ЛIы иримыкъу
2021-03-10
- Чэрим Марианнэ
- Роман. ЕщанэIыхьэ
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр
- 2020 гъэм и №№ 125 — 130-хэм, 2021 гъэм и №№2 — 4, 6,
- 8, 11, 12, 17, 20, 22-хэм итщ).
- Заирэ. Дахэщ. ЩIэх пшэр хъунукъым. Сытым дежи я унагъуэр зэрыкъулейм, езыр зэрыхъыджэбзыфIым, щIалэхэр зэрызримыгъэпсалъэм топсэлъыхь. Рестораным къыщыббгъэдэсу. Жыжьэу къыбдалъагъуну Iейкъым, ауэ уригъусэну зэшыгъуэщ. Ахъшэ, щыгъын, папэ, мамэ. Пагэщ. КъызыфIэщIыжащ. УкъыфIэIуэхукъым. УзригъэкIумэ, ущетIагъэ. Зыми къыщамылъагъум деж узыщехыж. Къызэропсалъэри ету къыптридзэм ещхьущ: уеузэхуж зэпыт. «Сэ апхуэдэу сфIэфIкъым». «Сэ ахэр сэзэгъынукъым». Iух, хъунукъым.
- Ринэ. Джэду шырым ещхьщ. ЩIыкIафIэу зегъафIэ, итIанэми, хьэлыншэу бзаджэщ. Щыгъын плъыжькIэ ерыщщ. Еджэн щIидза къудейщ икIи. Хэт ар илъэсиплIкIэ къалэм дэзышеинур? «Си анэм уи щIалэр къаши сыгъэцIыху жеIэ». Анэ губзыгъэм апхуэдэу жиIэнукъым. Хьэуэ, дахэ, уэри ухъунукъым.
- Лидэ. Ар нэхъ зыгуэрщ. И щхьэ епIыж, зыкъыптригъэхьэлъэнукъым. Дахэзилэ ещхьу, абыи зыгъэщIэрэщIапIэ егъэлажьэ. Зэзэгъыну къыщIэкIынт и анэмрэ абырэ. Ауэ Марат езэгъынукъым. КъыкIэрытIэтIу зелэ. И нэгур сэхусэплъкIэ итхьэщI фIэкIа пщIэнкъым, псы иримыгъэIусэу. ЗитхьэщIмэ, къызэрыщIэкIынур хэт зыщIэр? Ари Iудогъэх.
- Къапшэ хъун зэрыщымыIэр хэт и фIэщ пхуэщIыну дунейм? СыхьэтитI зэкIэлъыпыткIэ къыпIэщIэмыужэгъуэн пщащэ дэнэ къыздипхынур? А-а! Жыраслъэн и пхъур-щэ? Хэтыт абы и цIэр? Рэхьмэ! Зэрымылъ пэлъагэ! Ар хъунут, къыхуэгъэдэIуамэ. ТхьэIухудщ жыпIэнкъым, ауэ нэгу зэхэха иIэщ. НтIэ, лъагъугъуафIэщ. Марат зэригъусэр щыгъупщэжу хуиту щыпсалъэхэм деж уи нэр къыпхутегъэкIыркъым, апхуэдизкIэ гулъытэр ехьэхури. Ар хъунут. Хъуну къудейкъым. Мыхъуу хъунукъым.
- Марат телефоныр кърехри Жыраслъэн хуегъаджэ.
- — Алло, Марат! — къытрихащ.
- — Дауэ ущыт, Жыраслъэн?
- — Къеблагъэ, щIалэфI, дунейм утет?
- — Къеблагъэ пэж, хьэмэ къеблагъэпцI, дауэ зэрыжаIэр?
- — Уэлэхьи, фызым сыдэшхэурэ псэлъэрей сыхъуащ жызоIэри, зы цIыхум сыкъыфIэмыIуэху. Шей фIэкIа сригъэфакъым къысхужумыIэжынумэ, къеблагъи псапэ къэхь, кхъыIэ!
