафэщIу, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэу лэжьащ.
- Урысей Федерацэм, Абхъазым, Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ цIэ лъапIэхэр, «ПщIэрэ щIыхьрэ», «Зэныбжьэгъугъэ» орденхэр, «УФ-м социальнэ туриз-мым зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» дамыгъэр къыхуагъэфэщащ, Телевиденэмрэ радиомкIэ дунейпсо академием и академикщ. КъищынэмыщIауэ, УФ-м и Правительствэм щэнхабзэмкIэ и саугъэтыр 2014 гъэм къихьащ, Толстой Алексей и «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» пьесэм къытрищIыкIа спектаклыр режиссёр лэжьыгъэ нэхъыфIу къалъытэри.
- Иужь зэманым Фырэ Руслан ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и художественнэ унафэщIу икIи и режиссёр нэхъыщ-хьэу лэжьащ. И щхьэгъусэ Майе Театрым и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэщ. Къуэрэ пхъурэ яIэщ, ахэри унагъуэ хъужащ.
- ТекIужь Заретэ.
- Дыхуэныкъуэщ хуабжьу
- Ди театрым, республикэм имызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ псор къапщтэмэ, гъуазджэмкIэ хэщIыныгъэшхуэщ Фырэ Руслан къызэрытхэмытыжыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и театрхэм фIэкIыжауэ, гъунэгъу республикэхэм нэсыурэ спектаклхэр щигъэувырт, и лэжьыгъэфIхэмкIэ лъэужь дахэхэр къыщигъанэу.
- Япэ дыдэу Абхъазым дызыша- ри Руслант, зэкъуэш республикэ-хэм я театрхэр зэкIэлъыкIуэу, зэрыщIэу, артистхэр дыздэлажьэу дыздэпсэун хуейуэ къилъытэри. Апхуэдэу мазэ псокIэ Абхъазым дызэрыщыIар гукъинэж тщыхъуащ, ди гупым и ныкъуэр Сы- хъум къалэм, адрейхэр къуажэ- хэм щылажьэу. Абы дикIри, Лохвицкэм и «Уафэгъуагъуэ макъ» спектаклыр Шапсыгъым щыдгъэлъэгъуащ. Апхуэдэ гукъинэж дахэ куэд дигъэлъэгъуащ. Зэпымыууэ щIэ гуэрхэр къытхузэIуихырт.
- ЦIыхум и зэфIэкIыр къызэрыплъытэнур къыщIэна и лэжьыгъэхэрщ. Руслан лъэпкъыр фIыуэ илъагъурт. Адыгэр зэрыгушхуэ цIыхухэм гулъытэ яхуищIырт. Апхуэ-дэщ балеринэ цIэрыIуэ, тхакIуэ, скульптор, актрисэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа бзылъхугъэ дахэ Щамырзэ Моникэ (Черинэ Людмилэ) и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ зыхуэдар сценэм къыщигъэлъэгъуэжыныр, а бзылъхугъэ цIэрыIуэр ди лъэпкъым къызэрыхэ- кIар нэхъыбэм къаригъэщIэныр и хъуэпсапIэу иужьрейуэ зи ужь ихьа «Черкесская Жизель» спектаклыр. Москва комиссэ къыщикIами а лэжьыгъэр ягу дыхьауэ къытщытхъуащ икIи Моникэ зэрыадыгэр спектаклым щеплъам къызэращIар куэд и уасэщ!
- КъищынэмыщIауэ, 115-нэ шуудзэм хэта, зи псэ емыблэжу танкхэм пэщIэувэу хэкIуэда адыгэ щIалэхэр гулъытэншэ зэрыхъуар Фырэ Руслан хуабжьу игу къеуэрт икIи ар сценэм кърихьэну, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм яригъэлъагъуну щIэхъуэпсырт. А лэжьыгъэри мыгувэу мы гъэм утыку къитхьэнущ.
