ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыхубэм  ягу  къинэжа

2021-04-08

  • КъБР-м и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ илъэс 40-м нэблагъэкIэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа, Музыкэ театрым и репертуарым хыхьэ оперэхэмрэ опереттэхэмрэ партие нэхъыщхьэхэр щызыгъэзащIэу щыта Дэбагъуэ Хьэсэн псэужамэ, гъатхэпэм и 30-м и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут.

  • Дэбагъуэ Хьэсэн къыщалъхуа Дзэлыкъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэр 1958 гъэм къиуха нэужь, уэрэдымрэ къафэмкIэ «Кабардинка» къэрал ансамблым зы илъэскIэ щылэжьащ. ИужькIэ и щIэныгъэм щыпищащ Налшык и Музыкэ училищэм уэрэджыIакIуэхэр щагъэхьэзыр и къудамэм. Зы илъэскIэ абы щIэсауэ, Тбилиси щыIэ къэрал еджапIэм ягъакIуэри, абы илъэситIкIэ щеджэжащ. 1963 гъэм Собиновым и цIэр зэрихьэу Саратов дэт къэрал консерваторэм уэрэд жыIэнымкIэ и факультетым щIэтIысхьэжащ. Консерваторэм щыщIэса илъэсхэм лэжьэн щIэзыдза Дэбагъуэм Совет Союзым, хамэ къэралхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэр игъэзащIэрт. 1967 гъэ пщIондэ абы щеджауэ, Римский-Корсаковым и цIэр зэрихьэу Ленинград дэт къэрал консерваторэм зригъэдзыжат, ауэ зы илъэс нэхъ щымыIэу, Саратов игъэзэжауэ щытащ. 1970 гъэм Дэбагъуэ Хьэсэн и дипломыр къратыжри, Налшык и Музыкэ театрым лэжьэн щыщIидзащ.
  • И макъыр зэрыгуакIуэм къыдэкIуэу утыку итыкIэ екIуи зиIэ артистым роль, оперэ партие зэмылIэужьыгъуэхэр игъэзэщIащ. КъыжыIапхъэщ и IэнатIэм щыпэрыхьа япэ махуэхэм щыщIэдзауэ ар театрым и уэрэджыIакIуэ пажэхэм ящыщ зэрыхъуар. Абы утыкум щигъэзэщIа роль куэд цIыхухэм гукъинэж ящыхъуащ. Апхуэдэхэщ Эдвин, Пали-Рач, Рауль (Кальман И. и «Сильва», «Цыган премьер», «Фиалка Монмартра» опереттэхэм), Ионельрэ Данилэрэ (Легар Ф. и «Цыганская любовь», «Весёлая вдова»), Альфред (Штраус И. «Летучая мышь»), Ариф (Гаджиев Р. «Кавказская пленница»), Командор (Самойлов М. «Похождения Дон Жуана»), Грициан (Александров Б. «Свадьба в Малиновке»), Стешкэ (Птичкин Е. «Бабий бунт»), Тасило (Кальман И. «Марица»), Андрей Туманский (Стельников Н. «Холопка»), Батыр (Къардэн Хьэсэн. «Мыщэ и къуэ Батыр», макъамэ-таурыхъ), Хьэдис (Жырыкъ Заур. «Тайна сердца», макъамэ гушыIэ) сымэ я ролхэр, нэгъуэщI куэди.
  • Альфред Герцог Мантуанский (Верди Дж. и «Травиата», «Риголетто» оперэхэм), Хозе (Бизе Ж. и «Кармен» оперэм), Тюленин Сергей (Мейтус и «Молодая гвардия» оперэм), Молэ Владимир и «Къамботрэ Лацэрэ» оперэм я партиеу Дэбагъуэм игъэзэщIахэр театрым щагъэува спектаклхэм къахощ. Абы и дэтхэнэ зы ролри фIыуэ къехъулIэрт. Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ ягъэув спектаклхэм фIэфI дыдэу хэтт, актёр Iэзагъ бгъэдэлъымкIэ щIэблэм театрыр фIыуэ зэрыригъэлъагъунум яужь итт.