- — СынокIуэ-тIэ.
- — Плъэгъуа адыгэлI! Зыгуэри къыздэшэ, ягъэ кIынкъым.
- — Iуэху сиIэщи, аращ, уи закъуэу сыпхуейщ.
- — ФIыкIейщ, сыножьэ, си къуэшыжь.
- ТIури зы сщIы щхьэ мыхъурэ? Жыраслъэн лэжьакIуэу къищтэнщ, ипхъуми щIэупщIэ зищIынщ, щIэмыпхъуащэу.
- — Зы анэ иIэщи, дунейр къутэхукIэ хъун къыжриIэнукъым. Хэтми, япэу къыпщIэупщIэм дэкIуэ, жи. Уи ныбжьыр, уи ныбжьыр… Илъэс тIощIым щIигъуа къудейм укъыдэнэжащ жепIэу игу зэбгъэбгъэжыну, дауэ уанэ уэ, жызоIэ?
- Жыраслъэн и IэнатIэр ихъуэжын идакъым, ауэ къыщIызэлъэIу IуэхуитIымкIи дауэ згъэщIэхъун жиIэм ещхьу, и пхъур къритыну имыжагъуэ хуэдэу къепсэлъащ.
- — Мыбы проблемэу хэлъыр пщIэрэ, си къуэшыжь? — къепсэлъылIэ хуэдэу, итIанэми укъысщымыгугъыщэ жыхуиIэу, ирешажьэ Жыраслъэн. — Си пхъур сэращ нэхъ зэщхьыр. Гу щабэщ, гумащIэщ, и анэ пхъашэжьым зыкIи ещхькъым. Сэ си шыпхъум изогъэщхь. И фIэщ ухъурэ, укъидэмэ, зыщысхьыжынукъым. Уэри къыпхэкIынур къыпхихунущ, езыри щхьэхынукъым. Сэ зызогъэдемократ. Узыхуей дыдэр къыхэх, си Iуэху хэлъкъым жызоIэ зэпыт. МащIэ-куэдми, тIэкIу-тIэкIу щIемыгъуэж щыIэкъым. Псэуху си адэм сигъэунэхъуат къысхужиIэж нэхърэ, къыдэнэжыпэми нэхъ къэсщтэнущ. Мес, си шыпхъур дэсщи, зыхэкIыжаIауэ слъагъуркъым. Ди анэри дотынш, езыми и щхьэ Iуэху зэрехуэ. Псори уэ уэщхьын хуейуэ щIэбукъуэдиин щыIэкъым. Пэжкъэ жысIэр?
- — Сэри сыщIэпхъуэу зыщIыпIэ сынэсауэ аракъым. Ауэ уэрэ сэри дыщызэдэлажьэкIэ, дэ тIури IэщIагъэкIэ дыщызэтехуэкIэ, нэхъ тыншу дызэзэгъын жызоIэри аращ. Сэ ауэ сытми уэ уи хьэтыркIэ унэм къэзгъэсыж зысщIа фIэкIа, къысфIэIуэхууи нэгъуэщIуи зэи зыкъезгъэщIакъым, дэлъху хуэдэущ сызэрыбгъэдэтар.
- — Мыращ ди мурадыр, ди акъыл зэтехуащ, — къыщызжефIэ махуэм сыныфкъуэувэну сыхьэзырщ, си къуэшыжь. Си деж зэи къыщынэнукъым. Тегушхуэ, нэхъыфIу зыкъегъэцIыху, уэ нэхърэ нэхъ малъхъэфI сэ къэслъыхъуэркъым. Си пхъур къыпхуеймэ, сэри сыпхуейщ. Хьэуэ жиIэрэ, уи жагъуэ умыщI, сэри а зыращ пхъууэ сиIэр, щIалэр зэрымыузыншэр уощIэ. Уи адэр дауэ щыт?
