Уэрэд жыIэным къыхуигъэщIа
2021-07-06
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ Бэгъуэтыж Светланэ и макъымрэ и утыку итыкIэ дахэмрэ, и теплъэмрэ и гъащIэмрэ, и лэжьыгъэмрэ и цIыху хэтыкIэ екIумрэ теухуауэ Iэджэ, фIы защIэу, жыпIэфынущ. Езыр абджыпсым къыхэщIыкIа кумбыгъэ щIэращIэм, и макъыр псы ежэхым и Iущащэ макъым ебгъэщхьыфынущ…
- Псоми ящIэркъым уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм и унэцIэ дыдэр зэры-Гугъуэтыжыр. Абы и адэ Батыр Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ цIыкIум щыщIэтIысхьэм, урысыбзэр зэримыщIэм къыхэкIыу и унэцIэр адыгэбзэкIэ жиIати, ар къазэрыгурыIуауэ ятхащ.
- 1960 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и классикэ гъуазджэм вагъуэижым хуэдэу къыхыхьат Светланэ: абы и «Университет вальсыр» дэнэкIи щыIурт икIи зы щIэблэкъым ар гимн пэлъытэ зыхуэхъуар. Япэ лъэпкъ оперэм абы къыщигъэщIа Мадинэ и образыр-щэ?! Ар ди нэгу къыщIэнащ Бэгъуэтыж Светланэ и теплъэ иIэу — хъыджэбз IэмащIэ-лъэмащIэ цIыкIуу, абы щыгъуэми хахуэрэ къарууфIэу.
- АдэкIэ къыкIэлъыкIуащ «Травиата»-р, уэрэджыIакIуэм нэхъыфI дыдэу илъагъухэм ящыщ партиер. Верди и оперэм и премьерэр гуимыхуж щыхъуат ди республикэм, Бэгъуэтыжым и макъ гъуэзэджэмрэ зэчиймрэ я фIыгъэкIэ телъыджэу къехъулIат ролыр. А зым фIэкIа утыку къримыхьами, Светланэ и цIэр дыщэ хьэрфхэмкIэ тхауэ лъэпкъ гъуазджэм и тхыдэм къыхэнэнт.
- КъыкIэлъыкIуащ Чэзибан и партиер (Молэ Владимир и «Дахэнагъуэ» оперэм), Лейлэ (Бизе и «Искатели жемчуга»), Розалиндэрэ Адельрэ (Штраус и «Летучая мышь»), Виоллетэ (Кальман и «Фиалки Монмартра») сымэ я образхэр, Совет Союзым и къалэшхуэхэм, ди республикэм и къуажэхэм, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм, нэгъуэщI къэралхэм щита концерт куэдхэр. ДэнэкIэ кIуэми ехъулIэныгъэт бзылъхугъэм къыпэплъэр. Псалъэм папщIэ, «Травиата» оперэр япэу щагъэлъэгъуам, Iупхъуэр пщыкIублрэ Iуахыжауэ щытащ, нэгъуэщI пшыхьхэм Iэгуауэр дакъикъипщIым нэскIэ щыужьыхыртэкъым. Бэгъуэтыжым и дежкIэ пщIэшхуэт а гулъытэ псори, ауэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэр спектакль къэс япэ тIысыпIэхэм щысу къеплъ и адэ-анэр зэрыгушхуэрт, утыкум щилъагъумрэ и пхъум и ехъулIэныгъэмрэ игъэин адэм и гуфIэгъуэ нэпсхэрт.
