ХъуэпсапIэм я нэхъыбэр театрым епхащ
2021-04-03
- КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хъыдзэдж Борис
- и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу
- Лъэпкъым зи фэ ираплъ, цIыхубэр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ артист гъуэзэджэхэмкIэ адыгэ театрыр къулейщ. Абыхэм уэрамым уащрихьэлIэн къудейр гухэхъуэщ, сценэм иту зэ плъэгъуамэ, я джэгукIэм хьэщыкъ уащIри, гъуазджэншэу упсэужыфыркъым. Дэрэжэгъуэ къуат къудейкъым, уи щхьэр лъагэу уагъэлъагъуж. Апхуэдэ творческэ цIыхухэм ящыщ зыщ гъатхэпэм и 24-м зи ныбжьыр илъэс 70 ирикъуа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр пажэ Хъыдзэдж Борис. Дэрэжэгъуэ щымыщIэну, узыншагъэ быдэ иIэну, ролыщIэхэмкIэ къулеину, и щхьэгъусэ Iэсятрэ езымрэ зэкъуэту илъэс куэдкIэ зэдэпсэуну дохъуэхъу Борис, цIыхухэм гукъыдэжу яритар куэдкIэ гъэбэгъуауэ Тхьэм къыбгъэдилъхьэж.
- Артист IэщIагъэм зэрыныбжьыщIэрэ дихьэхырт Хъыдзэджыр, Iуэхур къыщежьари, ар еханэ классым щIэсу, Мысостышхуэ Пщызэбий зыхэт спектакль гуэр Борис зыщыщ Абей къуажэм яшауэ щеплъарат. ЩIалэ цIыкIур занщIэу зэщIиубыдат илъэгъуам. Тегушхуэри Пщызэбий нэIуасэ зыхуищIащ икIи зэхуэтхэн щIадзэри, ныбжьэгъуфI зэхуэхъуащ.
- И IэщIагъэр езым къыхихауэ пIэрэ Хъыдзэджым? «Артист дунейм и Iупхъуэ къуагъым сыщыкъуэплъэм, а дунейм и хъым сихуащ. Зэрыхъуар мыращ. Еянэ классым сыщIэсу, урысыбзэмкIэ дезыгъаджэ Гуэбэшы Амурбэч: «Акъсырэ Залымхъан и «Дахэнагъуэ» пьесэр уиIэу къызжаIащи, къысхуэпхьыфын?», жиIэри къызэупщIащ. ТекIуэныгъэ Иным и махуэ майм и 9-м ирихьэлIэу игъэувыну арат. Сэ жесIащ Акъсырэм и тхылъым зауэм теухуауэ «Дыгъэр къыщыкъуэкIым» зыфIища пьесэ зэритыр. Абы еджэри игъэувын щIидзащ. 10-нэ классым щеджэхэмрэ ди классым щIэс Беслъэней Татьянэрэ сэрэт щыджэгунухэр. Роль нэхъыщхьэр — урыс офицер тIасхъэщIэхым и ролыр — зрита щIалэр къэмыкIуэурэ сэ къызитыжащ ар Амурбэч, езым нэмыцэ офицерым и ролыр къищтащ. Спектаклыр дгъэуври, афишэхэр едгъэщIауэ, билетхэр ящэу районым къыщетшэкIат, ехъулIэныгъэшхуэ ди лэжьыгъэм иIэу. Гуэбэшыр илъэситIкIэ си япэ иту ГИТИС-м и режиссёр къудамэм щIэтIысхьауэ щытащ», — игу къегъэкIыж Борис.
- Игу ирихьу, щIэхъуэпсу кIуат, иджыри езы лэжьыгъэр фIыуэ елъагъу Борис. Ауэ иджыпсту артистхэр гулъытэншэу къызэрынам, улахуэр зэрымащIэ дыдэм къыхэкIыу тIэкIу гуитIщхьитIщ. Ауэ гукъеуэ псоми емылъытауэ, и хъуэпсапIэм я нэхъыбэр театрыращ зэпхар.
