ЩIэныгъэлI щыпкъэ
2021-06-02
- Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Блий Станислав иджыблагъэ илъэс 70 ирикъуащ.
- Ди республикэми адрей щIыналъэхэми ар къызэрыщацIыхур ехъулIэныгъэфIхэр къэзыгъэлъагъуэ егъэджакIуэ-щIэныгъэ-лIущ, мэкъумэш производ-ствэм и къызэгъэпэщакIуэ Iэзэущ. Курыт еджапIэм иджыри щIэсу, Станислав игу ирилъхьат агроном IэщIагъэр зригъэгъуэту, и гъащIэмрэ и гуащIэдэкIымрэ щIым ирипхыну.
- — Агрономие щIэныгъэм сэ къысхузэIуихащ псэуныгъэм пыщIа Iуэхугъуэхэм гъуни-нэзи зэрамыIэр, — игу къегъэкIыж профессор Блий Станислав. — КъэщIыгъэм и хабзэ телъыджэхэм ящыщ куэдыр сэркIэ нэхъ зэхэщIыкIыгъуэ хъуащ, гъавэр берычэту къехьэлIэжыным гуфIэгъуэу пылъымрэ ар гухэхъуэгъуэ ину зэ- рыщытымрэ гурэ-псэкIэ нэхъ зыхэсщIэуи щIэздзащ. КъызгурыIуащ си IэщIагъэм и фIыгъэкIэ цIыхухэм сэбэпынагъэу езгъэкIыфынур зыхуэдизыр, аращ сэ а щIэныгъэм нэхъ гъунэгъу сыхуэзыщIари.
- Блий Станислав мэкъумэш хозяйствэм пыщIа IуэхущIапIэхэм, псори зэхэту, илъэс 35-кIэ щылэжьащ, иужьрей лъэхъэнэм «Россельхозцентр»-м (Урысей мэкъумэш центрым) Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщIу щытащ.
- Езы Блийм къызэрыхи-гъэщымкIэ, зыпэрыта IэнатIэхэм я Iэтащхьэу зэрыщытар хуабжьу къыхуэщхьэ-пащ республикэм и мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьыным хуэгъэзауэ иригъэкIуэкIа и къэхутэныгъэхэм щехъулIэнымкIи, абыхэм тету зэхигъэува унэтIыныгъэхэр, зэран къыхуэхъу щымыIэу, и чэзум пхигъэкIынымкIи.
- Телъыджэр аращи, Блийм фIыуэ илъагъуркъым икIи фIэкъабылкъым зытегушхуа и IуэхущIафэхэр зэрегъэкIуэкIын хуейм хуэгъэзауэ езым игу ирилъхьахэм нэгъуэщI гуэрхэр, зэрагъэзэхуэж хуэдэу, къыхэIэбэуи, зыщIэмылъэIуа чэнджэщ лейхэр кърахьэлIэуи, апхуэдэхэр къызэрилъытэри куэдрэ зэгупсысу зытегушхуа унэтIыныгъэхэм лъэпощхьэпоущIэхэр къыдэу-нэхуущ.
- Станислав зи гугъу тщIа и егупсысыкIэр къызыхихари гурыIуэгъуэщ: зыпэрыува Iуэхум фIыуэ зэрыхищIыкIыр, абы ипкъ иткIи зэрызахуэр зыхэзыщIэ, къыхигъэбелджылыкIа унэтIыныгъэр псом нэхърэ нэхъ зэгъыу зэрыщытыр зи фIэщ хъужа цIыхуу, икIэм-икIэжым, къызэрыщIидзыжырщ. ЖытIэ хъунущ апхуэдэ и Iуэху еплъыкIэр езы Блийм, и нэхъыбапIэм, сэбэп къыхуэхъужауэ, нэгъуэщIхэм я дэIэпыкъуныгъи, щIэгъэкъуэни, чэнджэщ леи щымыгугъыу, зыхуигъэувыжа и къалэнхэр и чэзум зэфIигъэкIыжыфу къызэрекIуэкIар къэтлъытэмэ…
- А псом къадэкIуэуи, Блий Станислав ящыщщ езым нэхърэ нэхъыжьыIуэхэу мэкъумэш лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкIхэм къыжраIахэми, Iуэхум ехьэлIауэ республикэм и унафэщIхэм къыхуагъэлъэгъуа я бгъэдыхьэкIэхэми и чэзум щIэ-дэIуфа, хуей хъумэ, еувэлIэ-фа щIэныгъэлIхэм. Дауи, гъащIэм зэрыдекIуэкI апхуэдэ и хьэл-щэнми пщIэ къыхуимыхьынкIэ Iэмал иIакъым Станислав.
