ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Анэдэлъхубзэр Москва щагъэIу, тхылъыщIэхэр щагъэлъагъуэ

2021-06-29

  • Мэкъуауэгъуэм и 17 — 20-хэм Москва и Утыку плъыжьым щекIуэкIащ «Красная площадь» VII тхылъ фестивалымрэ Урысейм ис лъэпкъхэм я V лъэпкъ литературэ фестивалымрэ. Ди республикэм и цIэкIэ тхылъ выставкэм хэтащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ. Илъэсым и литературэ зэхыхьэ нэхъыщхьэм зыкъыщигъэлъэгъуащ (мы гъэм ещанэу) «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, адыгэ усакIуэ Къаныкъуэ Заринэ.

  • «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ Къаныкъуэ Заринэ ди республикэр фестивалым щегъэлъагъуэ.

  • Дуней псом къащта, куэдым ефIэкI ди адыгэ фащэ екIур къыщылыдыкIрэ адыгэбзэр игъэбзэрабзэу, къыддекIуэкI щэнхабзэ дахэм хьэщIэхэр хигъэгъуазэу, и пщэрылъхэр ныкъусаныгъэншэу зэрызэфIихымкIэ и лъэпкъэгъухэр игъэгушхуэу фестивалым хэта Къаныкъуэ Заринэ и кIэн къикIащ УФ-м Лъэпкъ литературэхэм ядэIэпыкъунымкIэ и программэм и Федеральнэ редакцэ советым и зэIущIэ щхьэпэми хэтыну.
  • — Лъэпкъ литературэхэм я фестивалыр щIэщыгъуэ икIи зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ хъуащ лъэпкъ щхьэхуэм и лIыкIуэу абы хэт зы цIыхумкIэ лъэпкъ псом я литературэр, бзэр, щэнхабзэр зыхуэдэр къызэрыпхузэIуихымкIэ. Iуэхум хыхьэу, зэпсэлъэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр, мастер-классхэр, лекцэхэр, дерсхэр, концерт гукъинэжхэр ирагъэкIуэкIащ, — жеIэ Къаныкъуэ Заринэ. — Фестивалым анэдэлъхубзэм ирилажьэу хэта тхакIуэхэмрэ журналистхэмрэ я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ щызэхъуэжащ, зэхуэгуапэу, зэлэжь проектхэмкIэ зыр адрейм дэIэпыкъуу зэрыщIащ. Ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэхыхьэм зэрыщызэхъуэжам и фIыгъэкIэ, къэралым и щIыналъэ псоми хэIущыIу щащIыфынущ лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр яджын, яхъумэжын зэрыхуейр. ЗэIущIэм хэта цIыху жыджэрхэм я фIыгъэкIэ, дэтхэнэми зыхащIащ анэдэлъхубзэхэр кIуэдыжмэ, лъэпкъ щхьэхуэхэри зэрыщымыIэнур. А Iуэху зэIумыбзыр зэфIэхыныр къайхъулIэнырщ литературэ фестивалым академическэ зэгухьэныгъэхэр, егъэджакIуэхэр, бзэщIэныгъэлIхэр, музыкантхэр, усакIуэхэр, тхакIуэхэр щIызэщIигъэуIуэр.
  • Литературэ фестивалыр къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэситху ирокъу. 2017 гъэм япэу ирагъэжьа зэхыхьэ щхьэпэр илъэс зэкIэлъыкIуэхэм Къэзан, Новгород Ищхъэрэ, Новосибирск, иужьрей илъэситIым Москва щрагъэкIуэкIащ. Коронавирусым къыхэкIыу нэгъабэ ар зэпэIэщIэу ящIащ. Мыгъэрей фестивалым утыку къыщрахьащ «Современная литература народов России: драматургия» антологиер. Ар зэхалъхьэн папщIэ щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэща редакцэ совет 53-м лэжьыгъэ нэхъыфIу къалъытахэр къыхахыурэ Москва ягъэхьащ. А Iуэхум иджыри пащэну, цIыхубэ IущыгъэмкIэ антолие — лъэпкъ псалъэжьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр, псалъэ Iущхэр щызэхуэхьэсар — къыдагъэкIыну я мурадщ. БлэкIа илъэсхэм зэхаша фестивалхэм утыку къыщрахьа лэжьыгъэхэм ящыщщ «Современная поэзия», «Детская литература», «Современная проза» антологиехэр.