- — Ди адэращ, пэжым ухуеймэ, и чэзур къэсауэ пIэрэ жызэзыгъэIэр. ЗыщыгуфIыкIын гуэр илъагъумэ, нэхъ псынщIэу зыкъиужьыжынт.
- — Хъарзынэщ. Дипхъу гъэфIар зэфпэсмэ, дэри дыгуфIэну аращ.
- Илъэс бжыгъэкIэ зэтрихьа пхъэнкIийр Iузыхыжа лэжьакIуэжьым ещхьу, Марат и щхьэ хуэарэзыжу Къэлэрдэгу иунэтIауэ мэкIуэж. Къыздэсыжам, и адэ-и анэм я зэрыгъэкIий макъ унэм къыщIоIукI:
- — Сыкъэпшауэ ара уэ, сибгъэкIыжыну? Мы пщIантIэм дэсщIыхьар къызэтыжи, жэрыжэкIэ сижыжынщ, сикIыжын дэнэ къэна! Уи анэм игъащIэм уи адэм лъэпэдитI зэгуэгъуу зэрыщримыгъэтIэгъам сыт хэпщIыкIрэ уэ?! «Сыбдэпсэуфынукъым!» Укъыздэпсэуфынт, псэукIэ пщIэуэ щытамэ! Факъырэ нэ къэплъэжа! И сомитI зэуIуати, пщыуэ зыкъыщыхъужащ. Зыгуэрым иIэжу пIэрэ а уэ сыкъызыщIэпша ятIэ лъэгум хуэдэ? Мис мо гуэным Iэпхъуи щIэс, узэрыщытар къэпщIэжыну ухуеймэ, ахъшэ ныпхутеслъхьэнщ. Си къуэр фызкъэмышэу къыпхузогъанэри сыдокI?! Мохьщ! Щыгугъ уэ абы!
- Марат ищIэнур имыщIэу дэкIуеипIэм тетт. И анэр къызэщIэплъауэ къыщIэжри, и къуэр зэрыщытыр щилъагъум, къызэтеувыIащ, ауэ и макъыр иришэхакъым.
- — Лъэхъуэщратэкъым уи адэр здебгъэшэн хуеяр — делэщрат.
- — Сыт къэхъуар?
- — ДызэбгъэдэгъэкIыж, жи, афIэкIа сыбдэпсэуфынукъым!
- — Унищ дэтщ мы пщIантIэм, дызэхуэмызэу дыщIэхуэнущ, — гушыIэ зещI Марат.
- — Дэнэ хуейми ирекIуэ! Тхьэ, сэ си жьыщхьэ си напэр зытесхыжу, си гъащIэ псом сызытелэжьа унэми лъапсэми сыдэмыкIыну, абы къысхущремыгугъ.
- Уэлэхьи, мыр сэ си гугъэм щыщымыIэ, — йогупсыс Марат. И анэр лэжьапIэмкIэ жащ. Щыхьым къыжриIа псори зэригъэхъыбарынум шэч хэлъкъым. И адэр унэм щIэсщ. Дакъикъитху хуэдэ дигъэкIауэ, щIохьэж. И анэм къыжриIар зэхимыха е къыгурымыIуа нэпцI зищIыфмэ, еплъынщ.
- — ЗгъэгуфIэнхэщ жысIэу сыкъэкIуэжурэ, сыкъызрихьэлIар… — зыри къэмыхъуа хуэдэу, езым япэу псэлъэн щIедзэ.
- Езым темыухуауэ сыт зэхихми зыдэ Щыхьым жимыIэIауэ къыдоплъей.
- — ЛэжьапIэр хъуэж жыпIатэкъэ? — пещэ джэду хьэжым.
- — НтIэ?
- — КъудамэщIэ къызэIуахауэ, абы и унафэщIу сагъакIуэ.
