Трам и къуэ Къэрабэ
2021-04-03
- Къэрабэхэ зэшибл хъурт. КъызэдекIуалIэу зэщIыгъуу зэдэшхэну зы жэщ-зы махуэ къахуихуэртэкъым. Я адэ-анэм гукъанэшхуэ къыщыхуащIым, зэгурыIуэхэри, махуэ гуэрым зэкъуэшиблри зэдэшхащ. «Мыр дэзыгъэлъэгъуа Алыхьым къурмэн дыхухъу», — жаIэри гуфIахэщ. Жылэр зэхуашэсри Iэнэ кърахьэжьащ, тхьэлъэIушхуи ящIыжащ.
- Зыкъомрэ зэхэсауэ зэбгрокIыжхэри, унагъуэр мэгъуэлъыж. Ауэрэ нэху мэщ. Пщэдджыжь хъуа щхьэкIэ, мобыхэм я бжэр къыIуахыртэкъым. Шэджагъуэр къос, пщыхьэщхьэри къоблагъэ, ауэ я унэбжэр зэрыгъэбыдащ.
- «Мыбыхэм зыгуэр къащыщIауэ къыщIэмыукI», — жаIэу, бжэр Iуатхърэ щIыхьэмэ, ялъагъур сыт? Адэ-анэр лIауэ щIэлъщ. Я къуэ нэхъыжьымрэ я нысэ нэхъыжьымри аращ. Адрей я къуэ-я нысэхэри — Къэрабэхэ псори зэтелIащ. Зы нану гущэм хэлъу къыхэнати, бгыкъум пылъ дзажэналъэжьым къыпыткIу дагъэр и жьэм къыжьэдэткIуэрт. Сабийр абы тепсэукIри, мылIэу къызэтенауэ арат.
- Жылэм щхьэжэ ящыхъуащ: «Ярэби, сыту пIэрэ мыбыхэм къащыщIар?» ИужькIэ: «Алыхьым къахуиухар арагъэнщ», — тражыIыхьри, хьэдэхэр щIалъхьэжащ.
- — Иджы мы щIалэ цIыкIур дауэ хъуну? ЦIэуи хэт мыбы фIэтщынур? — чэнджащэу зэхэтIысхьахэщ.
- — Трам и къуэ Къэрабэ фIэдвгъэщ! — къыхидзащ зыгуэрым.
- — Хэт мыбы ин хъуху къыщхьэщыжакIуэ хуэхъунури зыпIыжынури? — щIэупщIащ итIанэ. Абдежым зылI къахэкIащ. ХьэтIохъущокъуэхэ Мыхьэмэт-Iэшэ жыхуаIэрат ар.
- «Сэ срианэшщ абы, сэращ къызытехуэр», — къажриIэри, нанур абы иратащ.
- Йоуэри, махуэ гуэрым зекIуэ ежьэну гуп зэрогъэхъу.
- — Дэнэ фыздэкIуэр? Сэри сыздэфшэ, — къажреIэ мо щIалэ цIыкIум. Зэи зыщIыпIи мыкIуауэ, жылэм дэмыкIауэ апхуэдэт иджыри.
- — ЗекIуэ дыкIуэнущ, пщыIэм дыдэкIынущ, — къыжраIэ.
- — Сэри сынэкIуэнущ, — япеубыд щIалэм.
- — Уэ иджыри уцIыкIущ, уи акъыл тIысакъым.
- — Хьэуэ, сынэкIуэнущ.
- Гупым щIалэр зыщIагъущ, пщыIэм кIуэщ, зэхэтIысхьэхэри, ауэрэ я шхыныр яIэщIэухащ, я джанэ-гъуэншэджхэр фIей хъури улэуащ, езыхэми гугъу ехьын щIадзащ.
- — Иджы, — къэкIащ ягу, — Тыжьхэ ХъыджэбзыфI деж зыгуэр дгъэкIуэнщи, ди джанэ-гъуэншэджыр хуедгъэхьынщ. Абы ахэр ижьыщIынщ, игъэгъущыжынщи, къытхуригъэхьыжынщ, гъуэмылэнши дищIынкъым.
- — Сэ сыкIуэнщ абы, — жиIащ щIалэ цIыкIум.
- — Уэ укIуэфынкъым.
- — Хьэуэ, сыкIуэнущ.
- — Хъунщ-тIэ, — жаIэри яутIыпщащ, жи, щIалэ цIыкIур.
- «Мыращ-моращ, мыпхуэдэу сыкъагъэкIуащ», — жреIэ здынэсам.
