ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бекъан Чыланий Машэ и къуэм и лъэужь дахэр

2021-06-09

  • ЩIыхь лъагэм и  дамыгъэ
  • Бекъан Чыланий Машэ и къуэр Нартан (Къылышбийхьэблэ) къуажэм 1926 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м къыщалъхуащ. И къэжэпхъыгъуэр Хэку зауэшхуэм и зэманым ирихьэлIэри, и ныбжьым ит нэгъуэщI куэдми хуэдэу, а лъэхъэнэ хьэлъэр игъэващ: фашистхэм я танкхэр щIыналъэм кърамыгъэхьэн папщIэ щIыр къуэм хуэдэу дэзытIыкIахэм, я къарум дэмыхуэн лэжьыгъэхэм зрапщыту колхоз губгъуэхэм итахэм яхэтащ, бийм зэтрикъута цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным и гуащIэ хилъхьащ.

  • Къуажэ школым къыщIэкIахэм яхэту, Чыланий еджакIуэ ягъакIуэ. 1948 гъэм абы Налшык пединститутыр къеух, уеблэмэ еджэным апхуэдэу фIыуэ ехъулIэрти, ар нэхъ пасэу къеух. Дипломыр къыщратыжа махуэхэм щегъэжьауэ и къарум къихьыху ар и лъэпкъым хьэлэлу хуэлэжьащ. Аушыджэр къуажэм и курыт школым зэрыщыIа гъэ еджэгъуитIым сабийхэми, адэ-анэхэми фIыуэ закъригъэлъэгъуащ, я фIыщIэ къихьащ. 1950 — 1958 гъэхэм ар егъэджакIуэу щылэжьащ щалъхуа Нартан къуажэм икIи IэщIагъэм хигъахъуэу, зригъэузэщIу, цIыхухэм пщIэ зыхуригъэщIыфу къэгъуэгурыкIуащ.
  • Бекъаным иужькIэ журналистикэр IэщIагъэ зэрыхуэхъуар ауэ сытми къэхъуа Iуэхукъым. Ар пасэу, и студентыгъуэ зэманхэм, дихьэхат абы. Пединститутым щыщIэсами, егъэджакIуэу щылэжьами «Къэбэрдей пэж» фIэщыгъэр иIэу адыгэбзэкIэ къыдэкIыу щыта (иджы ар «Адыгэ псалъэрщ») газетым жыджэру хуэтхэрт, и IэдакъэщIэкIхэри ягу ирихьырт.
  • 1958 гъэм ар газетым и редакцэм ирагъэблагъэ икIи абы и мэкъумэш къудамэм лэжьэн щыщIедзэ. 1965 гъэм Чыланий мэкъумэш хозяйствэмкIэ къудамэм и унафэщIу ягъэуващ икIи пенсэм кIуэху а къалэныр хьэлэлу игъэзэщIащ.
  • ЛэжьэхункIэ Бекъаным а дзыхьыр игъэпэжащ. Мэкъумэш IэнатIэм хуеджа IэщIагъэлI фIэкIа умыщIэну, гъавэ щIэнми, Iэщ гъэхъунми хищIыкIырт, хозяйствэ куэдым я хьэсэхэм я нэхъ бэвылъэхэмрэ я щIыр нэхъ щышэджэладжэхэмрэ щыгъуазэт.
  • Къуажэдэс лэжьакIуэжьхэм пщIэшхуэ яхуищIырт абы. ЗэфIэкI зыбгъэдэлъ унафэщIхэр, IэщIагъэлIхэр, жэмыш, Iэщыхъуэ, механизатор пашэхэр фIыуэ ицIыхурт, я гуащIэм гупсэхуу тетхыхьырт. Чыланий и нэIэ щIэту мэкъумэш къудамэм щымылэжьа куэд редакцэм щIэсакъым а зэманым. Аращ лъэпкъ журналист куэд а IэщIагъэм хуэIэзэ зыщIар. Ари щIэблэр журналистикэм и щэхухэм хуэгъэсэным пыщIауэ газетым щызэфIагъэкIхэм я зы Iыхьэт — лэжьакIуэщIэр нэхъыжь нэхъ IэкIуэлъакIуэ-хэм гъукIэгъэсэну хуагъакIуэрт.
