ХьэфIыцIэ Мухьэмэд: Лъэпкъым IэщIэкIар зы сщIыжынырщ сызыщIэхъуэпсыр
2021-03-27
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Мусэбий и къуэр Бахъсэн щIыналъэм щыщ Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэм 1946 гъэм гъатхэпэм и 30-м къыщалъхуащ. КъБКъУ-м и адыгэбзэ-урысыбзэ къудамэр къиухащ.
- «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэщ, «Хэхэс адыгэхэр», «Нарт», «Хасэ» газетхэр къыдегъэкI. Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату (1990 — 1993 гъгъ.), Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ вице-президенту (2009 — 2012) щытащ. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и вице-президентщ, «Адыгэ щIэнгъуазэ» институтым и унафэщIщ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм 2000 гъэ лъандэрэ и тхьэмадэщ. Кавказыр зыдж дунейпсо зэгухьэныгъэм (США, Чикагэ) хэтщ.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ я журналистщ. «ПщIэрэ ЩIыхьрэ» абхъаз орденыр, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр, Дунейпсо шэрджэс фондым и «ФIыщIэ» саугъэтыр къыхуагъэфэщащ. ХьэфIыцIэр ЩIДАА-м, Петровскэ Академием, ТворчествэмкIэ дунейпсо академием хэтщ, Урыс географие обществэм 2015 гъэм хагъэхьащ. ЦIыхубэ дипломатщ, США-м и Оклахомэ штатым хыхьэ Стиллуотер къалэм, щалъхуа Зеикъуэ къуажэм щIыхь зиIэ я цIыхущ.
- Илъэс 24-рэ хъуауэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщ- хьэ, илъэс 21-м нэблэгъауэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и вице-президент, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт ХьэфIыцIэ Мухьэмэд лэжьыгъэрэ Iуэхуу зэфIигъэкIыр, цIэ лъапIэрэ щIыхь дамыгъэу иIэр мащIэкъым. А псори къызэрилэжьари, дуней псом цIэрыIуэ щызыщIари къызыхэкIа лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэмрэ къызэрымыкIуэ хэкупсэу зэрыщытымрэщ, гъунэ зимыIэ гуащIэрэ жану лажьэ акъылрэ зэрыбгъэдэлъырщ.
- Гугъущ Мухьэмэд хузэфIэкIа псор зы тхыгъэм къибгъэзэгъэну, къикIуа гъуэгуанэ купщIафIэр сыхьэт зыбжанэм къебгъэIуэтэну. ИтIани и ма-хуэ лъапIэр ди щхьэусыгъуэу, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
- — Мухьэмэд, сыт хуэдэ Iуэхуми къежьапIэ зэриIэм хуэдэу, цIыху гъащIэми лъабжьэ гуэр иIэщ, къэзылъхуахэм, къызыхэкIахэм я деж къыщыщIидзэу. Адэ-анэр зыщыгуфIыкIа, быныр зэрыгушхуа, лъэпкъым и щхьэр лъагэу езыгъэлъагъужа гъуэгуанэ дахэ къызэпыпчар къыщежьам ухуеплъэкIыжмэ, сыт уигу къэкIыжыр?
- — Сабиигъуэращ цIыху гъащIэм щIэдзапIэ хуэхъури, гум IэфIу къинэри, узытехьэну лъагъуэр пхызышри. Сэ быным сранэхъыжьт, шыпхъуитхум срадэлъху закъуэт. Ди адэр жэщ-махуэ имыIэу колхозым щылажьэрти, мэзым пхъэхьэ кIуэн-ри, пщIантIэм щыIэбэнри сэрат зи пщэ къыдэхуэр. Ауэ си шыпхъухэр къэжэпхъа нэужь, лэжьыгъэм и нэхъыбэр сщхьэщахащ. Ахэр схуэузыншэщи, си щхьэкIэ сынасыпыфIэу зызобжыж.
- Ди адэм и гъащIэр колхоз губгъуэм щихьащ. Бригадируи, хозяйствэ унафэщIым и къуэдзэуи лэжьащ. СощIэж, школым сыщыщIэс лъэхъэнэм, ди къуажэм цIыху цIэрыIуэ куэд накIуэрт: КъардэнгъущI Зырамыку, Шортэн Аскэрбий, Къуныжь Хьэждал, Ало ЛутIэ, Нало Заур сымэ. Хэти IуэрыIуатэ зэхуихьэсыну, хэти уэрэд жиIэну. Ахэр ди адэм къригъэблагъэрти, абыхэм жаIэм сфIэгъэщIэгъуэну седаIуэу сыщыст. Лъэпкъ IуэрыIуатэр фIыуэ зыщIэ зыкъом ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм щыпсэуащ — Куп Исмел, Тэз Чэлимэт, Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Щоджэн Iэсхьэд, Къазий Мамышэ сымэ, нэгъуэщIхэри. IуэрыIуатэ, хъыбарыжь гъэщIэгъуэнхэу ди адэм ищIэм хуэдиз зи гум изыубыда Зеикъуи Бахъсэн щIыналъэми сыщрихьэлIакъым.
