ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ  кхъужьыр зэрапхъуэ

2021-06-08

  • Сочэ къалэм ресторану дэтыр къызэхэпкIухьрэ, япщэфI шхыныгъуэхэм ущыщIэупщIэмэ, «щIыналъэм щызекIуэ зи чэзу защIэхэм» зэрытрагъащIэм гу лъыптэнущ.

  • Хэт къекIуалIэхэм нэхъ шхыныгъуэ ехьэжьа яримыгъэшхрэ жаIэу, шхапIэхэр щызэпеуэ а зэхьэзэхуэ гуащIэм зым адрейр къыщыдигуэну зэрыпабгъэр гурыIуэгъуэщи, дэтхэнэ зыми «щIыпIэм щыбгъуэт», Iэмал имыIэуи «иджыпсту зи чэзу» ерыскъыщ къыпхуагъэлъэгъуэнур. Иужьрей илъэс зыбжанэм гу лъыптэу нэхъ зыхэзыIэтыкI шхапIэхэм апхуэдэхэм я щапхъэу адыгэ кхъужьым и цIэр къыщраIуэ. Чурчхелэм е инжирым ещхьу дамыгъэ мыхьэнэ игъуэтауэ, адыгэ кхъужьыр ресторанхэм я шхыныгъуэ къебжэкIым хэмытынкIэ Iэмал имыIэу хъуащ, ауэ щыхъукIэ мащIэщ зыщIэр а кхъужь лIэужьыгъуэр къыздикIари абы адыгэ (шэрджэс) цIэр щIепхари.
  • Аращи, хэзымыщIыкIхэм папщIэ, жыжьэу къыщыщIыдодзэ. Интернетым щызекIуэ фIэщыгъэхэм къарыкIыр къыджезыIэ «википедие» псалъалъэм  зыхуэдгъазэмэ, Шэрджэсей (Черкесия) цIэр зезыхьэ къэралыгъуэр XIII лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ а щIыналъэр Урыс империем къыщизэуа 1864 гъэм нэс дунейм тетащ, нэхъ иужьыIуэкIи щыIа хуэдэу къыздыхэIукI дэфтэри урохьэлIэ. Къыщазэуа зэманым Шэрджэсейр Кавказ Ищхъэрэ псор къызэщIэзыубыдэ, кавказ лъэпкъхэм я федерацэ хуэдэу щытащ, нобэ СочэкIэ дызэджэ Шачэ псыежэхым и псыхъуэм хэщIапIэ щызиIэ Шэрджэс парламентым и унафэм щIэту.
  • Дунейпсо хабзэм хиубыдэ къэралыгъуэ зэгъэпэщыпауэ щымытами, Европэм къикI зыплъыхьакIуэхэр куэдрэ здэкIуэ щIыналъэт Шэрджэсейр. Хамэ къэралхэм къикIыу XVIII — XIX лIэщIыгъуэхэм зэхэзекIуа европей дунеяплъэхэм зэIэпаха тхыгъэхэм балий IэрысейкIэ, мыIэрысейкIэ, къыпцIейкIэ, жызумейкIэ бей шэрджэсхэм я хадэхэмрэ я губгъуэхэмрэ я гугъу щащI, псом хуэмыдэу кхъужьейхэр лIэужьыгъуэ куэду зэрызэщхьэщыкIри къыщыхагъэщ, ахэр Шотландием, Бельгием, Уэльсым нэхъ зыхуей хуэзауэ щызэрахьэ щIы пшэрхэм ирагъэщхьу. А тхыгъэхэм ятепщIыхьмэ, ахэр уней хадэ къудейуэ щыттэкъым, атIэ псыхъуэхэми Iуащхьэхэми уащыхуозэ абыхэм. Ар къызыхэкIар адыгэхэм хабзэ зэраIаращ: хэт гъатхэу мэзым кIуэми, пхъэщхьэмыщхьэхэкI гуэр дигъэкIэн хуейт. Псалъэм папщIэ, Агуй къуажэм щыщ гуэрым Iэгъуэблагъэм ит жыг 300 дигъэкIауэ щытащ.