  • Журналистикэм и жанр псоми хуэIэкIуэлъакIуэт Бекъаныр, ауэ псом хуэмыдэжу хуэIэзэт очерк тхыным. ЦIыхур зыгъэдахэ, зыгъэин, лъэныкъуэ куэдкIэ къозыгъэцIыху тхыгъэшхуэхэр республимкэм и мэкъумэш IэнатIэм щыпэрытхэм ятриухуэрт абы. А псом къадэкIуэу, и тхылъхэри купщIафIэ зэрыхъуным елэжьащ ар икIи фIы дыдэу къехъулIащ а Iуэхури. Абы и щыхьэтщ къыдигъэкIа и тхылъхэр — «ЩIалэгъуэ хьэлъэ», «КъэгъэшыпIэм и деж» повестхэр, и очеркхэр щызэхуэхьэса «Вабдзэ Iумахуэ» жыхуиIэхэр. Бзэ дахэкIэ тхащ, сюжет гъэщIэгъуэни яIэщ абыхэми.
  • И хьэл-щэным и гугъу пщIымэ, Бекъаныр цIыхугъэшхуэрэ шыIэныгъэшхуэрэ зыхэлъ, хабзэ дахэ къызыдекIуэкI гупылIт, зи нэмысыр зыIыгъыж, зи щхьэмрэ зи цIэмрэ пщIэ хуэзыщIыж цIыху щыпкъэт, зэпIэзэрытт. Абы лэжьыгъэу кърихьэлIар къэлъытэгъуейщ. Лъэпкъ газетым и зы къыдэкIыгъуи дунейм къытехьакъым Бекъан Чыланий и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэ — ар инми цIыкIуми — темыту.
  • Лъэпкъ журналистикэм зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэр и IуэхущIафэу щытам и пщалъэ нэхъыщхьэщ.
  • — Ди лъэбакъуэ нэхъ узыщыгуфIыкI хъунухэм ящыщщ адыгэ лъахэхэм къыщыдэкI лъэпкъ газетхэр тхыгъэхэмкIэ дызэхъуажэу 1974 гъэм едгъэжьауэ зэрыщытар, — игу къигъэкIыжырт Чыланий, газетым и ехъулIэныгъэхэм щытепсэлъыхькIэ. — «Ленин нур», «Социалистическэ Адыгей» газетхэм едгъэхьу щIэддзащ республикэм и мэкъумэш хозяйствэм и зыужьыкIэм, и лэжьакIуэ, колхоз пашэхэм ятеухуа тхыгъэхэр, напэкIуэцIхэр. Апхуэдэ тхыгъэ дыдэхэр дэри къытхуагъэ-хьырти, «Ленин гъуэгум» къытеддзэрт. Псом хуэмыдэу нэхъ гулъытэ хуэтщIырт мэкъумэшыщIэхэм я зэхьэзэхуэм, я лэжьэкIэ пэрытым. ДызэгурыIуэу фIыуэ дызэдэлэжьащ «Социалистическэ Адыгейм» щыщ Пэнэф Сэфар, БрантIы Къазбэч, «Ленин нурым» — Даур Жэхьфар сымэ. Ди мэкъумэшыщIэ пашэхэм я зэхьэзэхуэ къызэдгъэпэщащ, ахэр зэрыдгъэцIыхуащ, хьэщIапIэ зэхуэдгъэкIуащ. Псалъэм папщIэ, Бахъсэн районым щыIэ «Красный Кавказ» колхозым и бригадир пашэ Шакъ Мыхьмуд, Адыгейм и Щоджэн районым партым и XXII съездым и цIэр зезыхьэу щыIэ колхозым и бригадир Даур Анзор сымэ, а хозяйствэхэм я унафэщIхэр зэIудгъэщIащ. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр Къэрэшей-Шэрджэсым и лэжьакIуэ пашэхэми яхудиIащ. ЖыпIэ хъунущ адыгэбзэкIэ къыдэкI газетхэр а зэманым а IуэхуфIым зэкъуигъэувауэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэ зэпыщIэныгъэр пIалъэкIэ зэпыуауэ щытащ, иужькIэ ар къыдэзыхыжахэм, адэкIи къыпызыщэхэм фIыщIэ лей яхуэфащэщ.