- НэхъыжьыфIхэми къаIуэтэжхэм яжь къысщIимыхункIэ Iэмал иIэтэкъым. Ауэ ди щIыналъэ дахэр фIыуэ лъагъуным, литературэм, нобэ сызыхэт Iуэхум сыдезыгъэхьэхар си егъэджакIуэ Жылау Нурбийщ. Абы къызэригъэпэща хэкудж гупым сыхыхьауэ щытащ 7-нэ классым сыщIэсу. Нурбий район, республикэ зэпеуэхэм дишэрт, мызэ-мытIэу абыхэм дыщытекIуэрт. 1964 гъэм, Лермонтов Михаил илъэси 150-рэ щрикъу махуэм ирихьэлIэу, Псыхуабэ къыщызэрагъэпэщат литературнэ гупхэм я зэпеуэ. Сыжажэхэ Хьэсэнбий, Маруз, сэ Псыхуабэ дыкIуэри, абы япэ увыпIэр къыщытхьауэ щытащ.
- — ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным куэдрэ егупсысахэми, IэщIагъэ къыхихынумкIэ чэнджэщахэми уащыщу къыщIэкIынкъым, Мухьэмэд. Нобэ узыпэрыт Iуэхум ущIалэ дыдэу упэрыхьащ. Куэдрэ зэхэсхащ уи студентыгъуэ илъэсхэр уигу къэбгъэкIыжу, абы щыгъуэми редактору улэжьащ, итIанэ адыгэ литературэм цIэрыIуэ щыхъуа тхакIуэ, усакIуэ куэд фызэрихьэлIэу фызэрызэдеджар гъэщIэгъуэнщ.
- — Пэжщ, а илъэситхум къриубыдэу зэрихьэлIахэм я гугъу умыщIми, сыщеджа гупым зэчий зыбгъэдэлъ щIалэ хьэлэмэт зыбжанэ щIэсащ: Абдокъуэ Iэуес, Бицу Анатолэ, Гъэунэ Борис, Сонэ Абдулчэрим, Джэрыджэ Арсен сымэ. Абыхэм уахэсу умытхэн пхузэфIэкIынт? Арати, «Университетская жизнь» газетым си тхыгъэхэр трезгъадзэу щIэздзащ. Япэ курсым сыщIэсу арат абы и редактор Журавлёв Алексей и къуэдзэу сыщагъэувам. ЕплIанэ курс сыхъуа нэужь, газетым и редактор къалэныр си пщэ къыдалъхьащ. Ар къулыкъушхуэт а зэманым — илъэс 22-рэ фIэкIа уимыныбжьу апхуэдэ IэнатIэ къуатыныр. Ректор КIэрэф Къамболэт хуит сищIат сызыхуей лекцэхэм сыщIэсыну, адрейхэр блэзгъэкIыну. Газетыр нэкIубгъуэ цIыкIуитI фIэкIа хъуртэкъыми, ар нэкIубгъуиплIу щытын хуейуэ университетым и тхьэмадэм деж щыпхызгъэкIащ. Хуэм-хуэмурэ газет цIыкIум адыгэбзи балъкъэрыбзи тездзэу щIэздзащ. УсэкIэ къезгъажьэри, адэкIэ адыгэ, балъкъэр къудамэхэм щIэсхэм я IэдакъэщIэкIхэр къытехуэ хъуащ.
- «Университетская жизнь» газетым и ужькIэ, сэ нэгъуэщI IэнатIэ зыбжанэм сыщыIащ — «Советская молодёжь», «Горянка» газетхэм, «Iуэху еплъыкIэ» журналым, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и тхылъ тедзапIэм и унафэщIуи сыщытащ. 1997 гъэ лъандэрэ «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэу солажьэ.
- Мыбы сыкъагъэкIуэну мурад щащIам щыгъуэ, Правительствэм щыщ къулыкъущIэшхуэ гуэр къызэупщIат: «Сыт щIэуэ газетым хэплъхьэнур?» — жиIэри. «Псом япэрауэ, газетым адыгэмэ щыууэ сщIынущ», — естащ жэуап.
- — Куэд къокI абы, лъэпкъым и дежкIи уасэншэщ а псалъэхэр. Сыт хуэдэу зихъуэжа абы лъандэрэ газетым?
- — «Адыгэ псалъэм» сыкъызэрыкIуэрэ дытетщ Къэзанокъуэ Жэбагъы и ущие псалъэхэм: «ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу» жыхуиIэхэм. Си къалэну собж дэтхэнэ дифIри згъэлъэпIэну. Ди Iейри згъэпщкIуну сыхэткъым. Утыку къипхьэ мыхъун ныкъусаныгъи щыIэщ, ауэ лъэпкъым зэран къытхуэхъу псори сэтей къэщIыпхъэщ. Ар щIэтхъумэмэ, ди щхьэ къэдгъэпцIэжу аращ.
- ИлъэсищэкIэ ущылажьэми, газетым и щэху псори къыпхуэщIэнукъым. Ар зы. ЕтIуанэрауэ, «Адыгэ псалъэр» здынэсын хуей лъагапIэм нэсауэ, адэкIэ ебгъэфIэкIуэж мыхъуну жыпIэныр тэмэмкъым. Абы тет тхыгъэ псомкIи сыщымыарэзыи къыхохуэ. Дэ дызэрыхуейм, дызэрыщIэхъуэпсым хуэдэу газетыр хъун щхьэкIэ, журналистхэм щхьэх ямыIэу лэжьэн хуейщ. Ауэ зы лъэныкъуэкIи гъэщIэгъуэн хъуну къыщIэкIынкъым, ди лэжьакIуэ псоми зы хъэтI яIэмэ. Ди корреспондентхэм ятх псори мэхъу схужыIэнукъым. Абы къыхэкIыу журналистхэм ягъэхьэзыра тхыгъэхэм доджэж сэри, си къуэдзэхэри.
