«Батэр зыгъэш, шынэ зымыщIэ»
2021-04-03
- Барэсбий сэр нэхърэ илъэс зыбжанэт зэрынэхъыжьыр, си нэхъапэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтщ, еджэщ, епщэжри, и гъащIэри и дунейри щIэныгъэм хэту ирихьэкIащ. ДыщызэрыцIыхуа махуэм щегъэжьауэ дунейм ехыжыхункIэ ди зэхуакум ныбжьэгъугъэ илъу, пэжагъ дэлъу, дызэгурыIуэу, щхьэж ищIэмрэ зыхищIэмкIэ дызэдэгуашэу дыкъызэдэгъуэгурыкIуащ. Дызытелажьэ Iуэхугъуэхэр мащIэу зэщхьэщыкIми, ди къежьапIэр зыт — тIури дыфилологт. Барэсбий Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым филологиемкIэ и факультетыр диплом плъыжькIэ къиухащ, сэри зы илъэскIэ абы иужь ситу Адыгэ къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къесхьэлIащ.
-
Барэсбий и гур щIэныгъэм хуеIэрти, кIыхьлIыхь зримыгъэщIу СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием БзэщIэныгъэмкIэ и институтым и аспирантурэм щIэтIысхьащ, 1973 гъэм психолингвистикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат хъуащ. Щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжа нэужь, къиуха университетым психологиемкIэ щригъаджэу 1987 гъэ пщIондэ лэжьащ. Абы иригъэджауэ и гъуэгупэ къихуа дэтхэнэми Барэсбий и жыджэрагъыу щытар, и нэгур зэлъыIухарэ зыхэтым яхуэгуапэу, зыхуригъаджэм щIэрэ щIэщыгъуэрэ хилъхьэн папщIэ, псалъэмакъ иригъэкIуэкIым щапхъэхэр къебэкIыу дерсыр зэрызэхиухуанэу щытар нобэр къыздэсым ягу къагъэкIыж.
- Егъэджэныгъэм здыхэтым, Барэсбий дэзыхьэх лъэпкъ щэнхабзэм, социолингвистикэ икIи психолингвистикэ Iуэхугъуэхэм и щIыб яхуигъэзакъым, къэхутэныгъэ иригъэкIуэкIыу щытахэри зэи зэпигъэуакъым. Къихутэм лъабжьэшхуэ зэраIэр, зыбгъэдыхьэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэми куууэ зэрапхрыплъыфыр Барэсбий нахуэ къищIащ 1978 гъэм «Адыгэ щэнхабзэ» («Адыгский этикет») зыфIища тхылъыр дунейм къытригъэхьа нэужь. Тхылъыр зыIэрымыхьэм и мыгъуагъэу щIэупщIэшхуэ иIащ, ипэкIэ къэмыхъуауэ, иужькIэ къэхъуар зытеужьыкIар а тхылърауэ, Бгъэжьнокъуэм Адыгэ Хабзэр щIэныгъэ утыкум кърилъхьащ, абы пкъы зэриIэр, ар гъэпсыкIэ убзыхуам зэрытетыр IупщI къищIащ. Къэхутэныгъэм и пщIэр нэхъри лъагэу яIэтащ Урысейм щыIэ щIэныгъэлэжьхэм, ар лъэпкъ щIэныгъэм и зы унэтIыныгъэуи къалъытащ. Еши псэхуи имыщIэу Барэсбий щIэныгъэм хуэлэжьащ, зи мыхьэнэр къэлъытэгъуей монографие зыбжанэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ, дунейм къытемыхьахэри щыIэщ.
- Тбилиси дэт Адыгэ центрым 2010 гъэм дыщрагъэблагъэм, тыгъэ къытхуащIауэ щытат уасэ зимыIэ тхылъ. «Адыгэхэр» зи фIэщыгъэ тхылъ фафIэшхуэм щызэхуэхьэсат щIэныгъэлIым и монографие зыбжанэ, дэтхэнэри акъылрэ губзыгъагъэкIэ гъэнщIауэ, лъэпкъым и псэкупсэ къэгъэщIыгъэхэм нэгъуэщIынэкIэ, нэгъуэщI гупсысэкIэ урагъэплъу.
