ДАХ-м и Хасащхьэм и лэжьыгъэр къепщытэж
2021-03-30
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Осетие Ищхъэрэ — Аланием щылажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. КъримыхьэлIэфахэм папщIэ видео зэпыщIэныгъэ къызэрагъэпэщри, зэIущIэм щекIуэкI лэжьыгъэм щыгъуэзахэщ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм я хасэхэм я тхьэмадэхэр. ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Урысей Федерацэм и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэм и чэнджэщэгъу Гъудэ Залым, ДАХ-м и къэпщытакIуэ гупым хэтхэр, нэгъуэщIхэри.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къыщызэIуихым, дунейр зэщIэзыщта узыфэм и зэранкIэ псори зэхуэсын ялъэмыкIами, интернет Iэмалхэм хъарзынэу зэрызэлъигъэIэсыр, псынщIэу зэрыщIэну Iэмал къызэратыр къыхигъэщащ, дяпэкIи дунейр зэIубз хъууэ зэхыхьэфыну зэрыщыгугъри жиIащ. БлэкIа илъэсым лъэпкъым хэщIыныгъэ куэд зэригъуэтар ягу къыщигъэкIыжым, къызэхуэсахэр дунейм ехыжахэм яхуэщыгъуащ.
- Урысейм щыIэ хасэхэмрэ хамэ къэралхэм щыIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным, ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр егъэфIэкIуэным и IуэхукIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыщыпсалъэм, ДАХ-м и Хасащхьэм хэтхэр арэзы ирихъуащ ар щIалэгъуалэм деж къыщегъэжьэн зэрыхуейм. Апхуэдэу хамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа ныбжьыщIэхэм ди еджапIэм нэхъыщхьэхэм зэрыщIэтIысхьэну щIыкIэхэм, хабзэу зэтеувам ипкъ иткIэ, сабийхэр гъэмахуэм зыгъэпсэхуакIуэ Хэкум къэша зэрыхъунум, адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ щызэрагъащIэ хъуну онлайн-курсхэр къызэрызэгъэпэщын хуейм шэщIауэ ирипсэлъащ.
- ДАХ-м и Тхьэмадэм адэкIэ и псалъэр Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд триухуащ. Абы къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ лъэпкъылIым и ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъур зэригъэлъэпIэнур. Сэхъурокъуэм и псалъэм къыхигъэщащ ХьэфIыцIэм и гуащIэри и зэфIэкIри адыгэхэм зэрыхуигъэпсар, лъэпкъ щэнхабзэмрэ журналистикэмрэ заужьыным псэемыблэжу зэрыхуэлэжьар. ДАХ-м и Тхьэмадэр ХьэфIыцIэм ехъуэхъуащ и къарур мыкIуэщIу, лъэпкъым хуищIэм нэхъри хигъахъуэу, узыншэу илъэс IэджэкIэ псэуну.
- Псалъэр зрата ХьэфIыцIэ Мухьэмэд ДАХ-м и Хасащхьэм хэтхэм фIыщIэ яхуищIа нэужь, илъэс Iэджэ лъандэрэ щылажьэ газетым иджыпсту зэрихьэ фIэщыгъэ дахэр — «Адыгэ псалъэ» цIэр — зэригъуэтрэ илъэс 30 зэрырикъуми тепсэлъыхьащ. Зэрагъэхь щIагъуэ щымыIэу «Черкес хэку», «Адыгэ макъ» газетхэм я цIэр апхуэдэ дыдэу зэрагъуэтам, лъэпкъ газетищым къакIуа гъуэгуанэм кIэщIу тепсэлъыхьащ КъАХ-м и Тхьэмадэр.
- АдэкIэ псалъэмакъым къыпищащ ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, ДАХ-м и Тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат. Ар тепсэлъыхьащ адыгэбзэр зэраджын тхылъхэр зэхэгъэувэным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щызэфIагъэкIхэм, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ДАХ-мрэ КъБР-м жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ я жэрдэмкIэ драгъэкIуэкIа онлайн-еджэныгъэхэм.
- Адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным елэжь гупым а Iуэхур зэригъэкIуэтэным щытепсэлъыхьым, абы теухуауэ гуныкъуэгъуэ щыIэхэм я гугъу ищIащ Табыщ Мурат. Абыхэм ящыщщ зыуэ щыт адыгэ тхыбзэ диIэным Адыгэ Республикэми КъБР-ми блэкIа илъэсищым куэдрэ зэрыщытепсэлъыхьар, ауэ иджыри къыздэсым пыухыкIауэ зы унафэ гуэр абы зэримыгъуэтар. А Iуэхур зэрыщытым хуэдэу къагъэнэнрэ абы унафэ пыухыкIа иIэным ДАХ-р телэжьэнымрэ гъэнэIуатэмэ, зэрынэхъыфIыр къыхигъэщащ къэпсалъэм.
- Хасащхьэм и зэIущIэр и кIэм щынэсым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ЩIыхь тхылъхэр Сэхъурокъуэм яхуигъэфэщащ псэемыблэжу лъэпкъым хуэлажьэхэм. Апхуэдэу зи цIэ дахэкIэ къраIуахэм ящыщщ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и япэ къуэдзэ ЖьэкIэмыхъу Маринэ, Адыгэ Республикэм и жыггъэкI IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бэлокъуэ Аслъэнджэрий, Адыгэ Республикэм и Нэхъыжьхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, тхакIуэ ГъукIэлI Нурбий сымэ.
- Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу екIуэкIа Дунейпсо диктантым къыщыхэжаныкIахэри ДАХ-м игъэфIащ а махуэм.
- ЗэIущIэм и кIэухым Сэхъурокъуэ Хьэутий абы хэтахэм узыншагъэ быдэ яIэну ехъуэхъуащ, дунейм къыщекIуэкI узыфэм Iэмал зэриIэкIэ зыщахъумэну, санитар мардэхэм тетыну къыхуриджащ.
- ДАХ-м и Хасащхьэм и зэIущIэм теухуа тхыгъэ ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм я зым фыкъыщеджэ
- ШУРДЫМ Динэ.