ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи лэжьыгъэм  хуэпэж

2021-04-06

  • КъБР-м и цIыхубэ артисткэ, Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Бесчокъуэ Майе и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ. Утыкур зыгъэбжьыфIэ бзылъхугъэ гуапэр ящыщщ цIыхубэм я гукъыдэжым хэзыгъахъуэхэм, дэрэжэгъуэ езытхэм.

  • Бесчокъуэ Майе Мусэбий и           пхъур Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Хьэтуей (Старэ Урыху) къуажэм 1951 гъэм гъатхэпэм и 10-м къыщалъхуащ. Къуажэ школыр къиухри, япэщIыкIэ культпросвет училищэм, иужькIэ Ленинград дэт консерваторэм щеджащ. ЕхъулIэныгъэхэр иIэу Бесчокъуэм оперэ спектакль, классикэ опереттэ 50-м щIигъум роль нэхъыщхьэхэр щигъэзэщIащ. Апхуэдэхэщ «Кармен», «Травиата», «Сильва», «Евгений Онегин», «Марица» спектаклхэр, нэгъуэщIхэри. Майе ноби и зэфIэкI къигъэлъагъуэу мэлажьэ.
  • — Ленинград дэт консерваторэр 1979 гъэм къэзухыу къызэрызгъэзэжрэ Бесчокъуэ Майе соцIыху. Абы къыщиуха гъэм сэ а еджапIэм сыщIэтIысхьащ. КъБР-м и Музыкэ театрым Майе илъэситхукIэ щылэжьауэ сэ къэзгъэзэжащ. ЗэрытщIэщи, нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщу къалъытэ Бизе Жорж и «Кармен» оперэр. А лэжьыгъэр 1980 гъэм накъыгъэм и 7-м Майерэ сэрэ япэу утыку къитхьащ, лIыхъужь нэхъыщхьэхэм я ролхэр зэдэдгъэзащIэу. Кавказ Ищхъэрэм щылажьэ театрхэр къапщтэмэ, ар япэу къызэхъулIар дэращ, — жеIэ КъБР-м и цIыхубэ артист ШэджыхьэщIэ Аслъэнбий.
  • Лэжьэн зэрыщIидзэу, макъыфI зэриIэр къалъытэурэ, Бесчокъуэм роль нэхъыщхьэхэр къыхуагъэфэщащ. Япэ дыдэу зыхэта «Сильва» опереттэм Сильвэ и ролыр щигъэзэщIащ. КъыкIэлъыкIуэу «Белоснежка» спектаклым КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мэршэнкъул Iэдэм пащтыхьыкъуэу, Майе Белоснеж-кэу щыджэгуахэщ. Нэхъ игу къинэжахэм ящыщщ «Мадинэ», «Дахэнагъуэ», «Къамботрэ Лацэрэ», «Кармен» оперэхэр. «Кармен», «Травиата» оперэхэр  уафэмрэ щIылъэмрэ хуэдэу зэпэжыжьэми, нэгъуэщIым зэримыхъуэкIыу илъэс зыбжанэкIэ жиIащ. Нобэр къыздэсым ахэр цIыхухэм ягу къинэжащ.
  • — Ди щIыналъэм щыщу япэу Ленинград консерваторэм ягъэкIуа гупыр актёр Iэзагъэм хурагъэджащ. Ахэр сценэм дахэу къыщыфэфу икIи щыпсэлъэфу ирагъэсащ. Илъэситху дэкIыу а еджапIэм щIэтIысхьа ди гупыр уэрэд жыIэным и закъуэщ дызыхурагъэджар. Лэжьэн щIэздза нэужь, макъ сиIэ щхьэкIэ, актёр Iэзагъэ схэлътэкъыми, гугъу сехьырт, — игу къегъэкIыж Майе. — Си япэ къэкIуэжа гупым садэплъейуэ щIэздзащ. Ахэр зэрыджэгум хуэдэу фIыуэ къызэхъулIэртэкъыми, Iэдэм куэдкIэ къыздэIэпыкъуащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, сызэрыджэгуфри, сыкъызэрыфэфри, сызэрыпсэлъэфри аращ зи фIыгъэр. Абыхэм хурамыгъэджахэр гугъу йохь. Апхуэдэ гулъытэ хуэзыщIу абыхэм ядэлэжьэн диIэкъым.