- Дауэ щымытми, дыхущIокъу щIэджыкIакIуэхэр къызэрыдэтхьэхыным. Дэтхэнэ ныбжьми яхуэгъэза напэкIуэцI щхьэхуэхэр мазэ къэс къыдыдогъэкI. Псалъэм папщIэ, сабийхэм, япэ классхэм щIэсхэм щхьэкIэ — «ЦIыкIураш», ныбжьыщIэхэм ятеухуащ «ЩIалэгъуэ» напэкIуэцIыр, зи ныбжь хэкIуэтахэм яхуэгъэзащ «Жьыщхьэ махуэр», «Адыгэ бзылъхугъэр» — ди анэхэм, ди шыпхъухэм, «Ислъамым и нур», «IуэрыIуатэ — дыщэ пхъуантэ», «Уи хэку и мывэхэри дыщэщ», «Шыхулъагъуэ», «Малъхъэдис» къыдэкIыгъуэхэм псори дэзыхьэхын тхыгъэхэр тету догъэхьэзыр. КIэщIу жыпIэмэ, дэ дызыхущIэкъур зыщ — цIыхур зэджэн, игъэщIэгъуэн газет къыдэгъэкIынырщ, адыгэбзэм и да-хагъэр, и къулеягъэр щIэджыкIакIуэхэм я деж нэхьэсынырщ.
- Фэри гу зэрылъыфтагъэнщи, ягу ирихь-иримыхьми, ядэ-ямыдэми иужь илъэсхэм ди бзэм псалъэ куэд хэдгъэхьэжащ. Ахэр 300 хуэдиз мэхъу. Урысыбзэм, нэгъуэщIыбзэм къахэтхыу зэддзэкIаи, псалъэм и купщIэм тетщIыхьаи хэтщ. Фолъагъу: мазэцIэхэри адыгэбзэкIэ тыдодзэ.
- — ХХI лIэщIыгъуэм езым и щхьэхуэныгъэхэр иIэжу къэсащ, цIыху гъащIэми зыдихъуэжащ. Адыгэ газетыр лъэщIыхьэрэ зэманым къыздихь технологие зэхъуэкIыныгъэхэм. СыткIэ сэбэп, сыткIэ зэран иджыпсту дуней псор зэщIэзыщта Интернетыр?
- — Интернетыр къыщежьам газетым и сайт япэу къызэIузыхахэм дащыщщ, абы къыдэкIыгъуэ псоми къытеддзэхэр къыдолъхьэ. Зэманыр абы хуэкIуэри, электрон газет къыдэдгъэкIын хуей хъуащ. «Адыгэ псалъэр» тхьэмахуэм тхуэ къыдокIри, щыр тхылъымпIэм тедзащ, тIур электроннэщ, ар чэзууэ зэблэхащ. КъищынэмыщIауэ, ди газетым напэкIуэцIхэр щиIэщ Инстаграмым, Фейсбукым. АбыхэмкIэ къыкIэлъыплъ цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэн хъыбар ялъэгъуа нэужь, сайтыр къалъыхъуэ е къыдэкIа газетыр зыIэрагъэхьэ. Абы сэбэпынагъыу къыпэкIуэхэм ящыщщ ди щIэджыкIакIуэхэм я деж ди тхыгъэхэр дакъикъэ бжыгъэм зэрынэтхьэсыфыр. Езыхэми я гупсысэр онлайн жыпхъэм иту къызэрыдахьэлIэфыр.
- Интернетыр къызэIупхрэ «Адыгэ псалъэм» и цIэр иптхэмэ, Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэм ятеухуа, адыгэбзэ къабзэкIэ тха тхыгъэхэр къыпхузэIуех. Нэхъыщхьэращи, дунейпсо хъым адыгэбзэ шэрыуэ ущрихьэлIэххэмэ, ар зи фIыщIэхэм ди газетри ящыщщ.
- Ди лэжьыгъэми хуабжьу къыщыдогъэсэбэп интернетыр, абы и Iэмал псори ящIэу шэрыуэу иролажьэ ди журналистхэр.
- Къэрал куэдым ипхъа адыгэхэм я хъыбар къыдощIэ, дадолажьэ, тыншу зыкъытпащIэф. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, илъэс 30-м нэблэгъауэ «Адыгэ макъым» (Мейкъуапэ), «Черкес хэкум» (Черкесск), «Адыгэ псалъэм» (Налшык), «Шапсугия» газетым (Лазаревскэ) зэгъусэу номер зэхэтхэр догъэхьэзыр.
- Тыркум «Жьынэпс» адыгэ газетыр къыщыдэзыгъэкIхэр абы къехъуапсэри, Налшык къэкIуащ. Ди гъусэу къыдэкIыгъуэ зэхэтхэр ягъэхьэзырыну гупыж зэращIар къыщыджаIэм, дгъэщIэхъуакъым, зыхэдгъэхьащ. Ар Iуэху щхьэпэщ, ди лъэпкъэгъухэм я бзэр нэхъ шэрыуэ хъунымкIэ, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ нэхъ зэпэгъунэгъу зэхуэхъужынымкIэ. 2020 гъэм дахэу дызэдэлэжьащ, дяпэкIи къыпытщэнущ. «Жьынэпсым» щылажьэхэр цIыху жанхэщ, къыдэкIыгъуэ зэхэтхэм папщIэ егугъуу тхыгъэхэр ягъэхьэзыр, и чэзум къытхурагъэхь, дэ едгъэхьхэр екIуу традзэ. Уеблэмэ, мазищым зэ мыхъуу, къыдэкIыгъуэ къэс ди журналистхэм зыкъыпащIэурэ зэдолажьэ.
- Сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэ ди гъащIэм, лэжьыгъэм къыхыхьэми, адыгэбзэм и пщIэр тIыгъынырщ ди дежкIэ нэхъыщхьэр, ар цIыхубэм яхыхьэнырщ.
- — Иджыпсту щIалэгъуалэм яфIэфIщ «Проект» фIащауэ Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр утыку кърахьэну. Абыхэм я «гъащIэр» здынэсми, бзэм хуэлажьэ яхэтми сыщыгъуазэкъым, ауэ 1999 гъэ лъандэрэ анэдэлъхубзэм и пщIэр къэзыIэта «Си бзэ — си псэ, си дуней» проектышхуэм къызэгъэпэщакIуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар уэрат…
- — Ар къызэрыгуэкI зэпеуэм и жыпхъэм икIри, республикэпсо фестиваль-зэпеуэ хъуауэ иджыри йокIуэкI. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ зэгъусэу едгъэжьауэ щыта зэпеуэр илъэс 22-рэ ипэкIэ екIуэкIауэ щытащ. Адыгэбзэр хъумэным, ар щIэблэм яIурылъу къэгъэтэджыным, курыт еджапIэхэм гулъытэ нэхъыбэ щигъуэтыным теухуауэ къетхьэжьа Iуэхур илъэс къэс зэхыдошэ.
- Зы гъэ еджэгъуэм къриубыдэу еджакIуэ 1500-м нэблагъэ, школ 20-м щIигъу щыхэт щыIэт абы. Апхуэдэу IуэхуфIыр къыддащтащ Адыгэ Республикэми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Шапсыгъми.
- Сэ жысIэркъым, «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм бзэм зригъэужьу. Ауэ сабийхэр анэдэлъхубзэм хуэгъэушынымкIэ, адыгэ къафэм, макъамэм щIэпIыкIынымкIэ, хабзэр, тхыдэр егъэщIэнымкIэ, адыгэхэм зэрахьэу щыта Iэщэ-фащэхэр, хьэпшыпхэр, Iэмэпсымэхэр егъэцIыхунымкIэ зэхьэзэхуэм иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.
- КъищынэмыщIауэ, адыгэбзэр курыт школхэм зэрыщрагъэдж щIыкIэр егъэфIэкIуэныр, егъэджакIуэфIхэм я лэжьыгъэр гъэлъэпIэныр, ди бзэм и пщIэр къэIэтыжыныр ди мурад нэхъыщхьэти, хъарзынэу къыдэхъулIэрт. Иджыпсту ар КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм езым и пщэ дилъхьэжауэ ирегъэкIуэкI. Дэри абыхэм дадоIэпыкъу.
- — «Адыгэ псалъэ» газетым, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм апхуэдэ проект куэд къыхилъхьэурэ зэригъэзащIэм дыщыгъуазэщ. Газет Iуэху хъуми, Хасэ Iуэху хъуми, псоми я жэрдэмщIакIуэри зэхэублакIуэри уэращ, тхьэмадэрщ. Иджыри сыт хуэдэ проектхэм я гугъу къытхуэпщIынт уэ къызэбгъэпэщахэм ящыщу?
- — «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэпеуэм нэхърэ нэхъ цIыкIукъым икIи нэхъ купщIэншэкъым Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм илъэси 6 хъуауэ къыщызэдгъэпэщ «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэхьэзэхуэр. А зэманым къриубыдэу зэпеуэм хэтащ адыгэбзэмрэ щэнхабзэмрэ, гъуазджэмрэ тхыдэмрэ, IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ фIыуэ хэзыщIыкI хъыджэбз щэныфIэу 100-м щIигъу. Дя-пэкIэ едгъэкIуэкIыну ди мурадщ «Адыгэ щауэ» зэпеуэри.
- Мыхэр зихуэдэ щымыIэ Iуэхугъуэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэхьэзэхуэм зэ хэта хъыджэбзым адэкIэ и щхьэ Iуэху зэрихуэу дэувэжыркъым, атIэ республикэм къыщаIэт нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм хэтщ, адыгэм ехьэлIа пшыхьхэм и зэфIэкI щегъэлъагъуэ, нэхъыщхьэращи, адыгагъэмрэ Iэдэбагъымрэ и Iэпэгъуу дунейм тетщ.
- Проект щхьэхуэу къэбгъэлъагъуэ хъунущ адыгейхэм, шэрджэсхэм, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iус шапсыгъхэм, мэздэгу адыгэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм быдэу дапыщIауэ дазэрыдэлажьэмрэ ядедгъэкIуэкI Iуэхухэмрэ. Иужьрей илъэсхэм ди журналистхэр мызэ-мытIэу сшащ икIи езыхэр згъэкIуащ ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу зэрыс къэралхэм — Тыркум, Иорданием, Израилым, Германием, абыхэм щыпсэу адыгэхэм я псэукIэм щыгъуазэ защIащ. Ахэр «Адыгэ псалъэм» къытеддзэм и мызакъуэу, телевиденэмкIэ фильмхэр къыдогъэлъэгъуэж. Апхуэдэу Тыркум, Израилым, Германием илъэс зэхуэмыдэхэм къитха нэтын гъэщIэгъуэнхэр «1 КъБР» телеканалым къитыжащ, ноби Интернетым ущеплъ хъунущ.