- Блийр халъытэ щIэны-гъэм и унэтIыныгъэу къыхихам лъэбакъуэ узыншэ хэзычахэм, ехъулIэныгъэфIхэр къыщызыгъэлъэгъуахэм. Кандидат, кIэлъыкIуэу доктор диссертацэхэр щигъэхьэзырым, ар яхуэзауэ щытат мэкъумэш щIэныгъэм фIыуэ хэзыщIыкI еджагъэшхуэ зыбжанэм, икIи дэтхэнэм и дежи къыщигъуэтат иужькIэ езым иригъэкIуэкIыжа и къэхутэныгъэхэм къыщыхуэщхьэ-па Iэзагъэ-Iущыгъэхэр. Къыхэдгъэщ зэрыхъунумкIи, Станислав ящыщкъым апхуэдэ лIы щэджащэхэм я фIыщIэ зыгъэкIуэдхэм.
- Блийм зэи щыгъупщэнукъым щIэныгъэм, апхуэдэуи къэхутэныгъэ лэжьыгъэм лъагъуэ щыпхишынымкIэ зи сэбэп лъэщу къекIа, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректору щыта, профессор КIэрэф Къамболэт. А еджагъэшхуэ гъуэзэджэм и гъэсэн щIалэщIэм сыт щыгъуи и нэIэ къытригъэтащ. Станислав зэи игу ихужынукъым КIэрэфым и адэ гулъытэр.
- Блийр сыт щыгъуи пщIэшхуэ яхуищIу къекIуэкIащ республикэм зегъэужьыным гуащIэшхуэ хэзылъхьа ди унафэщIхэм. Станислав илъэс куэдкIэ ядэлэжьащ зи жыIэ щIэту зыдекIуэкIа Дохъущокъуэ Мусэ, Мамхэгъ Михаил, КIуэкIуэ Валерий, Сэхъу Владимир сымэ, уеблэмэ, языныкъуэхэр ныбжьэгъуфIи къыхуэхъуат. ИщхьэкIи зэрыщыжытIащи, езы Блийми сыт щыгъуи езым и еплъыкIэ иIэжт икIи ар пхигъэкIыфырт. Дауи, щIэныгъэлIым ар сытым дежи тыншу къехъулIэртэкъым. ИтIани, ар а хабзэм зэи къытекIакъым.
- Блийм фIэгуемыIущ икIи игу зэрыримыхьыр хуэгъэпщкIуркъым цIыхухэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэхэм иужьрей илъэсхэм къыдэхъуэ хъуа щIыIагъэ-псыIагъэм зиужьу зэрыхуежьари, апхуэдэуи, нэгъуэщIхэм я гукъеуэхэр кърамыдзэрэ япэ ищахэми ефыгъуэу, сыт хуэдэ IэмалкIи я щхьэ Iуэхухэр пхагъэкIы-ным нэхъ хущIэкъу зэрыхъуари. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, езым и лъэхъэнэм зэрыщытар нэгъуэщIущ: и щIалэгъуэм хиубыдахэми нэхъыжьыIуэхэми сыт щыгъуи япэ ирагъэщыр я ныбжьэгъухэм, къабгъурытхэм я ехъулIэ-ныгъэхэр даIэтыныр арат.
- Блийр дапщэщи къэгъуэгурыкIуащ и щIэныгъэ къэхутэныгъэхэмрэ зыпэрыта IэнатIэхэм щигъэзэщIа и пщэрылъхэмрэ сыт и щIыскIи зэдригъэкIуу.
- Станислав иджыри ядолажьэ мэкъумэш еджапIэ нэхъыщхьэ зыбжанэм, диссертацэ советхэм, жыджэрагъ нэс къыщигъэлъагъуэу, хэтщ. Ар дэIэпыкъуурэ цIыхуибгъу щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ.
- Блийм игъэхъахэр, иригъэкIуэкIа и къэхутэныгъэхэр лъэужьыншэ хъуакъым: абы Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и ЩIыхь тхылъыр, УФ-м и Правительствэм и ФIыщIэ тхылъыр къратащ. Апхуэдэу Станислав зэрехьэ Уры-сейм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къыхуигъэфэща Дыщэ медалыр. Абы къыдэкIуэуи, ар ЩIДАА-м и академикщ, Къэрал зэхуаку промышленнэ академием щIыхь зиIэ и профессорщ.
- Илъэс блэкIахэм щариплъэжкIэ, Станислав и гуа-пэу жеIэ ди Тхьэшхуэр ныбжьэгъуфIхэмрэ лэжьэгъуэфIхэмкIэ къызэры-хуэупсар. Ар насыпыфIэу дэпсэуащ иджыблагъэ дунейм ехыжа Иринэ… Иджы и гъащIэр зыгъэдахэр и бынхэмрэ абыхэм къащIэхъуэжа я щIэблэмрэщ, а псоми я ефIэкIуэныгъэрщ, я ехъулIэныгъэрщ.
- И ныбжьыр илъэс 70 ирикъуами, Станислав, зэрыжытIащи, иджыри жыджэрщ, мурадхэр и куэдщ. Нэхъыщхьэр аращи, Блий Станислав сыт щыгъуи хьэзырщ и дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ псоми, зэрыхузэфIэкIкIэ, защIигъэкъуэну.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.