ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2021-06-29

  • Уаз
  • Къурмэн хьид лъапIэм
  • Муслъымэн псоми ди зэхуэдэ Къурмэн махуэ лъапIэр къоблагъэ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, мы гъэм хьидыр бадзэуэгъуэм и 20-м тохуэ.

  • Къурмэныр Iэмал имыIэу гъэзэщIэн хуей суннэтщ. Абы теухуауэ КъурIэным къыщыкIуащ Iэят куэд, хьэдисми дыкъыщоджэ. Алыхьым и псалъэу Тхыгъэ лъапIэм итщ: «Дэ Къурмэныр фэркIэ хъеру къэдгъэщIащ. И лыр фшхы, тхьэмыщкIэхэми яхуэвгуэш. ЗыгурывгъаIуэ, ахэр (къурмэну яукI псэущхьэхэращ зи гугъу ищIыр) фэ фи жыIэщIэу Дэ къэдгъэщIащ. Алыхьым фIыщIэ хуэфщI».
  • Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым хьэлейхи сэлату уэ сэла-мым жиIауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «ФIым я нэхъыфIщ Къурмэн укIыныр. Шэч хэлъкъым а фи Къурмэныр Къемэт махуэм щыхьэту къызэрыувынум. ИкIи абы къыщIэж лъыр щIым нэмыс щIыкIэ абы къыпэкIуэ псапэр Тхьэм зэрыфхуитхым». Алыхьыр арэзы зыхуэхъун ХьэIишэт къеIуэтэж бегъымбар лъапIэм хьэлейхи сэлату уэ сэламым жиIауэ: «Лъыпэ къигъэкIыным нэхърэ нэхъыфIу Алыхьым илъагъу Iуэхугъуэ цIыхум илэжьыркъым Къурмэн махуэм. НэгъуэщI хьэдисым къыщокIуэ: къурмэну цIыхум иукIар а зэриукIа теплъэ дыдэм иту Къемэт махуэм къыхуэкIуэжынущ, абы и лъыр щIым хэмыткIуэ щIыкIэ Алыхьым и деж къабыл щохъу. КъищынэмыщIауэ, Къурмэныр Ибрэхьим бегъымбарым и суннэтщ.
  • Къурмэным и Iуэхур нэхъри игъэткIийуэ Мухьэмэд бегъымбар лъапIэм хьэлейхи сэлату уэ сэламым жиIащ: «Хэт иIэ пэтрэ, Къурмэн имыукIами, абы гъунэгъу зыкъыхуремыщI ди нэмэз щIыпIэм».
  • Алыхьым Къурмэныр сыт къалэн щIытхуищIар жыпIэмэ, абы и жэуапыр мы- ращ: «Зэпымыууэ Тхьэр цIыхум къызэрыхуэупсэм и фIыщIэщ ар, апхуэдэуи къурмэнымкIэ Алыхьым фIыщIэ худощI зы илъэсым адрейр къыкIэлъыкIуэу мы ду- нейм дызэрытригъэтым папщIэ. КъищынэмыщIауэ, къытIэщIэщIэ гуэныхьхэр гъэгъуным ар сэбэп хуохъу икIи къурмэн зыукIыр нэгъуэщIхэми абы и лымкIэ якIэлъоIэбэ».
  • Иджы фигу къэдгъэкIыжынщ къурмэным кIэлъызэрахьэ хабзэхэр:
  • Къызытехуэхэр
  • Япэрауэ, къурмэн зыукIынур муслъымэну щытын хуейщ. ЕтIуанэрауэ, ар и унэ исыжыпхъэщ, гъуэгум тетым къурмэн иукIы-ныр хьэлъэ щыхъунущи, къыттехьэлъэн Iуэхугъуэ ислъам диным ди пщэ къы- дилъхьакъым. Ещанэрауэ, цIыхум лъэкIыныгъэ иIэн хуейщ. Къурмэн букIыну пхузэфIэкIыу диным къыщилъытэр уи унэлъащIэ, щыгъын, упIыну уи пщэ дэлъхэр Iэ-мал имыIэу зыхуэныкъуэхэм щIыгъужу дыжьын грамм 595-рэ и уасэ хьэпшып уиIэмэщ.