  • — Гухэхъуэт тхакIуэхэм я гъусэу коряк таурыхъхэм къыхэщ лIыхъужьхэм я сурэтхэр ныбжьыщIэхэм зэращIым укIэлъыплъыну, нэгъуей, селькуп, осетин бзэхэмкIэ къызэрагъэпэща мастер-классхэри удэзыхьэхт. Апхуэдэу щIэщыгъуэ тщыхъуащ Тэтэрстаным анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэнымкIэ Сабий щэнхабзэ узэщIыныгъэ лъэпкъ комплекс къызэрыщызэIуахар, — къыддогуашэ Къаныкъуэр. — Анимацэ фильмхэмрэ сериалхэмрэ хамэбзэ зыбжанэкIэ (тэтэр, урыс, марий, мордва, чуваш, удмурт, нивх) ягъэлъэгъуащ. Бурят каллиграфиер тхылъ тедзапIэхэм къызэрыщагъэсэбэпми дыкIэлъагъэплъащ, «Финн-угор комиксхэр» проектыр зыгъэхьэзырахэм дыIуагъэщIащ. Проектым хэтахэр ди анэдэлъхубзэкIэ усэхэм дыкъеджащ.
  • «Красная площадь» тхылъ фестивалым хыхьэу, къэралым и тхылъ тедзапIэхэм утыку кърахьащ къыдагъэкIа тхылъыщIэхэр, ахэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ тхылъеджэхэр IуагъэщIащ, гъэлъэгъуэныгъэхэр, артистхэм я концертхэр, мастер-классхэр, нэгъуэщI зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр къызэрагъэпэщащ. КъызэщIэпкъуэжмэ, зэхыхьэ 500-м щIигъу ирагъэкIуэкIащ икIи махуиплIым къриубыдэу абы хьэщIэу цIыху мин 50-м нэблагъэ зэхуишэсащ. Пандемием и шынагъуэншагъэм къигъэувхэм тету, абы екIуэлIэну гукъыдэж зиIа цIыхухэм я бжыгъэр ягъэмэщIэн хуей хъуащ.
  • Утыку плъыжьым щагъэува «Урысейм и щIыналъэхэм я тхылъ тедзапIэхэр» плIанэпэ №17-м щагъэлъэгъуащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм щытрадза тхылъыщIэхэр. Апхуэдэхэщ Кавказымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ятеухуахэр, саугъэт папщIэу къыдагъэкIа сурэтылъэ тхылъ-альбомхэр. Гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхылъ дапхъэм фестивалым щIэупщIэшхуэ зэрыщиIар.
  • Тхылъ фестивалым и утыку нэхъыщхьэм къыщыпсэлъащ Быков Дмитрий, Дашевская Нинэ, Драгунский Денис, Служитель Григорий, Арбенинэ Дианэ, Толстая Татьянэ, Устиновэ Татьянэ, Водолазкин Александр, Прилепин Захар, нэгъуэщI тхакIуэ цIэрыIуэхэр.
  • — Жып телефон щыIэу сыхьэт къыщIэбгъэсэбэпынур зыгуэрым къызэрыгурымыIуэм хуэдэу, сэри къызгурыIуэркъым тхылъымпIэм традза тхылъхэр лъэныкъуэ ебгъэзу иджырей электроннэхэр къызэрыхэпхынур. Сэ схуэдэхэр, тхылъымпIэхэр зэрагъэндзэкIмэ нэхъ къэзыщтэхэр, тхылъыщIэ къыдэкIам и мэр зыщIэзышэну, «тхылъхэм я дунейм» щыхьэщIэну зыфIэфIхэр куэдкIэ дынэхъыбэщ, — жиIащ фестивалым хэтахэм ящыщ зым. — Нэхъапэми хуэдэу, дауи, ди къэралыр тхылъ еджэнымкIэ пэрытыжу къы-щIэкIынукъым, ауэ тхылъ тедзапIэхэм ягъэува дапхъэхэм ятепщIыхьмэ, тхылъыщIэхэм, усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я бжыгъэм зэрыхэхъуэр нэрылъагъущ.
  • ЗэIущIэм хэтащ Урысейм и тхыдэ зэгухьэныгъэм, УФ-м и литераторхэм, тхылъ тедзапIэхэм, тхылъеджэхэм ядэIэпыкъунымкIэ и къызэгъэпэщакIуэ комитетым я унафэщI Нарышкин Сергейрэ УФ-м бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министр Шадаев Максутрэ. Абыхэм зыщаплъыхьащ «История отечества», «Детская и учебная литературэ» утыкухэм. Нарышкин Сергей «Подари ребёнку книгу» Iуэхур зи жэрдэм Къэрал библиотекэм хуигъэфэщащ Урысейм и тхыдэм теухуа къыдэкIыгъуэ 700-м я сертификатыр, къэралым и щIыналъэ пхыдзахэм я къуажэ библиотекэхэм хуагъэшэн папщIэ.
  • Нарышкиным къыхигъэщащ илъэсиблым къриубыдэу тхылъ фестивалыр Урысейм и тхыдэм щыщ зы Iыхьэ зэрыхъуар. Къэралым и тхылъ зэгухьэныгъэр илъэс 20 зэрырикъумкIэ ехъуэхъури, УФ-м и Президентым къыбгъэдэкIа «Урысей къэралыгъуэр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIам папщIэ» фIыщIэ тхылъыр яритыжащ «Гендирекция международных книжных выставок и ярмарок» АО-м и генеральнэ унафэщI Гельмиз Андрейрэ УФ-м Бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм периодикэ къыдэкIыгъуэхэмрэ тхылъ тедзапIэхэмрэ къэралыр дэIэпыкъунымкIэ и департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Дзюбинская Светланэрэ. Апхуэдэу ягъэлъэпIащ «История России в стихах» урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуа ныбжьыщIэхэр.
