IуэрыIуатэ — дыщэ пхъуантэ
2021-06-02
- Тхыдэжь
- Нартым и пщIыхьэпIэр
- Жэщибл-махуиблкIэ жеяуэ, зы нарт къызэщыужащ. Жэщ къэс пщIыхьэпIэ и нэгу щIэкIырти, егупсыса щхьэкIэ зыхуихьынур къыхуэщIакъым. КъыщыхуэмыщIэм, тхьэгурымагъуэм деж кIуащ:
- — ПщIыхьэпIэм жэщибл-махуиблкIэ сыхэкIакъым, къикIыр къызжеIэ, — жиIэри.
- — Сыт узэпщIыхьар?- къеупщIащ тхьэгурымагъуэр.
- — Япэ жэщым сызэпщIыхьаращ: мэзым зы бланэ къыхахури, ди куэбжэм кърахулIащ, бланэр щаукIым, тхьэрыкъуитI къэлъэтащ, ди пщIантIэ къыдэтIысхьэри зафыщIыжащ. ПщIантIэм зы вындыжь дэсти, и жьэ зэщIихакъым. Бланэр щаукIам деж щIым зы жыгыщIэ къыхэжауэ слъэгъуащ.
- — Бланэр уэращ, — жиIащ тхьэгурымагъуэм. — ЗекIуэ уежьауэ уи бийр уи уижь къихьэнурэ уаукIынущ. ТхьэрыкъуитIыр уи шыпхъуитIращ: я дыщым къэкIуэжынурэ уагъеижынущ. Вындыжьыр уи анэращ: уи анэм и нэпс къыщIэкIауэ яригъэлъагъунукъым хьэдагъэ къыдыхьэм. Уи щхьэгъусэр уэндэгъущи, щIалэ къыпхуалъхунурэ уилъ ищIэжынущ — щIым къыхэжа жыгыщIэр аращ, уэ ущымыIэжу уи ужькIэ къэхъунуращ.
- — Ари хъунщ, — жиIащ нартым. — ЕтIуанэ жэщым слъэгъуаращ: мэл хъушэм сыхэплъэри, зытI фIэкIа яхэслъэгъуакъым. Ар зищIысыр сыт?
- — Ар дэ ди пщысэкъым, ар ди ужь къихъуэнум я пщысэщ: жылэм я унафэр зы лIым и IэмыщIэ щихуэн лъэхъэнэ къэхъунущ.
- — Ари хъунщ. Ещанэ жэщым слъэгъуаращ: щIопщыкъу къэсхьынщ жысIэри мэзым сыкIуащ. «Мыр щIопщыкъу хъунщ» жысIэри зы къудамэкIэ сыIэбати, нэгъуэщI зы къудамэ цIыкIуи зыкъишиящ, «Сэ сыпыупщI» жиIэри. Ар сытым хуэпхьрэ?
- — Ари ди пщысэкъым, ари ди ужь къихъуэнум я пщысэщ: я адэхэр унэм къранэурэ я къуэхэр хасэм хыхьэ хъунущ.
- — ЕплIанэ жэщым сызэпщIыхьар мы-ращ: шы псэф хъупIэм сыщрихьэлIати, езым сыкъищIакъым, и ныбэм илъым и щыщ макъ зэхэсхащ. Ар дауэ къызэрыбгурыIуэр?
- — Ари ди пщысэкъым, ари ди ужь къихъуэнухэращ зи пщысэр: я шыпхъу нэхъыжьхэр къыданэурэ я шыпхъу нэхъыщIэхэм дэкIуэу къаублэнущ.
- — Етхуанэ жэщым лъахъстэн вакъэмрэ выфэ вакъэмрэ жыгым зэрыдэмыгъэкIуейуэ сепщIыхьащ. Сытым хуэпхьрэ?
- — Ари ди пщысэкъым, ари ди ужь къихъуэнухэм я пщысэщ: бжьыгъуэр зэпаубыдынурэ цIыхур зэрышх-зэрылI хъунущ.