- И щIалэгъуэи жаныгъуэм щыгъуэ зэпымыууэ щIэ гуэрхэр къигупсысырт. Апхуэдэу КIуэкIуэ Валерэ зыхуигъэзауэ щытащ Тыркум, Сирием, Иорданием шууей гуп иригъэжьэну. Зы Iуэху къыхимыгъэкIыу къыхилъхьам арэзы техъуэри зи пашэ шу гуп зэхуишэсщ, Налшык къыщыщIидзэри Тыркум, абы икIри Сириемрэ Иорданиемрэ кIуащ. Абы щыгъуэ зэпача гъуэгуанэ кIыхьым гукъинэж куэд щалъэгъуащ. Дэ дызрикIуар адыгэхэр нэхъыбэу щыпсэу къалэхэм-рэ къуажэхэмрэщ. ЩIалэхэм шыхэр цIуужу къабзэу иригъэгъэпскIырт, адыгэ фащэр езыхэм щригъэтIагъэрти, бащлъыкъыр дригъэлъхьэжырт, республикэм и бэракъымрэ адыгэ ныпымрэ яIыгъыу, я налхэм «сыкъ-сыкъ» жа- Iэу Iэуэлъауэу асфальтым ирикIуэрт. ЛъэныкъуитIымкIи еувэкIауэ щыту цIыху гуп къаIущIащ. А Iуэхур зэфIэбгъэкIынри лIыгъэщ.
- Илъэс куэд хъуауэ, Москва къыщикIыжа 1975 гъэм щыщIэдзауэ, сцIыхурт Руслан. А зэман кIы- хьым къриубыдэу мыхъумыщIа- гъи емыкIуи дэслъэгъуакъым. И адэ-анэм икъукIэ хуэгумащIэу, пщIэшхуэ яхуищIу, я гъащIэр зэращигъэпсынщIэным, зэращигъэтыншыным телэжьащ.
- Театрым щигъэува спектаклхэр къызэщIэпкъуэжмэ, абыхэм я зэхуэдитIым сыщыджэгуну къызэрысхуихуамкIэ зэпымыууэ фIыщIэ хузощI. Руслан и спектаклхэр цIыхухэм ягу дыхьэрт, фIыщIэ къытхуащIу, Iэгуауэшхуэхэр тхуаIэту апхуэдэт.
- И бынитIым щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ IэщIагъэрэ яIэу, ахэр уна- гъуэ зэрыхъужам щыгуфIыкIырт. Иужьым къуэрылъху цIыкIу къащыхэхъуам хуабжьу щыгуфIыкIащ, зэпымыууэ гулъытэ зэрыхуищIым и гугъу ищIырт, гукъыдэж къритырт.
- И лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ зэрыщиIэм имызакъуэу, и хьэл-щэным и гугъу пщIымэ цIыхугъэ, лIыгъэ, гушыIэ хэлъу, гуапагъэ дэплъагъуу щытащ Руслан. Удэлэжьэну тыншт. ЦIыхубзхэм ди щхьэц е сэхусэплъ нэгъунэ гу лъитэрт икIи игу иримыхьмэ ибзыщIыртэкъым. Ныбжьэгъу куэд иIэт. Дэтхэнэми бгъэдыхьэпIэ къыхуигъуэтыфырт. И макъым зримыгъэIэту, и лэжьэгъухэм пщIэ къытхуищIу апхуэдэт. Гупым ди бын е абыхэм я быныж щилъэгъуамэ Iэмал имыIэу бгъэдыхьэрти игъэгуфIэрт. Си пхъур иджыри илъэси 10 иримыкъуу щыхуэзам, къыщалъхуа махуэр къызэрыблагъэр жриIати къигъэгугъат къэкIуэну. Iуащхьэмахуэ лъапэ лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIа пэтрэ, къызэригъэгугъар щымыгъупщэу, сабийм саугъэтхэр къыхуихьу зэригъэгуфIар дигу къинэжащ.
- Руслан и лэжьэгъухэм щIэх-щIэхыу дигу къыдогъэкIыж. ФIыуэ щыIэр Тхьэм къыхуищIэ, дэ дызэрыхуэарэзым хуэдэу Алыхьыр арэзы къыхухъу!
- ЖьакIэмыхъу КIунэ,
- УФ-мрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ,республикэм
- и цIыхубэ артисткэ.
- Зыдужьыну Iэмал къыдитырт
- Егъэлеиныгъэ хэмылъу жысIэнщи, Фырэ Руслан хуэдэ цIыхухэр, унафэщIхэр зырызыхэщ. Си щхьэкIэ абы хуэдэ нэхъапэкIэ срихьэлIауэ къысхуэщIэжыркъым. Ар щIэныгъэ куу зиIэ, хьэл-щэн дахэ зыхэлъ цIыху гуапэт, гъэсат. АпхуэдизкIэ фIагъ куэд хэлъти, псори зэуэ къызэщIэпкъуэну гугъущ. Хьэл мыхъумыщIэ, фыгъуэ дэплъагъуртэкъым, зым и жагъуи хуэщIыртэкъым. Нэхъыщхьэращи, лэжьакIуэхэм зыдужьыну Iэмал къыдитырт. Журналист, оператор, техникэ лэжьакIуэ ирехъуи лъэIукIэ, чэнджэщкIэ зыщыхуэдгъазэкIэ, Iэмал къигъуэтурэ къыддэIэпыкъурт.