  • Къурмэн букIынумэ, ниет (мурад) пщIын хуейщ. Армырауэ, ар къурмэн хъунукъым.
  • IэщышхуэкIэ цIыхуибл зэхыхьэу къурмэн яукIмэ, псоми абы щыщу къалъысыну IыхьэмкIэ псапэ Iуэху ялэжьыну ниет яIэу зэдыхыхьэн хуейщ.
  • И пIалъэр
  • Хьидымрэ абы къыкIэлъыкIуэ махуитIымрэщ къурмэн букI щыхъуну зэманыр. НэхъыфI дыдэу къилъытэр япэ махуэращ. Мыбдежым зыщыгъэгъупщшэн хуейкъым хьид нэмэзыр зэфIэмыкIауэ къурмэн букI зэрымыхъунур. Хьид махуищым я жэщхэми къурмэныр букI мэхъу, ауэ нэхъыфIыр махуэращ. Ещанэ махуэм дыгъэр къухьамэ, уахътыр йокI.
  • Къурмэным щхьэкIэ къэпщэхуа Iэщыр умыукIыурэ махуищри блэкIамэ, зэрыпсэууэ сэдэкъэуэ птыжын хуейщ. Сыту жыпIэмэ, ар нузыр пщIам хуэдэщ. ПхузэфIэкI пэтми, къурмэн къыумыщэхуу, хьид махуищыр дэбгъэкIамэ, абдежым къыптохуэ зы мэл уасэ сэдэкъэуэ птыжыну.
  • ЯукIыр
  • — Iэщышхуэ лIэужьыгъуэхэр (жэм, танэ, хыв, махъшэ хуэдэхэр)
  • — мэл лIэужьыгъуэхэр (мэл, бжэн)
  • — Мы къедбжэкIахэм нэмыщI нэгъуэщI Iэщ лIэужьыгъуэ гуэр къурмэну ди бегъымбар лъапIэми хьэлейхи сэлату уэ сэламым абы и гъусэхэми яукIакъым. Абыхэм ямыщIа гуэр дэ къедгъэжьэну дыхуиткъым.
  • Iэщым и ныбжьыр
  • Iэщ пIащэмэ, илъэситI ирикъуауэ, ещанэм ихьауэ, махъшэмэ — илъэситхум щIигъуауэ щытын хуейщ.
  • Мэлыр е бжэныр зы илъэс ирикъупхъэщ. АрщхьэкIэ и ныбжьыр мазихым щIигъуауэ пIащэмэ, пшэрмэ, ари букI хъунущ.
  • Къурмэн пщIы мыхъунур
  1. Iэщ нэфыр
  2. Зы нэ фIэкIа къаплъэу зимыIэр.
  3. ЩIакъуэр. И лъакъуэ щIакъуэр щIым тригъэувэфрэ, абыкIэ дэIэпыкъуу къикIухьыфмэ, ар хъунущ букI.
  4. Егъэлеяуэ гъурыр.
  5. Зи тхьэкIумэ е зи кIапэм и Iыхьэ нэхъыбэр зыпыупщIар.
  6. Зи тхьэкIумэ е зи кIапэ зэрыщыту пыупщIар.
  7. Тэмэму зэрышхэн хуэдиз дзэ Iумытмэ.
  • Лажьэ имыIэу къищэхурэ, иужькIэ, мы къедбжэкIахэм ящыщ къыщыщIмэ, зыхузэфIэкIым абы и пIэм лажьэ зимыIэ нэгъуэщI зыгуэр иригъэувэн хуейщ, ауэ ар- дыдэр фIигъэжми, хъунущ.