- — Мухьэмэд, лэжьыгъэу ебгъэкIуэкIыр апхуэдизкIэ куэдщи, Iыхьэ-Iыхьэу зэпыбуд хъунущ. Уэ адыгэ Iуэхум хэплъхьэ гуащIэм и зы Iыхьэщ тхылъу уи Iэдакъэ къыщIэкIар. Дунейм къытехьахэмрэ дяпэкIэ къы-дэбгъэкIыну уи мурадхэмрэ укъытхутепсэлъыхьамэ арат.
- — Тхылъ къыдэгъэкIынми и проект нэхъ инымкIэ — «Черкесика» сериемкIэ къыщIэддзэнщ. ИлъэсипщIым щIигъу и ныбжьщ абы. А пIалъэм къриубыдэу тхылъи 10 дунейм къытехьащ. Япэ томыр ДАХ-м и япэ тхьэмадэ, лъэпкъыр зэрыгушхуэ адыгэлI Къалмыкъ Юрэ теухуащ. ЕтIуанэм итщ Лермонтов Михаил Кавказым, шэрджэсхэм ятриухуа поэми 9-р. Адыгэбзэм ахэр къригъэзэгъащ КъБР-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ усакIуэ Ацкъан Руслан. Ещанэ томыр хухахащ абхъаз тхакIуэ ШинкIубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романымрэ Лохвицкий Михаил и «Уафэгъуагъуэ макъ» повестымрэ. УрысыбзэкIэщ къызэрыдэкIар Вэрокъуэ Владимир и «Амыщ къуажэ» романыр, еплIанэ тхылъым ихуар. Етхуанэ къыдэкIыгъуэр лъысащ дунейпсо литературэм и классик Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин). Новеллэ 34-р адыгэбзэм къригъэзэгъащ зэдзэкIакIуэ Iэзэ Къэрмокъуэ Хьэмид. Къаныкъуэ Анфисэ и «Хьэтхэр» тхыдэ романым хухэтхащ «Черкесика»-м и еханэ томыр. Ебланэ тхылъым итщ Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэрий) и «Уафэгъуагъуэ макъыр» адыгэбзэкIэ. Ари зи фIыщIэр Къэрмокъуэ Хьэмидщ.
- «Черкесика»-м хэту зэман гъунэгъум къыдэдгъэкIынущ тхылъ 20-м щIигъу.
- Дунейм къытехьахэм ящыщщ «Наши знаменитости» серием хиубыда тхылъ зыбжани: адыгэр зэрыгушхуэ цIыху зэчиифIэхэу КIыщокъуэ Алим, Къэшэж Иннэ, Шемякин (Къардэн) Михаил, МэшбащIэ Исхьэкъ, Темыркъан Юрий, КIыщ Мухьэдин, нэгъуэщIхэми ятеухуахэр.
- Згъэхьэзырахэм ящыщщ 2005 гъэм щегъэжьауэ къыдэкI Адыгэ махуэгъэпс-щIэнгъуазэр. Ар лъапIэ зыщIыр ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэр зэрыдигъэцIыхурщ, ахэр къыщалъхуа махуэхэр зэригъэбелджылырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Шапсыгъым, Москва, Санкт-Петербург, хамэ къэралхэм щыщ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьа ди къуэшхэм, шыпхъухэм я цIэхэм ущрохьэлIэ зи гугъу сщIы махуэгъэпсым. Дуней псом щыцIэрыIуэ цIыхухэм адыгэхэм щхьэкIэ жаIахэм, хэхэс шэрджэсхэм ящыщу зи цIэр жыжьэ Iуахэм, лъэпкъым и пщIэр зыIэта хэкурысхэм ятеухуауэ абы ит тхыгъэ кIэщIхэм ар нэхъри купщIафIэ, зыми емыщхь ящI. Аращ махуэгъэпсым щIэнгъуазэкIэ щIеджэри. 2021 гъэм ар адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдэкIащ.
- Куэд щIакъым «Черкесская диаспора. Панорама культурной жизни» тхылъыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэ щIэту къызэрыдэдгъэкIрэ. Абы си тхыгъэ куэд щызэхуэхьэсащ, иужьрей илъэсхэм адыгэхэм я хэхэс гъащIэм къыщыхъуа хъыбар куэд итщ, сурэт, тхыгъэ, дэфтэр мымащIэ ихуащ.
- Дыгъуасэ дунейм къытехьащ «Адыги — один из древнейших народов мира» щIэнгъуазэ-хрестоматиер. Ар Iыхьэ 20-у зэхэтщ, хабзэм, тхыдэм, щэнхабзэм, гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым щыщу адыгэр къызэригъэщIрэ къыдекIуэкIа хъыбару абы имыт щыIэжкъым. Тхылъеджэм абы къыщигъуэтынущ Иорданием, Тыркум, Сирием, США-м, Нидерландхэм, Израилым, Германием, Мысырым, Австралием щыпсэу адыгэхэм я хъыбар, я псэукIэ, я ансамблхэм, я артист, сурэтыщI, политик, дзэзешэ цIэрыIуэхэм ятеухуа тхыгъэхэр. Сурэту 1500-м щIигъу итщ. Тхылъ теплъафIэ, екIу хъуащ ар.
- Мы илъэсым и япэ Iыхьэм къыдэкIынухэм ящыщщ куэд щIауэ сызэлэжь, хэхэс адыгэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса «Хуитыныгъэм и жэщ» жыхуиIэри.