  • Иужьрей илъэсхэм зэгъусэу къыдэкIа газетхэм хузэфIэкI хилъхьащ Бекъан Чыланий. Абы игъэхьэзыращ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьу Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм ятеухуауэ очеркхэр, хозяйствэ, лэжьакIуэ пашэхэм ятеухуа тхыгъэхэр.
  • И гуащIэ хьэлэлым хуэфащэ пщIэи къыпэкIуащ. 1962, 1978 гъэхэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъхэр, 1971 гъэм «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденыр къратащ. Журналистикэм щиIэ фIыщIэм и щыхьэту, 1983 гъэм «КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ, илъэсиплI дэкIри, КПСС-м и ЦК-м, СССР-м и Министрхэм я Советым, ВЦСПС-м, ВЛКСМ-м и ЦК-м я ЩIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ.
  • ЦIыху гуапэу, нэхъыжьыфIу дунейм тета, лъэужь дахэ къэзыгъэна Бекъан Чыланий Машэ и къуэр 2016 гъэм мэкъуауэгъуэм и 18-м дунейм ехыжащ, ауэ ар нобэми IэфIу дигу илъщ зыдэлэжьахэм, гуапэу ягу къагъэкIыж зыцIыхуу щытахэм.
  • «Ленин гъуэгу» газетым и япэ номерыр къызэрыдэкIрэ илъэс 50 зэрырикъур ягъэлъапIэ. 1974 гъэ

  • «Адыгэ псалъэ» газетыр илъэс 80 щрикъум. 2004 гъэ

  • ЩIэблэм я гъэсакIуэ
  • Бекъан Чыланий адыгэ журналистхэм я нэхъыжь дыдэхэм ящыщ къудейкъым — ар журналист нэхъ IэкIуэлъакIуэ дыдэхэми ящыщщ. Сэ Чыланий сыдэлэжьащ и унафэм сыщIэтуи, си унафэ щIэтуи. А зэманым сэ абы дэслъэгъуа псом я щхьэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ абы лэжьыгъэм хуиIэ гумызагъэр, жэуаплыныгъэр. Зыпэрыт Iуэхур япэ иригъэщу апхуэдэщ.
  • Абы и закъуэкъым. Чыланий газетым къызэрыкIуэрэ и къалэмыпэр нэхъ зыхуэгъэзар мэкъумэшырщи, ар абы тотхыхь, а Iуэхум хуеджам ещхьу фIыуэ хищIыкIыу. Псэлъэгъу хуэхъу IэщIагъэлIхэм яфIэгъэщIэгъуэнщ ар мэкъумэш щIэным, Iэщ гъэхъуным я щэху куэдым зэрыщыгъуазэр.
  • Чыланий и тхыгъэхэм пщIэ щIагъуэтым нэгъуэщI зы щхьэусыгъуи иIэщ. Си фIэщ хъуркъым мэкъумэшым епхауэ абы фIыуэ имыцIыху унафэщI, IэщIагъэлI, хэбгъэзыхьмэ, лэжьакIуэжь республикэм исауэ. Ущыхуей дакъикъэм къыбжиIэфынут дэтхэнэ хозяйствэм сыт и IуэхущIафэми, и Iуэху фIымэ — зи фIыщIэр, къыкIэрыхумэ — зи лажьэр.
  • А псом къыдэкIуэу, Бекъан Чыланий журналист IэщIагъэр къыхэзыха ныбжьыщIэ куэдым чэнджэщ щхьэпэкIэ, псалъэ дахэкIэ защIигъэкъуащ. Iуэхум тригъэгушхуащ, IэщIагъэм жэуаплыныгъэ хуаIэу игъэсащ. Ауэ зыхуигъэсар абы и закъуэкъым.