- — Еханэ жэщым си нэгу щIэкIар мыращ: мэшым и хъугъуэти, мэшых сыщыкIуэм мэшыр къуалэбзум яхъуауэ срихьэлIащ — ху напIэм ху исыжакъым. Сытым хуэпхь хъуну ар?
- — Ари зи пщысэр ди ужь къихъуэнухэ-ращ: щIым и IэфIыр щIэкIынущ; хасэнущ икIи кърахьэлIэжынущ, ауэ яхурикъунукъым.
- — Ебланэ жэщым сызэпщIыхьаращ: зекIуэ сежьауэ гъуэгум сыщепсыхри, си щIакIуэр субгъуати, сышэсыжынщ щыжысIэм си щIакIуэм хъумпIэцIэдж къежауэ слъэгъуащ. Абы сыту пIэрэ къикIыр?
- — Ари ди пщысэкъым, ари ди ужь къихъуэнум я пщысэщ: ди ужькIэ къэкIуэну цIыхум хъумпIэцIэдж хуэдизщ я инагъынур.
- Ар жиIэри, тхьэгурымагъуэр и Iуэху иужь ихьэжащ, нартыжьри, зэхихар фIэтелъыджэлажьэу, къежьэжащ.
- Бжьахъуэм и къуэм и таурыхъыр
- Гъатхэр къихьэу уэфI щыхъум, нартхэ я бжьахъуэм и бжьэр дишри, тIуащIэм бжьахъуэ пщыIэ щыхисащ. ПщыIэр хисауэ бжьэр игъэхъуурэ, бжьахъуэм щIалэ къыхуалъхуащ. Гущэм хапхащ бжьахъуэм и къуэр. Хапха щхьэкIэ, щIалэщIэр гущэм яхухэлъакъым.
- — Си адэр, — жиIэри гущэпсыр къызэпичащ.
- — Уи адэр тIуащIэм дэсщ, бжьэ егъэхъу, — жраIащ щIалэм.
- Гущэм къафIыхэкIри, жыхафэгум къытеуващ щIалэм и къуэр.
- — ТIуащIэм сыкIуэнурэ си адэр слъагъунущ, — жиIащ абы.
- ТIуащIэм ежьауэ гъуэгу здытетым, бжьахъуэм и къуэм шууищ кърихьэлIащ.
- — Уий, мыр зэрыцIыкIунитIэ, нэщIэпкIэ хуэдизи узэрыхъур! — къыщыдыхьэшхащ шууищыр. — Дэнэ уежьа?
- — Сэ сыздежьам сыт хувиIуэху, — жиIащ бжьахъуэм и къуэм. — Фэ фыздежьар къызжефIэ.
- — Шы дыгъу докIуэ, гъусэ укъытхуэхъумэ, уздэтшэнщ, — къыдэгушыIащ шууищыр.
- — Сыфхуэхъунщ, — жиIащ бжьахъуэм и къуэм. — Сыздэфшэ.
- Бжьахъуэм и къуэр ягъэкIэсри здрахьэжьащ. ЗдэкIуэм, уэтэр ирихьэлIащ. Iуэм вы итти:
- — Iуэм ихьи, зыв къиху, — жраIащ шууищым бжьахъуэм и къуэм. — Выр дукIынщи, лэгъупыIэмпIэ зэфIэддзэнщ — дыгъуэмылэншэщ.
- Бжьахъуэм и къуэр Iуэм ихьэри, шууищым къегуоуащ:
- — Iуэм нисхунур вы къуэ-лэн, вы джабэху, вы джэмыдэ, вы уэгуш? — жиIэри.
- — УмыкIий, дыкъебгъэщIэнущ! — гузэващ шууищыр.- Сытми, зыв къихуи, Iуэм къикI.
- Бжьахъуэм и къуэм Iуэм зыв кърихури, шууищыр мэзым щIыхьащ, хуейм ихьэри выр яукIащ, лэгъупыIэмпIэ зэфIадзэри, лыр халъхьащ. Псыр къыщытекъуалъэм, бжьахъуэм и къуэр лэгъупым хэпкIащ. Шууищым гу лъатакъым бжьахъуэм и къуэр зэрыхэпкIам.