- ГТРК-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIу къызэры-кIуэу махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу зэхъуэкIыныгъэфIхэр диIэ хъуат. Япэрауэ, махуэ щIагъуэ дэмыкIыу федеральнэ телеканалхэм запыдигъащIэурэ цIыху гъэщIэгъуэн-хэм, къэхъукъащIэхэм ятеухуа ди сюжетхэр яхудигъэгъэлъагъуэрт. Журналистхэр зэи Iуэхуншэ дыхъуртэкъым, ауэ ди зэфIэкI деплъыжыну дыкъыхуумыджэмэ, десэжауэ тщIэ Iуэхухэм дыкъыпэрыкIыу езыр-езыру утыку дыщихьэр, IуэхущIэхэм дыщытегушхуэр зэзэмызэт. Абы и лъэныкъуэкIэ Руслан зэпымыууэ ди фIэщ ищIырт ди пIэм диуджыхькIэ зэманым зэ-рызыдедмыгъэкIуфынур, зэрызыдмыужьынур.
- Руслан сызэрыдэлэжьа илъэсыр къапщтэмэ, гу лъыстащ зэпеуэхэм дыхэтыну дыкъызэрыхуриджэм и фIыгъэкIэ, ди IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр урысейпсо зэхьэзэхуэхэмрэ фестивалхэмрэ мызэ-мытIэу пашэ зэрыщыхъуам. Ар, дауи, ехъулIэныгъэфIт. Эфирым кIуэ ди нэтынхэм, сюжетхэм зэпымыууэ еплъырт, ехьэкI-нехьэкI хэмылъу ди ныкъусаныгъэхэр дигъэлъагъужырт, и чэнджэщхэр къыдихьэлIэрт. Нэтын зыгъэхьэзыр дэтхэнэми Iэмал имыIэу абы Руслан зэреплъынур тщIэрти къытлъыс жэуаплыныгъэр зыхэтщIэу ди лэжьыгъэр зыщIедмыгъэхыу дгъэзащIэрт. Федеральнэ телеканалхэм я деж егъэхьын хуейуэ къилъытэ лэжьыгъэхэр занщIэу къыджиIэрт икIи щыщыуэ къэхъуртэкъым. Къыхих ди лэжьыгъэхэр гулъытэншэ ящIыртэкъым, Iэмал имыIэу увыпIэ гуэр къытхуагъэфащэрт.
- Фырэ Руслан и фIыгъэкIэ, эфирым кIуэ ди хъыбарыщIэхэмрэ нэтынхэмрэ телевизорым къыдэкIуэу ИнтернетымкIи цIыхухэр еплъыну Iэмал яIэ хъуащ. ДыщIэгузэвэн щхьэусыгъуэ димыIэу, дигу зыкIи къыхэмыщтыкIыу лэжьапIэм дыкIуэрт.
- Ди IуэхущIапIэм и IуплъапIэри абы и Iэгъуэблагъэри къигъэщIэрэщIэжат. Илъэс зыбжанэ хъуауэ къэдмыгъэсэбэп бассейныр иригъэтхъуэжри удз гъэгъахэр щригъэгъэтIысат. КъищынэмыщIауэ, радиомрэ телевиденэмрэ я лэжьакIуэу Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я фэеплъ игъэуват. Гъэ къэс накъыгъэм и 9-м абдежым дыщызэ- хуэсурэ удз гъэгъахэр тыдолъхьэ. Ди япэ итахэм я фэеплъыр зэрызыщыдмыгъэгъупщэми мыхьэнэшхуэ иIэщ.
- Апхуэдиз къару Руслан къыздрихыр сфIэгъэщIэгъуэнт. Ди телевиденэм и лэжьыгъэм къыдэкIуэу зыхилъхьэ щымыIэ театрым папщIи сыт щыгъуи зэман къигъуэтт. Актёрхэм пщIэншэу ядэлажьэрт, режиссёрхэм ядэIэпыкъурт, спектаклхэр игъэувырт. И лэжьыгъэр япэу ягъэлъэгъуэным зы тхьэмахуэ иджыри иIэжу премьерэр зэрекIуэкIынум иригузавэу щIидзэрт. Театрым къыдэкIуэу сурэтыщI гъуазджэр, шыхэр зыхилъхьэ щымыIэу фIыуэ илъагъурт.