  • — Дэбагъуэ Хьэсэн театр гъащIэр и Iэпкълъэпкъым хэтт. Абы театрыр апхуэдизкIэ фIыуэ илъагъурти, пщэдджыжьым жьыуэ къакIуэрт, пщыхьэщхьэм хэкIуэтауэт щыщIэкIыжыр. Апхуэдэу псэ хьэлэлкIэ лэжьыгъэм пэрытыр мащIэщ. Абы и псэми уэрэд жиIэрт, актёр бэлыхьт. Утыкум ущымыджэгуфмэ, уэрэд жыпIэ къудейкIэ оперэ театрым и солист ухъунукъым. Хьэсэн хуэдэ цIыху пэрытхэрщ театрыр зыгъэбжьыфIэр. Ар къызэрытхэмытыжрэ гугъу дохь, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ зэпызыщIэ къару гуэр хэлът абы. СощIэж, театрым сыкъыщыувагъащIэм, сызэриущийуэ щытахэр, нобэми си гум IэфIу хуилъщ ар, — жеIэ УФ-м щIыхь зиIэ и артист Батыр Мухьэдин. — Хьэсэн зэманым, театрым я лIыхъужьт. Апхуэдэхэр илъэсищэм зэ къалъхуу аращ. ЦIыхур ягу къызэрагъэкIыжым хуэдизщ илэжьар зэрыхъур. И ныбжьэгъухэмрэ и лэжьэгъухэмрэ Дэбагъуэм махуэ щIагъуэ къэмынэу и  гугъу дощI. Адыгэ лъэпкъым апхуэдэ цIыху къызэрытхэкIам дригушхуэн хуейуэ къызолъытэ.
  • Композитор цIэрыIуэ Жырыкъ Заур итха «Си гъатхэ» уэрэдыр Дэбагъуэм иужькIэ зыми игъэзащIэркъым. Абы хуэдэу ар нэгъуэщIым хужыIэну фIэщщIыгъуейщ.
  • И IэщIагъэр, театр гъуазджэр зыпищI щымыIэу фIыщэу зэрилъагъум къыхэ-кIыу, Хьэсэн цIыхухэм пщIэшхуэ къыхуащIырт. Зыхэт артист гупым я деж абы пщIэ щиIэт, щIалэгъуалэм чэнджэщэгъу щахуэхъурт, утыку итыкIэм и щэхухэмкIэ ядэгуашэрт.
  • — Актёр нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэхэм ящыщ зыт Дэбагъуэ Хьэсэн. Ар театрым щыIэмэ, артистхэми музыкантхэми гукъыдэжышхуэ яIэт. Абы и гъусэу утыкум укъихьэну гухэхъуэт. Абы жиIэнур гукIэ зригъащIэ къудейтэкъым, атIэ зи образ къигъэщI лIыхъужьым и гъащIэм ирипсэурт. ЗыщIебгъэхмэ, Дэбагъуэм и джэгукIэм узэрыхэшыпсыхьыжынур къагурыIуэрти, спектаклым хэт псори лъагапIэм хуишэу иришажьэрт. ЖыпIэнуракъэ, Хьэсэн и гъусэу зэи къимыгъэзэжыну театрым зыгуэр фIэкIуэдащ, — жеIэ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марианнэ.
  • Дэбагъуэ Хьэсэн щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэхэр къалъытащ икIи абы 1980 гъэм къыхуагъэфэщащ «КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр.
  • ЦIыху акъылыфIэу, гъащIэмрэ театр утыкумрэ зыр адрейм къыгуэхыпIэ имыIэу зэдезыхьэкIа уэрэджыIакIуэ гъуэзэджэм и зэфIэкI куэд хэлъщ ди республикэм и музыкэ-драмэ гъуазджэм зегъэужьыным. Дэбагъуэ Хьэсэн зыцIыхуу щытахэм фIыкIэ ягу къинэжащ.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.