- 1985 гъэм Бгъэжьнокъуэм «ЗэпсэлъэкIэ хабзэхэмрэ лъэпкъымрэ» («Культура общения и этнос») доктор диссертацэр пхигъэкIри, Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щIэныгъэ лэжьакIуэу кIуэжащ. Барэсбий институтым и къудамэ зыбжанэм я унафэщIу лэжьащ, 2007 гъэм и унафэщIу теувэри, а IэнатIэр 2014 гъэм нэс ирихьэкIащ. Институтым и унафэщIу тетыху, Барэсбий и гуащIэри и зэфIэкIри ирихьэлIащ абы и зыужьыныгъэм, щIэныгъэ зэпыщIэныгъэхэм зригъэубгъуащ, IуэрыIуатэ икIи этнографие зекIуэ зыбжани зэхишащ. Лэжьыгъэм псэемыблэжу бгъэдэт щIэныгъэлэжьым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэри куэд дэмыкIыу къыхуагъэфэщащ. УнафэщI IэнатIэр игъэтIылъыжами, Бгъэжьнокъуэр институтым къыIукIакъым, адыгэхэм я жыIауэ, къызыхуалъхуар арати, щылажьэу щыта пасэрей икIи курыт лIэщIыгъуэхэм я тхыдэмкIэ къудамэм игъэзэжри, дунейм ехыжыху абы и пашэу лэжьащ. Апхуэдэу, Барэсбий и гъащIэм щыщу илъэс 35-м щIигъу институтым иритащ.
- Барэсбий 1990 — 1993 гъэхэм къыдэкIыу щыта, адыгэхэм дежкIэ къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ зиIа «ЩIэнгъуазэ» газетми и редактору зэрыщытари къыхэгъэщын хуейщ. Лъэпкъ щIэжыр къыщызэщIэрыуэж лъэхъэнэм хуэзэу дунейм къытехьэу хуежьа а газетыр куэдкIэ нэхъ иужькIэ къыдэкIа «Адыгэ щIэнгъуазэ» тхылъышхуэм и псыпэхэшщ, лъабжьэ хуэхъуари аращ. Абы къытехуэрт адыгэхэм я этнографием, IуэрыIуатэм, литературэм ехьэлIа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, нэхъапэкIэ цIыхур зыщыгъуазэу щымыта тхыдэ хъыбар куэд. ЖыпIэнуращи, адыгэ зэхэщIыкIым зыкъиIэтынымкIэ мыхьэнэ иIащ газетым.
- Барэсбий лIыфIт. Абы и цIэм епхауэ гукъэкIыж куэд сиIэщ. Ауэ нэхъыбэрэ си гум къыдридзеиж Iуэхугъуэхэм ящыщщ ар щIэныгъэщыпэ 1978 гъэм къызэрыкIуауэ щытар. Дунейр бжьыхьэпэ уэфI дахэт Къэбэрдейм къикIыу Шапсыгъым ежьа экспедицэр Мейкъуапэ къыщыдэлъэдам. А лъэхъэнэм институтым щымылажьэми, Барэсбий и къэхутэныгъэхэм цIыхур щыгъуазэ яхуэхъуат, щIэныгъэлэжьхэми мыбзаджэу ар яцIыхурт.
- А махуэм хьэщIэхэм щысын гухэлъ яIэтэкъыми, шэджагъуашхэм иужькIэ гъуэгу техьэжыну загъэхьэзыру щIадзащ. Бжьэдыгъум икIыу Шапсыгъым кIуэну арат зытраубыдари, зы къуажэ дыхьэу абы щыпсэу лIыжь-фызыжь зыбжанэ къагъэпсалъэмэ зэрафIэигъуэр къыхагъэщащ. Щхьэлахъуэ Iэбу къызэлъэIури, хьэщIэхэм хэгъэрей сахуэхъуащ, автобусым садитIысхьэри, гъуэгу садытехьащ.
- Джэдыуаджэ Iэсхьэд и цIэр зэхэзымыха Адыгэ Хэкум щIагъуэ искъым. Ар къуажэкIэ Аскъалэ щыщт. И ныбжьыр илъэс тIощIи-щым зэрыщхьэдэха щымыIэми, лIыжькIэ уеджэну щымытми, нэхъыжьхэм къабгъэдихауэ лъэпкъ щIэныгъэшхуэ зэрихьэрт, зыхимыщIыкIрэ зыщымыгъуазэрэ щыIэкъым жыпIэну цIыху губзыгъэт. Си адэшхуэ Къуиикъуэ Мусэ сымаджэщым зы палатэ къыдыщIэлъат Iэсхьэди, абы лъандэрэ нэIуасэ дызэхуэхъуауэ дыкъызэдекIуэкIырт. Ди адэшхуэр нэхъ хьэлъэ къэхъуарэ дыщхьэщысын хуейуэ зы жэщ къыщытхуихуэм, сыкъепэзэзэх хъуащ. УщIалэмэ, жейм ебэныгъуейкъэ, сыкъещхьэукъуэх хъумэ, сытэджрэ псыр си нэIум щIэскIэурэ сыкъэтIысыжырт. Апхуэдэурэ дапщэрэ екIуэкIами, зы зэман зэ гъунэгъу пIэм хэлъ лIы гъурыр къэпсалъэри:
- — Сыт, щIалэфI, уи адэшхуэм пщIэнтIэпсыр къыпхихурэ? — жиIащ.