- Щукиным и цIэр зезыхьэ училищэм театрым и дуней телъыджэм куууэ щыхашахэм ящыщщ Борис. Абы театрыр и нэгу къызэрыщIигъэхьамрэ егъэджакIуэхэм студентхэм я пащхьэ къралъхьэмрэ куэдкIэ зэщхьэщыкIырт. Хъыдзэджыр зыхэта адыгэ студием и насып кърихьэкIри, Вахтанговым и гъэсэну щыта цIыху зыщыплIым, Щукиным и щхьэгъусэри яхэту, иригъэджащ. «Ар си дежкIэ школышхуэт. Таурыхъым дыхэтым хуэдэт дыщеджа зэманыр», — жеIэ Борис.
- Хэбдзын яхэмыту гуп гъуэзэджэ къыхыхьэжат гупыр. ДыщэкI КIунэ, ТIыхъужь Алий, Сонэ Мухьэрбий, Болэ Мурат, Токъуий Хъусен, Сибэч Быхуэ, Балъкъэр Калисэ, адрей артист гъуэзэджэхэри хабзэкIи, нэмыскIи, актёр IэзагъэкIи узыдэплъеин защIэт. Театрым ехъулIэныгъэфIхэр зэриIар зи фIыщIэри а нэхъыжьыфIхэрщ. Абыхэм яхэтыну, щапхъэ къытрахыну, я чэнджэщ щIэдэIуну я насып кърихьэкIащ артист ныбжьыщIэхэм.
- «Куэд иIыгъщ цIыхур къызэрыпIущIэм. Дэ Москва дыкъыщикIыжам Ефэнды Джылахъстэн дыкъригъэблэгъэжауэ щытащ, ди республикэм и къэрал филармонием и симфоние оркестрыр щIыгъуу, — игу къегъэкIыж Борис. — Ар щIэдзэкIэ дахэт, Iуэхум дытезыгъэгушхуэт, цIыхубэр къызэрытхуэныкъуэр къыдэзыгъащIэт. Апхуэдэ дыдэу артистыр Iей хъунуми фIы хъунуми еджапIэ нэужьым зыхэхуэ гупым куэд елъытащ. Артист нэхъыжьыфIхэм щапхъэ къатепхыныр гъуэзэджэщ, уадэплъеиныр фIы дыдэщ, ауэ нэхъыбэ зэлъытар режиссёрыр зэрыарар хьэкъщи, апхуэдэу дызыдэлэжьа IэщIагъэлI нэсхэм я цIэ къисIуэну сыхуейт. Апхуэдэу зэфIэкIышхуэ зиIэ режиссёр бэлыхьт Теувэж СулътIан. Абы хуэдэу артистхэм бзэ и лъэныкъуэкIэ ядэлажьэрэ ар зыгъэкъабзэрэ щыIауэ къыщIэкIынкъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджыблагъэ дунейм ехыжащ СулътIан, дыхуэарэзыщ, и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI. Теувэжыр Урыс драмэ театрым ягъакIуэри, Ерчэн Леонид дэ къытхуагъэкIуауэ щытащ, роль хъарзынэхэр абы дэсщIащ. Я лэжьэкIэкIэ, пьесэм зэрыбгъэдыхьэкIэ Ерчэнымрэ Теувэжымрэ зэщхьэщыкIми (апхуэдэу къыщIэкIынщ зэрыщытын хуейри, цIыху къэсыху езым и хъэтI иIэжыпхъэщ), тIури режиссёр бэлыхьт. Апхуэдэуи сэ садэлэжьащ режиссёрхэу Джэху Рэмэзан, Мысостышхуэ Пщызэбий, артисту си гъусэу еджэу иужькIэ режиссёр IэщIагъэр зэзыгъэгъуэтыжахэу Шэрджэс Мухьэмэдрэ Фырэ Русланрэ, нэгъуэщIхэми.
- КIэлъыкIуэри, режиссёр щIалэу Дэбагъуэ Роман къытхыхьэжащ. Ар ди ужькIэ Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэм щеджа гупым щыщщ, илъэс 12-кIэ театрым актёру щылажьэри, итIанэ режиссёр IэщIагъэ а еджапIэ дыдэм щызригъэгъуэтыжауэ. ФакультетитIри диплом плъыжькIэ къиухащ. Режиссёр Iэзэщ, абы игъэува «Удзым хэт пианинэ», «ХъуэпсапIэм и трамвай» лэжьыгъэ купщIафIэхэр нобэми театреплъхэм я гум ихуакъым. Дэбагъуэм апхуэдэуи игъэуващ Горин Григорий и «Кин ЕплIанэр», Куни Рей и «13-нэ номерыр», Нало Заур и «IэфIынэ и нэ фIыцIитIыр», Миллер Артур и «Ахэр псори си къуэ пэлъытэт» спектаклхэр».
- Театрым щагъэувахэм ящыщу Борис гукъинэж щыхъуа спектаклхэр куэд мэхъу. Псалъэм папщIэ, къыщыкIуэжагъащIэхэм СулътIан игъэува «ЩIыщIэ къэIэтар», IутIыж Борис и «Тыргъэтауэр». ЕтIуанэм и ролхэр апхуэдизкIэ зыхуей хуэзэу итхат Бориси, я нэхъ цIыкIу дыдэми уартисту зыгуэр пщIэххэнумэ, къэбджэгун хэлът. Арагъэнт абы хэтахэм псоми я образхэр пылъхьэншэу къащIехъулIар.
- Хъыдзэджым игъэзэщIа ролхэми яхэтщ адрейхэм къахигъэщхьэхукIхэр, игъафIэхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, IутIыж Борис и «Эдип» пьесэм къытращIыкIа спектаклым щигъэзэщIа Креон и ролыр. «Ар роль тыншхэм ящыщтэкъым, ауэ гукъинэж зыщIыжыр аракъэ?! — жеIэ Борис. — Артистым зы зэфIэкI гуэр бгъэдэлъмэ, абы къигъэнэIуэнут. А ролыр зыхуей хуэзэнымкIэ сэ хуабжьу лэжьыгъэшхуэ къыздищIащ ар зыгъэува, Урысей Федерацэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Теувэж СулътIан, «Ахэр псори си къуэ пэлъытэт» спектаклым Дэбагъуэ Роман къызэрыщызэлIэлIам ещхьыркъабзэу».
- Апхуэдэ дыдэу Борис и гум къинэжащ Буштец (Дударев Алексей и «Сэлэтхэр»), Едмон (Саган Франсуазэ и «Удзым хэт пианинэ»), ефэндым (Нало Заур и «IэфIынэ и нэ фIыцIитIыр»), адэм (Неш Ричард и «Уэшх зыщэ») я образхэр, нэгъуэщIхэри.
- Театр лэжьыгъэм нэмыщI художественнэ тхыгъэхэр зэдзэкIыным, абыхэм къеджэным дехьэх Борис. «Бжьамий» ансамблыр къызэзыгъэпэщыгъа Бекъул Леонид иригъэблагъэри, абы илъэсибгъукIэ щылэжьащ, концертхэр иригъэкIуэкIыу, тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къеджэу.
- Радиом къит «Ди зэIущIапIэм» нэтыныр Багъэтыр Нинэ и гъусэу Быдэ Хьэсэнрэ Борисрэ чэзууэ ирагъэкIуэкI. «Сыдахьэх адыгэ уэрэдыжьхэм, нарт хъыбархэм, адыгэ таурыхъхэм, жыпIэнуракъэ, лъэпкъым и мэ зыщыуа псоми. Абыхэм сфIэфIу радиом сыкъыщоджэ», — жеIэ Хъыдзэджым.