- — Уи илъэс 75-м узыхунэсар куэдщ, куэд дыдэщ, Мухьэмэд. ЛъэужьыфI къызэрызэбнэкIам и зы щапхъэу къызолъытэ илъэс зыбжанэ хъуауэ адыгэхэм ягъэлъапIэ махуэшхуэ куэд уэ къызэрыхэплъхьар, ар Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ КъБР-м и Правительствэмрэ я пащхьэм къипхьэурэ махуэшхуэу ягъэува зэрыхъуар.
- — Апхуэдэ махуэхэр Iэмал имыIэу диIэн хуейщ. Ахэр зыужьыныгъэм и нэщэнэщ, ди къэкIуэнум и джэлэсщ. «Адыгэ ныпым и махуэр» (2010), «Адыгэ фащэм и махуэр» (2013), «Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр» (2014), «Адыгэшым и махуэр» (2015), «Нарт эпосым и махуэр» (2018) — ахэр псори, фэ зэрыфщIэжщи, КъАХ-м утыку кърихьауэ щытащ. Гъэ къэс зэрагъэлъапIэ жыпхъэм зиубгъуу, уеблэмэ хамэ къэрал щыпсэухэми къыддащтэу къокIуэкI.
- Сэ къыхэслъхьэри, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 80 щрикъум, «Адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ» цIэ лъапIэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм абы фIищащ. Илъэс дэкIри, апхуэдэ пщIэ лъагэ хуэтщIащ «Налмэс» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым (Мейкъуапэ).
- Иужьрей илъэсхэм, КъАХ-м, ДАХ-м хэтхэм къыддаIыгъыурэ, дэ дгъэлъэпIащ адыгэ литературэм и классик КIыщокъуэ Алим (2014); Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ МэшбащIэ Исхьэкъ (2016), СССР-м и цIыхубэ артист, дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрийрэ япэ адыгэ усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Лэкъумэнрэ (2018) я илъэсхэр, Къалмыкъ Юрий, Къэшэж Иннэ, Бэчыжь Лейлэ сымэ я илъэсхэр (2019).
- А псори хуолажьэ ди хэкур, лъэпкъыр ефIэкIуэным, зи тхыдэр, хабзэр, къызыхэкIар зыщIэж щIэблэ узыншэ адыгэм къытщIэхъуэным.
- Ди лъэпкъым адэкIэ зэрызиужьынум шэч хэлъкъым. ДызэпэщIэувэжкIэ, зыри къикIынукъым. Езыхэр зэгурыIуэмэщ сыт хуэдэ лъэпкъми пщIэ щиIэнур, и Iуэху щыдэкIынур, къэралым мамырыгъэ щилъынур. Ар къыдэхъулIэн папщIэ зэакъылэгъу псори зэIэпэгъуу зэдэлэжьэну сыхуейт.
- — УкъызыхэкIа лъэпкъым сыт хуэдиз хуумыщIэми, пфIэмащIэу уопсэу, Мухьэмэд. Ар зыхуэгъэзар хэкум исхэм я закъуэкъым атIэ, хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми сэбэп уазэрыхуэхъуным иужь уит зэпытщ. Нэхъ пэжу жыпIэмэ, ахэр хэкум къепхыжа хъунымкIэ, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэрыщIэнымкIэ уэ лэжьыгъэшхуэ ебгъэкIуэкIащ. Совет лъэхъэнэ лъандэрэ абыхэм якIэлъыкIуэ, зи ныбжьэгъухэр къезыгъэблагъэ уэ дауэ уеплърэ нобэ хэхэс гъащIэм и щытыкIэм? Хэшыпсыхьыжрэ хьэмэрэ адыгэбзэр яфIэмыкIуэдыну гугъэ уиIэ?
- — Адыгэу дунейм тетым ящыщу пщIы къэсыхункIэ бгъур щыпсэур хамэ щIыпIэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр зыхэс лъэпкъхэм хуэм-хуэмурэ яхошыпсыхьыж. Зы илъэс тIощI-щэщI хуэдиз дэкIмэ, адыгэбзэр зыщIэж щымыIэу къэнэнкIэ шынагъуэщ. Абы уи гур иримыузынкIэ Iэмал иIэкъым.
- Къэтщтэнщ Иорданиер. Мы къэралым адыгэ мини 100-м нэблагъэ щопсэу. 1970 гъэхэм анэдэлъхубзэмкIэ псалъэрт абыхэм я нэхъыбэр. Нобэ адыгэбзэ зыIурылъыр мащIэ дыдэщ — проценти 10 — 15 хуэдизщ. Илъэс 40 хъуауэ Амман дэтщ пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ адыгэ курыт еджапIэ. ХьэщIэ къахуеблагъэмэ, сабийхэм адыгэ уэрэд, усэ, псынщIэ-рыпсалъэ, къебжэкI хуэдэхэр жраIэфынущ, ауэ зыгуэркIэ уеупщIмэ, адыгэбзэкIэ зы жэуап къыуатыжыфынукъым. АбыкIэ къуаншагъэр егъэджакIуэм и закъуэ бгъэдэлъу схужыIэнукъым. Бзэр унагъуэм щыземыкIуэмэ, школым щыбгъэтIылъ лъабжьэр махэ мэхъу, зэман докIри, зэтощэщэж. Ауэ, сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуми, иджырей щIэблэр анэдэлъхубзэр ящIэу къэтэджыркъым.