- Щыхьым ищIа мурадым къытришын щхьэкIэт Марат министрым деж щыщIыхьа дакъикъэм щегъэжьауэ, псори и адэм щIыхуиIуэтэжыр. Зэхихыр игу зэрырихьым гу лъита нэужь, икIуэтыжыпIэр IэщIихыпэн хуэдэу, тIэкIуи зигъэIэнкуну, пигъэуващ:
- — ЛIыбланэхэ лъыхъу згъэкIуэну си мурадщ, дауэ уеплърэ?
- Хэт илъэс щэщI хъуауэ адэ-анэ зэбгъэдэкIыжа хуейр? Мараткъым, хэту щытми. И адэм сымаджэщым къыщыжриIар ищIэжырт абы. Гъэбэлэрыгъын хуейт, зыри къимыгъэхъу щIыкIэ. Щыхьым зэрифIэщыр Дахэзилэ къыгурымыIуапэ щIыкIэ зыгуэр имыщIэмэ, и гъащIэм лъэныкъуэ узыншэкIэ зыщигъазэ дыдэм, псори къызэтекъутэныфэт. Дакъикъэр зыIэщIигъэкI хъунутэкъым.
- — Хэт згъакIуэмэ, нэхъыфI, жызоIэри, аращ, — Марат гушыIэркъым, пэж дыдэу къишэну зегъэхьэзыр. НысащIэм тхьэмадэ имыIэу хъунукъым-тIэ. И щхьэ Iуэхур япэ иригъэщу емыса Щыхьыми теужыну хьэзырщ:
- — Хьэсэн — зыуэ, — къытезэрыхьар зэрыщхьэщыкIар нэрылъагъуу, и гупсысэхэм нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ яшэ Щыхьым.
- — Хьэсэн ди благъэкъым, — гу лъамытэу къыщIыхьэжа Дахэзилэщ ар жызыIэр.
- — Уэри удиблагъэкъым, уи пIэ ис, зыри къоупщIакъым, — ифI зыкъизышэжа Щыхьым Дахэзилэ дэкIа и гугъэу, зэкъуэхуауэ щысти, и макъыр зэрызэхихыу къыщылъэтри, абдеж дыдэм щыт шэнтщхьэгуэр къищтэри игъэIэуэлъауэу игъэувыжащ. УсхуимыгъэкIыжами, афIэкIа сыбдэджэгуну уи мыгугъэ жыхуиIэт. ИгъащIэм и лIыр апхуэдэ сурэтым иту зымылъэгъуа Дахэзилэ сыт нэхъри нэхъ зэхъуапсэ хъугъуэфIыгъуэр зыIэрыхьам ещхьт, апхуэдизкIэ зытехуапхъэм техуати Щыхьым и къэгубжьыгъуэр. Езы лIым зыфIэпхъэшэж щхьэкIэ, фызым нысащIэ къашагъащIэ макъкIэ къыпедзыж:
- — Я Алыхь, сыту фызэщхьыIуэ. Зым къызошэ жеIэри, Iуэхур бзарэ дыжауэ уи пащхьэ кърелъхьэ. Адрейм уи къуэм къызэришэм уи Iуэху хэлъкъым, жи.
- Унагъуэр къелат. Дахэзилэ насыпыфIэу щIэпхъуэри, жьыщIыгъэ гъущыжар кIапсэм къыфIихыжын щIидзащ, дзапэ уэрэд къыхидзэнуи къыщыгъупщакъым.
- 6
- Рэхьмэ и тхыгъэхэр
- ЩэкIуэгъуэ, 27. Къэлэрдэгу
- Щэбэт пщэдджыжьым зыщIыпIи сыкIуэну зызмыгъэхьэзыру сыкъэушащ. Нанэ сымаджэщым къыщIатхыкIыжын хуейт а махуэм. СыщIэмыупщIэмэ, уи адэм и жагъуэ хъунущ жызыIа мамэ слъагъуу нанэ хуихьынухэр зэрилъхьэри, асыхьэтым къыщыщIар сымыщIэу щIегъуэжащ. СымыкIуэнуи соукIытэ, си гуи къыдэжыркъым жиIэу, макъ щабэкIэ къыщызэлъэIум, хьэуэ схужеIакъым.