- Бэгъуэтыжым и макъым къигъэуш гурыщIэм къапкърыкIырт усакIуэхэм я IэдакъэщIэкI куэд, композиторхэми макъамэ лэжьыгъэхэр Светланэ и уэрэд жыIэкIэм траухуэрт. Псалъэм папщIэ, Темыркъан Борис и «Лирическэр», Тхьэгъэзит Зубер и «Хъыджэбз уэрэдыр», «Бжьэ дыщэхэр», Шэрий Иринэрэ Геттуев Максимрэ зэдатха «Каштанхэр», нэгъуэщIхэри зыхуаусар Бэгъуэтыжращ, абы и макъ телъыджэрщ. ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ уэрэджыIакIуэмрэ илъэс куэдкIэ зэрызэдэлэжьам икIи зэныбжьэгъуфIу къызэрызэдэгъуэгурыкIуам и фIыгъэщ лирикэ цикл зыбжанэрэ произведенэ лъэщхэмрэ ди лъэпкъым и музыкэ гъуазджэм и хъугъуэфIыгъуэ зэрыхъуар. Урыс романсхэр, «Отцвели уж давно хризантемы в саду» циклыр, я лъабжьэу траха телевизионнэ фильмыр, ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэмкIэ ягъэхьэзыра фильм-спектаклыр ди телевиденэм и дыщэ гъэтIылъыгъэ-хэм зэрыхыхьам шэч хэлъкъым.
- Сабий цIыкIуитI зи Iэблэм тес бзылъхугъэм куэд хузэфIэкIырт. Ар хэтт жылагъуэ лэжьыгъэми, ди республикэм и хабзэубзыху IэнатIэ нэхъыщхьэм и депутатуи щытащ. Сыт ищIами псори зыхуиунэтIар къыщалъхуа лъахэрщ, къызыхэкIа лъэпкъырщ, къыбгъэдэт цIыхухэрщ. Москва, Санкт-Петербург и утыкушхуэхэм ирагъэблэгъами, Светланэ идакъым абыхэм кIуэн, и гуащIэм дихьэх и хэкуэгъухэр къыхуэгъэнакъым.
- Хъыджэбз нэ фIыцIэ цIыкIур хъыдан жарумэм щыкIуэцIылъам щыщIэдзауэ уэрэд жиIами ярейт. Бэгъуэтыжым и япэ концертхэр щекIуэкIа, и унагъуэр щыпсэу коммунальнэ пщIантIэм дэс псоми зы жьэу жаIэрт уэрэджыIакIуэ телъыджэ абы къызэрищIыкIынур. Светланэ и анэр щIэхъуэпсырт и пхъум дохутыр IэщIагъэр зригъэгъуэтауэ илъагъуну. Гъуазджэр фIыуэ зылъагъу, гукъыдэж щиIэм и деж «Сулико» и уэрэдыр жызыIэ, егъэджакIуэ, школым и унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта и адэм ищIэрт зэфIэкI иIэмэ Iэмал имыIэу ар гущIыIу къызэрыхъунур.
- Музыкэ Олимпым и щыгум укъыщыхутэн папщIэ актёр талант уиIэн, ритмыр къыпхуэубыдын, а псор зэрызэбгъэхъулIэфын ерыщыгъэ убгъэдэлъын хуейщ. Уэрэд жыпIэу зебгъэсэфынуми, псэ псыхьарэ къару къамыланджэжрэ уиIэмэщ уи мурадыр щызэбгъэхъулIэфынур. Ахэр псори къыщыпкIыу бгъэдэлът Бэгъуэтыж Светланэ. Налшык музыкэ училищэр къыщиухри, Саратов дэт консерваторэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ абы. Иджыри япэ курсым щIэсу ар хагъэхьащ гуп къыхэхам икIи профессиональнэ сценэм уэрэд щыжиIэн щIидзащ.
- Куэд щIакъым уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ гуэрым и интервью сыкъызэреджэрэ. ХузэфIэкIам сыт хуэдэ егъэджакIуэхэм я фIыгъэ хэлъу къилъытэми журналистыр щыщIэупщIэм абы жиIащ псори езым и закъуэ къарукIэ зригъэхъулIауэ. Бэгъуэтыжым апхуэ-дэу жиIэнукъым. Абы ибзыщIыркъым махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу зыгуэрым щапхъэ зэрытрихыр, ар профессиональнэ Iуэху ирехъу е гъащIэ дыдэрауи щрети. Езыгъэджа псори ещIэж, яхуэарэзыщ, вокалымкIэ и егъэджакIуэу щыта, Саратов къэрал консерваторэм и профессор Стрижовэ Ольгэ жиIауэ щытахэр нобэр къыздэсым игу къегъэкIыж. А и цIыхуфIагъыр арагъэнщ Светланэ и теплъэкIи и зыIыгъыкIэкIи зэкIужу къыщIызэтенар, и нэхэм гуапагъэр къыщIыщIихыр.