- — Хъунщ, Трам и къуэ Къэрабэ, — кърет жэуап Тыжьхэ ХъыджэбзыфI, иIыгъхэр Iехри. ИтIанэ джэд гъэва телъу, сэри дэщIыгъуу зы Iэнэ къыхузэрегъэпэщри къыхущIехьэ.
- — Уэ мыхэр пшхыхукIэ сэри адрейхэр зэзгъэпэщынщ, — къыжреIэ, бжэр къыхуещIри щIокIыж.
- — Гъуэмылэри ислъхьащ, джанэ-гъуэншэджри зэзгъэпэщащ, — жиIэу, хъыджэбзыр къыздыщIыхьэжам, йоплъри, джэдыр зэрыщыту ишхат, жи, щIалэм.
- — Иджы нэужькIэ Трам и къуэ КъэрабэкIэ сыноджэнукъым, — къыжреIэ ХъыджэбзыфIым апхуэдэу щилъагъум. — Джэдышх пфIызощ уэ.
- Мыдрейри къеуэри къежьэ-жащ.
- КъэкIуэжщ, къритар къахуихьри, я гъуэмылэмрэ я джанэ-гъуэншэджымрэ яритыжащ. Гупым ар икъукIэ я гуапэ хъуат.
- Зыкъом докIри щIэрыщIэу джанэ-гъуэншэджхэр хьын хуей мэхъу.
- — Хэт ихьын, хэт кIуэн? — щIоупщIэхэ аргуэру.
- — Сэ схьынщ, — жеIэ щIалэм.
- — Хъункъым ар, иджы нэгъуэщI зыгуэр ирекIуэ, — къыхуадэркъым.
- — Хьэуэ, сэ схьынущ.
- ЗдэкIуам аргуэру хъыджэбзым джэдыр къыщIехьэ. Джанэ-гъуэншэджхэр къабзэкIэ зэрехъуэкI, гъэмылэри хузэрелъхьэ. ЩIалэм иджы джэдыр ишхатэкъым, ауэ зэIихри Iэнэм къытринат. Арати, хъыджэбзым хуигъэхьэзырахэр къещтэри къожьэж.
- Хъыджэбзыр къыкIэлъыгуоуащ, жи:
- — Уа Джэдышх, къэгъазэ! Си щIыфэр Iэгу-IэщI зытемыIащ, къэбгъазэмэ, утезгъэIэнщ, — къыкIэлъоджэ. ЩIалэм игъэзэн имыдэу къэкIуэжри, къихьахэр гупым яритыжащ, мыдрейхэри абы щыгуфIыкIащ.
- Ещанэу аргуэру кIуэн хуей мэхъу.
- — Иджыри сэ сыкIуэнщ, — жеIэ щIалэм.
- — НэгъуэщI зыгуэр ирекIуэ.
- — Хьэуэ, сэ сыкIуэнущ.
- — Хъарзынэщ, кIуэ, — жаIэри, яутIыпщ аргуэру.
- — СыкъэкIуащ иджыри, — жреIэ хъыджэбзым.
- — Хъарзынэщ, — кърет жэуап.
- Аргуэру Iэнэ къыхузэтригъэувэщ, «уэ шхэ» къыжриIэщ, бжэр къыхуищIри щIэкIыжащ. ЩIалэм и ныбэ из ещIри зызэпелъэщIыхьыж. Хъыджэбзми къритынухэр дахэм хуэдэу егъэхьэзырри къыжреIэ:
- — «Мыр щэкIыфIщ, щэкI лъапIэщ, къат плIыщIу зэтелъщ, щIыIу лъакъуэр гъэбыди, быдагъэкIэ къысхуегъэхьыж», — зэрыжысIар фи пщыIэм и нэхъыжьым схуеIуэтылIэж», — къыжреIэри къеутIыпщыж.
- ЩIалэм къратар иIыгъыу къокIуэжри, псори ялъегъэIэсыж.
- — Хьыыы, — жиIащ, жи, я нэхъыжьым, — хъуащ!
- Игу ирихьати, «а щIалэм сыдэкIуэнущ» жиIэу арат къыхуиIуэхуахэм къикIыр. Арати, Тыжьхэ ХъыджэбзыфIым лъагъэхъущ, къыхуашэри, къуажэм жэщибл-махуиблкIэ джэгурэ ефэ-ешхэрэ щаIэтащ.
- «Трам и къуэ Къэрабэ, Тхьэм уи лъэпкъ икIам нэхърэ нэхъыбэ къригъэувэж унагъуэм!» — къыжраIэурэ тхьэ хуелъэIуахэщ жылэр. Тхъэрэ псэууи къэнэжахэщ.
- Ар зэрыдмылъэгъуауэ, дэри Тхьэм гуауи лажьи димыIэу дигъэпсэу.
- Тэгъулан Екъуб.
- Тырку Республикэ