- Iуэхур щынэхъ щIагъуэкъым илъэси 100-кIэ шэрджэсхэр щыдакъуза Тырку Республикэми. Мы къэралым адыгэ мелуани 7-м щIигъу щопсэу. Ауэ я анэдэлъхубзэр зыщIэу яхэтыр мащIэщ — зы мелуан ныкъуэ хъун-мыхъунщ. Иужьрей зэманым Тыркум и унафэщIхэм къалъытащ я Хэкум лъэпкъ цIыкIу зыбжанэ зэрисыр икIи къэрал школхэм адыгэбзэ щадж, телевиденэми сыхьэтитI махуэ къэс къыщратащ.
- Анэдэлъхубзэм и Iуэхур щынэхъыфIт Сирием. Адыгэхэр зэуIуу щыпсэурт КъунейтIрэ къалэмрэ Джолан лъагапIэхэмрэ, лъэпкъ Iуэхуи зэрахуэрт. 1967 гъэм — махуих зауэм и зэманым — ахэр а щIыпIэм кърахуащ икIи къэрал зыбжанэм щыхэгуэша хъуащ. Нобэ мы къэралым граждан зауэ щокIуэкI. Абы и зэранкIэ ди лъэпкъэгъухэр зэхэзехуэн ящIащ. Езыхэри адэжь щIыналъэмкIэ нэхъ къаплъэ хъуащ. ЩытыкIэр щыщIагъуэкъым Европэмрэ Америкэмрэ. Анэдэлъхубзэр зрагъэщIэн-зрамыгъэщIэныр мыбыхэми унагъуэ Iуэхуу, щхьэж зэрыхуейуэ щыщыту аращ, армыхъумэ къэралыр зыкIи хэIэбэркъым.
- Израилым адыгэ къуажитI къудей щыIэу аращ — Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ. Абыхэм я деж тхуэнейрэ сыщыIащ. Журтхэм яхэс адыгэхэм я псэукIэр плъэгъуа нэужь, япэ дыдэу узэгупсысращ: я щхьэм пщIэ хуащIыж. Къабзэлъабзэу мэпсэу. Зы уэрам яIэкъым асфальт е мрамор темылъу. Зы лъэс лъагъуэ плъагъунукъым апхуэмыдэу. Адыгэбзэр зэрахъумамкIэ, хабзэ зэрахэлъымкIэ, къэралу щыIэм адыгэм и Iуэху щыдэкIыр аращ. Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ дэс я нэхъ цIыкIу дыдэри щыпсалъэкIэ зы хамэ псалъэ къыхигъахуэркъым, сабий садым щегъэжьауэ адыгэ къафэм щыхуагъасэ, адыгэбзэкIэ фIэкIа ягъэпсалъэркъым. Зы унагъуи хьэрыпыбзэ, е журтыбзэ щызэхэпхынукъым, апхуэдизкIэ я щхьэм пщIэ хуащIыжри. Зы гукъеуи, гуныкъуэгъуи дэлъкъым а къуажи-тIым псэукIэм ехьэлIауэ, апхуэдизкIэ зэтеухуауэ псори мэлажьэ мэшхэжри.
- — Лэжьыгъэм пщIэ хуищIу зы цIыху щыIэмэ, уетIуанэщ, жысIэнут, ауэ зэи зэрызумыгъэпсэхур солъагъури, лэжьэнкIэ псом япэ уиту къысщохъу. Уи зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр къэсами, зы мазэкIэ, е тхьэмахуитIкIэ укъыщымыкIуа къэхъуауэ сщIэжыркъым; щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ дыдэсми, лэжьапIэ пэшым унипсэлъыкIыурэ къалэн къыщыдэпт куэдрэщ; лэжьыгъэ IуэхукIэ дызэдежьамэ, пщэдджыжьым а республикэм, е къэралым къыщыдэкI газет-журналхэр щIэбджыкIауэ, махуэм ди къалэну щытынур бубзыхуауэ, лэжьапIэм дыщыщыIэм хуэдэу жьыуэ ди пщэрылъхэр къыджепIэу махуэр къыщIыдодзэ. Дэнэ апхуэдэ къарурэ лэжьыгъэм хууиIэ гукъыдэжымрэ къыздипхыр?
- — Пэжщ, щэбэти тхьэмахуи сиIэкъым. Сумыгъэлажьэмэщ си къарур щызухынур. Лэжьыгъэмрэ лэжьыгъэм къыпэкIуэ гупсэхугъуэмрэщ си гъащIэр щыз зыщIыр. Ауэ пэжщ — си пхъурылъхухэр сыщигъусэм си гурыфIы-гъуэщ. ЩIалитIыр щIэх-щIэхыурэ къокIуэ, Амман дэс си хъыджэбзым и пщащэ цIыкIур илъэсым зэ слъагъуу аращи, абы щыгъуэм си IутIыжщ. Санатори, зыгъэпсэхуакIуи куэд щIауэ сыкIуакъым, лэжьыгъэ IуэхукIэ хамэ къэрал сызэрыщыIам и гугъу умыщIмэ. Ауэ ахэри зыгъэпсэхугъуэ пэлъытэщ, ди къуэшхэм дахохьэ, дащIоупщIэ, я хъыбар хэкум къыдохь.
- — Мухьэмэд, куэд пхузэфIэкIащ, нэхъыбэжи уи мурадщ. Абыхэм уащытепсэлъыхькIэ, уигу илъа псом гъунэ иумылъауэ къыпщохъу. Сыт хуэдэ мурадхэра бгъэнэхъыщхьэр?
