ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэ еплъыгъуэкIэ гурыIуэгъуейми

2021-07-06

  • Дызэрыщыгъуазэщи, щыблэмрэ уэмрэ дунейм и къэхъукъащIэ шынагъуэхэм ящыщщ. ЩIым къылъэIэс уафэхъуэпскIхэм мафIэсхэр къагъэхъу, мэзхэм удынышхуэ ирадз, энергосистемэ лъэщхэм я къарур ягъэкIуэщI.

  • А къэхъугъэм и зэран йокI зи щхьэкIэр лъагэ жыгыжьхэм, псым тет кхъухьхэм, уэгум ихьа кхъухьлъатэхэм, промышленностым и IэнатIэхэу нэхъ лъагапIэхэм щыIэхэм, унэ зэтетхэм, тхыдэм и щIэину къалъытэ чэщанэжьхэм. Щыблэхэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыху псэдзыгъи къашэ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, США-м зы илъэсым хуэзэу цIыху 600-м нэблагъэ а къэхъукъащIэм щокIуэдыкI.
  • УафэхъуэпскIыу щIым къылъэIэсым зы напIэзыпIэм идз удыныр икъукIэ хьэлъэщ икIи шынагъуэщ — вольт мелуани 100-м нэблагъэ и гуащIагъщи. Токыу хэтыр къызэрабж Iэмэпсымэхэри щыIэщи, абыхэмкIэ къахутам я нэхъ «уэрыр» ин дыдэщ — ампер мин 26-м щIегъу. Мыбдежым зи гугъу щытщIыр щыблэр аращи, лъэщагъыу къызыкъуихри киловатт мелардым нос. МафIэсхэр щаримыдзми, унэ зэтетхэр, кхъухьхэр, члисэхэр щыблэм щызэщхьэщиуд, щызэтригъэщащэ куэдрэ къохъу.
  • КъызэралъытамкIэ, ди планетэм илъэсым, ику иту, уафэгъуагъуэ уэшхыу мелуан 16 хуэдиз къыщошх. Абы къикIыращи, дыщыпсэу ЩIы хъурейм зы дакъикъэм хуэзэу уафэгъуагъуэ уэшхыу 1.800-рэ къыщошх, секунд къэси щыблэр 100-м нэблагъэрэ щызэщIопщIыпщIэ. ЩIыпIэ куэдым уафэгъуагъуэ уэшх щыщыIэнкIэ хъунур дунейм и хуабэгъуэ зэманращ. Ауэ хы Iуфэ языныкъуэхэм щIымахуэхэми уэшх къыщешхрилэщ.
  • Къуршхэми уафэгъуагъуэ уэшхыр щыкуэдщ, уеблэмэ, уафэхъуэпскIхэм я бжыгъэр куэдкIэ щынэхъыбэщ. Зы жэщ-махуэм къриубыдэу, зи гугъу тщIы къэщIыгъэм нэхъ зыкъыщызэщIищIэр шэджагъуэ нэужьырщ. Ди щIыпIэхэм уафэгъуагъуэ уэшхыр зэрыщекIуэкIыр зы сыхьэт, нэхъыбэ дыдэу сыхьэтиплI нэблагъэкIэщ. Тропик щIыпIэу Африкэм хуэдэхэм сыхьэт 13-м нэблагъэкIэ уафэгъуагъуэ уэшхыр щымыувыIи къохъу. Зи гугъу тщIы къэхъугъэм а хэгъэгум зыкъыщызэщIищта иужькIэ, хуабжьагъышхуэ зэрихьэу щIы щхьэфэм ирокIуэ, зы сыхьэтым къриубыдэу километр 40-кIэ Iэпхъуэныр къызэрыридзэ щымыIэу.
  • Уэшхылъэ пшэ Iувхэр я теплъэкIэ ебгъэщхьынущ Iуащхьэхэм, чэщанэхэм е гъукIэ сыджхэм. Абыхэм я щхьэщыгур кIагъэпшагъэ гуэрым щIихъума хуэдэущ зэрыплъагъур. Я лъащIэр, ар езы къешх-къесхэр къызыхэкI пшэ Iыхьэрщ, теплъэ убзыхуа зимыIэ, фIыцIагъэ Iувщ. Уэшхылъэ пшэ гуэрэнхэм я щхьэкIэхэм километри 8-15 хуэдизкIэ щIым зыкъыщхьэщаIэтыкI, я лъащIэхэм — километр ныкъуэ, щырэ ныкъуэрэ хуэдизкIэщ.
  • Пшэм хэт псыIагъэм, ткIуанэ жьгъей щIыIэпсхэм къыщыщIэдзауэ мыл кIанэхэм я деж щыщIитIыкIыжу, щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къещтэ. Уэшхышхуэ къригъэжьакъэ — зэман кIэщIым къриубыдэу пшэм псыуэ тонн мини 100-м щIигъу къыхэжынкIэ зэрыхъунум хуэхьэзыру щыт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдиз зи куэдагъ псыIагъэр пшэм щызэтезыIыгъэ къарур икъукIэ инщ.
  • ЩIы щхьэфэм къыщежьэу къащIэпщэ жьапщэм къищынэмыщIа, ткIуэпсхэмрэ мыл кIанэхэмрэ пшэм щызэтезыIыгъэ лъэщагъ ину къалъытэр пшэ лъащIэмрэ щыгумрэ щызэхэухуэна ткIуэпсхэр электро и лъэныкъуэкIэ зэрызэщIэузэдар зэрызэтемыхуэмрэ ихъуреягъкIэ къыщыунэхуа малъхъэдис губгъуэмрэ, зэхэту, къагъэщI къару абрагъуэу уэгум ит пкъыгъуэхэр зэзышалIэрщ.
  • Къэгъэлъэгъуапхъэщ пшэм щекIуэкI Iуэхугъуэ псори: уэшх къежэхым и куэдагъри, уафэхъуэпскIхэм я бжыгъэри, уэ къехым и хьэлъагъри зэрызэпыщIар, зыр адрейм зэрелъытар. Псалъэм папщIэ, уафэхъуэпскIхэм я бжыгъэм хэхъуэху, уэ къеххэм я куэдагъри, я инагъри нэхъыбэ зэрыхъунури хьэкъщ.
  • Зэ еплъыгъуэкIэ гурыIуэгъуейщ псы ткIуэпсхэмрэ мыл кIанэ цIыкIухэмрэ фIэкIа зыпкърымылъ пшэм апхуэдиз зи гуащIагъ электричествэ зэрыщызекIуэри, километр бжыгъэ зи кIыхьагъын щыблэшэхэр къызэрызыхиутIыпщыкI-ри.
  • Уэ кIанэхэм пшэ кIуэцIым къыщыунэхун щыщIадзэр абы щыщыIэ электричест-вэм и къарур зы мардэ гуэрым щхьэдэха иужькIэщ. Уэр пшэм къызэрыщыхъум и хуабжьагъри абы къыхэбыргъукI электро-малъхъэдис къарур зыхуэдэм елъытащ. Уэшхылъэ пшэ Iувхэм я кIуэцIым щызэпхыукI уафэхъуэпскIхэм я бжыгъэр, зы дакъикъэм къриубыдэу 18 — 20-м нэблэгъамэ, геофизикэ щIэныгъэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, апхуэдэхэм уэ къазэрыхэкIынум упэплъэ хъунущ.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.