ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ пшынэр Белгород къалэм щагъэбзэрабзэ

2021-06-02

  • Белгород къалэм дэт къэрал филармонием иджыблагъэ щекIуэкIащ лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэ оркестрхэм я зэгухьэныгъэм и жьауэм щIэту къызэрагъэпэща, урыс макъамэ Iэмэпсымэ оркестрхэм я V Дирижёр пэкIур.

  • Абы щызэхаша концертышхуэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и институтым и доцент, урыс макъамэ Iэмэпсымэхэм я оркестрым и дирижёр, дунейпсо макъамэ зэхьэзэхуэхэм я лауреат Лопатин Владимиррэ доцент, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артист, дунейпсо макъамэ зэхьэзэхуэхэм я лауреат Малкаров Муратрэ. Абыхэм ягъэзэщIащ пшынэр зыщIыгъу оркестрым щхьэкIэ Бекеров Рашид итха, «Кавказ гурыщIэхэр» зыфIища пьесэр.
  • Мыгъэрей «Дирижёр пэкIур» урыс оркестрым и къызэгъэпэщакIуэу щыта Андреев Василий къызэралъхурэ илъэси 160-рэ щрикъум траухуат. Абы кърихьэлIащ Урысеймрэ Белорусиемрэ къикIа дирижёр щэщIым щIигъу, абы къищынэмыщIауэ, концертым хэтащ макъамэ Iэмэпсымэ оркестрхэм я унафэщIхэри, макъамэгъэIухэри, макъамэтххэри.
  • «Дирижёр пэкIум» хэту «Лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр: гъэзэщIэкIэ хабзэхэр, гъэзэщIакIуэхэр, дирижёр унэтIыкIэхэр» зыфIаща щIэныгъэ зэхуэсри екIуэкIащ. Абы ипкъ иткIэ Iэнэ хъурейхэр зэхашащ, мастер-классхэр ирагъэкIуэкIащ, зэIущIэхэмрэ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэ IэщIагъэлIхэм я зэхуэсхэмрэ зэхэтащ. ЩIэнIуатэм къыщаIэтащ Урысейм и щIыналъэхэм ис лъэпкъхэм я макъамэ Iэмэпсымэхэри утыкушхуэм ихьэн, абыхэм я зыужьыкIэ хъунум и щIэныгъэ-методикэ Iэмалхэр къэхутэн икIи гъащIэм хэпщэн зэрыхуейр.
  • Макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэ IэщIагъэлIхэм я зэхуэсым зыщагъэлъэгъуащ ди щIыналъэм икIа, адыгэ пшынэр зыгъэбзэрабзэ Малкаров Муратрэ къалмыкъ тIомпIырэм еуэ Щауэгъур Арслъэнрэ. Лъэпкъ пшыналъэхэм я щIэжьыуэр къызыщIэIукI макъамэхэр къызэхуэсахэм ягу зэрырихьар къыхэщу, ар зыгъэзэщIахэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтат.
  • ШУРДЫМ  Динэ.