- ЗэфIэкI зиIэ цIыхум унэтIыныгъэ зыбжанэм зэфIэкI щиIэу яIуатэ. Гуапэу дигу къинэжащ куэдым хэзыщIыкI унафэщI набдзэгубдзаплъэ къызэрытщхьэщытар.
- Магомедовэ ФатIимэ,
- тележурналист.
- Сценэм зыщигъэнщIыртэкъым
- Русланрэ сэрэ дызэрызэрыцIыхурэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъуащ. Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр институтым дыщыздеджащ, къэдгъэзэжа нэужьи дыздэлэжьащ. Зы унагъуэм хуэдэуи дыкъыздекIуэкIащ.
- Москва дыщыщеджами, теплъэгъуэхэр щыдгъэувкIэ сыт щыгъуи ди япэ иту къытхэтт Руслан. Абы щищIа Фермо Мишель и «Двери хлопают» режиссёр лэжьыгъэр щагъэлъэгъуэнум Москва дэс теат-реплъхэр щIэупщIэу апхуэ- дэт. Къэдгъэзэжа нэужьи ди театрым и репертуарым зыкъомрэ хэтащ а спектак- лыр.
- Руслан министерствэ, телевиденэ жыпIэми, дэнэ IэнатIэ щылэжьами театрыр зэи ибгынакъым. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу къытхыхьэну, спектаклхэр игъэувыну, къыддэлэжьэну зэман къигъуэтырт. Театрым къызэригъэзэжри нэхъ лъагэу зригъэIэтат, театреплъхэр къришэлIэжат. Иужь дыдэу игъэува «Унэ лъапIэ», «ХьэжьэIужьэ» и лэжьыгъэхэми гупсысэ куу ящIэлъщ, гукъинэжщ, гушыIэри драмэри хэухуэнащ. Зэпымыууэ лэжьэну пIащIэрт, зигъэпсэхуну щетIуэкIкIи сценэм зэрызыщимыгъэнщIыр зыхэтщIэрт. И псэм ищIэу къыщIэкIынт гъащIэр къызэрыIэщIэухэр, лъэужь къигъэнэн зэрыхуейр. Арат зэкIэлъигъэпIащIэу и спектаклхэр утыку къызэрырихьэным щIыхущIэкъур.
- Театрым нэмыщI институт-ми илъэс зыбжанэкIэ щригъэджащ Руслан. И нэIэм щIэ-та щIалэгъуалэм ящыщхэр артист пажэу ди театрым щолажьэ. Сыт щыгъуи институтым комиссэм и унафэ- щIу къедгъэблагъэрт, къыщIэдгъэкI студентхэм я лэжьыгъэхэми еплъырт.
- Руслан гушыIэ дахэ хэлъу, гъащIэм щыгуфIыкIыу, псалъэ гуапэ къыджиIэу зэрыщытам хуэдэу гуфIэу-гушхуэу дигу къинэжащ. Нобэ къызэрытхэмытыжыр дэтхэнэми жагъуэ тщохъу. Театрым дыщы- щыIэм, дыщылажьэм дежи къигъэзэжыным хуэдэу дыпоплъэ. Залым къыщIыхьэну е сценэм къихьэну къытщохъу. Руслан къытхэ- мытыжми, и псэр нобэ тщIы-гъущ, гукIи псэкIи фIыуэ илъагъуу щыта театрым и фэеплъыр къыщигъэнащ. Дыпсэухуи тщIыгъунущ, тщы- гъупщэнукъым.
- Балъкъэр Тамарэ,
- КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ,
- ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал
- институтым актёр Iэзагъэм хуэгъэсэнымкIэ
- и кафедрэм и унафэщI.
- Къызэрытхэмытыжыр зыхыдощIэ
- 1993 гъэм дызэрыцIыхуащ Русланрэ сэрэ. Балигъ гъащIэм сыщыхыхьам щыщIэдзауэ дызэрыщIэу, дызэрыгъэныбжьэгъуу дыкъыздекIуэкIащ. Абы къриубыдэу лэжьыгъэ къудейкIэ мыхъуу и цIыхугъэкIэ, и дуней тетыкIэкIэ, и цIыху хэтыкIэкIэ, и хабзэ зехьэкIэкIэ фIыгъуэ куэд дэслъэгъуащ.
