Хэку зауэшхуэм хэтахэм я сурэтхэр
2021-04-08
- Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм мы махуэхэм къыщызэIуахащ Хэку зауэшхуэм хэтахэм я сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
-
- УФ-м и Президентым и грантымкIэ фондыр и дэIэпыкъуэгъуу къызэрагъэпэща а Iуэху щхьэпэр Хэку зауэшхуэм хэтахэр гъэлъэпIэным, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIащ.
- Музейм и пэшхэм Хэку зауэшхуэм хэтахэм я сурэт инхэр фIэлъщ, зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъункIи хъунщ абыхэм зэщхьу хэлъыр псоми мэжджытжыг гъэгъа къудамэ зэраIыгъыр арауэ. Щхьэж и гъуэгуанэ къикIужами, ахэр зыхэпсэукIа лъэхъэнэ гуащIэм зэщхь игъэхъуащ. Жьыгъэракъым абыхэм я плъэкIэр хьэлъэ зыщIыр, атIэ я гъащIэм «гъащIэу» щаIэщIэкIарщ. Дэтхэнэм дежи укъэувыIэрэ уеплъмэ, я нэгум къищ гупсысэм урахьэжьэри…
- «Сыту си насыпу сыхамылъхуарэт а лъэхъэнэм…», — жыбоIэ выставкэм къыщыгъэлъэгъуахэм ущегупсыскIэ. Халъхуахэр-щэ?! Абыхэми я гугъауэ къыщIэкIынукъым апхуэдиз яхуэгъэвыну, ауэ зрихьэлIа гугъуехьхэм пэлъэщыфащ. ФIыщIэр мыухыжщ! Сэ сызэреплъымкIэ, гъащIэм и плъыфэ псом щыщу фаехэр нэхъыбэу зи нэгу щIэкIа ди нэхъыжьхэм я дежкIэ фIыщIэ псом я щхьэщ дуней мамырыр, гупсысэ узыншэ яIэу къэтэдж щIэблэр.
- — Мы пэшым щытлъагъу сурэтхэр ди нэхъыжьхэм я лIыхъужьыгъэм, абыхэм къагъэлъэгъуа къэмылэнджыгъэм и щыхьэтщ. Унагъуэ къэс Хэку зауэшхуэм хэта я нэхъыжьхэм я сурэтхэр хуэсакъыу щахъумэ. Апхуэдэхэм къапкърыкI хуабагъэмрэ абыхэм я мыхьэнэмрэ иджыри зэ ди фIэщ ящIыжащ нобэ, — жиIащ къыщыпсалъэм КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат.
- — Гъэлъэгъуэныгъэм щытлъагъу псом ящхьэщ къытхуеблэгъа ди нэхъыжьхэр. Псалъэ гуапэ куэд яжетIэми, сэ дапщэщи къысщохъу абыхэм яхуэфащэ пщIэ, гулъытэ и кIэм нэсу ялъэдмыгъэIэсыфу. Нобэрей махуэм хэпсэукI псоми нэхъыжьхэм я щIыхуэ — «гъащIэ щIыхуэ» — зэрыттелъыр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Жьыгъэм нэхъ дахэ щыIэкъым, псом хуэмыдэу ар жьыщхьэ махуэмэ! Куэдрэ ди япэ фитыну ди гуапэщ, — захуигъэзащ кърихьэлIа нэхъыжьхэм выставкэм къыщыпсалъэм КъБР-м и Парламентым ЩIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ.
- — Мы проектымкIэ, псом япэрауэ, Хэку зауэшхуэм хэтахэм я щIыхьыр догъэлъапIэ. Налшык ветерану къыдэнэжар цIыху 38-рэщ. Мы зэман хьэлъэм къытхуэзэну тегушхуа цIыхуи 10-мрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ сурэт ятетхащ, — жиIащ «Умка» клубым и унафэщI Красильниковэ Ольгэ. — Дэ дызэреплъымкIэ, къуэрылъху-пхъурылъхухэм я гъусэу сурэт зытепхыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. «Унагъуэ сурэтылъэ» проектым ипкъ иткIэ, ветеранхэм я щIалэгъуэ сурэтхэр, иджырейхэр, зауэм къратхыкIа письмохэр, дамыгъэ лъапIэхэр зы сурэтылъэм щызэхуэтхьэсащ. Ди проектым и мурад нэхъыщхьэр — ди нэхъыжьхэр дгъэлъэпIэну дыхунэсынырщ. Дэ быдэу ди фIэщ мэхъу гулъытэрэ гуапагъэрэ нэхъыжьыфIхэм еттыныр ди къалэн пажэу зэрыщытыр. Абыхэм яхуэтщI пщIэр зылъагъу нэхъыщIэхэм дерс зэрахуэхъунум шэч хэлъкъым.
- Гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIахэм онлайну захуигъэзащ Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Налшык къалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа.
- — Хэку зауэшхуэр ди цIыхухэр зыпэлъэща гузэвэгъуэшхуэщ. Зы унагъуи щыIэкъым абы и Iэ щIыIэр лъэмыIэсауэ. Дэ дыщыпсэу лIэщIыгъуэм куэдым зыщихъуэжащ, щIэ куэд къыхыхьащ, ауэ дапщэщи ди лIыхъужьхэм я щIыхьыр тхъумэн, абыхэм яхуэфащэу дыпсэун хуейщ, — жиIащ Абдулаевым. Къэпсэлъам фIыщIэ яхуищIащ Iуэхур жэрдэм зыщIахэмрэ зи гуащIэ хэзылъхьахэмрэ.
- Сурэтхэм къищынэмыщIа, выставкэм щыплъагъунущ 115-нэ шуудзэм и цIэкIэ щыIэ къэлъыхъуакIуэ гупым къагъуэтыжа зауэлIхэм я хьэпшыпхэр.
- Зауэм хэтахэм я сурэтхэр OneLightStudio IуэхущIапIэм щытрахащ, проектым хэтащ сурэттеххэу Сенич Михаил, Жулин Виктор, АбытIэ Хьэлимэт. НэхъапэкIэ трахауэ я сурэтхэр выставкэм къыщызыгъэлъэгъуахэм яхэтщ ди редакцэм и сурэттех Iэзэ Къарей Элини.
- Республикэм и артист ныбжьыщIэхэм я уэрэд, къафэ дахэхэмкIэ гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ.
- Мэлыжьыхьым и 18 хъуху екIуэкIыну выставкэ телъыджэм феплъыну IэмалыфI фиIэщ.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.