БзэщIэныгъэм зэи къыщымыхъуар, щыжамыIар утыку къизыхьа ШэкIыхьэщIэ Марие
2021-04-06
- Адыгэ цIыхум къихьыфыну щIэныгъэм и кууагъыр лъэпкъ куэдым я фIэщ ищIыфащ абы. Нэрылъагъу ищIащ зэфIэувауэ, щыз хъуауэ къалъытэ щIэныгъэ унэтIыныгъэм зэи зыми игу къэмыкIа, щымыIа адыгэ цIыхум зэрыхилъхьэфынур, зы лIэщIыгъуэ и щIэныгъэлIхэм яхуэщIэнум хуэдиз и закъуэ хузэфIэкIри. Зы къэхутэныгъэм адрейр къригъэтэджыкIыурэ, бзэщIэныгъэм зэи къыщымыхъуа, щыжамыIа, зытемытхыхьа утыку къищIащ. Ар егъэджакIуэу, Iуэху къызэгъэпэщакIуэ Iэзэу, щIэныгъэрылажьэу щыта, сытым щыгъуи ипэкIэ плъа ШэджыхьэщIэ Мариещ.
- ШэджыхьэщIэ Марие Шамиль и пхъур 1932 гъэм Аруан щIыналъэм хыхьэ Шэрэдж Ищхъэрэм къыщалъхуащ. И адэр муслъымэн диныр фIыуэ зылъэгъуа, гурэ псэкIэ Тхьэм хуэлажьэ цIыхути, «кулак» цIэр фIащри, унагъуэр хэкум ирагъэкIат. Узбекистаным къыщыхута адыгэ унагъуэм я пхъуиплIрэ зы къуэмрэ абы щыщIалъхьэжащ. Быным ящыщу Марие закъуэ я гъусэу адэ-анэр хэкум къыщихьэжар 1947 гъэращ, унагъуэр лажьэншэу зэхэзехуэн зэращIамкIэ къэралым зыщиумысыжар 1994 гъэрщ. ЦIыхупсэр зыпэмылъэщыным хуэдизт абы сабийуэ и нэгу щIэкIа гуауэр, ауэ и адэ Iущым зыщIигъэдэIуам тетащ: зигъэшакъым, и псэр игъэкIуэдакъым, гъащIэм увыпIэ нэс щиубыдащ. Марие хуэдэтэкъым ехъулIэныгъэмрэ насыпымрэ я уасэр зымыщIэр. Гугъуехьым пэщIэт защIэу, ар къызэринэкI зэпыту псэун хуейуэ къигъэщIами ярейт. Пхъашэу, дыджу екIуэкIа лъэхъэнэм зи сабиигъуэр ирихьэлIэу Iейуэ хэлъам и жьы бзаджэр зыщIихуа Марие и балигъыгъуэри тыншакъым.
- ШэджыхьэщIэр щIэныгъэ лъагэм хэзышэну лъагъуэм щIэдзапIэ хуэхъуар Псынабэ классибл къыщаухыу дэта еджапIэращ. Абы иужькIэ Налшык педучилищэм щыщIэтIысхьащ, илъэсиплIым къиджын хуейр илъэсищым къригъэтIасэри, 1951 гъэм и къуажэм къигъэзэжащ пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу лэжьэну. Зы илъэскIэ лэжьауэ, щIэныгъэм гу хуэзыщIа хъыджэбзыр пединститутым, иджырей КъБКъУ-м, щIэтIысхьащ, къиуха нэужь, хабзэр арати, и арэзыныгъи къыщIэмыупщIэу, егъэджакIуэ хуэныкъуэ Къэхъун къуажэм ягъэкIуащ урысыбзэмрэ литературэмкIэ 5 — 10-нэ классхэр иригъэджэну. ИлъэсищкIэ а IэнатIэм пэрытауэ, 1959 гъэм Старэ Шэрэдж къуажэм дэт курыт еджапIэм и унафэщI ящIащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым аспирантурэм щIэтIысхьащ икIи 1963 гъэм кандидат диссертацэр пхигъэкIащ. ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэу Налшык дэта институтым и урысыбзэ къудамэм методисту щылэжьащ, педучилищэм егъэджакIуэу щыIащ, КъБКъУ-м егъэджакIуэ нэхъыжьу уври, доцент хъуащ, 1979 гъэм Мэзкуу доктор диссертацэр щыпхигъэкIа нэужь, профессор хъуащ, урысыбзэр хамэ къэралыбзэу щадж къудамэм и унафэщI ящIащ.