  • ФIыкъым мыпхуэдэ ныкъусаныгъэ зиIэхэр букIыну:
  • 1.И кIыхьагъкIэ къехыу зи тхьэкIумэ яугъуэнар.
  1. Зи тхьэкIумэ пхраудар.
  2. Зи тхьэкIумэ кIапэр е дакъэр пыупщIауэ щытыр.
  3. ФIамыгъэж щIыкIэ зиц тращыкIар.
  4. Назэр.
  • Лыр зэрагуэшыпхъэр
  • Къурмэныр Iыхьищ иращIыкI. Зыр езым къыхуонэж. ЕтIуанэр и Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм хуахь. Ещанэ Iыхьэр къурмэн зымыукIыфахэм сэдэкъэуэ ират.
  • Къурмэн Iэщым и лыр, фэр, цыр пщэ хъунукъым. Къурмэныфэр сэдэкъэуэ ятыж, къэсэбэпын гуэр къыхащIыкIри, зэрахьэ, е къыхуэщхьэпэн гуэркIэ къахъуэж. ЗыгуэркIэ апхуэдэм и фэр е лыр ящамэ, абы къыщIэкIар сэдэкъэуэ ятыж е къэсэбэпын гуэр абыкIэ къащэху.
  • ДифI догъэлъапIэ
  • Псапэ щIэнымкIэ дунейпсо академик
  • МылIэжын зыри дыкъигъэщIакъым, ауэ я насыпщ лъэужь дахэ къэзыгъанэу, зи цIэ фIыкIэ дунейм къытезынэфхэм.
  • ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм Куба дэса дадэ Iумахуэ Къанкъул Алий и цIэр нобэр къыздэсым фIыкIэ къраIуэ къуажэдэсхэм. А зэманым, зэрытщIэ-щи, диныр хуиту цIыхум зэрихьэну Iэмал ягъуэтыртэкъым, ауэ щыхъукIи, а лъэхъэнэ гугъу дыдэм зи гугъу тщIы дадэр Сирием нэс кIуэри, дин щIэныгъэ зригъэгъуэтауэ щытащ икIи Хэкум къигъэзэжри, тхылъи итхыжауэ щытащ. Алий и гъащIэ псор Алыхьым и арэзыщIыныгъэм хуэунэтIауэ ирихьэкIащ. Абы теухуа зы хъыбар кIэщI цIыкIу къыфхуэтIуэтэжынщ.
  • Куба къуажэр цIыкIут, уэрамхэр зэв дыдэт. Гъунэгъухэр зэкIэщIэсыпэт, псоми я псэупIэхэр бгъэныщхьэ унэт. Зэгуэрым мафIэсышхуэ къэхъуауэ къуажэр зэтрис- хьэрт. Зи лъэ вакъэ изылъхьэфым и щхьэр къуажэм дихырт. А зэманым зи ныбжь ирикъуауэ, лъэрымыхьи хъуауэ пIэм хэлъ, къуажэр зыбгынэну зымыда Къанкъул Алий и унэм мафIэсыр щынэсым, ар Алыхь Iэмырти, жьыбгъэшхуэ къыкъуэури, мафIэм нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ зидзащ.
  • Тхьэм зи гъащIэр тыхь хуэзыщIа лIыжьым и щхьэми и унэми лыгъэр нэсакъым. И ахърэтыр нэху ухъу!
  • Адыгэм зэрыжиIащи, лIэужьыр бжьибкIэ мауэ. Шэч хэлъкъым Алыхьым и фIэлIыкIыныгъэм щIэту псэуа лIыжьым илъ зэрыщIэтым абы къытехъукIыжа щIэблэ псапащIэ Къанкъул Мухьэмэд и къуэ Лиуан. Ар 1952 гъэм Куба къуажэм къыщалъхуащ. Школыр фIыуэ къиуха нэужь, Германием щыIэ советыдзэм къулыкъу щищIащ. ИтIанэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, мылъкур къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ Мэзкуу дэт еджапIэ нэхъыщхьэм щеджащ, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ.