  • «Детская и учебная литература» Iыхьэм утыку къыщрахьащ тхылъ тедзапIи 100-м нэблагъэм къыдагъэкIа лэжьыгъэхэр икIи тхакIуэхэмрэ сурэтыщIхэмрэ зэхыхьэ гукъинэжхэр драгъэкIуэкIащ. Абы и утыкум щыхьэщIащ таурыхъым мультфильм къызэрытращIыкIым къытеувыIа Норштейн Юрэ. Утыкум кърихьэлIа ныбжьыщIэхэм щахутепсэлъыхьащ фэнтези жанрым. Гаглоев Евгений, Кащеев Глеб, Рыльских Германрэ Тамарэрэ я тхылъыщIэхэри абдеж щагъэлъэгъуащ.
  • Класс нэхъыжьхэм щеджэхэм я «Класс» урысейпсо литературэ зэпеуэм пашэ щыхъуахэри щагъэнэIуащ фестивалым. Абы хыхьэу къэралым и щIыналъэхэм къабгъэдэкIыу зэхьэзэхуэм ягъэхьа лэжьыгъэ 12500-м. Абы ящыщу 90-м къеджащ къэпщытакIуэ гупым хэт тхакIуэхэу Кучерская Марие, Степновэ Маринэ, Олейников Алексей, Швец Олег сымэ. КъищынэмыщIауэ, абы щагъэлъэпIащ усакIуэ, тхакIуэ ныбжьыщIэхэм хухаха «Лицей» литературэ саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр.
  • Лъэпкъ литературэхэм я фестивалым и кIэух концертыр мэкъуауэгъуэм и 19-м и пщыхьэщхьэм Утыку плъыжьым щекIуэкIащ. Проектыр къызэрагъэпэщащ скрипачкэ Ре-вич Еленэрэ опернэ продюсер Кухаренкэ Ильярэ. Абы хыхьэу, Пушкин Александр и «Евгений Онегин» романым щыщ пычыгъуэ (Татьянэ и письмом) я анэдэлъхубзэмкIэ къеджащ Къаныкъуэ Заринэ, чуваш усакIуэ Петровэ Мальвинэ, бурят усакIуэ Банаевэ Аннэ сымэ.
  • Мэкъуауэгъуэм и 20-р Пушкин Александр и махуэу фестивалым щагъэуври, усакIуэшхуэр къызэралъхурэ илъэс 222-рэ зэрырикъур программэ щIэщыгъуэкIэ ягъэлъэпIащ. Пушкиным и цIэр зезыхьэ музейхэмрэ музей-заповедникхэмрэ ягъэхьэзыра программэ хьэлэмэтхэр зэпэIэщIэу ягъэлъэгъуащ.
  • Урысейм и лъэпкъ литературэхэм я фестивалым и къызэгъэпэщакIуэхэм къыхагъэщащ ди къэралым лъэпкъи 180-м щIигъу зэрыщыпсэур икIи языныкъуэхэр зэрымащIэр, адрейхэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр. Дауэ мыхъуми, дэтхэнэ зы лъэпкъми бзэ, щэнхабзэ, хабзэ дахэхэр къыдокIуэкI. Зэхыхьэр къыхэзылъхьахэм илъэс ебланэ хъуауэ къыпащэ я мурад нэхъыщхьэр — лъэпкъхэр нэхъыфIу зэрагъэцIыхуныр, зэрагъэщIэныр, лъэпкъ мащIэхэм я анэдэлъхубзэр мыкIуэдыжын, литературэм зрагъэужьын папщIэ ядэIэпыкъуныр — зрагъэхъулIэн папщIэ.
  • Тхылъ, литературэ фестивалхэр ягъэдэхащ Тувам и «дыщэ макъ» Тюлюш Радик, Адыгэ Республикэм щыщхэу Нэгъуей Заур, Нэгъэрокъуэ Къазбэч, Ташу Аслъэн сымэ адыгэ макъамэмкIэ я ансамблым, балъкъэр уэрэджыIакIуэ Бапинаев Зариф, якут усакIуэ, IуэрыIуатэдж, хип-хоп уэрэдхэр зыгъэзащIэ Ворогушин Дорхоон Дохсун, башкир хип-хоп уэрэдхэр зыгъэзащIэ Ямалов Тимур сымэ, нэгъуэщIхэми. Абы зрагъэхьэлIащ политолог, публицист, тхакIуэ, артист цIэрыIуэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэу Москва щыпсэу, щылажьэ ди лъэпкъэгъухэм, литературэм, тхыдэм, щIыналъэхэм я щIыпIэ дахэхэм дихьэххэм.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.