- — Си пэр ес, си нэр ес! — къыхэкIиикIащ бжьахъуэм и къуэр лэпсым, и щхьэр къыхигъэжри.
- Къэхъуар къагурыIуа-къым шууищым: зэрыгъащтэри мэзым щIэлъэдэжащ, яшхэр къагъанэри.
- Бжьахъуэм и къуэр лэпсым къыхэлъыжащ, лыр вати, лэгъупыр и дамэм фIидзащ, зыш къэшэсщ, шитIыр IумпIэкIэ иубыдри къежьэжащ.
- КъакIуэм-къалъэурэ, нартхэ я шыбзыхъуэм ирихьэлIащ бжьахъуэм и къуэр.
- — Уанэкъуапэм укъыкъуэщыркъым, дэнэ укъикIрэ, дэнэ укIуэрэ? Шыри дэнэ къипха? — къеупщIащ нартхэ я шыбзыхъуэр абы.
- — Нарт Сосрыкъуэ шыбз гуартэ къихуауэ егуэш, къыслъысыр къыхэсхуащ,- жиIащ бжьахъуэм и къуэм.- УхокIыж.
- — Iэгъу! — жиIэри, шыбзыхъуэр ежэжьащ. Шыбзыхъуэр щежажьэм, бжьахъуэм и къуэм нартхэ я шыбзыхъуэм и шыбз гуартэр кърихужьэри къежьэжащ.
- КъакIуэм-къалъэурэ, нартхэ я выхъуэм къыIущIащ.
- — Шыбзыр дэнэ къипхурэ? — къеупщIащ нартхэ я выхъуэр.
- — Нарт Бэдынокъуэ шыбз гуартэ къихуауэ егуэш, къыслъысыр къыхэсхуащ, — жиIащ бжьахъуэм и къуэм. — УхокIыж.
- — Iэгъу! — жиIэри, выхъуэр ежэжьащ. Выхъуэр щежажьэм, бжьахъуэм и къуэм вы хъушэр къызэщIикъуэри, и гъуэгу теувэжащ.
- КъакIуэм-къалъэурэ, нартхэ я мэлыхъуэм Iууащ.
- — Шыбзри вы хъушэри дэ-нэ къипхурэ? — къеупщIащ абы мэлыхъуэр.
- — Нарт Ашэмэз шырэ вырэ къихуауэ егуэш, къыслъысыр къыхэсхуащ, — жиIащ бжьахъуэм и къуэм.- УхокIыж.
- — Iэгъу! — жиIэри, мэлыхъуэр ежэжьащ. Мэлыхъуэр щежажьэм, шыбзымрэ вымрэ мэл хъушэри къы-щIигъури, бжьахъуэм и къуэр къежьэжащ. И адэм деж нэсри:
- — Шыи, выи, мэли къыпхуэсхуащ, — жриIащ.
- — Уэ езыр хэт ухъуну? — къеупщIащ бжьахъуэр, шхуэмылакIэмрэ лъэрыгъымрэ иубыдри.
- — Нартхэ я бжьахъуэм срикъуэщ, — жиIащ модрейм, къепсыхри. — Бжьэр къыдэпшауэ сыкъалъхуащ. БжьэркъэпщIмэ, пIэщIэкIынкIэсышынэрти, сыкъыпкIэлъыдэкIащ.
- ЖыIэгъуэхэр
- Япэ уимыщмэ, ущыным уеукI
- Биижь благъэ хъуркъым, благъэжь бий хъуркъым.
- Бийм и пIалъэр ущыIущIэщ.
- Бийм ущысхьмэ, уIэгъэ уохъу.
- Бийр къыпщытхъурей хъумэ, умыбэлэрыгъ.
- Джатэ и щIагъ нанэ щыIэжкъым.
- Дзэм лей хэткъым.
- Жьэр щхьэм и лIыкIуэщ.
- Жэщ къыптехъуауэ уемы-жьэ, нэху къыптещауэ уемыкIуэлIэж.
