Ласицкенерэ Акименкэрэ Токио къапоплъэ
2021-06-08
- Урысей Федерацэм и языныкъуэ спортсменхэр 2021 гъэм екIуэкIыну лъэпкъхэм зэдай зэхьэзэхуэхэм хэтыну Атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо ассоциацэм Допингым пэщIэт и комитетыр арэзы техъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуарэ зыщызыгъэсахэу Ласицкене (Кучинэ) Мариерэ Акименкэ Михаилрэ хуит ящIа цIыхуипщIым ящыщщ.
- Ди лъахэгъу спорстмен цIэрыIуэхэр лъагапIэм щхьэпырылъынымкIэ иджыпсту ЩIы хъурейм щынэхъыфI дыдэхэщ икIи зи къаруилъыгъуэхэщ. Илъэс 28-рэ зи ныбжь Ласицкене и закъуэщ щыIэр щэнейрэ дунейпсо чемпион хъуауэ. Иужьу 2019 гъэм зэхэта зэхьэзэхуэм дуней псом и вице-чемпион щыхъуащ абы нэхърэ илъэситIкIэ нэхъыщIэ Акименкэ.
- Атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо ассоциацэм и Советым, къищынэмыщIауэ, унафэ къищтащ ди лъахэгъухэм ядэщIыгъуу иджыри цIыхуи 8 мынэхъыбэ гъэмахуэм Токио щрагъэкIуэкIыну я мурад Олимп джэгухэм Урысейм щыщу ямыгъэкIуэну. Ласицкене Мариерэ Акименкэ Михаилрэ апхуэдэ пщIэрэ дзыхьрэ къалэжьащ хьэрэмыгъэ (допинг) зэрахьауэ зэи къазэрыпэщIэмыхуамрэ зэфIэкI лъагэ дыдэхэр зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къызэрыщагъэлъагъуэмрэ я фIыгъэкIэ. Аращи, дызыхуэкIуэ гъэмахуэм, нэгъабэ лъандэрэ дызыпэплъэ Олимпиадэр Японием и къалащхьэм щекIуэкI къудеймэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен цIэрыIуитI нэхъ мыхъуми абы зэрыхэтынур белджылыщ. Пэжщ, абыхэм Урысей Федерацэм и цIэкIэ зыкъагъэлъэгъуэну иджыри хуиткъым, ауэ шэч хэлъкъым дэтхэнэ зыми зэрытлъэкIкIэ дазэрыдэщIынум.
- Ласицкене Марие сыт щыгъуи текIуэу щытауэ къыпщохъур. АрщхьэкIэ дяпэкIэщ и ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэхэр щыщы- Iэну хуагъэфащэр. Апхуэдэу езым къилъытэр Гъэмахуэ Олимп джэгухэм я дыщэ медалырщ. 2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ щыIам Дунейпсо Олимп Комитетымрэ (МОК) ИААФ-мрэ (Атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо федерацэ) ягъэкIуакъым, ди къэралым и допинг Iуэхухэм я гуащIэгъуэти. Токио мы гъэм щекIуэкIынум Iэмал имыIэу хыхьэну хуейщ, иджыпсту зэрыт зы къэралми имей (нейтральнэ) статусым фIэкIа имыIэми.
- Дэтхэнэ зы спортсменым и дежкIи Олимп джэгухэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абы щытекIуэм и пщIэр и гъащIэ псокIэ Iэта зэрыхъум къищынэмыщIауэ, и псэукIэм и зэIузэпэщынагъри куэдкIэ елъытащ. Аращи, Ласицкене Мариерэ Акименкэ Михаилрэ иджыпсту я гупсысэр нэхъыбэу, дауи, зытеухуар гъэмахуэм Японием щыIэну Олимпиадэращ. Коронавирус уз зэрыцIалэм къимыгъэдзыхэу ар щагъыIэрэ абы ягъакIуэ къудеймэ, ди лъахэгъухэм я текIуэныгъэхэмкIэ дызэрагъэгуфIэнум шэч къытетхьэркъым.
- Абы щыгъуэми дунейм, псом хуэмыдэу езы Японием, къыщызэщIоплъэ гъэмахуэ Олимп джэгухэр Токио щымыгъэIэным ехьэлIа зэдауэхэр. Абы и бийхэм IэщIэдз мин 400-м щIигъу зэхуахьэсакIэщ. КъищынэмыщIауэ, щIыпIэ дохутырхэм я зэгухьэныгъэмрэ депутати 137-мрэ МОК-мрэ Японием и правительствэмрэ зыхуагъэ-защ Олимпиадэр аргуэру ягъэIэпхъуэну е щамыгъыIэхэну къагъэуву. Ахэр мэшынэ коронавирус уз зэрыцIалэр нэгъуэщI къэралхэм къикIыну спортсменхэмрэ абыхэм ядэщIыгъунухэмрэ къагъэятэжыну, штамм зэмылIэужьыгъуэхэр я хэку зэщIэгъагъэм къызэдахьу. Iуэхур зэрыхъунур зэкIэ нэгъэсауэ зыми ищIэркъым, ауэ дэ нэхъыфIым дыщыгугъынщ икIи ди спортсмен цIэрыIуэхэу Ласицкене Мариерэ Акименкэ Михаилрэ я ехъулIэныгъэ инхэм дыпэплъэнщ.
- Хьэтау Ислъам.