Адыгэшым и ехъулIэныгъэщIэ
2021-05-28
- Италием хыхьэ Пизэ къалэм шыгъажэ кIыхьхэмкIэ дунейпсо чемпионат щекIуэкIащ накъыгъэм и 22-м. Шу 81-рэ щызэпеуа а зэхьэзэхуэм адыгэши зэрыхэтынум щыгъуазэ фытщIауэ щытащ.
- Урысейм икIыу чемпионатым шууитху екIуэлIат: Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу плIы (Зыхъуэ Замир, Сибэч Артур, Джатэ Щамил, Хъупсырджэн Залым), КъШР-м щыщу зы (Кубанов Рамин).
- ТекIуэныгъэм и хъыбарым пэплъэ ди щIэджыкIакIуэхэм ягу хигъэхъуэну къыщIэкIынкъым Урысейм икIа гупым шыгъажэм и кIэм нэс хэтыну Iэмал къазэрыхукъуэмыкIам. КъызэрыщIэкIымкIэ, шыгъажэ кIыхьхэм хабзэ ткIийхэр щызокIуэ: шым и узыншагъэр абы хуагъэува мардэм нэмысу щытмэ, шур зэпеуэм хагъэкI. ГурыIуэгъуэкъэ апхуэдэ гъуэгуанэ кIыхь зэпызыча, игъащIэм здэщымыIа щIыпIэм къыщыхута адыгэшхэр щытыкIэм я нэхъыфIым зэримытар?! ИтIани, Европэм нэхъ лъагэ дыдэу къыщалъытэ зэхьэзэхуэм хэтын хуэдизу а шыхэр зыгъэхьэзырахэм фIыщIэ яхуэтщIыпхъэщ, езыхэри дгъэлъэпIапхъэщ. ЛъэпкъыцIэр зезыхьэ псэущхьэр дунейпсо утыку ирашэн папщIэ я къарурэ я мылъкурэ щымысхьа, «Адыгэшым и фондым» къедзауэ лажьэ щIалэхэм лIыгъэшхуэ къызэрызэкъуахам, цIыхубэм абыхэм я щIыхуэ зэрыттелъым шэч закъуи хэлъкъым.
- ГуIэфIтещIэжу къэдвгъэлъытэ зи гугъу тщIы зэпеуэм хэта, Белоруссием щыщ шууей бзылъхугъэ Мороз Алёнэ (зэхьэзэхуэм хыхьэну Iэмал езытар «Адыгэшым и фондырщ») чемпионатым и Iыхьихми зэрыхэтар, шыгъажэм и кIэм зэрынэсар. Белорус цIыхубзым и адыгэшыр, Амырхъан цIэр зезыхьэр, шыгъажэм зэдыхыхьа шу 74-м я 26-нэу къэсащ.
- «ИгъащIэм сымылъэгъуа цIыхухэр зыкъыспащIэурэ къызохъуэхъу, ар пхуэмыIуэтэну си гуапэщ. Егъэлеяуэ срогушхуэ адыгэш сызэрытесым. Мыбдежым щIэгъэкъуэн къыщысхуэхъуа, къыздэщIа щIалэхэми фIыщIэ яхузощI», — жиIащ Алёнэ шыгъажэм и кIэм щынэсам. «Нэсри къэсыжауэ уадыгэлIщ, Алёнэ! Амырхъан хуэсакъ! Дыкъыдэпхыжащ!» — гуапэу хуатх Алёнэ и ехъулIэныгъэхэм игъэгушхуа щIалэгъуалэм. Уигу хэзыгъахъуэ Iуэхугъуэщ ди шухэм ядэщIыну Италием щыщ адыгэ унагъуэ Сан-Россоре шыгъэжапIэм къызэрекIуэлIари.
- Чемпионатыр зэриухам и гугъу тщIымэ, япэ увыпIитIыр Эмират Зэгуэтхэм щыщ щIалэхэм къахьащ: япэр — Салем Аль-Китби, етIуанэр — Мансур Аль-Фарези. Щежьа щIыпIэм я Iэпэр зэрыIыгъыу ахэр къыIухьэжащ. Ещанэ увыпIэр Чилим щыщ Бони Виадэ де Виверэ къихьащ. Ар а къэралым шыгъажэ IуэхукIэ и япэ ехъулIэныгъэщ. Гуп зэпеуэр и кIэм нэзыхьэсыфа къэралищым япэ увыпIэр Испанием, етIуанэр — Бразилием щыщ гупым, ещанэр — Франджым къикIахэм иратащ.
- «ТекIуар зытекIуэжаращ», — жаIэ. Езыхэм я щхьэ япэ ирамыгъэщу, лъэпкъыцIэр зезыхьэ шым и хьэтыркIэ апхуэдиз ныбжьэгъу лъэпкъым къыхуащIу къекIуэлIэжа ди щIалэхэр зыIэтыпхъэ IуэхущIапIэ ди мащIэ хуэдэкъым. Ауэ зэкIэ адыгэшым и щхьэр къегъэIэтыжын Iуэхур уней жыпхэм къикIа мылъкукIэ фIэкIа зэфIэха хъуркъым. Уеблэмэ, зыхуей хуэзауэ шыхэм зыщрагъэукъуэдиин, зэманым лъэщIыхьэ шыгъэжапIэ диIэкъым. Аращи, дызэлэжьын, едгъэфIэкIуэн, дыщIыхущIэмыхьэн ди куэдщ.
- Накъыгъэм и 26-р шы зезыхуэ-хэм я махуэу жаIэ. Ар ди щхьэусыгъуэу дыхуейт Пизэ щекIуэкIа чемпионатым хэту къекIуэлIэжа ди щIалэхэр ехъулIэныгъэщIэхэм тедгъэгушхуэну, Сан-Россоре шыгъэжапIэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ди лъэпкъэгъухэр хэту зэрытлъэгъуа къудейм насыпыфIэ дызэрищIар ялъэдгъэIэсыну.
- МызыгъуэгукIэ хьэрыпыш гъэфIахэм далъэщIэмыхьами, псори дяпэкIэщ. Адыгэшым и фIыгъэкIэ цIыхуу зэуIуа хъуам я бжыгъэр жытIэм и щыхьэту къоув.
- ХьэпцIэ Iэуес.