Мэремыкъуэ Хъусен Билал и къуэр
2021-05-28
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ — куэдрэ сымэджа нэужь, и ныбжьыр илъэс 74-м иту дунейм ехыжащ КъБР-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ артист Мэремыкъуэ Хъусен Билал и къуэр.
- Хъусен Билал и къуэр Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм 1948 гъэм мазаем и 12-м къыщалъхуащ. Уэрэд жыIэн пасэу щIидзащ абы. Курыт школыр къызэриухам щыхьэт техъуэ тхылъыр къыIэрыхьэжа нэужь и мурадащ юридическэ факультетым IэщIагъэ щызригъэгъуэтыну, ауэ я школым и унафэщIым щIалэм чэнджэщ къритащ музыкэ училищэм щIэтIысхьэну. Артист IэщIагъэм хуеджэ щIалэм дзэ къулыкъур щрихьэкIащ Куйбышев дэт гарнизоным уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым. Абы къыдэкIуэу и еджэным щыпищэрт музыкэ училищэм пщыхьэщхьэкIэрэ студентхэм ядэлажьэ и къудамэм, самодеятельностым хэтхэм я щIыналъэ, республикэ зэпеуэхэм мызэ-мытIэу щытекIуащ. Еджэныр къиуха нэужь Къэрал музыкэ театрым щылажьэурэ абы радиом щригъэтхащ «Нанэ» композицэр (ЩоджэнцIыкIу Алий и усэм макъамэ щIилъхьэри).
- Мэремыкъуэ Хъу. Б. и гъащIэ псор я щапхъэ нэсщ дыщалъхуа республикэм хуэпэжыным, ифI зыхэлъхэм телэжьэным. Абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ цIыхубэ уэрэдым зегъэужьыным икIи творческэ лъэужьышхуэ къигъэнащ. И зэчиймрэ и акъылыфIагъымрэ я фIыгъэкIэ Кавказ Ищхъэрэм и щэнхабзэм и лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм я сатырым хуэфэщэн увыпIэ щиубыдащ.
- ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу Мэремыкъуэ Хъусен хъуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ цIэрыIуэ дыдэ артистхэм ящыщ. Псори зэхэту абы уэрэд 300-м щIигъу игъэзэщIащ, композитор цIэрыIуэхэу Къардэн Хьэсэн, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Балэ Мухьэдин, Жырыкъ Заур, Къэбэрдокъуэ Борис, Даур Аслъэн сымэ ятхауэ.
- Мэремыкъуэ Хъу. Б. жиIэу щытащ: «Щэнхабзэ зимыIэ лъэпкъыр лъэпкъкъым, икIи ар зэхьэлIар макъамэм и закъуэкъым».
- ЦIыху гуапэм, зэчиифIэм, псэ къабзэм и фэеплъ нэхур игъащIэкIэ дигу илъынщ.
- КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэ.