Адыгэхэр: дунейм нэхъыжь дыдэу тет лъэпкъхэм яз
2021-03-27
- ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и нэIэ щIэту иджыблагъэ «Принт-Центр» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ а газетым и обозреватель, тхакIуэ Чэрим Марианнэрэ ягъэхьэзыра «Адыгэхэр: дунейм нэхъыжь дыдэу тет лъэпкъхэм яз» тхылъыр.
- ЩIэнгъуазэ жыпхъэм иту дунейм къытехьа къыдэкIыгъуэр напэкIуэцI 652-рэ мэхъу, абы ихуащ сурэт 1538-рэ, езыр Iыхьэ 22-уэ зэхэтщ.
- «Адыгэм къызэринэкIа тхыдэ гъуэгуанэм апхуэдиз и кIыхьагъ, и кууагърэ пэт, джа зэрыхъуа и лъэныкъуэкIи зэрызиубгъуа щIыкIэкIи арэзы укъищIыным фIыуэ пэжыжьэщ нобэр къыздэсым», — зыкъыщытхуегъазэ пэублэм зи гугъу тщIы тхылъым мылъкукIэ щIэгъэкъуэн хуэхъуа, ЩIДАА-м и президент Къанокъуэ Арсен.
- Ди тхыдэджхэр щылажьэ хэгъэгухэр зэрызэпэIэщIэри, щхьэж зыхэпсэукI къэрал хабзэм зэрызыдригъэкIупхъэри щхьэусыгъуэ хуохъу, щIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, лъэпкъым теухуа лэжьыгъэхэр дызыхуей лъагапIэм зэрытхунэмыгъэсым: «Ди лъэпкъым и тхыдэр зэфIэгъэувэжын зэрыхуейм деж къыщымынэу, пэжу зыгурыгъэIуэни хуейщ. Ар тхузэфIэкIынукъым, щIы хъурейм и щIыIум адыгэм лъэужьу къытрина псори къызэщIэдмыкъуэжауэ, ди щIэныгъэлIхэмрэ хамэ къэралхэм щыщ тхыдэджхэмрэ бжьыпэр зыIыгъ бзэ лъэрызехьэхэмкIэ кърахьэлIа тхыгъэхэр зы дымыщIыжауэ».
- ЖыIэгъуэ кIэщIхэр ди зэманым и нэщэнэ хъуащ. Нобэ телефоным зи Iэ лъэIэс дэтхэнэ зыми къилъыхъуэр занщIэу и акъылым къипхъуэтэн, итIанэми Iуэхур зыIутым теухуауэ зымыгъэбэлэрыгъын псалъэ шэрыуэхэрщ. Аращ тхылъыр зыгъэхьэзырахэм зытращIыхьар, щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэ цIэрыIуэхэм къыхаха пычыгъуэ кIэщIхэмкIэ лъэпкъым и блэкIар нэгум къыщIагъэувэну мурад щащIам. Псалъащхьэхэм уриплъэмэ, гугъу удемыхьу къыбгуроIуэ ар: «Шэрджэсей – адыгэхэм я хэгъэгу», «Бзэмрэ тхыбзэмрэ», «Теплъэмрэ щыгъынымрэ», «Унагъуэмрэ гъэсэныгъэмрэ», «Къэнжал зауэр», «Лъапсэмрэ абы и зехьэкIэмрэ», «Адыгэшыр», «ФIэщхъуныгъэмрэ динымрэ», «Адыгэхэр хэкум зэрырагъэIэпхъукIар. ЩIыналъэм хамэхэр къызэрырагъэтIысхьар», къинэмыщIхэр.
- Тхылъыр къыдэзыгъэкIахэм тхылъеджэр тегъэчыныхьауэ хуагъэсакъ ар лъэпкъ зэхэгъэж ящIын гукъыдэжым тегъэщIапIэ хуащI зэрымыхъунум. Ауэ щыхъукIэ, лъэпкъ щхьэхуэу дунейм ущытеткIэ, къыбдалъхуа фIыр хэбгъэкIуэдэжынри захуагъэкъым.
- «Мамырыгъэм, зэныбжьэгъугъэм къыхуедджэнырщ, щхьэж и пщэ дэлъ къалэнымрэ кърита Iэмалымрэ темыплъэкъукIыным тедгъэгушхуэнырщ мы тхылъыр къыщыдэдгъэкIым диIа плъапIэр, — къыщыхагъэщ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа тхылъым и пэублэм. — Кавказым къыщалъхуахэм зыщыщыр ябзыщIын хьэзыру щыпсэу нобэрей дунейм цIыхухэм ягу къэдгъэкIыжыну дыхуейт зэгуэр а хэгъэгур зы унагъуэшхуэ хуэдэу зэрыщытари, Къэбэрдей щIыналъэ махуэр зи нэр плъэм щапхъэу зэриIари. Тхылъеджэм а «зэхэгъэж» тIэкIур къытхуидэмэ, адрей псомкIи дэ тIэщIэкIа щыуагъэхэр зэзыгъэзэхуэжымрэ къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэр зычымрэ фIыщIэ яхуэтщIынущ».
- КIэух псалъэ папщIэу, тхылъым иджыри ихуащ Хьэткъуэ Самир, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ я тхыгъэхэр.
- ТекIуэда лэжьыгъэр зэрыабрагъуэм къыхэкIыу, зи гугъу тщIы къыдэкIыгъуэр зэкIэ дунейм къызэрытехьар бжыгъэ мащIэущ, ауэ дыщогугъ етIуанэ къыдэкIыгъуэм а гукъеуэр тщхьэщихыну.
- ХЬЭПЦIЭ Iэуес.