  • Дэ газетым дыщыкIуа зэманым редакцэм щылэжьащ адыгэлI гупышхуэ, хабзэ, нэмыс дахэ яхэлъу, къахыхьэ щIэблэр адыгэ хабзэм щIапIыкIыу. Нобэ я цIэ щIэблэм ямыщIэнкIэ мэхъу. Чыланий, абы щIыгъуу а лъэхъэнэм журналист Iуэху зезыхьэхэу Апажэ Назир, Шырыт Хьэтызэ, Журт Тыгъуэн, Теувэжыкъуэ Анатолэ, Сэбаншы Мэстафэ, Джаурджий Iэбисал, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Мырзэкъан Суфян, адрей нэхъыжьхэми щIэблэр тхэкIэми цIыху хыхьэкIэ къыхэкIыжыкIэми хуаущийрт. Абы къыхэкIыу псоми ящIэрт «Адыгэ псалъэ» газетым щызекIуэ хабзэм и лъагагъыр здынэсыр.
  • МЭЗЫХЬЭ Борис,
  • КъБР-м и Журналистхэм я союзым и унафэщI. 2003 гъэ
  •  
  • Лъэпкъ журналистикэм
  • хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа
  • Журналист IэщIагъэр нэхъ гугъухэм ящыщщ, ауэ зэ узэщIиубыдамэ, уиутIыпщыжыркъым. Дэ тхуэдэхэр пенсэ щыкIуэкIэ гугъу дыдехьыркъым тхылъхэр зэгъэпэщыным — псори зы щIыпIэ-щIыпIитIым щызэфIокI. Абы сегупсысащ Бекъан Чыланий теухуа мы тхыгъэ цIыкIур згъэхьэзырыну сыщытIысым. ЕгъэджакIуэу зэрылэжьа илъэс зыбжанэр хэбгъэкIмэ, абы и гъащIэ псор ди газетым и редакцэм щихьащ.
  • Чыланий сэ пасэу къэсцIыхуащ: школым сыщыщIэсам и тхыгъэхэмкIэ, радиом сыщыщылэжьам — IуэхукIэ. ИужькIэ зэлэжьэгъу дыхъуащ.
  • Зэуэ жысIэнщи, Чыланий и унафэм щIэту улэжьэну тынштэкъым — зэи ущигъэсынутэкъым Iуэхуншэу. Ауэ ар икIи фIыт — «зыщIрегъэх» къыпхужаIэным унигъэсынутэкъым. Мэкъумэш къудамэм и унафэщIыр сыт щыгъуи щыгъуазэт дэтхэнэ колхозми совхозми я Iуэху зыIутым. Къуажэм сыщигъакIуэкIи къызжиIэрт нэхъ зытезгъэщIэн хуейр. Езыр хуабжьу гуащIафIэти, бгъэщIэхъуну напэм къезэгъыртэкъым. Псом хуэмыдэу фIэфIт лэжьакIуэ гуащIафIэхэм ятетхыхьын. Чыланий очерк зытримытхыхьа жэмыш, механизатор цIэрыIуэ къэгъуэтыгъуейщ.
  • Мыбдеж къыщыхэзгъэщынщ мы Iуэхум егъэлеиныгъэ гуэри зэрыхэлъар. Хэтыт щIэхъуэпсыр жэмышу жэщми махуэми фермэм тесыну е Iэхъуэу губгъуэм итыну? АрщхьэкIэ, зэманыр апхуэдэти, ахэрат газет лэжьакIуэхэм ягъафIэр. ИужькIэ тлъагъужырт зытетхыхьа цIыхур, абы и Iыхьлыхэр, ныбжьэгъу-жэрэгъухэр хуабжьу зэрыгуфIэр, зэрыгушхуэр. Абы и лъэныкъуэкIэ Чыланий псапэ куэд къихьауэ жыпIэ хъунущ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, сэри сыдэплъеят абы и щапхъэм.
