Адыгэхэм я къуэ щэджащэ
2021-03-30
- Нобэ и илъэс 75-р егъэлъапIэ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, публицист, литературовед, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и вице-президент, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Мусэбий и къуэм.
- Абы и къалэн пажэу, и гъащIэм щынэхъыщхьэу къилъытэр журналистикэращ. АдыгэбзэкIэ къыдэкI «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэщ илъэс куэд хъуауэ, «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» лъэпкъ газетхэр я гъусэу мазищым зэ номер зэхэтхэр егъэхьэзыр. КъищынэмыщIауэ, ХьэфIыцIэм къыдегъэкI «Хэхэс адыгэхэр», «Нарт» газетхэмрэ «Шэрджэс дуней» журналымрэ.
- ХьэфIыцIэм тхылъ бжыгъэншэхэр къыдигъэкIащ, лэжьыгъэ куэд иIэщ лъэпкъым и тхыдэм, щIэныгъэм, политикэм, дзэ къулыкъум, литературэм, гъуазджэм, спортым ехъулIэныгъэшхуэхэр щызыIэрызыгъэхьа адыгэ щэджащэхэм ятеухуауэ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым дежкIэ фIыгъуэ мылъытэ лэжьыгъэхэщ. КъищынэмыщIауэ, хамэ къэралыбзэхэмкIэ зэрадзэкIыурэ нэгъуэщI къэралхэми къыщыдэкIащ абы и IэрыкIхэм ящыщ. «Си гугъэ — си кхъуафэжьей», «Звёзды на небе и на земле», «Вся жизнь на виду», «Адыгэ мамлюкхэр», «Разбросаны адыги по белому свету», «Черкесы в Израиле», «ЩIэин», «День Победы», «ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых», «МЧА: три года испытаний» тхылъхэр цIыхухэм зэIэпахыу йоджэ. Абы къыдигъэкIащ: «Юрий Темирканов», «Синие горы Кавказа», «Одна судьба — одна дорога», «Человечество уцелело, потому что смеялось», «Истины», «Кавказские повести», «Точка отсчёта», «Всадник чести», «Кабардино-Балкария: к России, с Россией, в России», «Инна Кашежева: Кавказ надо мною»…
- ЩIДАА-м хэт «Адыгэ щIэнгъуазэ институтым» и къызэгъэпэщакIуэ, унафэщI ХьэфIыцIэм и гуащIэ хилъхьащ «Адыгэ (Шэрджэс) щIэнгъуазэр» (2006) гъэхьэзырыным, «Кавказский литературно-исторический Олимп» серием и том 18 къыдигъэкIащ, «Наши знаменитости», «Черкесика» сериехэм щыщ тхылъхэри дунейм къытохьэ.
- Иджыблагъэ абы и нэIэ щIэту иджыри зы тхылъ гъэщIэгъуэн къыдэкIащ, ар сурэт мин 1538-рэ зэрыт, напэкIуэцI 652-рэ хъу сурэт щIэнгъуазэрщ.
- Адыгэм и тхыдэмрэ щыIэкIэ-псэукIэмрэ теухуауэ Мухьэмэд имыIэ щыIэжкъым, сурэтхэр, тхылъхэр, портретхэр, макъамэхэр. А экспонат уасэншэхэр зыщIэлъын музей Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуихынырщ Мухьэмэд иджыпсту зыщIэхъуэпсыр.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къэрал, жылагъуэ дамыгъэ, щIыхь тхылъ куэд къыхуагъэфэщащ. Ар КъБР-м и Правительствэм, Печатымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Журналистхэм я союзым я саугъэтхэм я лауреатщ, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIыхь зиIэ я журналистщ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, «Честь и Слава» орденыр Абхъазым къыщыхуагъэфэщащ. Адыгэ щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэм, хэхэс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ зэрызэпищIэжым папщIэ Дунейпсо Шэрджэс фондым и саугъэтыр къратащ.
- Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, Мухьэмэд зыхущIэкъур КъБР-м ис лъэпкъхэм я зэхуаку зэгурыIуэ дэлъынырщ, адыгэбзэмрэ адыгэ тхыдэмрэ хъумэнырщ, щIалэгъуалэм я творческэ жэрдэмхэр ядэIыгъынырщ, къыдэкIуэтей щIэблэр лъэпкъ хабзэм щIэпIыкIынырщ.
- Си щхьэм, ЩIДАА-м хэтхэм къыдбгъэдэкIыу Мухьэмэд сохъуэхъу узыншагъэ быдэрэ гъащIэ кIыхьрэ иIэну, иджыри ехъулIэныгъэ куэд и лэжьыгъэм щызыIэригъэхьэну!
- Адыгэ лъэпкъми Къэбэрдей-Балъкъэрми гуащIафIэу иджыри уазэрыхуэлэжьэн къару, жыджэрагъ, гукъыдэж Тхьэм къуит!
- Къанокъуэ Арсен,
- УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым хэт,
- ЩIДАА-м и президент.
- Зи Iулыджыр лъагэ
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж
- ПщIэ зыхуэтщI Мухьэмэд Мусэбий и къуэ!
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэми, и ГъэзэщIакIуэ гупми, сэри къыдбгъэдэкIыу уи ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъум щхьэкIэ сыхуейт си гуапэу сынохъуэхъуну.
- Илъэс бжыгъэ куэдкIэ зызыукъуэдий лэжьыгъэшхуэ уи щIыб илъщ уэ. Адыгэ дунейм укъыщызымыцIыху щыIэкъым, ужурналист Iэзэщ, ужылагъуэ лэжьакIуэ емышыжщ. Абы къищынэмыщIауэ, уунафэщI IэкIуэлъакIуэщ — ди щIыналъэм пщIэшхуэ щызиIэ адыгэ газетым урипашэщ.
- Уи гуащIэрэ уи акъылкIэ къэблэжьа Iулыджыр лъэпкъым и щхьэпэр зыхэлъ Iуэхугъуэхэр пхыгъэкIыным хуэбгъэпсу къэрал IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм уадэлэжьэфащ.
- Жылагъуэ лэжьыгъэу ебгъэкIуэкIым щыгъуазэр ди щIыналъэм щыпсэухэм я закъуэкъым, ар хэIущIыIу щыхъуащ адыгэ щыпсэу щIыпIэ куэдым. Уи цIэр гуэх имыIэу епхащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхыдэм, абы и зэфIэувэным, зыужьыныгъэм. Лъэпкъ зэщIэхъееныгъэм зиубгъуным, дунейпсо адыгэ щIэжым зыкъиIэтыным, адыгэ щэнхабзэм утыкур иубыдыным, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ хэкурыс адыгэхэмрэ зэрыубыдыным хэплъхьа уи гуащIэм и инагъыр къэлъытэгъуейщ.
- Нобэ уи махуэщIщ. Сыхуейт узыншагъэ быдэрэ унагъуэ гупсэхугъуэрэ уиIэну сынохъуэхъуну, гукъеуэншэу, уи гукъыдэжыр мыужьыхыу иджыри илъэс IэджэкIэ уи лъэпкъымрэ уи Хэкумрэ уахуэлажьэу, уахуэщхьэпэу упсэуну!
- Тхьэм и нэфIыр къыпщыхуэ, Мухьэмэд!
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ къабгъэдэкIыу
- СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.