- Зи пIалъэ умыщIэ шыкIэ утыку уимыхьэ.
- Зы лIым щэ уигъапцIэмэ, уделэщ, зы мащэм щэ уихуэмэ, унэфщ.
- ЛIэным лIыгъэ хэлъщ.
- ЛIы здашэ щIэупщIэркъым.
- ЛIы и махуэрэ шы и махуэрэ зэхуэдэкъым.
- ЛIы и пIалъэ епцIыжыркъым.
- ЛIы и псалъэ епцIыжыркъым.
- ЛIы Iэщэншэ еуэркъым.
- ЛIыгъэ зиIэм Iэщэр ейщ.
- ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым.
- ЛIыхъужь и лъэужь кIуэдыркъым.
- ЛIыхъужьым и джатэ бзэщхъуркъым.
- ЛIыхъужьыр зэ лIэгъуэщи, къэрабгъэр тIэу лIэгъуэщ.
- Махуэ гъуэгу утехьэмэ, махуищ гъуэмылэ здэщтэ.
- Удэхуэха нэужь, бгъуэтыжыр ныбжьэгъущ.
- Уи гъунэгъур бзаджэмэ, щIы хущынэ.
- Уи мыгъусэм уи лъатэпс иумыгъапхэ.
- Хьэ закъуэрэ лIы закъуэрэ уатемыгушхуэ.
- Щауэмыхъу жьантIакIуэщ.
- ЩытхъукIейрэ убыкIейрэ зэхуэдэщ.
- ЩIакIуэ нэхърэ, уэшх нэхъ благъэщ.
- Ялъагъу псор яIуэтэжыркъым.
- Ямыгъэпсалъэ яукIыркъым.
- Япэ уимыщмэ, ущыным уеукI.
- Япэ умыуэ, къоуэм ущымысхь.
- Iэщэ зыгъэдалъэм илъ япэ мажэ.
- Сыт апхуэдэу щIыжаIэр?
- Жьындум и фыз къэшэкIэщ
- Жьындум махуэ къэс фыз къишэрт. Пщэдджыжьым къишэрт, пщыхьэщхьэ зэрыхъуу: «Мыбдежым си щхьэр щылъы-нущ, мыбдежым си лъакъуэр щылъынущ, мыбдежым си дамэр щылъынущ, уэ дэнэ деж уздэзгъэгъуэлъынур?» — жиIэрти, ирихужырт. «Жьындум и фыз къэшэкIэщ» жыхуаIэ псэлъафэр абы къытекIащ. Фыз къэзышэрейм хужаIэ.
- Къэзылъэфри зылъэфыжри
- пщIэнукъым
- Хъуэжэ и выгъашхэр ядыгъуауэ нэху къекIащ. И гъунэгъур дыгъуакIуэжьти, выгъашхэр абы зэрыфIэмыкIар Хъуэжэм къищIащ.
- Пщэдджыжьым и гъунэгъум деж екIуэкIри, пщIантIэм дэсIауэ щимыгъуэтым, и выгъашхэри щимыгъуэтыжым, я адакъэжьыр къихьри фызым и пащхьэ иридзащ.
- — Мэ, ди выгъашхэр зыдыгъуам я адакъэжьыр къэздыгъужащ. Къэзылъэфри зылъэфыжри пщIэнукъым, — жиIэри.
- А псэлъафэр абы къытекIащ.
- Дамэкъуэр иплъхьэху сыгъэжей
- Зыгуэрыр щIымахуэ жэщым къэтэджурэ мэкъушэ кIуэрт, щIалэщIэ и гъусэти, абы жеигъуэ иритыртэкъым. Жэщ гуэрым щIалэр хэкIуэтауэ джэгум къикIыжащ, бжьынэм вэнвей хуабэ ириупцIэри, гъуэлъыжащ. Нэху щыщым, лIыр щIалэм еджащ:
- — Тэдж, дыгуващ! — жиIэри.
- — КхъыIэ, дамэкъуэр иплъхьэху сыгъэжей, нэгъуэщI мыхъуми, — жиIащ щIалэм.