- Лэжьыгъэ IуэхукIэ къапщтэмэ, театр гъуазджэм и щэху куэдым щыгъуазэт Руслан. Артистхэр спектаклым зэ- рыщыбгъэджэгуар къохъулIауэ театреплъхэр Iэгуауэ щыпхуеуэкIэ, зы хъугъуэфIыгъуэ гуэр псэм къыщагъэушмэ, Фырэ Руслан репетицэ къудейхэм гукъыдэж къратырт. Лэжьыгъэ и лъэныкъуэкIэ спектаклым къыщыплъыса образым, ролым теухуауэ умыщIэ гуэр хэтми, уэ езым гу лъумытэжу езыр-езыру ухуэкIуам хуэдэу хуэмурэ уришалIэрт.
- Спектаклыр зыгъэувахэм ар я сабий пэлъытэу ябж. Абы и щхьэусыгъуэми щэху гуэр хэлъщ. ЦIыкIум и Iэр уоубыд-ри япэ лъэбакъуэ ибогъэч, зекIуэкIэ зригъэсэхукIэ IэпэкIэ къыбошэкI. АпхуэдизкIэ уи образым ухуэфащэу Руслан ухуигъэхьэзырти, абы укъыхуигъэщIам хуэдэу убгъэдишэрт. Аращ ар гукъинэж пщымыхъункIэ Iэмал щIимыIэри.
- Сэ Руслан игъэува спектакль зыбжанэм сыхэтащ. Япэ дыдэу сыщыджэгуар «Уафэгъуагъуэ макъ» спектаклырщ. Абы къыкIэлъыкIуащ «Бгъэмрэ бгъэ анэмрэ», «Уэшх зыщэр», «Унэ лъапIэ», нэгъуэщI лэжьыгъэхэр. ЖанркIэ зэмыкIуалIэ а пьесэхэр зы цIыхум щхьэ игъэува хъуа жыпIэмэ, гу лъыптэрт театр гъуазджэр къэбгъэсэбэпу лъэпкъ гупсысэм и лъагапIэм зебгъэужьыным и щэхухэмрэ бгъэдыхьэкIэхэмрэ зэрыщыгъуазэм. Руслан телэжьащ дэ тхуэ- дэ лъэпкъ мащIэм илъэс мин бжыгъэ-хэр къызэрытпсэуар, мы дуней зэрыхьзэрийм тхыдэшхуэ къызэрыщызэднэкIар, лъэпкъым къыхэкIахэм дуней тетыкIэ дахэ яIэрэ адыгэ дуней къудейм мыхъуу, дуней псом къызэрыщацIыхуар утыку къызэрырихьэным. Апхуэдэщ «Черкесская Жизель», «Уафэгъуагъуэ макъ» спектаклхэр, Къэшэж Иннэ теу-хуа литературэ-макъамэ композицэр. Адыгэу дунейм тетым я щхьэ кърикIуа щIэпхъаджагъэр, зыпхыкIа зауэ мыхъумыщIэхэр, лъэпкъым апхуэдиз лей къезыхам теухуауэ тхыдэр зи лъабжьэ лэжьыгъэ Фырэ Руслан фIэкIа зезыпщытыфа щыIэкъым. Аращи, и гупсысэр жыжьэ нэст, лъагэ дыдэу Iэта гупсысэ зэриIам и нэщэнэу икIи къызыхэкIа лъэпкъыр мы дуней псом къацIыхуным и псэ емыблэжу телэжьащ. Зэманыр зэи къэувыIэркъым. Быдэу си фIэщ мэхъу адыгэ тхыдэм имызакъуэу къэра-лым и тхыдэм Фырэ Руслан и цIэр къызэрыхэнэнур. Абы щхьэусыгъуэ куэд иIэщ.
- И гупсысэм къыдэкIуэу и хабзэ зехьэкIэр щыплъагъукIэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым Руслан. Зэпымыууэ къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр зыIыгъа цIыхум адыгэ хабзэ зэрихьэну, ар Iэпэдэгъэлэл имыщIыну апхуэдэ хущIыхьэгъуэ дэнэ къриха жыпIэнкIи мэхъу, ауэ и лэжьыгъэмрэ и пщэ дэлъ къалэнымрэ нэхъ Iэпэдэгъэлэл имыщIу, уеблэмэ, нэмысыр япэ иригъэщу къыпщыхъуу нэхъ хуэсакът, сыту жыпIэмэ цIыхур нэхъ лъагэу дэкIуеихукIэ ар нэхъыбэм щапхъэ яхуохъури. Къыбдалъагъур нэхъыбэ щыхъукIэ, лъэпкъыр лъэпкъыу къэзыхъумэ бзэмрэ хабзэм- рэ хуэсакъыным и зэманым емыблэжу гулъытэ хуищIырт.