- Урысыбзэр зимыанэдэлъхубзэхэм щIэныгъэ ирептыну абы зэхилъхьащ зэи щымыIа щIэныпхъэ. Илъэс пщIы бжыгъэхэр тригъэкIуэдащ ар къипщытэным, нэгъэса ищIыным, и бгъэдыхьэкIэщIэр зэрылажьэмрэ абы еджакIуэхэм ярит зыужьыныгъэмрэ игъэлъэгъуэным. ШэджыхьэщIэм и къэхутэныгъэм фIищащ «Псалъэ къэхъукIэм и Инвариант». Ар яджащ Совет Союзым и ЩIэныгъэ академием щылажьэ щIэныгъэлIхэм, Педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ академием, РСФСР-м ЦIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ иIэ IуэхущIапIэм. Марие къихутар щхьэпэу, адэкIи зегъэу-
- жьын хуейуэ къалъытэри, КъБКъУ-м лабораторэ къыщызэIуахащ, илъэс дэкIри, ар ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институт хъуащ, унафэщIу щытыну езы ШэджыхьэщIэм къыхуагъэфэщащ. А институтыр щыIэхукIэ лэжьыгъэр зэпыуакъым. Зы тхылъкъым ШэджыхьэщIэм къыдигъэкIар, и къэхутэныгъэр щызэпкърихыу, и къэгъэсэбэпыкIэ хъунур къыщигъэлъагъуэу. 5-нэ, 6-нэ, 7-нэ классхэр зэреджэн «Русское слово» тхылъхэр, «Содержание и приемы обучения русскому словообразованию: выход в лексику, грамматику и орфографию» монографиер, Мэзкуу щIэныгъэлIхэм «мыр налкъутщ» къыщIыжраIа «Модели и схемы словообразовательных типов русского языка», «Формула «Инва-
- риант СТ»: усвоение русской орфографии без правил», «Инвариант словообразовательного типа — формула построения слов: его прошлое и будущее» тхылъхэр, нэгъуэщIхэри.
- Итхауэ хъуам я купщIэр къыхэкъузыкIауэ щызэригъэуIужащ «Формула «Инвариант СТ» — основа комплексно-процессуального метода изучения языков (на примере русского)» монографием.
- Том 15 хъу хьэрып псалъалъэм псалъэу итыр я купщIэ нэхъыщхьэхэмкIэ лъэпкъыгъуэ щхьэхуэурэ зэхэгъэкIауэ «Модели и схемы высокопродуктивных и продуктивных словообразовательных типов арабского языка» тхылъыр къыдагъэкIащ Дыгъужь ФуIэд и гъусэу. ЗэкIэлъхьэужьурэ журнал къыдигъэкIырт щIэныпхъэм и зыужьыкIэр къыщигъэлъагъуэу, егъэджакIуэхэм ар къызэрагъэIурыщIэм и щапхъэхэр иту, урысыбзэм, адыгэбзэм, балъкъэрыбзэм, инджылызыбзэм, тыркубзэм къызэрыщысэбэпынур щызэпкърыха тхыгъэхэр иту. Етхуанэ классым я «Русское слово» тхылъым егъэджакIуэхэр тыншу ирилэжьэным папщIэ, Жэмыхъуэ Марьянэ иригъэтхат «Методическэ дэIэпыкъуэгъу» тхылъ бэлыхь.
- Марие къызэрыгурыIуэрати, Тхьэр щымысхьу къызэротамкIэ цIыхум уадэгуэшэжынырат насыпыр. Тхьэр къетат щIэныгъэкIи, абыкIэ нэхъыбэм зэрахуэупсэнщ зыхущIэкъуар.
- Структурнэ
- щIэныпхъэр
- егъэджакIуэхэм
- къызэралъытар
- ШэджыхьэщIэм и щIэныпхъэр зэфIэувэнымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ хъуащ Аруан еджапIэм урысыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Щоджэн Галинэ Андермыкъан и пхъур. Галинэ къехъулIэр щалъагъум, еджапIэм бзэмкIэ егъэджакIуэу дэтыр къыбгъурыувати, я цIэр зэлъащIысауэ, Iуэхум зыщагъэгъуэзэну хьэщIэхэр дэнэ щIыпIи къахуикIырт.
- Щоджэн Галинэщ Марие къуэувэу щIэныпхъэм и зегъэкIуэкIэнум, урокым щызэхэбухуанэ хъуну Iыхьэхэр зэхэлъхьа-зэщIэлъхьа зэрыхъунум кIэлъызыгъэплъар. Езым урокыр иригъэкIуэкIырт, Марие егъэджа-
- кIуэмрэ еджакIуэхэмрэ яку щекIуэкIыу хъуам гу лъитэу я щIыбагъым къыдэсти, хэлъхьапхъэмрэ хэхыпхъэмрэ къилъагъурт, урок нэужьым зэгъусэу тепсэлъыхьыжырт, чэнджэщхэр зэIэпахырт. Галинэ игу къегъэкIыж сабийхэр жыджэру зэрылажьэр, гупсысэкIэ ящIэу, я Iэпэм итхыр уэрсэру жьэкIэ жаIэжу, зыгуэр къащыгурымыIуэм упщIэр гъэхуауэ къагъэуву щилъагъум, Марие гуфIэм зэщIищтэу зэрыщытар. А цIыкIухэм ядилъагъурат ар нэхъри и Iуэхум тезыгъэгушхуэр, и гуащIэр зыгъэбагъуэр. Ар урокым щIэс къудейтэкъым, еджакIуэхэм епсэлъылIэрт, зыхуей упщIэхэр яритырт, къратыж жэуапым елъытауэ, зэтриублэ Iуэхум нэхъри куууэ пхыплъырт. Зэгуэрым мыпхуэди къэхъуат. Хабзэ зэрыхуэхъуауэ, ШэджыхьэщIэр Аруан еджапIэм къакIуэри, урокым щIыхьащ, ауэ, махуэ къэси хуэдэу, икIэмкIэ кIуэуэ кIэлъыплъакIуэу тIысакъым. КъызэрыщIыхьэу Галинэ къыжриIащ урокыр езым иригъэкIуэкIыну зэрыхуейр. Абы и доктор лэжьыгъэр щыпхигъэкIыну пIалъэр къэсыпати, зы упщIэ къыкъуэкIат, и жэуапыр къипщытэн хуейуэ. Зыхуейр зыщIэжыр езырати, сабийм я пащхьэм иуващ ахэр дэIэпыкъуэгъу ищIыну, зыхуейм хуешалIэмэ еплъыну.