  • АрщхьэкIэ очерк къудейхэмкIэ, дауи, ди лэжьыгъэр зэфIэха хъуртэкъым. Дэ къэтIэтырт мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным ехьэлIауэ зэфIэгъэкIын хуей Iуэхухэр. Хэбгъэзыхьмэ, абыхэм япкъ иткIэ КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым унафэ пыухыкIахэр къищтэрт. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ Бекъаным и зэманым ди газетым и мэкъумэш къудамэм, зэрыжаIэщи, и хьэмтетыгъуэу зэрыщытар. Абы хуэдэу фIыуэ икIи сэбэпышхуэ хъууэ а къудамэр лэжьакъым нэхъапэкIи иужькIи.
  • Ди нэхъыжьыфIым и гугъу щысщIкIэ, жызмыIэу хъунукъым «Ленин гъуэгу» газетым и лэжьакIуэхэр нэхъ дызэкъуэту, унагъуэкIэ дызэкIэлъыкIуэу зэрыщытар. ТщIэрт Чыланий и щхьэгъусэр зэрысыма-джэр, унагъуэ Iуэхухэри зэфIигъэкIын хуей зэрыхъур. Ауэ зыми зэхихакъым ар тхьэусыхэу. Хэбгъэзыхьмэ, гупылI жыхуаIэм хуэдэу къэгъуэгурыкIуэрт, и лэжьакIуэ дэтхэнэми Iуэху гуэр къылъыкъуэкIамэ, ар зэфIахын папщIэ Чыланий щIэгъэкъуэни чэнджэщэгъуи къащIырт.
  • Езыми гушыIэ хэзагъэрт. Дэ, нэхъыжьхэм, иджыри къэс хъыбар цIыкIухэр мыпхуэдэу къыдогъажьэ, «Чыланий мыр къыщыщIат, мыпхуэдэу ищIат» жытIэу.
  • КIыхь зезгъэщIынкъым, ауэ иджыпсту япэу сигу къэкIыжар фхуэсIуэтэжынщ. Зэгуэр Чыланийрэ сэрэ шахмат дыджэгурт (редакцэм щылажьэхэр я къалэным къыщыдэхуэм деж а джэгукIэр зыхалъхьэ щыIэтэкъым). Си ныкъуэкъуэгъум и Iуэхур щIагъуэтэкъыми, къыспеубыд: «МобыкIэ кIуэ!». «Сыт щхьэкIэ? — согъэщIагъуэ, — сэ фигурэм сеIусакъым». «УемыIусами, уеплъащ!» — къызитыжащ жэуап. ИужькIэ ар редакцэ щIалэхэм гушыIэу къахуэнауэ щытащ.
  • Ди нэхъыжьыфI Бекъан Чыланий журналист куэд, сэри сахэту, езым и IэщIагъэ хьэлэмэтым дыхуигъэсащ. ЖыIэн хуейщ абы лъэпкъ журналистикэм зиужьыным къыпхуэмылъытэн хуэдиз хэлъхьэныгъэ хуищIауэ.
  • ШАЛ Мухьэмэд,
  • КъБР-м щIыхьзиIэ и журналист.
  •  

    Чыланий. 1986 гъэ

  • Зэкъуажэгъухэу «Ленин гъуэгум» и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Бекъул Токъанрэ газетым и мэкъумэш къудамэм и унафэщI Бекъан Чыланийрэ. 1982 гъэ

  • Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI газетхэм я зи чэзу номер зэхэтым щытепсэлъыхьа зэIущIэм. Налшык къалэ, 1989 гъэ

  • Жылэр  нобэми  зэрыгушхуэ
  • Нартан (Къылышбийхьэблэ) къуажэм цIыху щэджащэу куэд къыдэкIащ. Абыхэм дэ дрогушхуэ, тхыгъэ щхьэхуэ зыхуэмыфащи яхэткъым. Дэтхэнэ зы жылэм и дежкIи щIыхьышхуэкъэ ПащIэ Бэчмырзэрэ ТIыхъужь Алийрэ хуэдэ къыдэкIыну?! ПщIэ зиIэ нэхъыжьхэм ядэплъейуэрэ, къыдэкIуэтей щIэблэр къэралыр зэрыгушхуэ мэхъу. Апхуэдэ щапхъэ дахэхэм къыщIэтэджащ зи гугъу фхуэтщIыну Бекъан Чыланий Машэ и къуэр.