  • ГъащIэр сыт и лъэныккъуэкIи зыгъэунэхуа, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Къанкъулым лэжьыгъэкIи ехъулIэныгъэшхуэ иIэу лэжьащ. ЯпэщIыкIэ ар Налшык дэта «ЖБИ» заводым и директору илъэс 20-кIэ щыIащ, иужькIэ 2005 гъэм Мэзкуу дэт «Электролуч» ЗАО-м и унафэщI ящIащ.
  • Лиуан и зэпIэзэрытагъымрэ и гумащIагъымрэ псалъэ къудейкIэ къыпхуэIуэтэнукъым, ауэ абы щыхьэт тохъуэ «Лъэпкъым и дыщэ тхылъ» фIэщыныгъэм щIэту къыдэкIа тхылъышхуэр. Иужьрей илъэси 100-м къриубыдэу дуней псом нэхъыбэ дыдэ псапэ щызылэжьа цIыхуи 100-м я цIэ-унэцIэмрэ къызыхэкIа лъэпкъымрэ иту аращ абы. «Лъэпкъым и дыщэ тхылъым» итщ Къанкъул Лиуан и цIэр. КъыдэкIыгъуэм хэхуащ Лиуан и Iэдакъэ къыщIэкIа Iуэхугъуэ куэд. Абыхэм ящыщщ мэжджытхэр, члисэхэр, сабий садхэр, школхэр, лъэмыжхэр, гъуэгухэр, нэгъуэщI куэди ухуэным Къанкъулым и гуащIэ зэрыхэлъыр. Псом хуэмыдэу Лиуан яхуэгумащIэщ сабий сымаджэхэм.
  • 2006 гъэм Мэзкуу щекIуэкIауэ щытащ «Дунейм и мелыIыч гуапэ» дунейпсо зэIущIэ ин. Ар теухуат цIыху къызэрыгуэкIхэм, щыщIэныгъэ зиIэ IэнатIэхэм, еджапIэхэм, къэралым щIэгъэкъуэн хуэхъу дэIэпыкъуэгъу псапащIэхэм саугъэтхэр яхуэгъэфэщэным. Дунейпсо зэIущIэм и зэгурыIуэкIэ, Къанкъулым къыхуагъэфэщащ абы и дыжьын медалыр, саугъэт щхьэхуэр, «Псапэ щIэнымкIэ дунейпсо академик» цIэ лъапIэр.
  • — Къанкъул Лиуан теухуауэ куэд схужыIэнущ. Сэ си насыпым кърихьэкIащ а лIы Iущым сыIущIэныр. Ди къуажэ мэжджыт щаухуэну мурад щащIым, къуажэдэсхэм мылъку тIэкIу зэхуахьэсат. «Фи ахъшэхэр фи унагъуэм къивнэж, сэ фхудэсщIыхьынщ къуажэм мэжджыт», — жиIэу Лиуан закъыщыхуигъазэм, зы сом закъуэ фIэкIа мыхъуми, ди пщIэнтIэпс гуэр хэлъмэ нэхъ къэтщтэнущ, — жаIэри, я сомыр къыхахыжын ядакъым. Абы щыгъуэм мэжджытым и лъабжьэр кърагъэжьа къудейуэ арат. Тхьэм и унэр къызыхуэтыншэу и кIэм нигъэсащ Къанкъулым. КъищынэмыщIауэ, сэ ислъам диным сыхуеджэну мурад щысщIым, хуабжьу и сэбэпынагъ къызэкIащ. Лиуан сэ си закъуэкъым еджапIэ игъэкIуар, ислъам динымкIэ щIэныгъэ зэдгъэгъуэтынымкIэ сэ схуэдэ куэдым щIэгъэкъуэн къытхуэхъуащ, — жеIэ Швецием щыпсэу ЩIыгъуэн Уэсмэн.