- Мис апхуэдэт а цIыху хьэлэмэтыр: нэгъэсауэ пэж фIэкIа утыку ищIынутэкъым, ар къигъуэтыным папщIэ езыри зыщысхьыжыртэкъым, къегъэзахэри нэгъуэщIыну хуит ищIыртэкъым. А зы цIыхум ныбз куэд иIащ: егъэджакIуэт, щIэныгъэрылажьэт, теоретикт, къэхутакIуэт, динырылажьэт. Ар зэрыеджагъэшхуэм дэщIыгъуу икIи лэжьакIуэшхуэт, пэжырылъыхъуэт, захуагъэм хущIэкъурт. Лъыхъуэн, къехъулIам къыщызэтемыувыIэн, езым къищIар нэхъыбэм яригъэщIэжын — арат и гур зыхуэпабгъэр, и щыIэкIэр, и дуней тетыкIэр. Езым щIэныгъэмрэ лэжьыгъэмрэ яхуиIэ лъагъуныгъэр япкъригъыхьэрт къыдэлажьэхэми зыдэлажьэхэми. Япкърымыхьэнумэ, IуигъэкIуэтырт, и гъунэгъуу щигъэIэнутэкъым. Апхуэди къэхъурт.
- ЕджапIэхэм ядэлажьэ защIэурэщ ШэджыхьэщIэм и щIэныпхъэр зэрызэфIигъэувари, зэрыригъэфIэкIуари. Куэдрэ къызэрыхъум хуэдэу, ар щIэныгъэлI пэшым къыщIэмыкIыу, стIолым бгъэдэсу, практикэм пэжыжьэрэ и нэгу къыщIигъэхьэмрэ щIэныгъэм къыхиха къудеймкIэ къэхъуакъым. ЩIэныгъэ лъагэм щызекIуэ структурнэ лингвистикэм, педагогическэ психологием, экспериментальнэ щIэныгъэм — мис мы унэтIыныгъищым а лъэхъэнэм щIэуэ къыщызэIуахам къыхэтэджыкIащ Марие и къэхутэныгъэр. Илъэскъым икIи илъэситIкъым ар къызэрипщытар, зэрызэригъэзэхуар. Ди щIыналъэм щызригъэгъуэта гугъэзэгъэгъуэмкIи къызэтеувыIакъым, щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щыкIэлъыплъащ: Фергана, Мейкъуапэ, Кутаиси, Баку. Езым шэч къытримыхьэж хъуащ: и щIэныпхъэр егъэджэныгъэр нэхъ тынш икIи нэхъ купщIафIэ зыщI Iэмэпсымэ щхьэпэ дыдэщ. Япэу къэунэхуат бзэм зэрыхурагъэджэн щIэныпхъэ, бзэщIэныгъэр зэрызэхэт Iыхьэхэр зэпэджэжу, зэгъусэу, а Iыхьэхэм яку илъ зэпыщIэныгъэхэр наIуэ хъурэ абы щхьэпагъыр нэхъри ин ищIу.
- ЕджапIэ куэдым я егъэджакIуэхэр къыкъуэуват ШэджыхьэщIэм, и институтым къакIуэурэ еджэрт, я урокхэр щIэрыщIэ ящIыным, зи пащхьэ ит сабийхэм нэхъ щIэныгъэ куу зэрырагъэгъуэтыным зыхуагъэхьэзырырт. Зэпыч имыIэу урок зэIухахэр екIуэкIырт, егъэджакIуэу кърихьэлIар щIэныпхъэм и зэтеублэкIэм кIэлъыплъырт, ар зытелэжьэфыну лъэныкъуэхэм щытепсэлъыхьырт, зэчэнджэщхэрт, щхьэж гу зылъитамкIэ зэхъуажэхэрт. Бзэм хуезыгъаджэхэм я гукъыдэжыр къиIэта хъуат структурнэ щIэныпхъэр зи лэжьыгъэм хэзыпща егъэджакIуэхэм къагъэлъагъуэ ехъулIэныгъэхэм. Псом хуэдэжтэкъым Аруан, Псынабэ, Шэрэдж Ищхъэрэ, Тэрч, Урыху, Къэхъун, Щхьэлыкъуэ, Яныкъуей, Къэрэгъэш къуажэхэм, Налшык дэт 30-нэ еджапIэм я егъэджакIуэхэр. Езыхэр Iэзэ хуэхъури куэди ягъэсэжат, бгъэдыхьэкIэ купщIафIэр нэхъыбэм къызэращIэным, зэрызэлъащIысыным елIэлIахэрт.
- ЕгъэджакIуэхэр зэхуэшэсынымкIэ, семинархэр егъэкIуэкIынымкIэ ШэджыхьэщIэм дэIэпыкъуэгъуфI къыхуэхъуат ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтыр: абы и унафэщIу щыта Жэмыхъуэ Суфян, унафэщIым и къуэдзэу щыта Тохъу Светланэ, егъэджэныгъэм бгъэдыхьэкIэщIэхэр хэлъхьэнымкIэ къудамэм и унафэщIу лэжьа Мыз Маринэ сымэ.