  •  
  • Журналист гъуэзэджэу щыта, гу щабэ, псэ хьэлэл зиIа, цIыкIуми инми, жьыми щIэми екIуу къадэгъуэгурыкIуа — апхуэдэ псалъэ гуапэ куэд хуэфащэщ а нэхъыжьыфIым. Бекъаным и сабиигъуэр тыншакъым. Ар ящыщщ Налшык къалэм фашистхэм я танкхэр къыдамыгъэхьэн щхьэкIэ Щхьэлыкъуэ псым къыщыщIэдзауэ Налшыкыпс нэсу кIэнауэ къэзытIахэм. ЩIалэ цIыкIум и жыджэрагъым колхоз унафэщIым гу лъетэ икIи унафэ къыхуещI 10-нэ бригадэм учётчикыу кIуэну. Апхуэдэу, зыри зыхимыщIыкI лэжьыгъэм пасэу пэрыувэн хуей мэхъу Чыланий.
  • — А зэманыр сигу къэкIыжмэ, си щхьэфэцым зеIэт, — жиIэжу щытащ Бекъаным. — Пшапэр зэхэуэмэ, мэз лъапэм дыщыплъырыну дыкIуэн, пщэдджыжьым цIыхухэр зэщIэдгъэуIуэу IэнатIэхэм едгъэувэлIэн, махуэ къэс трудодену кърахьэлIэнур зыхуэдизыр яжетIэн хуейт. Ар зэрымыIэтыгъуафIэр пщIэуэ, апхуэдэ хьэлъэ ятеплъхьэныр къалэн тынштэкъым.
  • Зауэ нэужьри нэхъ тыншакъым. Фашистхэм зэтракъутахэр зэфIэзыгъэувэжахэм яхэтащ Чыланий. Абы къищынэмыщIауэ, щIэблэр езыгъэджэн ямыIэжу, ирагъэджэн хуейхэри школхэм екIуэлIэну апхуэдэ Iэмал ямыIэу щытащ а зэманыр. ЕпщIанэ класс къэзыухахэр зыпэрыт IэнатIэхэм къыIуашурэ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр институтым щIагъэтIысхьэрт. Бекъаныр абыхэм яхэхуащ. ИлъэситхукIэ ирагъэщIэн хуеяхэр илъэситIым хэкъузауэ ирагъэджри, Чыланий зыхэса гупым 1948 гъэм ар къаух. Бекъаныр фIы дыдэу еджати, Совет районым щыIэ Аушыджэр къуажэм лэжьакIуэ ягъакIуэ. Абы дэт школым а зэманым зы егъэджакIуи щыIэтэкъым и IэщIагъэм хуеджауэ икIи гурыIуэгъуэщ Бекъаным жэуаплыныгъэшхуэ и пщэ къызэрыдэхуар. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ дахэ-дахэу зрамыгъэджахэм ахэр тэмэму ебгъэщIэжыныр мытыншми, Чыланий хьэлэлу, и къару емыблэжу пэрытащ а IэнатIэм.
  • Нартан дэт курыт еджапIэм игъэзэжа нэужь, Бекъаным и зэфIэкIым нэхъри хигъахъуэу щIидзащ икIи щапхъэу къахьхэм ящыщ хъуащ. Ар щытащ егъэджакIуэхэм я комсомол зэгухьэныгъэм и секретару, еджакIуэхэм я комсомол организацэми и нэIэ тетащ. ЩIэблэр егъэджэным къыдэкIуэу, абыхэм гъэсэныгъэ дахэ яхэлъхьэнми егугъурт Бекъаныр. 1955 — 1957 гъэхэм ар яхэтащ Акмолинскэ областым кIуауэ щыта щIалэгъуалэ гупым, къэралым илъэс куэдкIэ къимыгъэсэбэпа щIыхэр гъавэ щIапIэ зыщIахэм. Япэ илъэсым Чыланийрэ нэгъуэщI егъэджакIуиплIымрэ ВЛКСМ-м и ЦК-м и дамыгъэхэмрэ медалхэмрэ къыхуагъэфэщауэ щытащ.