- — Хьэуэ, — жысIащ, — адэуз зиIэ цIыхум тесыягъэ тIэкIуи къыхэхуэнщ (ущигъэгулэзи къохъу).
- — Уи псэлъэкIэкIэ лIыжь-фызыжьхэм уабгъэдэсауэ фэ птетщ, — жиIащ лIым.
- — Анэшхуэ диIащ, абы дыбгъэдэсащ.
- — Сэ уи адэшхуэрщ жыхуэсIэр…
- — Уэри щIэж хъарзынэ уиIэщ, — къыхэзгъэщащ сэ.
- — Хьэуэ, дэ апхуэдэ насып диIакъым. Ди адэшхуэ Хьэсанэ Сталиным и лъэхъэнэм «бандит» цIэр къыфIащри, лажьи хьэкъи имыIэу Дубинскэ хьэпсым ирадзэри щаукIащ. Ауэ ди анэшхуэм и унэкъуэщ Фаджэ Шупашэ и хьэщIэщым щекIуэкI уэршэрхэм куэдрэ сахэдэIуэну игъуэ сихуащ.
- ЛIым хъыбару къиIуатэр имыухыурэ нэхур къыттещхьащ. Ауэрэ, сымаджэщым апхуэдэ лIыжь Iущ зэрыщIэлъыр зэхэзыхахэр къакIуэм, къэтIысурэ палатэм щIэмыхуэж хъуащ. Иужьым, телевизорыр зыщIэт пэшышхуэм цIыхур щызэхуэсрэ Iэсхьэд абы яшэу, ягъэуэршэру, IуэрыIуатэжьхэр жрагъэIэжу хуежьащ. «Мы лIым хъыбархэр къиIуатэ щыхъукIэ, уи щIакIуэр пщахами, къэпщIэнукъым», жаIэрт абы едаIуэхэм, и уэршэрыкIэм апхуэдизкIэ зыIэпишэрти. Мис а Джэдыуаджэ Iэсхьэд дежщ хьэщIэхэр сшэну зытезыубыдари.
- Аскъалэ дынэсри, къуажэ клубым дыкъыщыувыIащ. Клубым и унафэщI Цей Ерстэм си нэIуасэти, дыкъызытекIухьар щыгурызгъаIуэм, щIалэхэр къуажэм хигъэхьэри, лIыжьхэр къаригъэшащ. Абыхэм яхэтащ Емыжь Ибрэхьим, Джэдыуаджэ Iэсхьэд, Джэдыуаджэ Хьисэ, нэгъуэщIхэри.
- МащIэкъым а пщыхьэщхьэм аскъалэ лIыжьхэм деж щатхыжар Къэбэрдейм къикIа щIэныгъэлэжьхэм. Сыт хуэдиз лэжьыгъэ ирамыгъэкIуэкIами, къызыдыхьар адыгэ къуажэкъэ, дамыгъэкIыжыну, жэщым къагъэнэну къыпаубыда щхьэкIэ, хьэщIэхэм ядакъым — зэры-Шапсыгъыу къапэплъэу жаIэри, къуажэм пщыхьэщхьэм дэкIыжахэщ.
- Зы тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIауэ Барэсбий телефонкIэ сыкъигъуэтащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар Аскъалэ дэмыкIыжауэ иджыри зэрыдэст, Iэсхьэд и бысыму абы деж щыIэт. Къэбэрдейм къикIа хьэщIэр махуэкIэ зэIэпахыурэ къуажэ псом яхэтт, жэщкIэ и бысымым къыхуашэжырт. Кассетэу къыздрихьэжьар зэриухар къызжиIэри, дэнэ къисхми иджыри зыбгъупщI хуэдиз къэзгъуэту хуэсшэну къысхуигъэбыдащ. Зызмыгъэгувэу къалэм сыдыхьэри, ныбжьэгъу-щауэгъурэ нэIуасэ защIэкIэ кассетэхэр «къызэхэздзэри», автобускIэ хуезгъэшащ. Барэсбий Аскъалэ иджыри зы тхьэмахуэкIэ дэсыжащ, «и нэр и щIыбкIэ щыIэщ» жыпIэну къуажэр игу пымыкIыу къыдэкIыжащ, кассетэ тIощI хъун лIыжь уэршэр тритхауэ.