- Мы Iуэхум лъэпощхьэпо къыхилъхьащ курыт еджапIэхэм зэрыщрагъаджэ тхылъхэр илъэсиплI къэс щIэуэ къыдэкIыжын хуейуэ ткIийуэ зэрыщытым. ШэджыхьэщIэм и «Русское слово» тхылъхэм я ныбжьыр икIащ, щIэ къыдэкIыжакъым. ЕгъэджакIуэхэр нэгъуэщI тхылъхэм техьэжын хуей хъуащ, ауэ структурнэ щIэныпхъэм и фIагъыр къызыгурыIуахэм ар зэрыхъукIэ я урокхэм щагъэлажьэ. ПцIы хэмылъу, щIэныпхъэм хуэщIа тхылъкIэ щебгъаджэмрэ щыIэ тхылъым ар къебгъэзэгъыну ущыхуежьэмрэ къыпэкIуэр зыкъым.
- БзэщIэныгъэм хэт
- еджагъэшхуэхэм
- структурнэ щIэныпхъэр
- къызэралъытар
- ШэджыхьэщIэм и инвариантыр щызэпкърихыу япэ дыдэ дунейм къытехьар «Содержание и приёмы обучения русскому словообразованию: выход в лексику, грамматику, орфографию» зыфIища тхылъырт. Ар щагъэлъэгъуауэ щытащ Совет Союзым и ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэхэр зи утыку кърахьэ ВДНХ-м, щытхъу куэди хуагъэшат, бзэщIэныгъэми егъэджэныгъэми хилъхьэфынур ину къалъытэу. Тхылъым а гъэлъэгъуэныгъэм и саугъэт къыхуагъэфэщат, апхуэдэпщIэ зэри-
- гъуэтамкIэ хъыбарегъащIэ тхылъ къыхуагъэхьат абдежым ирихьэлIэу ШэджыхьэщIэр щылэжьа КъБКъУ-м и ректор Лъостэн Владимир, Совет Союзым егъэджэныгъэмкIэ иIэ къэрал къэпщытакIуэхэм я унафэщI Буга П. Г. къыбгъэдэкIыу.
- Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Къэрал саугъэтым и лауреат, Виноградов В. В. и цIэр зезыхьэ, Урысыбзэм и институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэ Лопатин В. В. ШэджыхьэщIэм и лэжьыгъэм нэгъэсауэ щыгъуазэ зыхуищIри, пщIэшхуэ къыхуищIу къытетхыхьыжат. Абы итхам щыщщ мыр: «…ШэджыхьэщIэм къигъэлъэгъуа бгъэдыхьэкIэр егъэджэныгъэ лэжьыгъэм къыщыгъэсэбэпыныр игъуэ дыдэу зэрыщытым шэч хэлъкъым».
- Профессор Федоренкэ Л. П. езы Марие зыкъыхуигъазэри къыжриIащ: «Си гугъэмкIэ, Марие, уэ езым иджыри къыбгурыIуэркъым къэпхутам и инагъыр. Ар унэтIыныгъэ хэха мэхъу! Къэрал псом щызекIуэр нэгъуэщIщ. Сэ сыметодистщ, сыщIэныгъэрылажьэщ, си тхылъхэмкIэ щоджэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрат еджапIэхэм, икIи уэ жыпIэр сэ стхахэм пэщIоувэ. Апхуэдэу щыт пэтми, бдэсIыгъынущ, уи лъэныкъуэу сыщытынущ. Ауэ сыту гугъу дыдэ уехьыну. Уэ щIэх уакъыгурыIуэнукъым».
- Къэбэрдей-Балъкъэрым къакIуэу структурнэ щIэныпхъэмкIэ ирагъаджэ классхэм щIэса профессор Тихонов А. Н. жиIащ: «Сабийм я лэжьэкIэ сэ мы урокхэм щыслъэгъуар фIэщщIыгъуейщ! Апхуэдэ егъэджэкIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэ къыхуэнэныр мыхъунщ!»
- Профессор Березовская Т. Ю. и Iуэху еплъыкIэри апхуэдэ дыдэт: «Дэ ШэджыхьэщIэ Марие къытхуищIар уасэ зимыIэщ. Егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ абы фIыгъуэу къыхилъхьэнур къэлъытэгъуейщ».
- 1989 гъэм Мэзкуу къикIри, Налшык къэрал унафэкIэ къэкIуат щIэныгъэлI гуп, Инвариантым и лэжьэкIэр зрагъэлъагъуу псалъэмакъ пыухыкIа тращIыхьыжын хуейуэ. Ахэр еблэгъащ Аруанрэ Щхьэлыкъуэрэ дэт курыт еджапIэхэм. Урокхэр зэфIэкIри, гу зылъатар зэпкърахыжыну щызэхуэзэжахэм, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ министр Тхьэгъэпсо Хьэжысмел гупым я нэхъыщхьэ Шараповэ М. П. еупщIащ: «Дауэ къыфщыхъуа фи нэгу щIэкIар?». Жэуапыр мырат: «Мы методыр еджапIэхэм дэмыхьэныр еджакIуэхэм лей етха хуэдэу аращ». Гупыр я фIэщу тепсэлъыхьащ структурнэ щIэныпхъэр зи лъабжьэ тхылъхэр, методическэ чэнджэщхэр гъэхьэзырыным пэрымыхьэныр фIэкIыпIэ зимыIэу зэрыщытым. А гупым Налшык щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм къыдэкIуэу Пушкиным и цIэр зезыхьэ институтым ШэджыхьэщIэм и лэжьыгъэхэр щIалъхьат, яджу рецензие къратыжын хуейуэ. А рецензиер урокхэм щIэсам жаIам техуакъым: «Методыр урысыбзэр джыным хуэщIауэ зэрыщытым шэч хэлъкъым, ауэ еджапIэу хъуам щызэлъащIысыныр Iэмалыншэкъым».
