ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гупсысэ нэхухэр

2021-05-28

  • КъБКъУ-м и щIэныгъэ библиотекэм пшыхь гуапэ щекIуэкIащ. Абы щагъэлъэпIащ иджыблагъэ УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьа усакIуэ Нэгъуей Радимэ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБКъУ-м и библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэхэм.

  • Нэгъуей Радимэ и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдкIэ зэхыхьэр къызэIуаха нэужь, кърихьэлIахэр библиотекэм и лэжьакIуэ Къэмбэчокъуэ Альбинэ хигъэгъуэзащ ар пасэу усэ тхыным зэрыдихьэхам, и япэ усэ цIыкIухэр, Iуэтэжхэр, теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм и къэхъукъащIэхэм, япэ лъагъуныгъэм зэрытриу-хуам, иджыри еджапIэм щIэсу тхэн щIидзами, и тхыгъэхэр гъэпщкIуауэ, и ныбжьэгъу дыдэхэр, Iыхьлыхэр мыхъумэ нэгъуэщIхэм дзыхь яхуимыщIурэ зэрихьэу къызэрекIуэкIам.
  • 1980 гъэм Бахъсэн районым хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм и курыт еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Нэгъуей Радимэ щеджащ Ставрополь щыгъыным и зэхэлъыкIэм щыхуагъасэм. А IэщIагъэ дахэр зригъэгъуэтри Налшык и «Дом моды» IуэхущIапIэм технологыу щылэжьащ.
  • Къуажэ курыт еджапIэм щыщIэса зэманым Радимэ и егъэджакIуэу щытащ усакIуэ, тхакIуэ, уэрэдус, республикэм фIыуэ къыщацIыхуу щыта Джэдгъэф Хъусен. А цIыху щыпкъэрауэ жыпIэ хъунущ зи фIыгъэр Радимэ адыгэбзэр фIыуэ зэрилъэгъуар, усэ тхыным и псэр къызэрыхуэушар. Тхылъ щхьэхуэу къыдэкIыным ипэ къихуэу Нэгъуейм и усэхэр къытехуэурэ къекIуэкIащ ди республикэм и газетхэм, журналхэм, радиокIи телевиденэкIи къат.
  • ГъащIэр зэмыфэгъу Iэджэу зэрызэхэлъыр ди нэгу къыщIэзыгъэхьэ «Уэс Iэпэхъ» зыфIища и япэ тхылъыр Нэгъуейм къыщыдигъэкIар 2013 гъэрщ. Абы къыкIэлъыкIуащ «Лъэмыж хъыринэр». Зи гугъу тщIы тхылъхэм пэублэ псалъэхэр хуатхащ республикэм и усакIуэ цIэрыIуэхэм. «Япэ дыдэу сэ Радимэ и усэхэр сфIэгъэщIэгъуэн зыщIар зэрытхэ бзэрщ. Бахъсэн диалектыр щIэщыгъуэ сщызыщI литературэбзэ къабзэкIэ матхэ ар. Радимэ и усэхэм къыпхрощ дунейм и еплъыкIэ дахэр, цIыхур зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр, гъащIэр икъукIэ фIыуэ зэрилъагъур», — дыкъыщоджэ абыхэм.
  • Гупсысэ куукIэ гъэнщIа Радимэ и усыгъэр къуэпсыбэщ, плъыфэбэщ. Ахэр нэхъыбэу хуэгъэзащ дунейм и къэхъукъащIэхэм, дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым, щалъхуа хэкум, анэм, анэшхуэ гумащIэм, фIылъагъуныгъэ къабзэм, нэгъуэщI куэдми. Дунейм и хабзэхэм езыр зэреплъ нэмкIэ тхылъеджэри иригъэплъын, и гупсысэм фIы и лъэныкъуэкIэ зригъэхъуэжын хузэфIокI абы. Радимэ и IэдакъэщIэкIхэр лъэпкъ гупсысэкIэ псыхьащ. И хэкум, щалъхуа щIыналъэм теухуа усэхэр абы щыхьэт тохъуэ. Лъэпкъым хуиIэ фIылъагъуныгъэм епхащ и анэдэлъхубзэм Радимэ хуиIэ лъагъуныгъэри — адыгэбзэ-анэбзэр зыпищI щыIэкъым. Дунейм и теплъэм, гъэм и зэман зэблэхъугъуэхэм теухуа усэ гупышхуи иIэщ абы.