- СыкъыщыщIэкIым, къыспэщылъыр си гум ищIа хуэдэ, мамэ мыпхуэдэу жызоIэ: «ПыIэ плъыжь цIыкIу щысщхьэрымыгъкIэ, дыгъужьи къысIущIэну къыщIэкIынкъым». «Дыгъужь здэщыIэм щакIуи щыIэщ», — жиIэу къызэрыспидзыжар Iэджэрэ сигу къэкIыжащ иужькIэ. Куэбжэпэм нэс къыскIэлъыкIуатэщ, Iэ зэхуэтщIыжри, маршруткэ къэувыIэпIэм хуэзунэтIащ.
- Сыхьэт ныкъуэ сытетащ — къакIуэркъым. Дакъикъэ плIыщI — иджыри си пIэ сикIакъым. Згъэзэжын, хьэмэ сыт сщIэнур? Си анэм телефонкIэ сыщеупщIым, иджыпсту такси нэзгъэкIуэнщ жеIэри, дакъикъитху фIэкIа дэмыкIыу, «Тойота» фIыцIэ къыIуолъадэ. ЩIыIэм сызэрисам си щхьэкуцIри зэригъэлымпIа къыщIэкIынтI, армыхъумэ, апхуэдэ машинэ лъапIэ къалэм къыщрахуэкIыу зэрыдамыгъэтынур щхьэ сигу къэмыкIарэ?
- Сытми, сотIысхьэ. Нанэхэ я уэрамыцIэри, унэм и бжыгъэри гузехуэм жызоIэри дожьэ. Телефоным сепэщэщурэ зыкъомрэ дыжащ, макъамэ гуэри къызэреуэр зэхэсхыу. ДакъикъипщI нэхърэ нэхъыбэкIэ утет хабзэкъым нанэхэ ущыкIуэкIэ. КIуэ, щIымахуэти, гъуэгухэм ятеплъхьэ хъунут. Щхьэгъубжэми зыгуэр зэрытегъэпщIам нэмыщIыж, уздэкIуэр умылъагъуу пшагъуэт. Ауэрэ дакъикъипщIри пщыкIутхури кIуащ, дэ дожэри дожэ. Шэджагъуэ нэужьыфIт, пшапэр зэхэуэным куэд имыIэжу. Зэман кIуар сфIэкуэду, щIэх дынэсыну жызоIэри соупщI таксим дэс щIалэм. «Дакъикъитху», — жеIэри, зыкъримыгъэзэкIыу жэуап къызет. Сэ и щIыбагъым сыкъыдэст, зыкIэрыгъэщIапIэр ди зэхуакуу. НэкIуIулъхьэ зэрыIулъым нэмыщIыж, си гъащIэм япэу сызэрытIысхьа таксим дэсыр зэрызмыцIыхум шэч къытезмыхьэу, сеплъыну сигу къэкIыххакъым, къэсцIыхужын дэнэ къэна. Иджыри дакъикъэ зыщыплI блокIри, дыздынэсынум дынэса хуэдэу, гузехуэм машинэр къегъэувыIэ, и нэкIуIупхъуэр зыIуехри, зыкърегъэзэкI: «Дауэ ущыт, Рэхьмэ?»
- — Марат?
- — Сэ си цIэр схъуэжакъым, ауэ уэ нобэ уи унэцIэр пхъуэжыну си гум жеIэ, — и пащIэ ныкъуэлэм и щхьэ бэлыджэр пэлыду, къысхуогуфIэ, экзаменымкIэ «тху» къызэрысхьар къызжиIэ фIэкIа умыщIэну.
- — Схъуэжу щэтми, ар уи унэцIэрауэ зэрыщымытынур быдэу уи фIэщ щIы, — жызоIэри сыхуолъ.