- — Мурад куэд сиIэр пэжщ, ауэ си дежкIэ нэхъыщхьэр музей къызэIухынращ. Илъэс блэкIахэм сэ къызэзгъэпэщащ «Адыгэ хэхэсхэр», «Дэ куэд щIауэ шэрджэскIэ къыдоджэ» гъэлъэгъуэныгъэхэр. Ахэр Налшык, Черкесск я лъэпкъ музейхэм щыдгъэлъэгъуащ.
- Иджы музей сыщIыхуейм и щхьэусыгъуэр сыт? Сэ 1970 гъэ лъандэрэ зэхуэсхьэсауэ тхылъ, архив, тхыгъэ, дэфтэр, фэеплъ хьэпшып ирехъу — псори зэхэту мин 20-м щIигъу экспонат сиIэщ. Дэфтэрхэм къаIуатэ адыгэ лъэпкъым и къежьапIэм къыщыщIэдзауэ нобэм нэс и щэнхабзэр, тхыдэр, псэукIэр зыхуэдэр, цIыху пажэхэм я сурэтхэри куэду сиIэщ.
- ИтIанэ. ХХI лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу дунейпсо утыкум къихьащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Шапсыгъым, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу куэд. Псом хуэмыдэу гулъытэ нэхъ зыхуэсщIар хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я зэфIэкIыр, дуней тетыкIэр, я псэукIэр къэзгъэлъэгъуэнырщ. ТхакIуэхэм, сурэтыщIхэм, къэфакIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм, спортсменхэм ятеухуа экспонатхэрщ зи гугъу сщIыр.
- Музей пщIы хъуну зы унэ схухахамэ, зи гугъу сщIы экспонат мин 20-р адыгэ лъэпкъым тыгъэ хуэсщIынут. Ар зэфIэзгъэкIатэмэ, си гум зигъэпсэхужынут.
- «Музей щхьэхуэ фщIыи, абы и унафэщIу сывгъэув», жысIэу, зыми пэзубыдыркъым. КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэм щIэтми, цIыху щхьэхуэм и уней мылъкукIэ къищэхуми, лъэпкъым хуэлажьэмэ содэ сэ. Нэхъыщхьэр адыгэ лъэпкъым IэщIэкIар, ирикъухьар зы щIыжынырщ.
- ИтIанэ фонд къызэгъэпэщыным сыщIохъуэпс. Абы хамэ къэралхэм цIыху игъэкIуэфу, ди лъэпкъым къыхэкIахэм я тхыдэр иригъэджу щытынт, ди гъэтIылъыгъэхэм, ди къулеигъэхэм къахэхъуэнт.
- Къапщтэмэ, шэрджэс мамлюкхэм Мысырым и къалащхьэ Каир мэжджыт 50-м щIигъу дащIыхьащ. Ахэр илъэс 500 хъуауэ, зым нэхърэ зыр нэхъ дахэрэ нэхъ быдэу щытщ. Абыхэм яухуа еджапIэхэр, псы зэрыкIуэ кIэнауэхэр, сулътIаныр щыпсэуа уардэунэхэр хъума зэрыхъуар, зэрыбыдэр нобэр къыздэсым щIэныгъэлIхэм ягъэщIагъуэ. Архитектурэм, гъуазджэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэм яфIэхьэлэмэтщ зауэлI хъыжьэу къекIуэкIа шэрджэс мамлюкхэм апхуэдэ щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ къазэрыкъуэкIар. Сыт жысIэну сызыхуейр? Псом япэрауэ, фондыр къэдгъэсэбэпу, Мысырым цIыху дгъэкIуэнт, мамлюкхэм я тхыдэмрэ хъыбарыжьхэмрэ къызэщIикъуэжын, дэфтэрхэр зэхуихьэсыжу хэкужьым къишэжын папщIэ.
- ГъэщIэгъуэн куэд къыпхуихынут Египетым. Псалъэм папщIэ, Абазэ унэцIэр зэрахьэу Мысырым цIыху мин 25-рэ исщ. КъызыхэкIамрэ къызытехъукIыжамрэ я хъыбар ямыщIэжу, ауэ ди адэшхуэр адыгэт жаIэу, Африкэ Ищхъэрэм ди лъэпкъэгъу цIыху минищэ бжыгъэ щопсэу! Абыхэм я тхыдэмрэ я блэкIамрэ къэптIэщIыжыну уасэ иIэтэкъым.
- Сэ зэрысщIэмкIэ, шэрджэс мамлюкхэм ятеухуауэ тхылъ миным щIигъу щыIэщ. Сэ сиIэр тIощIым щIигъущ. Ахэр зэдзэкIын хуейщ, мамлюкхэм ящIамрэ ягъэхъамрэ адэжь щIыналъэм щыпсэухэр щыгъуэзэн папщIэ. Зи блэкIар, зи тхыдэр зымыщIэж лъэпкъым и къэкIуэнури щIагъуэкъым. А псомкIэ сэбэп къытхуэхъунут дэнэ щыпсэу адыгэми и мылъку мащIэ хилъхьэу зы фонд диIамэ.
- — Упсэу, Мухьэмэд. Уи мурадхэр къохъулIэну, узыншэу иджыри куэдрэ адыгэ лъэпкъым ухуэпсэуну Тхьэм жиIэ!
- Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
- Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.