- Структурнэ щIэныпхъэм зэрыхуэфащэу ину зиубгъуакъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зи гъуэгу хуитыр министерствэхэм, университетхэм яфIэкъабылырщ. ШэджыхьэщIэм и бгъэдыхьэкIэм и лъэр нэхъ щыувар урысыбзэрати, илъэс куэд лъандэрэ зэтеубла хъуауэ, псори есэжауэ, тхылъу хъуари абы тету къыдэкIауэ зы егъэджэкIэ щыIэт. А тхылъ щыIэхэр зытхахэрат дэнэкIэ зыбгъазэми къулыкъухэр зыIыгъыр. Дауэ жаIэнт, дыдейм хуэдэу е нэхъыфIу егъэджэкIэ къэунэхуащи, гъуэгу етын хуейщ, жаIэу. Къэхъуаращи, нэхъыбэр псалъэншэу къыпэуващ. Зыми щхьэтехауэ иубакъым, къагурыIуэрт пхуимыгъэкIуэтын щIэныгъэ къабзэу зэрыщытыр. Бзаджагъэм хуекIуахэщ: IейкIи фIыкIи тепсэлъыхьыртэкъым, ямылъагъу, зэхамых защIырт, сыту жыпIэмэ езыхэм я гъуэгу пхрашыжауэ къалъытэрт, щIэныгъэм и лъапсэм пщIэ зиIэ увыпIэ щаубыда хуэдэт. Марие и Инвариантыр абыхэм илъэс бжыгъэхэр зытрагъэкIуэда бгъэдыхьэкIэхэм зыкъомкIэ пэщIэувэрт, пэжу къалъытэу къэгъуэгурыкIуа Iуэху еплъыкIэ гуэр- хэм шэч къытрыуигъэхьэжырт. Тхылъхэр, статья куэдхэр зытептхыхьам нэгъуэщIынэкIэ уеплъыжыну къомыхъулIэнри хэлъщ. ШэджыхьэщIэр зэлэжьа унэтIыныгъэмкIэ гъусэ къыхуэхъун куэд езым хуэдэ еджагъэшхуэхэм къащIыхэмыкIам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр аращ.
- ГъащIэм и сыт хуэдэ щыIэкIэри къащти, зэфIэувауэ къэгъуэгурыкIуэ щытыкIэр пхъуэжыныр ямылейуэ гугъущ. ЩIэр зэкIэ тегъэщIапIэшхуэ зимыIэ гуэрщ, жьыр псори зэсэжауэ, нэгъуэщIу щытынкIэ хъуну гурыщхъуэ лъэпкъи ямыIэу зэрыпсэущ. Нэхъ лъэкIыныгъэ зиIэр зимыIэм пэщIоувэ, езыми телъхьэ и куэдщи, мэгушхуэ. Марие къехъулIар шэч къызытримыхьэ и пэжым кърит гуащIэмкIэ пхришыжаращ, и ерыщагъыр къыщыпекIуэкIыж къэхъуами. Ар зэи гуитIщхьитIакъым, къытригъэзэжурэ къимыпщыта, езым хьэкъыу пхымыкIа къигъэIуакъым. Абы жиIэрт: «ЩIэныгъэр шэч зимыIэ пэжагъ гуэру щытмэ, абы хуэпщылIын хуейщ, Тхьэм зэрыхуэпщылIым хуэдэу, сыту жыпIэмэ щIэныгъэр къызыбгъэдэкIыр Тхьэр аращ». А псалъэхэм яхэлъ купщIэм тетущ езы еджагъэшхуэр зэрыпсэуар. НэгъуэщIуи хузэфIэкIынутэкъым. Си Iуэхур ирекIуатэ, жиIэу зыми зыхуигъэщхъакъым, къыспэщIэувэжынщ, лъахъэ схуэхъунщ жиIэуи пэжу къилъытэр иукъуэдиин къигъэнакъым. И хьэл ткIийр къыхуамыгъэгъуари пэжщ. Къыскъуэтхэр нэхъыбэ ирехъу жиIэу, фIэгунэмыс цIыху гъунэгъу зыхуищIакъым. ЗыщIезыгъэх, щхьэусыгъуэ зи куэд, езым зэтриубла кIуэкIэр зэблэзышыну гурыщхъуэ зыхуищI зыдигъэлэжьакъым. Сытым щыгъуи пэжыгъэрэ къабзагъэрэ къилъыхъуэрт. Сыт хуэдэу ар мыгугъуми, абыкIэ мылъку гуэр къэблэжьыфыну щымытми, къилъытэрт щIэныгъэм хыхьа цIыхум абы зритыну фIэкIа, нэгъуэщI лэжьэкIи щытыкIи щыIэн хуэмейуэ. МащIэкъым абы щIэныгъэм хишахэр. Абыхэм ящыщщ педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор хъуахэу Емуз Н. Гъу., Геляевэ А. А., Бабаевэ Л. А., педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат Жырыкъ Р. Ж., ТIажь Б. П., Жеребилэ Т. В., Мухьэдий Ф. П., ХьэцIыкIу Р. А., ШынтIыкъу И. В., филологие щIэныгъэхэм я кандидат Къумыкъу Д. М.