- Сызыбгъэдэс щIыбагъыбжэр Iусхыну сыхуожьэ. Езым аргуэру унафэщI тэмакъкIыхь макъкIэ зыкъысхуегъазэ:
- — Зэ умыпIащIэ. Япэрауэ, ди къуажэр пцIыхуркъым, укIуэжыну уежьэми, угъуэщэнущ. КIыфI мэхъу, такси зекIуэркъым. ЕтIуанэрауэ, къэбгъэгугъа гуэр уиIэу сощIри, нэгъуэщIым уихьауэ, абы уишэжынукъым. Ещанэрауэ, уи адэ-анэр си акъылэгъущ, уздэщыIэр ящIэ, укIуэжмэ, я гуапэ хъуну уи мыгугъэ. ЕплIанэрауэ, — абдежым и макъыр нэхъ щабэ ещI, — игъащIэм сыкъыумылъэгъуауэ щыщымыткIэ, дегъэплъ ди насыпыр здынэсым, дызэкIунуми пщIэркъым. Сыпхуейкъым жыпIэмэ, иджыпстуупцIэ зыми укъимылъагъу щIыкIэ, усшэжынщ. Ауэ… Сэ сыхуейт гъащIэ гъусэ укъысхуэхъуну.
- — Япэрауэ, сыпхуейкъым, дунейм цIыхуу тетым сыкъалъэгъуауэ щытми, иджыпстуупцIэ сышэж, — жызоIэри сыжьэхопкIэ аргуэру.
- — УкъысщIэмыкIиет, дахэ! Уэ пхуэдэ куэд слъэгъуащ сэ, укъызэрынэжыным тети нэхъыфIщ, — къызжеIэ.
- — ЕтIуанэрауэ, мис а плъэгъуа къомым узыхуей дыдэр къахэши, жьы Тхьэм фызэдищI! — жызоIэри машинэбжэр Iусхыну аргуэру соIэ. Сыкъызэрыгубжьар нэхъыбэт, сызэрыгузавэм нэхърэ. Бжэр мызыгъуэгукIэ си телъхьэу къыщIокIри, IуокI. Ар сымыутIыпщу сыкъыздиувыкIам, слъагъур сыт? Сызэрыс машинэм ещхьыркъабзэу иджыри зытхух-зыхыбл ихъуреягъкIэ къеувэкIауэ щытщи, гу къызэрыслъатэу, нащхьэ ящIым ещхьу, я уэздыгъэхэр къагъаблэ. Уэрамыбгъу лъэныкъуитIым зытрагуэшауэ зэхэтт зыкъизычыну хьэзыр машинэ фIыцIэжь гупыр. АпхуэдизкIэ сышынати, зызгъэхъеину Iэмал къызэзыта къарур къыздикIар сщIэкъым. Маратхэ я куэбжэпэм дынэмысыпэу къызэтеувыIахэу арат, сыкъытехьэу щIалэм и напэ тесх зэрымыхъунур къызгурагъэIуэн папщIэ.
- Сытыт сщIэнур? Машинэм ситIысхьэжщ, си щхьэр cи гупэ къит зыкIэрыгъэщIапIэм теслъхьэри, угъынумэ, къеблагъэ. Согъри согъ, сыкъэувыIэжыфыркъым. Марат зыкъригъэзэкIыу и Iэр си щхьэм къыщытрилъхьам, зэпкърыстхъын си гугъащ. «УкъызэмыIусэ!» — жысIэри, апхуэдизкIэ хуабжьу сыкIияти, сымыгъэщтамэ сщIэркъым. «Иджыпсту зы тутын сефэнщи, усшэжынщ, умыгъ», — жиIэри, икIащ. Мо сызэщыджэу сыздэгъым, икIэщIыпIэкIэ зыгуэр къэзмыгупсысмэ, узошэж жиIэу аргуэру сыкъызэригъэпцIэнур сигу къокI. Хамэ къуажэ удэту уздэкIуэнури дэнэ, мо шейтIан шухэр къеувэкIауэ къоплъу? ТелефонкIэ узэпсэлъэнури хэт, уи адэ-анэр уимытелъхьэмэ?
