Сабиигъуэм къыпызыщэ
2021-03-27
- Шэджэм къалэм и «Псынэ цIыкIу» сабий гъэсапIэм Театрхэм я дуней-псо махуэм ирихьэлIэу щагъэлъэгъуащ «Дыгъужьымрэ чыцIиблымрэ» теплъэгъуэр.
- Гуащэ театрыр IуэхущIапIэм и гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуащ. Гуп нэхъыщIэхэм я гъэсакIуэхэу Гуанэ Заремэрэ Нэзрэн ХьэIишэтрэ сабийхэр а махуэм ирагъэплъащ «Дыгъужьымрэ чыцIиблымрэ» спектаклым. Театрым и дунейр къызыхузэIуаха сабийхэм, дауи, ар щIэщыгъуэ ящыхъуащ. Гуащэхэр IэкIуэлъакIуэу зэрызэрагъакIуэмрэ абы щIалъхьа макъамэмрэ цIыкIухэр таурыхъым и дуней телъыджэм хашащ икIи гъэщIэгъуэн ящыхъуащ я гур зыхьэхуа теплъэгъуэр.
- — ЦIыкIухэр артистхэм ягъэзащIэ НэжьгъущIыдзэм, мыщэм, нэгъуэщI лIыхъужьхэм хуэдэхэм ящышынэн- кIэ хъунщ, ауэ абыхэм я теплъэхэр къыщыгъэлъэгъуа я хьэпшыпхэм ириджэгуну яфIэфI дыдэщ. Сабийхэр темыпыIэжу къыдэплъащ, фIыуэ ялъагъу лIыхъужьхэм я телъхьэу, — жеIэ Гуанэ Заремэ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ, спектаклыр щагъэлъагъуэм сценэр екIуу къы- зэрызэрагъэпэщар. Макъамэри куэду хагъэхьащ. КъищынэмыщIауэ, спектаклым хэт лIыхъужьхэр — гуащэхэр — езыхэм ящIащ, фащэхэр хуадащ, зэрагъэкIуащ, уэрэд цIыкIухэр жрагъэIащ, къагъэфащ.
- Къызэрыхэдгъэщащи, IуэхущIапIэм и гъэсэнхэр нэхъапэIуэкIи театрым и дунейм хагъэгъуэзащ. Апхуэдэу ягъэлъэгъуащ «Уардэунэ цIыкIу», «Балыджэ цIыкIу» «Адакъэ хахуэ», «ШыкъумцIий», нэгъуэщI теплъэгъуэ хьэлэмэтхэр. Гуащэ театрым цIыкIухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Псом хуэмыдэу фIыр ем зэрытекIуэр зи лъабжьэ теплъэгъуэхэм гъэсэныгъэ купщIэ яхэлъщ. А лэжьыгъэхэм сабийхэр къыхураджэ гъащIэм захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ тетыну.
- Республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я школхэм, сабий гъэсапIэхэм, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ гъэмахуэ лагерхэм, школ-интернатхэм, сабий унэхэм теплъэгъуэ щIэщыгъуэхэр щызыгъэлъагъуэ Гуащэ театрыр иджыпсту зэрагъэпэщыж. Ар мылэжьэху, IуэхущIапIэхэм сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ гулъытэ зэрыхуащIыр уасэншэщ.
- Гуащэ театрым и къалэн нэхъыщхьэр сабийхэм, ныбжьыщIэхэм ягу дыхьэ, ахэр фIым хуэзыгъэуш, гъэсэныгъэ яхэзылъхьэ спектаклхэр ягъэлъэгъуэнырщи, ар къехъулIэу жыпIэ хъунущ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.