- Структурнэ
- щIэныпхъэр щадж
- щIэныгъэ-къэхутакIуэ
- институтым и кIэр
- зыхуэкIуар
- Урысей Федерацэм щIэныгъэмкIэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ езыт еджапIэхэмкIэ, техническэ политикэмкIэ министерствэм 1992 гъэм Структурнэ щIэныпхъэм зегъэужьынымкIэ щыIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым хухихащ сом мин 600, щIэныпхъэр адэкIи джыным, егъэджэныгъэ лэжьыгъэм хэпща хъуным текIуэдэн хуейуэ. Ар мылъкуфI хъурти, ШэджыхьэщIэм лабораторэу 8 къызэIуихат: урысыбзэмкIэ, адыгэбзэмкIэ, хьэрыпыбзэмкIэ, инджылызыбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ, тыркубзэмкIэ, нэмыцэбзэм-
- кIэ, франджыбзэмкIэ. Институтым гулъытэ къыхуищIащ КъБР-м и президент КIуэкIуэ Валерий Аращ щылэжьа пэшхэр къезытар. Къэралыр лъэлъэжурэ, Мэзкуу къикI ахъшэри кIуэщIащ, лабораторэхэм щыщу плIыр зэхуащIыжын хуей хъуащ. 1999 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ищIащ ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ министерствэм илъэс къэс бюджетыр щигъэпскIэ Структурнэ щIэныпхъэм зегъэужьынымкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым Iыхьэ хухихын хуейуэ. Iуэхум и зегъэкIуэкIэр нэхъ гугъу хъуами, Марие лэжьакIуи хэкIыпIи къигъуэтурэ зригъэубгъурт. Адыгэбзэм елэжьыныр нэхъ япэ иригъэщхэм ящыщт. АбыкIэ гугъа-
- пIэ нэхъыщхьэу иIар Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и щIэныгъэлI БищIо Борисщ. Марие и инвариантым нэ лей- кIэ еплъын, джын, зегъэу- жьын зэрыхуейр къыгурыIуат БищIом.
- Институтым къыдигъэкI журналым мыпхуэдэу щитхат абы: «Структурнэ методикэм адыгэбзэм щиубыдынкIэ хъуну увыпIэм теухуауэ зы Iуэхугъуэ гу лъумытэу ублэкI хъунукъым. Мы методикэм, дэ къызэрытлъытэмкIэ, псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иIэнущ адыгэбзэ зымыщIэххэ е шэрыуэу зымыщIэ адыгэхэм (псалъэм папщIэ, къалэдэс сабийхэм) ар щрагъэджкIэ. Адыгэбзэр мыадыгэхэм зэрырагъэджын методикэ иджыри щыIэкъым. ЩIыщымыIэри гурыIуэгъуэщ — иджыри къэс апхуэдэ хуей дыхъуакъым… Ауэ иджы апхуэдэ къалэн, гъащIэм зихъуэжри, ди пащхьэ къиуващ. Ар къалэн тыншкъым. Языныкъуэ еджапIэхэм, университетым къыщызэIуахащ адыгэбзэ зымыщIэхэм ар егъэджынымкIэ курсхэр. Ауэ абыхэм я нэхъыбэр лъэлъэжащ, лажьэу къэна языныкъуэхэми, щIэныгъэ лъабжьэ лъэпкъ егъэджэкIэм зэримыIэм къыхэкIкIэ, къикIышхуэ щыIэкъым. Телевиденэм къызэIуихауэ щыта адыгэбзэ урокхэми мыхьэнэ лъэпкъ ямыIауэ жыпIэ хъунущ. А псор щIыжытIэр мыращ: мы къалэн къытпэщытымкIэ гугъуехьым дыкъыхишыфыну къытфIощI ШэджыхьэщIэм и методикэм». БищIом зэрыжиIэмкIэ, а лъэхъэнэм институтым и адыгэбзэ къудамэм щылэжьахэр тегушхуауэ Iуэхум яужь итат структурнэ щIэныпхъэм «адыгэбзэм ехьэлIауэ фIыгъуэу къыпыкIыну псори къыпахыну» хьэзыру.
- Жагъуэщ ар къызэрымы-хъуар, лэжьыгъэр къызэрызэтеувыIэжар.
- 2004 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Налшык махуитхукIэ щызэхэтащ псалъэ къэхъукIэм и инвариантымрэ абы къыпкърыкIыжа структурнэ щIэныпхъэмрэ яхэлъ лъапIэныгъэм теухуауэ Урысейпсо конференц. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыпIэ зэщымыщхэм къикIа лIыкIуэхэр, Мэзкуурэ Бытырбыхурэ бзэм елэжьу дэт институтхэм я унафэщIхэр, лэжьакIуэхэр. ПсалъэкIэ къагъэнэхуам и мызакъуэу, Аруан, Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэхэм я еджапIэхэм еблэгъахэщ, урокхэм щIэсащ, щIэныпхъэм и лэжьэкIэм кIэлъыплъахэщ. Къызэхуэса щIэныгъэлIхэм я чэнджэщхэм япкъ иткIэ конференцым унафэфIхэри къыщащтат: республикэм ис егъэджакIуэхэр гупурэ зэхуашэсурэ щIэныпхъэм щагъэгъуэзэну; а бгъэдыхьэкIэр зи лъабжьэ тхылъхэр курыт еджапIэм и 2 — 4-нэ, 5 — 7-нэ классхэм папщIэ зытхын автор гупхэр къызэрагъэпэщыну; щIэныпхъэр лэжьыгъэм хэпщэныр республикэм и щIыналъэ унафэщIхэм пщэрылъ ящыщIын хуейуэ; нэхъапэ ар лъэ быдэкIэ щыгъэувын хуей еджапIэхэр къыхэхыпхъэу, абы мылъкуу текIуэдэнур егъэджакIуэхэм я Iэзагъым щыхагъахъуэ Институтым 2005 гъэм и бюджетым къыхалъытэну. А унафэм и Iэ щIэлъщ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министру щыта Щоджэн Ахьмэд.