  • — Илъэс 50 хъуауэ Къанкъулымрэ сэрэ дызэныбжьэгъущи, игъащIэм зэхэсхакъым зыгуэрым сэбэп сыхуэхъуащ жиIауэ. Хуаб- жьу телъыджэ сщохъу и Iэдакъэ къыщIэкIахэр апхуэдизу зэрибзыщIыфыр. Сэбэп зыхуэхъуа цIыхухэм къаIуэтэжу щызэхэтхкIэ, «Уа, Лиуан, мор е модрейр къохъуэхъуу, Къанкъулым мыр къысхуищIащ, жаIэу гупым щызэхэтхыжащ» — щыжытIэкIэ, «Сыт зи гугъу фщIыр?», — жиIэу къыпыгуфIыкI мыхъумэ, игъащIэм тепсэлъыхьакъым и Iэдакъэ къыщIэкIахэм. Тхылъ гуэр уеджэм хуэ- дэу, иджыри узэмыджа напэкIуэцI къызэIупхам хуэдэу махуэ къэс щIэщыгъуэу къызэIуокI Лиуан, — жеIэ абы и ныбжьэгъу Арсен.
  • Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъ Къанкъул Лиуан и унагъуэри (хьэж зыщIа и щхьэгъусэри, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зыгъуэта и быниплIри) тхьэмадэм хиша лъагъуэм тету зэрыпсэун иужь итхэщи, Тхьэм къаригъэхъулIэ. Алыхьым фIы куэд къарипэс!
  • Хъыбар
  • Нобэ си анэм и мэр къыпкIэрех
  • Етхуанэ классым кIуа еджакIуэхэр къэзыщта егъэджакIуэм и гъэсэн цIыкIухэм яжриIэ зэпытт псори зэхуэдэу фIыуэ зэрилъагъур. АрщхьэкIэ Iуэ- хур зэрыщытыр апхуэдэутэкъым. Ипэ партэм зэхуэшауэ щыс еджакIуэр и щыгъыни, и щхьи зэрыфIейм, фIыуэ зэремыджэм къыхэкIкIэ, егъэджакIуэм фIыуэ хуэлъагъуртэкъым. ИужькIэ, сабийм и къэпщытэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ 2 фIэкIа къызэримыхьым щхьэкIэ, егъэджакIуэр абы кIэлъымыплъыж хъуащ.
  • Зэгуэрым школ директорым и унафэкIэ щIалэ цIыкIум и егъэджакIуэм 1-нэ классым щегъэжьауэ 4-нэм пщIондэ щIэс я гъэсэнхэм я щытыкIэхэр зэрыт тхылъыр къищтащ къипщытэн мурадкIэ. Псоми я хьэл-щэным щыгъуазэ зищIа нэужь, фIыуэ имылъагъу щIалэ цIыкIум деж нэсащ. Япэ классым абы хуатхат: «Сабий губзыгъэщ, гъэсащ, щапхъэщ». ЕтIуанэм иужькIэ итт: «Сабийр и ныбжьым хуумыгъэфэ-щэну Iущщ, фIыуэ йоджэ, гулъытэ хэлъщ, ныб- жьэгъухэм фIыуэ къа- лъагъу, ауэ и анэм яхуэмыгъэхъужын узыфэ къызэреуэлIам къыхэкIкIэ, а цIыкIум и гъащIэр гугъу хъуащ». Ещанэ классым итт: «И анэр дунейм зэрехыжар сабийм удынышхуэ хуэхъуащ, и адэри унэм къекIуалIэркъым. ХэкIыпIэ гуэр къыхуэдмыгъуэтмэ, щIалэ цIыкIум еджэныр IэщIыб ищIынкIэ шынагъуэ щыIэщ». ЕплIанэ классым: «Сабийр еджэркъым, ныбжьэгъу иIэкъым, классым щIэсу щыжей къохъу…».