- Си гъы макъыр езмышэхыу, нэбгъузкIэ машинэм сыкъиплъурэ зызоплъыхь. КIыфI хъуакIэщ. Марат тутын йофэри машинэ гупэм деж щытщ, зыгуэрым телефонкIэ йопсалъэ. Сэ зи бжэр Iуха машинэм и кIуэцIым сантиметр пщыкIуз зи лъагагъ вакъэм сытету сисщ, иджыри телефонкIэ къезджэфын гуэр дунейм тету къыщIэкIыным сыщыгугъыу. Си акъылыр утхъуащи, къысхуищIэшхуэ щыIэкъым. «Уи адэ-анэм псори ящIэ» зэрыжиIам си гур иригъэхуэхыпащ. Ди деж сыкIуэжми, ныскIэлъысу сыхагъэзыхьыну аракъэ? Уэрамыр бгъуэт, ауэ шыуан цIыкIу хьэблэ жыхуаIэм ещхьу, гъуэгушхуэм пыщхьэхукIати, ущIэпхъуэми жыжьэ унагъэсынукъым. Машиниблым уаIэщIэкIыфыну? Асыхьэтым абдежым гъунэгъуу щыт пщIантIэхэм я зым жэщ уэздыгъэр щыпагъанэри, я куэбжэр Iух ныкъуэу зэрыщытыр къэслъэгъуащ. ИгъащIэм сызыдэмыта хамэ къуажэм щыщ хамэ пщIантIэм и куэбжэ. Дахэу си вакъитIыр лъызох, си сумкэр зыIэщIызокъузэ, псэлъэн зымыуха Марат и щIыбагъыр къыщигъэза дакъикъэм зытызогъахуэри, хьайдэ, куэбжэ Iухам сызэрыдэлъэдэнум сыхуэгъэпсауэ зызоч. Е сщIэр я нэгум къыщIагъэхьахэм зыми емыщхьрэт, е къэхъур яфIэгъэщIэгъуэнт, хьэмэрэ мо псэлъыхъу хуэдэм ягу щыкIыпат? Сытми, Марат и ныбжьэгъухэр зэрыс машинэхэм я уэзджынэхэр зэдэууэ ягъэкIиин щыщIадзам, куэбжэ Iухам сынэсыным лъэбакъуищ-плIы къэнэжами арат. Сэ къызэплъэкIыжыпIэ сиIэтэкъыми, къэхъуа псоми гу лъыстакъым, я уэзджынэ макъыр зэрызэхэсхам нэхъ хахуэж сищIа фIэкIа. Мо пщIантIэ сызыдэлъэдам дэт лIы мыцIыхур гуапэу къызэрыспежьэу, Марат и гупым сакъызэрелар си фIэщ хъуа-мыхъуауэ, укIытэмрэ адэкIэ сщIэнур зэрызмыщIэмрэ зэхыхьэжри, си лъакъуитIыр щIэщIащ. Арати, си бысым мыцIыхухэм унэм сыщIашэ, сагъэтIыс, псы срагъафэ. ЦIыху сурэтым сыкъыщихьэжам, нобэ си унагъуэу къэслъытэ псори къызэпщIэкIауэ щыст: сыкъызэрыдыхьэу сызыIущIа лIы угъурлыфэри (ар си тхьэмадэрат), занщIэу къыщIэжа цIыхубз Iэщабэ-Iущабэри (ар си гуащэрат), а гузэвэгъуэ дакъикъэм и фIыгъэкIа къэсцIыхуа си псэ закъуэри. Бэч! Хэт и гугъэнт апхуэдэцIэ зезыхьэ щхьэгъусэ сиIэну? Адрейхэр — иужькIэ.
- Дыгъэгъазэ, 5. Къэлэрдэгу
- Си тхьэмадэр сымаджэщ. Унащхьэм къехыжрэ пэт, пкIэлъейр къещIыкIэхри, и лъакъуэр къутащ. Укъэтэдж хъунукъым къыжраIащи, махуэ псом щIэупщIакIуэхэр зэпыуркъым.