- Бэгъуэтыжым зэи зыхиIэтыкIакъым, гулъытэ зыхуригъэщIынуи къилъыхъуакъым, и щхьэм пщIэ хуищIыжрэ цIыхухэм фIыуэ къызэралъагъур и къулеягъэ нэхъыщхьэу псэу мыхъумэ. Сэ зэи слъэгъуакъым абы и мыIуэху зэрихуауэ, зыгуэрым хуэпсэлъауэ. ГъащIэр апхуэдизымкIэ кIэщIщи, апхуэдэ Iуэху мыхъумыщIэхэм ар тебгъэкIуэдэну гупыкIыгъуейщ. Ар фIы дыдэу къыгуроIуэ ди ныбжьэгъум. Псори дэзыхьэх нэгъуэщI зы хьэли хэлъщ икъукIэ гушыIэрейщ, гукъыдэж имыIэми ар Iэзэу щIехъумэф. ГуфIэр и нэгум къищ зэпытщ Светланэ, и джэгуалъэ гъэщIэгъуэнхэмрэ и гушыIэ хъуэрыбзэхэмрэ цIыхухэм хэз хъуащи, дыхьэшхыу ахэр зэIэпах. Сытым дежи зэщIэкъуащ, дахэу хуэпащ, и щхьэцыр зыхуей хуэгъэзащ. Шанель Габриель и псалъэхэр плъэмыкIыу уигу къегъэкI абы и теплъэм: «ЦIыхубзым и дежкIэ ныбжьыр нэхъыщхьэкъым: илъэс тIощIым и деж екIуу, илъэс плIыщIым ирихьэлIэу гуакIуэу щытыфынущ, и гъащIэ псокIэ удихьэхыуи къызэтенэфынущ». Апхуэдэущ Бэгъуэтыж Светланэ. Пэжщ, абы лэжьыгъэшхуэ и лъабжьэм щIэлъщ: гъэсэныгъэ дахэ зэриIэр, щэнхабзэ куу зэрыхэлъыр, тхылъ куэд зэреджар, и цIыхуфIагъыр, сыт хуэдэ щытыкIэ гъащIэм иригъэувами зэрызэпIэзэрытыр.
- Светланэ и хьэл-щэныр фIыуэ къэзыгъэлъагъуэ зы Iуэхугъуэ вжесIэни. УэрэджыIакIуэр сымаджэ хъуат, операцэ щащI стIолым къытемыкIынкIэ шынагъуэ щыIэу. Тхьэм и фIыщIэкIэ и узыфэр къахутэри и Iэзэгъуи къыхуагъуэтащ. И уIэгъэр щапхэкIэ и гъын къэзыгъакIуэ уз шэчыгъуейм хэкIы-пIэу къыхуигъуэтар гъэщIэгъуэнт: ину Травиатэ и ариер жиIэрт. Отделенэ псом зэхахырт фIыуэ ялъагъу уэрэджыIакIуэм и макъ телъыджэр икIи псори щэхуу тхьэ хуелъэIурт. Апхуэдэущ ар зыхыхьэ гуп псоми фIыуэ къызэрыщалъагъур — Музыкэ театрым, ди республикэм и Къэрал филармонием, Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым, иджы Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и институтым.
- ГъащIэ гъуэгум зыщыIущIа псоми Светланэ езыпхыр и IэщIагъэм и закъуэкъым, атIэ зэныбжьэгъугъэ нэси яку къыдохъуэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, училищэм и япэ курсым щыщIэдзауэ, иужькIэ консерваторэми щызэныбжьэгъуащ, зы пэш зэдыщIэсащ Гъэсашэ Натальерэ абырэ. Дэтхэнэ и ныбжьэгъуми — ирехъу ар Темыркъан зэкъуэшхэу Борисрэ Юрэу, балеринэ цIэрыIуэ Хьэкъул Розэу, дирижёр-хоровик Хьэщыкъуей Розэу — сыхьэт бжыгъэкIэ я гугъу ищIыфынущ Светланэ. Игу къеуэу, иринэщхъейуэ топсэлъыхь абыхэм ящыщу дунейм ехыжахэм, и щхьэгъусэ онколог Iэзэри яхэту. И лIым и фэеплъу Бэгъуэтыжым къыхуэнащ дахэрэ хъуэпсэгъуэу къызэдагъэщIа илъэс бжыгъэхэр, зэдагъуэта я бынхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ.