  • Нэгъуейм и усэхэм къеджащ адыгэбзэ къудамэм щеджэхэу КъуэщIысокъуэ Елдар, Ефэнды Регинэ, Щомахуэ Алёнэ, Хъуран Iэсият, Къылыш Камиллэ, Ерыджокъуэ Азидэ, Молэ Миланэ, Мэремкъул Элеонорэ, Куэцэ Аринэ, Ахъумашэ Аидэ, Ашэбокъуэ Дианэ, Ирыгу Иринэ, Хьэмжу Марат сымэ.
  • Поэзием къызэрыхэщымкIэ, анэм и образыр пэжыгъэм, фIылъагъуныгъэ къабзэм и нагъыщэщ. Анэм нэхърэ нэхъ лъапIэ, нэхъ укъызыгурыIуэ, къомыфыгъуэ-къомииж дунейм тету къыщIэкIынкъым, ауэ анэм зыкIи пебдзых хъунукъым анэшхуэри. Анэшхуэ куэщIым ирапIыкIа, анэшхуэ жьэгум пэрыса дэтхэнэми ар къыгуроIуэ. Щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ а фIыгъуэм хэна тхылъеджэхэм я деж анэшхуэм и IэфIагъыр нихьэсын хузэфIокI Радимэ.
  • Нэгъуейм и дэтхэнэ усэми гупсысэ нэху гуэрым укъыхуегъэуш, уи гурыщIэр къызэщIегъэлыдэри гупсысэм и дамэ къыптрегъакIэ. Гупсысэмрэ гурыщIэмрэ щызэхэшэпсыхьащ а усэхэм. Лъагъуныгъэ къабзэр, пэжыр и гъащIэ гъусэу, и щIэгъэкъуэну къыдокIуэкI Радимэ. И IэдакъэщIэкIхэм къыщиIэт темэхэр псори лъагъуныгъэм зэIыхьлы ещI.
  • Нэгъуей Радимэ унагъуэ дахи иIэщ: щIалитIрэ хъыджэбзрэ игъэсащ, гъуэгу захуэ тригъэуващ. Ар анэшхуэ гумащIэщ, зыпищI щымыIэ къуэрылъху-пхъурылъху цIыкIухэр къыщIохъуэ.
  • Пшыхьым зрагъэхьэлIащ Радимэ и ныбжьэгъухэмрэ и лэжьэгъухэмрэ. Апхуэдэу къэпсэлъащ Абазэ ФатIимэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьакIуэ Алъхъэс Светланэ, КъБР щIыхь зиIэ и артист, уэрэджыIакIуэ Зеущэ Iэуес, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэкIэ щыIэ фондым и тхьэмадэ ЩоджэнцIыкIу Леонид, Марко Вовчок и цIэр зезыхьэ унэ-музейм и унафэщI Лэжьэрей Инессэ, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Мэкъуауэ Амир, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, усакIуэ икIи дохутыр ПщыукI Латмир, психологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и доцент Кумыщ Риммэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и егъэджакIуэ Хьэщхъуэжь Заретэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, университет библиотекэм и лэжьакIуэ Борэн Мадинэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Дэтхэнэри абы ехъуэхъуащ илъэс куэдкIэ ди литературэм ехъулIэныгъэкIэ хуэлэжьэну, и усэбзэр жыжьэ Iуну. Пшыхьыр зэхуащIыжащ Нэгъуей Радимэ и уэрэдыщIэкIэ.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.