- ФIыми, унафэр тхылъымпIэм къинэжащ, зыри гъэзэщIа хъуакъым. Конференцыр иухщ, щытхъумрэ дахэмрэ щагъэшщ, Iуэхур кIуэтэн папщIэ лэжьын хуейр къратхыхри, псори зэфIэха хъуа хуэдэу (щIэупщIыIуэжахэ?), адэкIэ гъащIэм пищащ.
- Тыркубзэр моделхэм я шыбзэм зэрыщIигъэкIам хуэдэ дыдэу елэжьырт инджылызыбзэми. Хьэзыр хъуа материалыр куэд дыдэт, ауэ институтым и унафэщIыр дунейм ехыжри, а лэжьыгъэшхуэр лъэужьыншэ хъуащ, зи нэIэ тетын, пызыщэн щыIакъым. КъызыдэкIуам дэкIуэдыжащ жыхуаIэм хуэдэ хъуащ езы институтри. Пушкиным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэ зэтетхэм ящыщ зым и зы къат иIыгъыу лажьэу щыта институтыр, унафэщIыр щыщымыIэжым, япэщIыкIэ яхьыжащ зэпха Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, пэшитI хухахри, Шэнтыкъуэ Иринэ унафэщIу зы лъэхъэнэ гуэр екIуэкIащ. Марие и гъусэу адыгэбзэм и лексикэр псалъэ къэхъукIэм и моделхэмрэ щIыкIэмкIэ зэхагъэкIыну ирагъэжьа лэжьыгъэм пащащ икIи мыIейуэ гъэзэщIа хъуат.
- Институтыр зыхагъэхьэжа университетым и унафэщIыр зыкIи абы хуэмейуэ къыщIэкIри, зэхуащIыжащ, илъэс бжыгъэкIэ цIыху гуп зэлэжьа материалышхуэр кIуэдащ. Университетым и пщIэр зэриIэтыфыну щыта институтыр хигъэкIуэдэжащ, щIэныгъэ нэгъэсар зи лъабжьэ щIэныпхъэм зригъэужьакъым. Iуэхум и кIуэкIэр зэрымыхъумыщIэм къыхэкIыу а лъэхъэнэм ректору лэжьа Къарэмырзэ Барэсбий зыщыхуагъэзам, жэуапу къитар мыращ: «Си щхьэкIэ щыIэ унафэщIым институтыр университетым хэбжэ къыщызжиIэкIэ, ар сымыгъэзэщIэну сыхуиттэкъыми, приказ стхыри къыхэзгъэхьащ, ауэ сэ абы зыкIи сыхуейкъым». ГурыIуэгъуэт апхуэдэу унафэщIыр зыхущыт институтыр зэрымыпсэунур, ауэ адыгэбзэм и джыкIэ хъунум ехьэлIауэ лэжьыгъэ мыIей зэтеубла хъуати, абы бгъэдэт гупыр къызэтеувыIэжыну хуейтэкъым.
- ЩытыкIэ гугъум иува лэжьакIуэхэм зыхуагъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым бизнесымкIэ и институтым и унафэщI Хъурей Феликс. Ар философт, сыт хуэдэ Iуэхуми лъэныкъуэ куэдкIэ хэплъэрти, къыгурыIуат структурнэ щIэныпхъэм гъуэгу етын зэрыхуейр. И институтым къыщызэIуихащ Бзэхэр структурнэ щIэныпхъэм тету джынымкIэ къудамэ, Налшык къалэми республикэм и щIыналъэхэм щылажьэ курыт еджапIэхэми структурнэ щIэныпхъэр къыщацIыхунымкIэ лэжьыгъэ пыухыкIа гъэзэщIа хъуащ, семинархэр екIуэкIащ, щIэныпхъэм и зэфIэкIыр нэрылъагъу щащIу. Хъурейм и фIыгъэщ адыгэбзэмкIи урысыбзэмкIи егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр щIэщыгъуэ зыщIын тхылъ зыбжанэ дунейм къызэрытехьар. Мырат ШэджыхьэщIэм и щIэныпхъэр и лъабжьэу 2-нэ, 5 — 7-нэ классхэм папщIэ «Адыгэ псалъэ» пособиехэр щагъэхьэзырар. Мыбдеж къыщыхэзгъэщынщ КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэми Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтми я щIэныгъэлIхэм структурнэ щIэныпхъэр адыгэбзэм къимытIэсэну жаIэу тхылъхэм я лъэтеувэм къызэрыщыпсэлъар. Зытхахэм къызэралъытэри, зыIэрыхьа егъэджакIуэхэм халъэгъуари нэгъуэщIщ.