- ЛIыр щIэкIри, дамэкъуэр ирилъхьэну щыхуежьэм, бжьынэм вэнвейр ищтыхьат. ЛIым псы игъэхуабэу, абыкIэ вэнвейр къригъэвыкIыжу, дамэкъуэр ирилъхьэу выр щIищIэху, щIалэр жеящ, нэхуи щащ.
- Къуэшрокъуэ
- пIащIэри, унакъым
- Гъэмахуэр икIауэ Iэщыхъуэхэр Къущхьэхъум къыдэкIыжын щыхъум, щIыпIэм и пIалъэ зыщIэ Iэщыхъуэ нэхъыжьым дунейр къызэрызэIыхьэнур жиIащ, уафэм и нэгу щIэлъыр щIэкIыху, Iэщхэр кърамыгъэжьэжу заIэжьэну уна-фэ ящIащ. Къуэшрокъуэ мэлыхъуэ пщыIэ гуэрым и нэхъыжьт. Ар а унафэм емыдаIуэу пIащIэри, и мэлыхъуэ пщыIэр къригъэжьэжащ. Гъуэгум борэн къыщытехъуэри, Къуэшрокъуэм и мэл хъушэр уаем иукIащ.
- «Къуэшрокъуэ пIащIэри, унакъым» жыхуаIэ псалъэжьыр абы къытекIащ.
- Мо нартыхур къызэрыфэ…
- ЛIыжьыр щIалэхэм яхэсу бжыхь джабэм здыкIэрысым, плъэри зы шу къакIуэу илъэгъуащ. ЛIыр зы- тес шыр лъэрытемыту къафэрт. ЛIыжьым ар щилъагъум, жиIащ:
- — Мо нартыхур къызэрыфэ…
- ЩIалэхэр плъэри, нартыху ялъэгъуакъым, а шы дэгъуэр къызэрыфэми гу лъатакъым.
- — Дадэр хэпсэлъыхь хъуащ, тхьэмыщкIэ, — жиIэри зым адрейм жриIащ, и жагъуэ хъууэ.
- ЛIыжьым ар зэхихри:
- — Уэращ, хьэм хуэдэ, хэпсэлъыхьыр. Мо къафу къакIуэ шыр къэзыгъафэр нартыхущ, — жиIащ.
- Ахъмэт и фо изщ
- АхъмэтыбгкIэ еджэу бгы лъагэ, бгъуэнщIагъ зищIыжу, Къущхьэхъу адкIэжкIэ зы щIыпIэ щыIэщ. А бгышхуэм и джабэм апхуэдизкIэ куэду бжьэр изти, абы ящI фор гъэми щIыми бгы гъуанэхэм къитIэтIырт. Ауэ, а бгыр апхуэдизкIэ лъагэщи, фор къипхыну зы дуней Iэмал хуэбгъуэтыркъым: и лъабжьэмкIэ ущежьэу удэкIыфыркъым, и щхьэмкIэ укъыщежьэу кIапсэшхуэкIэ укъехыфыркъым, бгыр хуэбгъуэнщIагъыу щытщи. Ахъмэт и фо изщ, жаIэ, уплъэрэ плъагъуу, ауэ улъэмыIэсыфу щытмэ.
- Уи япэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуозэж
- Зы фыз гуэрым зы къуэ иIэт. А къуэ закъуэм къиша нысащIэр узижагъуэну бзаджэ Iейт. Дунейм трилъагъуэ хъуртэкъым и гуащэр. Фызыжьыр сымаджэ хъуауэ хэлъу и нысэм елъэIуащ:
- — КхъыIэ, нысэ, зы джэд тхуэукIи дыгъэшх, — жиIэри.
- ЦIыхубзым джэд фIимыгъэжу, джэду фIегъэжри фызыжьыр егъалIэ.
- Езы цIыхубзми зы къуэ закъуэ иIэт. Ауэ абы къиша фызыр цIыхуфIт. Езыр сымаджэ хъуауэ хэлъу и нысэм йолъэIу зы джэд фIигъэжу унагъуэм яригъэшхыну.