  • Бекъаным Нартан курыт школым къыщигъэзэжа зэманыр игу къегъэкIыж абы щыгъуэ 8-нэ классым щIэса, иужькIэ ди республикэм цIэрыIуэ щыхъуа журналист Мэрем Задин: «Дэ нэхърэ куэдкIэ мынэхъыжьу, и щхьэцыр вындым хуэдэу фIыцIэрэ Iуву, дахэу дэжьеяуэ щIалэ нащхъуэ мыцIыкIу-мыин егъэджакIуэу къытхуагъэкIуат. ЩыпсалъэкIэ и макъым зримыгъэIэту, жиIэм купщIэ хэлъу, гум дыхьэу, екIуу хуэпауэ, сытым дежи и нэгур зэлъыIухарэ нэщхъыфIэу апхуэдэт ар. Си мызакъуэу, школым щIэс псоми занщIэу гу лъатащ абы и Iущагъым, и дерсхэр Iэзэу, гурыIуэгъуэу зэритым. Псом хуэмыдэжу Бекъаныр ПащIэ Бэчмырзэрэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ щатепсэлъыхькIэ, и усэхэм къыщеджэкIэ еджакIуэхэр я тхьэкIумэ тегъэхуауэ дедаIуэрт. Чыланий егъэджакIуэ къудейтэкъым, атIэ абы и статьяхэр, очеркхэр, фельетонхэр «Къэбэрдей пэж», «Советская молодёжь» газетхэм, «Iуащхьэмахуэ» журналым щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт».
  • Бекъаныр журналистикэм щыхыхьа зэманыр сэри фIыуэ сощIэж. «Къэбэрдей пэж» газетым абы и тхыгъэ, очерк купщIафIэхэр, мэкъумэшыщIэхэм, жэмышхэм, Iэщыхъуэхэм, бригадирхэм, пщафIэхэм, ятеухуахэр щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт.
  • Чыланий езэш жыхуэпIэр ищIэртэкъым, гъэмахуэ хъуамэ, колхозхэтхэм ящIыгъуу губгъуэм итт, махуэр уэлбанэми, дыгъэ жьэражьэр уэгум итми емылъытауэ. Къущхьэхъу куэдрэ кIуэрт, Iэщыхъуэхэм я лэжьэкIэр, я псэукIэр зригъэщIэну, ахэр зыхуэныкъуэхэр къигъэлъагъуэрти, ар зи къалэнхэм икIэщIыпIэкIэ а Iуэхум унафэ тращIыхьырт — апхуэдэ щIыкIэкIи лэжьакIуэ къызэрыгуэкIхэм ядэIэпыкъурт.
  • Чыланий газетым и редколлегием илъэс куэдкIэ хэтащ, тхыгъэхэр егъэфIэкIуэным, журналист ныбжьыщIэхэр я IэщIагъэм хуэгъэсэным и гуащIэ хилъхьэу. Илъэс 50-м нэскIэ Бекъаныр Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтащ. И лэжьыгъэфIхэм къапэкIуэу къэрал дамыгъэ лъапIэхэри къыхуагъэфэщащ.
  •  Лъэпкъ журналистикэм хьэлэлу илъэс куэдкIэ хуэлэжьа нэхъыжьыфI Бекъан Чыланий и IуэхущIафэ дахэхэр ящыгъупщэркъым ар зыдэлэжьахэми къыщалъхуа Нартан къуажэм дэсхэми.
  • ПЩЫБИЙ СулътIан,
  • УФ-м и Журналистхэмрэ
  • ТхакIуэхэмрэ я зэгухьэныгъэхэм  хэт.