- Оперэ гъуазджэм ди республикэм щигъуэтыну гулъытэм егъэгузавэ Бэгъуэтыжыр. Зэуэ сценэм къыщыунэхуу етIуанэ махуэм ящыгъупщэж-хэм Светланэ егъэщхьэжагъуэ. Иригъэджахэр псори ецIыхуж, утыку зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьахэм я зэфIэкIым иропагэ. Апхуэдэхэщ ди къэралым и къалащхьэм уэрэд щыжызыIэ Жабоевэ Ася, зэхьэзэхуэ куэдхэм я лауреат, Рахманиновым и цIэр зезыхьэ дунейпсо зэпеуэм и Гран-при саугъэтыр зыхуагъэфэща Мэкъуауэ Астемыр, нэгъуэщIхэри.
- Бэгъуэтыж Светланэ соплъри хьэкъ сщохъу дыщэр дыщэпс зэрыхуэмыныкъуэр. Ауэ къызгурымыIуэр зыщ: сыт къэрал дамыгъэхэр, щIыхьыцIэхэр нэхъыбэу щIимыIэр? КъызгуроIуэ ар бзылъхугъэм и дежкIэ зэрымынэхъыщхьэр, арщхьэкIэ дэ, и ныбжьэгъухэм, абы и гуащIэм и уасэр, ди республикэм и гъуазджэм къыщымынэу, къэралым и макъамэ тхыдэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIар дощIэ, гулъытэ нэхъыбэIуэ зэрыхуэфащэми шэч къытетхьэркъым. Сигу къокIыж Хьэкъул Розэ: апхуэдиз зи Iэзагъ балеринэр дунейм ехыжащ щIыхьыцIи къыфIамыщарэ и гуащIэр къамылъытауэ. Сыту пIэрэ ар къызыхэкIыр? ЦIыхум и зэфIэкIым десэжрэ, хьэмэрэ абыхэм я талантыр къызэрыгуэкI гуэру къэтлъытэу дыхъурэ? Тхьэм ищIэнщ, ауэ ар захуагъэкъым. ЦIыхур псэу щIыкIэ хуэфащэ пщIэ хуэщIын хуейщ, юбилей гуэррэ махуэ хэхарэ дыпэмыплъэу. ГъащIэр зэлъытар, ди жагъуэ зэрыхъунщи, къыщалъхуа махуэщ, нэхъ гухэщIращи, щылIа махуэщ. АрщхьэкIэ къыщалъхуа махуэм е утыкум къызэрихьэрэ илъэс бжыгъэ гуэр щрикъум ехьэлIа пшыхь хэIэтыкIа гуэр хуащIауи къысхуэщIэжыркъым Бэгъуэтыжым. Дэтхэнэ зы лэжьакIуэшхуэри, зэрыхабзэу, зэпIэзэрытыщэщ, ар куэдым я щхьэхуещагъэкIэ къагъэсэбэп. Сыту фIыт Светланэ и гуащIэм дихьэххэм я лъагъуныгъэм и пщалъэр зэрынэгъуэщIыр! Бэгъуэтыжым и уэрэд жыIэкIэр зи гум къинахэр абы уэрамхэм къыщыбгъэдохьэ, и концертхэм щагъуэ-та гухэхъуэр, и макъым и дахагъэм зэритхьэкъуар къыжраIэ. Аращ цIыхум и къулеигъэ нэхъыщхьэу къыщIэкIынури.
- ЩАУЭЦIЫКIУ Людмилэ,
- культурологием и кандидат,
- СКГИИ-м и профессор.