- ЦIыхубзыр джэдэщым щIыхьэу, лъэуейм тес джэдым зэреIусэу, джэду хъурт.
- — Сыт, нысэ, щIытхуфIумыгъэжыр джэд? — жиIэу фызыжьыр щыщIэупщIэм,
- — Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ, сщIэнури зыхуэсхьынури сымы-щIэ, джэдым сызэреIусэу джэду мэхъу, — жиIащ нысащIэм, гузавэу.
- Фызыжьым къыгурыIуащ и дунейм и кIэр къызэрысар, зэгуэр езыми ищIар къызэрыщIэзэрыхьыжыр.
- — АтIэ, сыт тщIэн, нысэ, фIэгъэж джэдур, — жиIэри апхуэдэу фIригъэгъэжащ. ИкIикуэддэмыкIыуидунеймехыжащ.
- Гъэсэпэтхыдэхэр
- Насып
- ЩыIащ-псэуащ зы унагъуэ гуэр. А унагъуэм я нэхъыжьыр жьыры- тэджт. Пщэдджыжь къэс жьыуэ къыщIэкIырти, пщIантIэм Iэуэлъауэу, Iуэху ищIэу дэтт.
- ЩIымахуэ пщэдджыжь гуэрым жьыуэ къыщIэкIауэ пщIантIэм лъагъуэ дэкIыу лIым къилъэгъуащ.
- — Сыту пIэрэ мыр зи лъагъуэр? Лъэужьым тету сыкIуэнщи, зыщыщыр къэсщIэнщ, — жиIэри лъагъуэм тету ежьащ.
- Бжьэпэм нэсри, лъагъуэр къэувыIащ. Лъым макъ къызэхех:
- — Сэ слъэгъуащ си ужь уиту укъызэрыкIуар. Куэд щIауэ фи унагъуэм сыкIэлъоплъ. УцIыху лэжьакIуэшхуэщ. Сэ сынасыпщ. ЖыIэ сыт ухуей, узыхуей гуэр пхуэсщIэнущ, — жиIащ насыпым.
- — Арамэ, си закъуэкIэ бжесIэфынкъым, си унагъуэм сечэнджэщыжынщи, хъыбар уэстыжынщ, — пидзыжащ насыпым лIым.
- — Хъунщ, сэ мыбдеж сыныщожьэнщ, — жэуап къитащ насыпым. — Пщэдей иджыпсту хуэдэ зэманым мыбдеж къыIухьэж.
- ЛIыр унэм щIэсхэм яхыхьэж-ри, Iуэхур зыIутыр яжриIащ. Хэт жэм куэд жиIэрт, хэти шы куэдкIэ елъэIу жиIэрт.
- ЛIым иджыри темыхьауэ унагъуэм нысащIэ цIыкIу яIэти, абы деж кIуэуэ насыпым зэрелъэIу хъунур жрагъэIэну игъэкIуащ. НысащIэм щеупщIым:
- — Шы куэди, жэм куэди дыхуейкъым. Ди унагъуэм зэгурыIуэ илъу дыпсэумэ, абы нэхърэ нэхъыфI щыIэу къысщыхъуркъым. ДызэгурыIуэмэ, шыри жэмри дгъуэ-тынщ. ИрелъэIу зэгурыIуэ ди унагъуэ кърилъхьэну, — жиIащ.
- ЛIым нысэм и жэуапыр гурыхь щыхъуащ. ЕтIуанэ махуэм щыжиIа зэманым насыпыр къыщыпэплъэ щIыпIэм деж кIуащ.
- — Шыи жэми жысIэркъым, зэгурыIуэ ди унэм илъу дыпсэуну дыхуейуэ аращ, — жиIащ лIым.
- — Арамэ, насыпыр зыхуэфащэр фэращ, — жиIащ абы.
- А унагъуэм абдеж къыщежьэри, зэи хьэргъэшыргъэ къихьакъым, зэгурыIуэ-зэдэIуэжхэу, тхъэуэ псэухэу куэдрэ дунейм тетащ.