  • — Ди республикэм и Музыкэ театрыр  зыгъэбжьыфIэ Бесчокъуэ       Майе псалъэ гуапэ мыухыжхэр хуэфащэщ. Республикэм и макъамэ гъуазджэм зегъэужьыным, ар егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэш-хуэ хуищIащ, — жеIэ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марьянэ. — Ар утыку итщ, и лэжьыгъэм хуэпэжу, цIыхухэм  дэрэжэгъуэ яриту.
  • «Мадинэ» оперэр щагъэувам, Майе Мадинэу джэгуащ. ИужькIэ ар щIэрыщIэу утыку къыщрахьэм, абы Мадинэ и анэм и ролыр игъэзэ-щIащ, и макъыр апхуэдэ дыдэу               хуэмыкIуэми, ныбжькIэ ар нэхъ пэгъунэгъути.
  • — Адыгэр дызэрыгушхуэ апхуэдэ лэжьыгъэхэр ди куэдкъым. Опе-рищ диIэу аращи, ахэр тхъумэну, зэпымыууэ сценэм щыдгъэлъэгъуэну ди къалэнщ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэ псом апхуэдэ лэжьыгъэ зиIэ нэгъуэщI лъэпкъ искъым. СхузэфIэкIатэмэ, адыгэ оперэхэр, спектаклхэр зэпымыууэ утыку къисхьэнт. Сызэхъуапсэ ролхэр щыIащ, арщхьэкIэ ахэр щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу ди театрым щамыгъэуву къэнащ.  Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Чайковский Пётр и «Пиковая  дама» оперэр.  Лизэ  и  ролыр  хуабжьу  си  гум  дыхьэрт, а  ариер згъэзэщIэну сыщIэхъуэпсырт, — жеIэ Бесчокъуэ Майе.
  • Урысейм и щIыпIэ куэдым, гъунэгъу къалэхэм концертхэр щату щыIащ Майерэ и лэжьэгъухэмрэ. Дауи, мазэкIэ зы щIыпIэ ущыIэну мытыншми, абы апхуэдизкIэ есахэти, къахуэмыгъэсу пэплъэхэрт. ЗдэкIуэ щIыналъэхэм хуабжьу пщIэшхуэ къыщыхуащIырт, я макъхэр я гум дыхьэрт, Iэгуауэшхуэ хуаIэтырт, удз гъэгъахэмкIэ щIагъанэрт. КъищынэмыщIауэ, я цIэхэр зыхэт усэхэр хуаусырт, саугъэтхэр хуащIырт. Я лэжьыгъэр апхуэдизкIэ фIыуэ ялъагъурти, абы къыпэкIуэ дэрэжэгъуэм, пщIэм гугъуехьхэр ящигъэгъупщэрт. Абы щыгъуэм унафэщI IэкIуэлъакIуэу Локъуэ Марие яIащ. Ар щылэжьа илъэсхэм ирихьэлIэу театрым ехъулIэныгъэфIхэр къихьащ, зиужьащ, ефIэкIуащ.
  • Хъурей Феликс и деж Майерэ и щхьэгъусэ Мэршэнкъул Iэдэмрэ къыщызэIуахауэ щыта Сабий музыкэ театрым щIэупщIэшхуэ, ехъулIэныгъэ иIэу, цIыкIухэр куэду кърашалIэу щытащ. Абы егъэджакIуэ 20-м нэблагъэ щылажьэу, ныбжьыщIэ 50 хуэдиз щеджэу щытащ. Ауэ, къэралыр щыкъутэжым, ари зэхуащIыжащ. Абы къекIуалIэу щыта цIыкIухэми, я адэ-анэхэми нобэр къыздэсым фIыщIэ къыхуащI. Ягъэсахэм артист, режис-сёр, уэрэджыIакIуэ куэд къахэкIащ.
  • Бесчокъуэ Майе Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ и колледжми щрегъаджэ.  Классикэ макъамэр фIыуэ зылъагъухэр макъамэм, уэрэд жыIэным, утыку итыным я щэхухэм хегъэгъуазэ. Иригъэджахэм артист, режиссёр, уэрэджыIакIуэ куэд къахэкIауэ нобэр къыздэсым фIыщIэ къыхуащI. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым уэрэджыIакIуэ гуащIафIэр зэрыжыджэрыр, лэжьыгъэм и гур зэрыхуэкъабзэр.
  • ТЕКIУЖЬ  Заре66тэ.