- Iэсхьэд гууз иIэти, куэдрэ сымаджэщым къакIуэрт. КъыщыкIуэкIэ, къысхуиIуэхурти сригъашэрт. Барэсбий кIуэжагъащIэу дыщызэIущIэм, мащIэу пыдыхьэшхыкIри къызжиIат:
- — Къэбэрдей ТIуащIэм къикIа уи ныбжьэгъу щIалэм хъыбар кIэщIхэр нызимыгъэгъэсурэ кIуэжащ, хъыбар кIыхьхэм сынэсыну игъуэ сихуакъым. КIуэ, иджы къакIуэмэ, сызыхунэмысахэр иризгъэкъужынкIэ си псалъэщ…
- Барэсбий ар щыжесIэжым, пыгуфIыкIащ, жиIами сигу къыдришеящ:
- — Сэ Iэджэ къызэхэскIухьащ, нэхъыжь куэдми сабгъэдэсащ, адыгэ щIыналъэу сыздынэмысари къэгъуэтыгъуейщ, ауэ Iэсхьэд хуэдэ лIы Iущу, цIыху губзыгъэу сызрихьэлIар мащIэщ. Мазэ ныкъуэкIэ абы деж сыщыIати, пщэдджыжьым сыкъигъэтIысырт, напэIэлъэщI хужьыр и куэщI иригъэубгъуэрти, абы и Iэр щIэдзауэ и хъыбархэр къригъажьэрти зэкIэлъигъакIуэрт. Апхуэдэххэурэ шэджагъуашхэр къэсырт. Шхэн зэрыдухыу аргуэру къыхидзэжырти, пшапэ зэхэуэгъуэ пщIондэ и уэршэрыр иукъуэдийрт. Пщыхьэщхьэ хъуамэ, и хьэщIэщым къекIуалIэ лIыжьхэм адыгэ псалъэмакъ дахэм пащэрти, жэщыр хэкIуэтэху аргуэру хъыбархэр зэкIэлъагъакIуэрт. Апхуэдэурэ Аскъалэ сызэрыщыIа зэманыр зэрыкIуэр сымыщIэу щысхьащ…
- ИужькIэ, Барэсбий селъэIури, Джэдыуаджэ Iэсхьэд къыхуиIуэтэжа хъыбархэр зытет кассетэхэм трезгъэтхыкIыжащ, Адыгэ хэку институтым и архивми хэтлъхьэжащ. ТхыдэIуатэм и фэеплъу, щIэныгъэлэжьышхуэм и щIэину а кассетэхэм тет «хъыбар кIэщIхэр» архивым и дыщэ фондым нобэ щыщщ.
- Барэсбий и цIэр адыгэ дунейм нобэ щIэныгъэлIкIэ хэIуащ. Пасэрей адыгэ зауэлIыр зекIуэ кIуэрэ къуентхъыу кърихьэлIэр жылэм яхуигуэшу зэрыщытам ещхьу, Барэсбий и гущхьэлэжьыгъэр къызыхэкIа лъэпкъым ядигуэшащ, адыгэм и мызакъуэуи, а лэжьыгъэм и жьауэр нэгъуэщI лъэпкъхэми ятридзащ.
- И тхылъхэм зэ закъуэ мыхъуми IэщIэмыкIыу «Батэр зыгъэшу, шынэр зымыщIэу» жиIэурэ тхыгъэ къысхутритхэрт, уадыгэмэ уигъэгушхуэну. Барэсбий пщIэ къысхуищIащ, и къысхущытыкIэ псоми пэжагърэ захуагъэрэ хэлъу къыздызекIуащ…
- КъыздызекIуащ, жысIэу сотх, тхэкIыжащи, нобэ къытхэтыжкъыми. Хьэлъэу сымэджами, лIыгъэ хэлъу и ажалым IущIащ. ЗэрыщымыIэжыр си гукъеуэу иджы сэ Барэсбий жесIэмэ сфIэигъуэр мыращ: «Батэр зыгъэшу, шынэр зымыщIэу, ищIэр къуэгъэнапIэ имыщIу, жьыи щIэи яжриIэн иIэу, жиIэнрэ илэжьынкIэ къылъэщIыхьэ щымыIэу ди япэ ита нэхъыжьыфIым уи дунейр зэрыпхъуэжар, узэрыдимыIэжыр дэркIэ гухэщIышхуэщ. Тхьэм жэнэт Iыхьлы уищI, уи ужь къинахэми щыIэкIэфI къарит».
- Сэ быдэу си фIэщ мэхъу Бгъэжьнокъуэ Барэсбий и цIэр адыгэм зэрыщымыгъупщэнур.
- КЪУИИКЪУЭ Асфар,
- тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор,
- жылагъуэ лэжьакIуэ.