  • НыбжьыщIэм и Iуэхум щыгъуазэ хъуа егъэджакIуэм и гур гуауэм зэщIикъузащ икIи ар иригъэгупсысащ цIыхупсэ гъэсэныр предметхэм хуегъэджэ-ным ипэ игъэщын зэрыхуейм. Сабийм хуиIа щытыкIэми фIыкIэ зихъуэжащ. Сыт и лъэныкъуэкIи егъэджакIуэм щIалэ цIыкIум зыщIигъакъуэ хъури, нэхъыфI дыдэу еджэхэм ящыщ ищIыжащ. ИтIанэми, егъэджакIуэм и гур сабийм щIэузырт. Псом хуэмыдэу абы и гур щрикъутыхьар егъэджакIуэхэм я махуэр щагъэлъэпIарат. А махуэм ирихьэлIэу сабийхэм псоми саугъэт гъэщIэрэщIахэр егъэджакIуэм хуахьат, зеиншэ щIалэ цIыкIум тхылъымпIэ гъуабжэм кIуэцIылъу егъэджакIуэм иритащ тыгъэ цIыкIу. Абы кIуэцIылът мывэ зэрымысыж Iэпщэхъумрэ и ныкъуэм фIэкIа зэрымытыж дыхумрэ — ахэр щIалэ цIыкIум и анэм ейуэ щытат. А сыхьэтым егъэджакIуэм а дыхум щыщ зэтрикIащ.Iэпщэхъури и Iэпщэм ирилъхьащ. Дерсыр иуха нэужь, сабийр абы къыбгъэдыхьэри, къыжриIащ: «Нобэ си анэм и мэр къыпкIэрех…». А махуэр икъукIэ хьэлъи гукъинэжи щыхъуащ егъэджакIуэм.
  • Апхуэдэурэ сабийм ехъулIэныгъэхэр иIэу школыр къиухри, колледжым еджапIэ щIэтIысхьащ. ЩIалэм и япэ письмоуэ егъэджакIуэм къыIэрыхьам итт: «ЕгъэджакIуэу щыIэм уранэхъыфIщ» псалъэхэр. КъищынэмыщIауэ, абы и Iуэху зытетым щыгъуазэ ищIат. Илъэс зыбжанэ дэкIыу, етIуанэу къыIэрыхьа письмом а псалъэ дыдэхэм къыщытригъэзэжырт, еджапIэ нэхыщхьэри къиухыу, доктор щIэныгъэри зэрызригъэгъуэтамкIэ хъыбар иригъащIэрт. Ещанэу егъэджакIуэм къыIэрыхьа письмом итт щIалэм щхьэгъусэ зригъэгъуэтыну мурад зэрищIам ипкъ иткIэ хьэщIэ нэхъ лъапIэ дыдэу зэрыригъэблагъэр.
  • Сабийр 5-нэ классым щыщIэсауэ щытам иритауэ щыта дыхур зэтрикIэщ, мывэ зэрымысыж Iэпщэ- хъур зыIэритIагъэри, егъэджакIуэр гуфIэгъуэм кIуащ.
  • А тIур зэхуэзэу, зым и нэм адрейр щыщIэплъам, тIуми я гум къэкIыжауэ къыщIэкIынут гукъутэ куэд…
  •  ЩIалэм и анэм и мэр аргуэру къыщIихьащ икIи къэзылъхуар здэщысын хуеям деж егъэджакIуэр ягъэтIысащ.
  • «Упсэу, сыпхуэарэзыщ, цIыху къызэрысхуейр сщыбгъэгъупщакъым. ЕгъэджакIуэу щыIэм уранэхъыфIщ. ГъащIэм еплъыкIэ тэмэм хуэзбгъэщIащ, — жиIэу, щIалэм егъэджакIуэм щыжриIэм: «Ущоуэ, си щIалэ, гъащIэм и еплъыкIэ тэмэмыр къысхуэзыгъуэтар уэращ. Уэ сыпхуэзэху егъэджэныгъэм сытелэжьащ. Уэ сыпIущIа нэужьщ гъащIэм нэгъуэщIу сыщыбгъэдыхьар», — жиIащ егъэджакIуэм.