- «Жьыуэ къэтэджауэ щIегъуэжа щыIэкъым», жаIэ. ЦIыхур зэрыпсэун, зэрефIэкIуэн Iуэхущ зэрихуэри, жьыуэ къэтэджым и Iуэхур бзэпсу йокIри, и насыпри хуарзэу щхьэщытщ.
- Афэ джанэ
- Еуэщ-еIэри, зэлIзэфыз псэурт. А тIум зыпхъу яIэт. Ар апхуэдизкIэ дахэти, абы зэ Iуплъам лъагъуныгъэшхуэ и гум щигъэтIылъырт. Зэгуэрым а хъыджэбзым я унэм афэ джанэ къыщигъуэтащ. Къыщигъуэтым, и анэм деж ихьри еупщIащ:
- — Мыр сыт зищIысыр, хэт зейр? — жиIэри.
- — Си хъыджэбз, мыр афэ джанэщ. Ар уэ къыщыбгъуэтакIэ, хабзэжьым тету зыщытIагъи, уи насып къэплъыхъуэу ежьэж, — жриIащ анэм и пхъум.
- Хъыджэбзым афэ джанэр щитIагъэри, и анэм зэрыжиIам хуэдэу ежьащ. Гъуэгум тету здэкIуэм ар хуэ- защ зы цIыхубз гуэрым. А цIыхубзым, къэпсалъэри:
- — Си пхъур, си пхъур къэзгъуэтыжащ. Мыпхуэдэ афэ джанэ сэр нэмыщI зиIэр зы унагъуэщ, Iэмалыншагъэ-кIэ хыфIэздза си пхъур иджыри къыздэсым схуапIащ а унагъуэм, — зэкIэлъигъэпIащIэурэ жиIащ.
- ЦIыхубзым хъыджэбзым и Iэблэр иубыдри, я унэм ишащ. Ар абы дахэ дыдэу ихуапэри, цIыхухэм яхишэу хуежьащ. ЦIыхубзым хъыджэбзыр щигъашхэкIэ, пIастэм вэгъу темылъу, лым къупщхьэ хэмылъут зэригъашхэр. Сытми, медан хуэдизкIи теплъэкъукIыртэкъым.
- Зы махуэ гуэрым хъыджэбзыр унэм къыщIинэри, цIыхубзыр гъунэгъум екIуэкIащ. Хъыджэбзым унэр зэлъыIуихри, и анэм ежьэу щхьэгъубжэ Iухам IутIысхьащ. Щхьэгъубжэм здыIусым Iурихри, мо и жьэ зэтехам щхьэгъубжэмкIэ къыдэпщри блэ жьэдэпщхьащ. Блэм зигъэхъеймэ, хъыджэбзыр и акъылым икIырт, зимыгъэхъеймэ, зэрыщытауэ хъужырт. Апхуэдэурэ куэд кIуа, мащIэ кIуа, къуажэм дэс фызыжь губзыгъэ гуэрым цIыхуб-зым къыжриIащ хъыджэбзым афэр щригъэхыжу псым зыщригъэгъэпскIыжыну. ЗэрыжаIам тету, хъыджэбзым афэр зыщихыжри, зигъэпскIыжыну псым хыхьащ, зэрыхыхьэуи абы къыхэкIа блэр и жьэм къыжьэдэкIыжри хыхьэжащ. Абдеж щегъэжьауэ хъыджэбзым афэ джанэр щитIэгъакъым, унагъуэ хъуа нэужь, и бынхэми щаригъэтIэгъакъым, щIыпIэ пхыдза гуэрым ихьри щыщIитIэжащ, насып лъыхъуэ нэгъуэщI гуэрым кърегъуэт, жиIэри.
- «Насыпым еблэкъым, еижкъым», жаIэ. Насып зыгъуэтар абы емыблэжыныр, ар нэгъуэщIым къызэригъуэтыным щIэхъуэпсыныр езыр насыпщ. Насыпыр умеймэ, афэ джанэ хуэдэщ, пкIэрызэгъэнукъым.