  • 1866 гъэм и гъэмахуэм, Кавказ зауэр иуха къудейуэ, Анапэрэ Гагрэрэ я зэхуаку дэлъ щIыр яджу, генерал Муравьёв-Карсский Николай къызэригъэпэща комиссэм кърихьэлIауэ щыта, напэкIуэцIи 150-рэ                 ирикъу кIэлъыплъыныгъэм Урысейми Европэми хадэ гъэкIынрэ щIы зехьэнкIэ IэщIагъэлIу ису хъуар къызэщIигъэхъаери, псори шэрджэс щIыналъэм зэрыхьауэ щытащ адыгэщIхэр зрагъэцIыхуну. Урым эколог цIэрыIуэ Ацци Джироламэ и тхыгъэхэм къыхощ «пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм щызыщIашэ» щIым тету зыкъызэрыщыхъужыр. Ардыдэр жиIэу щытащ Кавказ зауэм япэу тетхыхьыжа, губгъуэр пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм зэрауфэбгъуар къыхэзыгъэщу щыта тхыдэдж Потто Василий.
  • БиологиемкIэ щIэныгъэлI Тхьэгъуш Нухьу жаIэ япэ дыдэ адыгэ кхъужьым и Iуэхур зыIутыр зыджар. Абы и къэхутэныгъэхэм япкъ иткIэ, адыгэхэм кхъужь лIэужьыгъуэ зыбжанэ ягъэкIыу щытащ: «кхъужьхьэжьым» (бжьыхьэ кхъужь пкъыщIэ); «кхъужьынэ» (гъэмахуэ кхъужь хъурей); «къужьышхуэ» (гъэмахуэ кхъужь цIыкIу); «къужьтамэ» (быдэрэ IэфIу куэдрэ щылъ кхъужь). Тхьэгъушым итхыжахэм къыхощ шэрджэс адыгэ кхъужьыр метр 25-м нэс дэкIеинкIи зэрыхъур, куэди къызэрыпыкIэр: жыг къэс килограмм 1000-м нэс е нэхъыбэ къыпокI. Кхъужь хадэхэм нэхърэ нэхъ ин дуней псом темыту къэзылъытэ Жуковский Пётр зэреплъымкIэ, Кавказращ кхъужьым нэхъыфI дыдэу зыщиужьа щIыпIэр.
  • Кавказ зауэм адыгэ хадэхэр ирикъухьыжащ. XIX лIэщIыгъуэм лэжьа агроном комиссэхэм щIыналъэм къитIысхьахэр увыIэгъуэ ямыIэу хагъэзыхьырт адыгэхэм ядэплъейуэ хадэ зехьэкIэ зрагъэщIэну, ауэ къедэIуакъым. «Кхъужьейрэ мыIэрысейрэ щыдагъэкIа адыгэ хадэ абрагъуэхэм я нэхъыбэр Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым ит къуажэхэр щызэтракъутэм хэкIуэдэжащ, адрейхэр щIыналъэр щаубыда япэ илъэсхэм зехьэкIэ зымыщIэхэм яIэщIэкIуэдащ», — ущрохьэлIэ мызэ-мытIэу Iуэхум щытепсэлъыхь дэфтэрхэм. Хуэгъэфэщауэ илъэси 100-м хуэдизкIэ хадэ-хэр щIыналъэм къитIысхьахэмрэ дуней къэхъукъащIэхэмрэ хуит хуащIри, къащыщIар нэрылъагъущ.
  • Дызэрыт зэманым Урыс географие зэгухьэныгъэм и фIыгъэкIэ къалэм и Iэгъуэблагъэм адыгэ кхъужь лIэужьыгъуэ 250-м нэс къыщагъуэтыжащ. Абыхэм я нэхъыбэр Аибг и хъуреягъкIэ итщ икIи ныбжькIэ илъэси 150 — 200-м нос, лIэщIыгъуищым нэблэгъэни къахокI. Адыгэ кхъужьыр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ программэ илъэс блэкIам къащтащ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, Iуэхур зылъахъэр зыщ — жыгыщIэ зэрыщымыIэрщ.
  • Кхъужьыр жыгым къыпыпчкIэ езы жыгым зэран ухуэхъуркъым, абы къыхэкIыу, ар Сочэ дэт дэтхэнэ зы ресторан ехьэжьами «ризоттэ» гуэрым хэлъу, е хыфIыцIэ бдзэжьей гъэжьам гуэлъу ущрихьэлIэнкIи хъунущ. Зым абы варенэ къызэрымыкIуэ къыхещIыкI, адрейм и цIэр езы шхапIэм фIещ. Сытми, зэрапхъуэ, и тхыдэ хъыбарыр зэрынэщхъейр ямыщIэу.
  • ДЕМЕНТЬЕВ Роман.
  • Сочэ къалэм епха «Scapp город»
  • интернет сайтым къитхащ.