Гуимыхуж махуэщI къыхузэрагъэпэщ
2021-06-05
- Бахъсэн щIыналъэм щэнхабзэмкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм Зеикъуэ къуажэ дэт, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм я нэIэ щIэмытыжхэмрэ я еджапIэм и къудамэу зи акъылкIэ сэкъат зиIэхэм я интернатым и гъэсэнхэм папщIэ гуимыхуж махуэщI къыхузэрагъэпэщащ Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм. Сабий 80 хуэдиз зыщIэс еджапIэр а махуэм къыпхуэмыцIыхужыну щIэращIэт, цIыкIуи ини нэжэгужэт, жыпIэнурамэ, гуфIэгъуэшхуэт.
- ЦIыкIухэм я гукъыдэжым зрагъэIэтыну псысэхэм хэт лIыхъужьхэм я щыгъынкIэ хуэпа джэгуакIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр, гушыIакIуэхэр къеблэгъат. Абыхэм ягъэхьэзыра нэгузыужь зэхьэзэхуэхэм сабийхэр жану хыхьэрт, утыку кърахьэ къафэхэми хэувэрт, уэрэдхэр зэщIэжьыуэу зэдыжаIэрт.
- «Хуабагърэ IэфIагърэ хуэмыныкъуэ сабий щыIэкъым. Ар абыхэм къахузэзыгъэпэщыфынури балигъхэрщ. Абыхэм яIэну гукъыдэжыр, яхэлъыну нэщхъыфIагъыр дэращ зэлъытар. Сабийхэр хъумэным и махуэм дыхуейт дэтхэнэ зы цIыкIуми насыпыфIэу зыкъилъытэжыну, къазэрыфIэIуэхур, фIыуэ зэралъагъур дэтхэнэми зыхищIэну. Дыщогугъ ди щIэблэм псэукIэ дахэ яIэну, гулъытэрэ зэхуэгъэкIуатэрэ щыбэ дуней тетыну. Дыкъызыхыхьа сабийхэр куэд зыхуэныкъуэщ, яхуэтщIэфыр дгъэгуфIэнращи, абы щымыщIэу псэуну ди гуапэщ», — жиIащ Бахъсэн щIыналъэм щэнхабзэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Тхьэмадокъуэ Зерэ.
- «Нобэрей махуэм хьэщIэхэм нэфIэгуфIэ ящIа цIыкIухэм уахэплъэныр дэркIэ зимыуасэ щыIэкъым, — къыддэгуэшащ интернатым и унафэщI Щоджэн Мадинэ. — А гукъыдэж ягъуэтам зэщIиIыгъэу сабийхэр иджыри зыбжанэрэ екIуэкIынущ. Уеблэмэ, еджэным дыпыхьэжа нэужьи, абы и джэрпэджэжыр иджыри зыкъомрэ ужьыхыркъым — иропсалъэ, ягу къагъэкIыж, я гукъыдэжыр зэтесу ирырегъэхьэкI. Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэр езыхэм зэратеухуар ящIэу, ар зэрагъэмахуэщIынуми пэплъэу апхуэдэщ ди гъэсэнхэр. Дэри аращ дызыхуейр — цIыхур абыхэм зэрахуэныкъуэр зыхащIэу, фIыуэ зэралъагъур ящIэу, зытет дунейм гужьгъэжь хуамыщIу къэгъэтэджынырщ. Ди хьэщIэхэм фIыщIэ яхудощI ди сабийхэм къыхуащIа гулъытэм папщIэ».
- Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызегъэкIуэнымкIэ и IуэхущIапIэм къыбгъэдэкIыу цIыкIухэр тыгъэхэмкIэ ягъэгуфIащ, сурэт зытрагъэхащ.
- ЗЕЙ Розэ.