- Жьыми щIэми зэрагурыIуэну бзэрэ бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэрэ къахуигъуэтыфырт Руслан. Ущытригъэгушхуэнури, уи акъылым зыщригъэгъэпсэхуну, псы Iубыгъуэ къущитынури ищIэрт. КIэщIу жыпIэмэ, и щIэныгъэр зыбгъэдэплъхьэн папщIэ уегупсысыну зэман къуитырт икIи абы щыщIэупщIэжыну пIалъэри ищIэрт. ПщIа псори къызэщIикъуэжу, бжьэпэтехуэ трищIэжу апхуэдэ тегушхуэныгъэрэ лIыгъэрэ зыхэлъ цIыхут. Псалъэ пэж, Iущ къыщыбжиIэнури ищIэрт. ГъащIэм и лъэныкъуэ куэдкIэ апхуэдэу гуимыхуж куэд дэплъагъурт.
- Нэхъапэхэм нэхъ хущIэмыхьэу, правительствэ, министерствэ Iуэхухэм нэхъ пыщIауэ къекIуэкIыурэ, иужьым театрым къыщигъэзэжам спектакль куэд игъэувыну зэрыхунэмысым къыхэкIыу, роль зыбжанэ къытлъымысми, зэпымыууэ лэжьыгъэм и гур етауэ, театрым и лэжьакIуэ дэтхэнэми зы театр лъэхъэ-нэм лэжьыгъэщIэ зэрыз псоми къытхуигъуэтырт. Хэт хущIыхьэгъуэ нэхъ иIэщ, хэт ролыр нэхъ къохъулIэ. Аращи, ахэри зыхуэбгъэхъуфын, зыпэплъытыфын хуейт псори гупыр зы унагъуэм хуэдэу я къалэныр ятегуэшауэ зэдэлэжьэфын папщIэ. Дэтхэнэ зыми и зэфIэкIыр утыку кърихьэфу щытын зэрыхуейри Iэпэдэгъэлэл ищIыртэкъым. Къэбгъэлъагъуэмэ, Къэрмокъуэ Мухьэмэд и «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» пьесэм къытрищIыкIа спектаклым и уэрэд дахэм макъамэ щабэ щIэту утыку кърихьащ, абы хэт хъыджэбз цIыкIухэм Iупхъуэр Iуах хуэдэу (езыр-езыру зэлъыIукI пэтми). АкъылкIэ зэригъэзахуэ мыхъуу, цIыхум и гум, и псэм зыхищIэ Iуэхугъуэ цIыкIухэр зэгъэпэщауэ, псэкIэ зэрызэхищIэр IупщIу и режиссёр IэщIагъэр къигъэсэбэпу лэжьыгъэр уи пащхьэ кърилъхьэрт Фырэм. Арат абы таурыхъым ухэт пэлъытэу къыщIыпщигъэхъуфри.
- Фырэ Руслан псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 70 ирикъуну арат. Нэхъыжьхэм жаIэу урохьэлIэ цIыхум къигъэщIар къызэралъытэр и илъэс бжыгъэракъым, атIэ а илъэс бжыгъэр къызэригъэщIа- ращ. Руслан куэд къимыгъэщIами, лэжьыгъэшхуэ, дуней тетыкIэ дахэ къызэринэкIащ, и IуэхущIафэкIи и псалъэкIи зылъэIэсу, зыхунэсу хъуам — зы дахагъэ гуэр хилъхьэу. Гъуазджэр ипэкIэ кIуэтэн щхьэкIэ цIыху къарурэ гупсысэ лъагэкIэ щIэгъэбэтэн хуейщ. Руслан хуэдэ цIыхухэм я гупсысэ, лъэужь дахэхэрауэ къыщIэкIынущ гъуазджэр ипэкIэ зыгъэкIуатэр.
- Апхуэдиз илъэс хъуауэ сызыпэрыт IэнатIэр — театрыр гукIи псэкIи сщыщ дыдэ хъуащ. Театрри лъэпкъри Фырэ Руслан хуэдэ цIыхухэм сыт щыгъуи дыхуэ-ныкъуэщ.
- Хьэмырзэ Ахьмэд,
- КъБР-м щIыхь зиIэ и артист.