- ФIэщхъуныгъэ куу
- ШэджыхьэщIэм япэ дыдэу къыдигъэкIа тхылъым къыпэкIуа ахъшэмкIэ мэжджыт ухуэным пыхьащ. Сытыгу уиIэн хуейт, сыт хуэдэ тегушхуэныгъэ пхэлъын хуейт, уи гуащIэ фIэкIа узыщыгугъын уимыIэу апхуэдэ пщэрылъ зыщыпщIыжын папщIэ?.. ПщIыхьэпIэу и нэгу щIэкIат мэжджытыр щищIыну щIыпIэри иIэн хуей теплъэри. ЩIыпIэр Псынабэ къуажэм и дыхьэпIэрат. Проект куэдым хэплъащ, зыхуейм хуэдэ хуэмызэурэ, ауэ лъыхъуэм къегъуэт, икIи къигъуэтри икIи Iуэхум кIэщIкIэ яужь ихьащ. КъыкъуэкIащ къыдэзыIыгъахэр, зыкъыщIэзыгъэкъуахэр. Мэжджытым ирихьэлIэнухэр къыщищэхукIэ, нэхъ лъапIэмрэ нэхъыфIымкIэщ здэплъар, пуд къищэхуу и ахъшэм нэхъыбэ къыщIигъэкIыну пылъакъым. И фIэщ хъурт адэкIи хэкIыпIэ къызэригъуэтынур. Уасэ гуэр иIэну и унэм щIэтар ищэжащ, щыгъын лъапIэ къилъыхъуакъым. И гуащIэри, и пщIэнтIэпсри зыхилъхьар а мэжджытыр нигъэсынырщ. Зэи зыри псоми ещхьу зымыщI Марие ищIа мэжджытри ди щIыпIэм итхэм къащхьэщыкIырт. Абы хэтщ пэшиплI, сабийхэм бзиплIкIэ щIэныгъэ щрагъэгъуэтыну зэтриублэн и гугъауэ. Тхылъ хъумапIэ хэтщ, ШэджыхьэщIэм тхылъу зэрихьар абы щIэлъщ. Нэхъ пэшышхуи хухихат муслъымэн нэчыхь щатхыну. Марие щыгугъащ а Тхьэм и унэм лэжьыгъэ купщIафIэ щекIуэкIыну, сабийхэм щIэныгъэри гъэсэныгъэри нэгъэсауэ щагъуэту, гурыщIэ къабзэм зэришэлIахэм унагъуэ къызэрагъэхъум и щыхьэт тхылъхэр щатхыну, щIэныгъэм хуэлажьэ цIыхухэр щызэблэкIыну. А псори къэхъуакъым, аргуэрыжьщи, щIэныгъэ системэр апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ хуэмыныкъуэу къыщIэкIати. Мэжджытыр щыIэщ, дин Iуэху щызэрахьэ, къабзэщ, екIущ, и чэзум хъуэжыпхъэр, зэхъуэкIыпхъэр къызэрагъэпэщ ШэджыхьэщIэ Марие и цIэр зезыхьэ фондыр зыгъэлажьэхэм. Фондыр къызэрагъэпэщат Хьэлышх Хьэсэн, Сунш Ануарбий, Ахъмэт Назир, Индрокъуэ Мухьэмэд, Мамыхъу Мулид, Шакъ Хъусен, Лаговатовский Юрий сымэ. Марие дунейм ехыжа нэужь и цIэр фондым фIащыжащ. Зэи темыплъэкъукIыу мэжджытым кIэлъоплъ Хьэлышх Хьэсэн, къыкъуэкI лэжьыгъэм фондым хэтхэр полъэщ, ныкъусаныгъэ гуэр иIэу щагъэткъым.
- Марие илъэс 15-кIэ елэжьащ ухуэныгъэм, езыр щыщымыIэжми, фондым хэтхэм мэжджытыр IэщIыб ящIакъым, ебгъэлеймэ, езы Марие абы зэрыхуэсакъам къыкIэрымыхуу кIэлъыплъахэщ икIи кIэлъоплъ.
- ШэджыхьэщIэр зыпэлъэщам хуэдизым пэщIэувэфынури пэлъэщынури зырызыххэщ. Зыхинакъым хьэжыщIым и псапэми. Куэдым я хъуэпсапIэ а гъуэгу мытыншыр 1996 гъэм къызэпичри, «Хьэжым и гъуэгуанэ тхыгъэхэр» тхылъыр итхыжат. Абы итщ мыпхуэдэу: «Иджы, нэхъ жыжьэ сыплъэ, нэхъыбэ къызгурыIуэ сыхъуащи, лъэныкъуэкIэ сыщыт хуэдэу сызоплъыж, сыфхэмытыжу, си псэр джакIуэу къыфхэнауэ аркъудейуэ къызыщызгъэхъуу, нэгъуэщIым къыбгъэдэкI хуэдэу жызоIэ: «Зы напIэдэхьеигъуэкIэ фи жэрыжэр къызэтевгъэувыIэну лъаIуэу арат ар щIэтхьэджэр, Алыхьыр куэдыкIейуэ къызэретар псори, зыри мычэму, фи Iэгум ныфхурилъхьэну хунэсын папщIэ. Ауэ фэ фыпIащIэрт, фыпIащIэрт… Дэнэ?
- Мы дунеишхуэм сэ сыщыхэт, сыщысыт? Сызынэпс ткIуэпсщ. Мис, къежэхащ ар — къэсат си пIалъэр, — икIи къызэдэсщтар Аращ — Фэ Къыфхуэзгъанэращ. Адрейр псори сабэрэ щарэщ».
- ХЬЭЦIЫКIУ Рае.