- Илъэс куэд хъуауэ адыгэбзэкIэ зэредзэкI игу ирихь тхыгъэхэр. Иджыри еджапIэм щIэсу Ги де Мопассан и «Кхъухь тедзапIэм» новеллэм къеджа нэужьщ ар къыщежьар. «Чеховым, Шукшин, Думбадзе сымэ я рассказхэр зыпэсщI щыIэкъым. Романым къыщызэщIамыкъуэф куэд къыщигъэлъагъуэрт Думбадзе и рассказхэм, — къыддогуашэ и гупсысэхэмкIэ артистыр. — Абы «Лъы» зыфIища и рассказыр ди лъэпкъым пэгъунэгъу дыдэу къызолъытэ, ар зэздзэкIыу инсценировкэ сщIынри аращ къызыхэсхар. Апхуэдэуи Думбадзе ейуэ адыгэбзэм къизгъэтIэсащ «Анэ», «Дыгъэ», «Къыумыгъэуш» рассказхэр, ахэр радиом и фондым хэлъщ, «Лъыр» радиом и мызакъуэу, телевиденэми фильм-спектаклу щIэлъщ. ЗэздзэкIахэм ящыщщ Чеховым и «Ванька»-р, Афанасьевым и «Гумызагъэ» таурыхъыр, Горькэм и «Сказки об Италии» тхыгъэхэм щыщ, «ЕпцIыжакIуэм и анэр», нэгъуэщIхэри. Къамбий Джэфар къыдигъэкIыу щыта «Адыгэ хэку» журналым тетащ зэздзэкIа тхыгъэ-хэм ящыщу Искандер Фазиль и «Адакъэ» сабий рассказыр, Туманян Ованес и «Фадэ зыфIэфIым и чеищIэ гъущыркъым» хъыбарыр. Псори зэхэту зы тхылъ, шэч хэмылъу, хъуну къыщIэкIынщ зэздзэкIахэр».
- Узыгъэгушхуэ, узыгъэгуфIэ щымыIэу мы дунейм утетыфрэ?! Апхуэдэу Борис иIэщ къыдалъхуахэр, сыт и лъэныкъуэкIи игъэгушхуэу, игъэгуфIэу, и лэжьыгъэри сыт хуэдэ Iуэхури къыдиIыгъыу къыбгъэдэт и щхьэгъусэр, и ныбжьэгъу пэжхэр. «Срогушхуэ, срогуфIэ илъэс мин бжыгъэ хъуауэ къэгъуэгурыкIуэ, зи хабзэкIэ, нэмыскIэ, лIыгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа адыгэ лъэпкъым сыкъызэрыхэкIам» щыжиIэкIэ уэри гушхуэныгъэ къыпхимылъхьэу къанэркъым.
- ГъащIэм ныбжьэгъу гъэунэхупIэ сригъэхуащ куэд-рэ, нобэ сигурэ си щхьэрэ зэтелъу схужыIэнущ ныбжьэгъуфIхэр сызэриIэри.
- — Ди нэхъыжьыфIхэм хуэдэу, иджырей актёрхэри фIыуэ ялъагъуныр, театрым спектакль гъэщIэгъуэнхэр, дерс къызыхахынхэр щагъэувыныр, ди цIыхухэм театрыр я кIуапIэу щытыныр, режиссёр бэлыхьхэр диIэныр си хъуэпсапIэщ. Ди щэнхабзэм игъуэт пщIэр нэхъ лъагэ хъунми сыщIохъуэпс! — къыхегъэщ Хъыдзэдж Борис.
- Уи хъуэпсапIэр нахуапIэ ухъу, Борис! Узыншагъэ, гукъыдэж, дэрэжэгъуэ, роль гъэщIэгъуэн, нэгъуэщI узыхуей Iэджэми ущымыщIэну Тхьэм жиIэ!
- Епсэлъар ИСТЭПАН Залинэщ.