  • ПщIэну щхьэпэщ
  • ЗышыIэныгъэращ Iиманыр
  • ЗышыIэныгъэм теухуауэ Iэят куэд КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ, хьэдисхэми ущрохьэлIэ. Ислъам диным къытхуегъэув а хьэлыр дэтхэнэ зыми зыхэтлъхьэн хуейуэ.
  •  
  • Сыт шыIэныгъэм и мыхьэнэр?
  • Лъэныкъуэ куэдкIэ уегупсыс хъунущ шыIэныгъэм и мыхьэнэм. ЦIыхум ущышынэрэ, къуих лейр зыхуэбгъэшэчмэ, ар шыIэныгъэу ибжыркъым. Апхуэдэхэм я Iиманыр иримыкъуауэ аращ. ФIэщхъуныгъэ зыхэ-лъым лей зытригъэхьэнукъым, апхуэдэхэр пэжми щышынэнукъым. ЦIыхум зыхуэбгъазэрэ, уи гум къыхуеуэр жепIэмэ, нэхъыфIщ, и щIыбагъкIэ ухуэпсалъэ нэхърэ. Ауэ зыри жумыIэххэу, Алыхьым бгъэдэплъхьэ-рэ лейзехьэм хуэбгъэгъуфмэ, ар нэхъыфIыжщ. КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ, хьэдисми къыджеIэ лей зытехьа цIыхум и лъэIур къабыл зэрыхъур.
  • Iиманыр зищIысыр зрагъэщIэну Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа лIыкIуэ лъапIэм къыщеупщIым, къажриIащ: «Iиманыр зышыIэныгъэращ». НэгъуэщI хьэдисым къыщыкIуащ: «IиманымкIэ зышыIэныгъэр — ар щхьэм IэпкълъэпкъымкIэ иIэ мыхьэнэм хуэдэщ». Алыхьым и псалъэу КъурIэным дыкъыщоджэ: «Алыхьыр жэнэт-кIэ яхуэупсащ шыIэныгъэ зыхэлъхэм». НэгъуэщI Iэятым щыжеIэ: «Жэнэтым щыпсэухэм сахуэупсэнущ псыр зэрыж хадэхэмрэ жэнэт пэшхэмкIэ. Абы щызэхахынур си сэламхэращ. Ар зыхуэфащэр шыIэныгъэ зыхэлъхэращ».
  • ЗышыIэныгъэм я нэхъыфIыр цIыхум илъ щищIэжыфыну щытыкIэ ихуами, Iуэхур Алыхьым бгъэдилъхьэрэ игъэгъумэщ. ЩытыкIэ гугъу ихуам шыIэныгъэ зыхигъэлъыныр Тхьэм нэхъ фIэфI дыдэ хьэлщ. Ар сыт хуэдэ щытыкIэуи щрырет — лIэныгъэ, уз, гузэвэгъуэ, нэгъуэщIхэри.
  • Абы дегъэпIейтей
  • Жьэрымэ къехьэкIыныр
  • Ислъам динымрэ адыгэ хабзэмрэ куэдым зэхагъэзэрыхь. Ауэ щыхъукIи, мыр е модрейр диным щыщкъым жыпIэмэ, къэуIэбжьхэу. ЦIыху куэд къызэрыщIэупщIэм ипкъ иткIэ, иджыри зэ фигу къэдгъэкIыжынщ жьэрымэ, IэфIыкIэ гуэшыныр ислъам диным зэрыщымыщыр. «Лэкъумыр хъурейуэ зэрыдгъэупхъэр хьэмэрэ плIимэми хъуну?», — жаIэу къыщIэупщIэ щыIэщ. «Ар мыхъуреймэ, ди лIахэм я псэм лъысынукъым», — жызыIэхэри мащIэкъым.
  • Жьэрымэри IэфIыкIэ гуэшынри ислъам диным щыщкъым. Ахэр псори адыгэхэм къыддекIуэкI Iуэхугъуэу аращ. Хьэблэхэр зэпоуэ апхуэдэхэр гуэшынымкIэ. Мобы нэхъыбэ къищэхуащ, сэри абы нэхърэ нэхъыфIыжу къесхьэкIын хуейщ жаIэурэ, ахъшэ зиIэхэр зоныкъуэкъу. Адрейуэ зимыIэу, ар зыхузэфIэмыкIхэр-щэ? Апхуэдэхэри мащIэкъым. ЗиIэу зыгуэшам хуащIэжри, зымыгуэшыфар абы йоплъ. Ар псапи, гуапи хъужыркъым. Апхуэдэ IуэхугъуэкIэ зэпеуэхэм ящIэр щIащIэр цIыхуращ, абыхэм жаIэнуращ.
  • Алыхьым и арэзыщIыныгъэм телажьэхэм, псапэр нэгъуэщIущ зэращIэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, мылъку зиIэу псапэ зыщIэну хуейм хэт зэран къыхуэхъур зы унагъуэ тхьэмыщкIэ псы худишэну?! Псым нэхърэ нэхъ псапэ щыIэкъым. Мылъку зиIэхэм я пщIантIэхэм дэтщ псы къызэрыдрашей моторхэр. ЗыхузэфIэмыкIхэр псы зиIэхэм я деж псыхьэ макIуэ, ари я куэбжэр Iухауэ дагъэхьэмэ, я гурыфIыгъуэу. Е сабий дапщэ щыIэ хущхъуэ къахуэмыщэхуу, абыхэм я адэ-анэхэр гуIэжу? Зи ныбжьыр хэкIуэта дапщэ дэс къуажэхэм якIэлъыIэбэн ямыIэу, езыхэм зыри яхузэфIэмыкIыу?! Мис апхуэдэхэм папщIэ бгъэкIуэд мылъкур псапэщ. Хьэблэм къыщефхьэкIыну IэфIыкIэр къызэрыфщэху сом мин зыбгъупщIыр апхуэдэ зы Iуэху гуэркIэ къэвгъэсэбэпмэ, нэхъыфIщ фэркIэ, сыту жыпIэмэ, абы къыпэкIуэ псапэр гъунапкъэншэщ.
  • Хьэдисым къыщыкIуащ хьэж зыщIыну хуейуэ, мылъку зыбгъэдэмылъым, зы сабий зеиншэ вгъэгуфIэ жери. Ар хьэж фщIам хуэдэу мэхъу. Мис апхуэдэ Iуэхугъуэ гуэр зылэжьахэм я закъуэкъым абы къыпэкIуэ псапэр зыхуатхыр, атIэ ар зылэжьа цIыхур къэзылъхуа адэ-анэми я деж ятх а псапэм щыщ.
  • Аращи, хьэблэр зэпеуэу ягуэшхэр адыгэхэм хабзэ тхуэхъуа къудейуэ аращ. Мыдрейуэ, зи гугъу тщIахэр псапэщ, псапэ фщIэну фыхуеймэ.
  • Мэжджыт цIэрыIуэхэр
  • Нурыр къызыщхьэщих Тхьэм и унэ
  • Къэзахъстаным щыIэ «Нур» мэжджытышхуэр 2005 гъэм яухуащ. Абы азэн джапIэу плIы иIэщи, дэтхэнэ зыми метр 62-рэ и лъагагъщ.
  • Мэжджытым цIыху 5000-м зэуэ нэмэз щащIыфынущ. Абы и кIуэцIыр КъурIэным щыщ IэятхэмкIэ гъэщIэрэщIащ. Тхьэм и уардэунэр зрагъэлъагъун папщIэ турист куэд макIуэ а щIыпIэм.