- Псом япэ Щыхьым къокIуэ. ИгъащIэкIэ си пщIыхьэпIи къыхэхуэнтэкъым Марат апхуэдэ адэ иIэну. Си тхьэмадэми фIэфIщ ар къызэрыкIуэр. ЩIэкIыжа нэужь, и гугъу ящI хабзэщ.
- Я гупэм къит щIапIэм мыIэрысэ хадэ щыхисэн папщIэ, си тхьэмадэм щIыхуэ Iихри, къищэхужащ. Абдежым щыпсэуа щIалэрат Щыхьым IэщIэукIауэ щытар. Хьэрун мыгъуэм и унагъуэр а лъапсэм къыдигъэтIысхьэжыну хуейуэ гурыщхъуэ хуащI дыдейхэм.
- Нэхъ шэджагъуэхуэкIуэу Марат и анэр къокIуэ. МыIэрысэм къыщIих ахъшэр къызитыркъым си лIым жеIэри, си гуащэм къыхуотхьэусыхэ. Мамэ зрипэсыркъым абы, ауэ Щыхьым си тхьэмадэм зэрыфIэлIыкIыр ещIэри, къешхыдэну щогугъ. Ахъшэ къыщIримытыр Дахэзилэ и зыгъэщIэрэщIапIэм ефэ-ешхэр зэрыщызэпымыур зэхрагъэхащи аращ. «Абы нэхърэ нэхъыфI ищIэнтэкъым Щыхьым», — жеIэ си псэ закъуэм. И адэ-анэри и акъылэгъущ, хьэблэри тыншыжащ.
- Дыгъэгъазэ, 14. Къэлэрдэгу
- Си фоушхуэм сэрэ кино цIыкIу догъэхьэзыр. «Абы нэхъ псынщIэу игъэхъужынущ ар», — жи, и адэм щхьэкIэ. И адэ-анэм щэхуу ятриха сурэт, видео гуп зэхуэхьэсауэ иIэщи, ахэр зэпегъэувэж. ЯпэщIыкIэ режиссёр гуэрым елъэIун и гугъащ. Иджы а къомыр хамэм илъагъуу и адэм зэримыдэнур къищIэжауэ, езыр йопэщэщ.
- Дыгъэгъазэ, 27. Къэлэрдэгу
- Дыгъуасэ ди кинор щызэхэдгъэувэм слъэгъуар сигу ихужыркъым. Си гуащэ-тхьэмадэр пщэфIапIэм щIэсу видео гуэр хэтщ. «Зэдошхэ» жыпIэныр дыхьэшхэн Iейщ абыхэм ятеухуауэ. Ди жьэм хуэтхь ерыскъы псори апхуэдэ защIэу ехыу щытамэ, къэгубжьи, щхьэхи, нэщхъеи къытхэтынтэкъым. Апхуэдизу фIыуэ зэрызэрылъагъум хуэдэу, зэи зэдэшхэркъым си гуащэ-тхьэмадэр, согъэщIагъуэри схуэухыркъым. Тхьэмадэр Iэнэм пэрысщ. Мамэ абы и шхыныр хутрегъэувэ, езыр и шэнтым тесыжу и щIыбагъым къыдотIысхьэри, зэрихабзэу, зытреубгъуэ: и IитIыр и бгым ирешэкIри, и щхьэр и дамэм трелъхьэж. Тхьэмадэм шхэну зэран хуэхъу-хуэмыхъум елъытауэ, зэм толъэщIыхь, зэм зыкIэрешытIэ, хуиту имыгъашхэу къыфIэщIмэ, зыкъыIуешиикI, ауэ щыщ кIапэ гуэрым лъэIэсу къызэрынэным иужь итщ. Тхьэмадэр зыгуэр хуеиху, къыщылъэтурэ ирет. Сыбжурэ зыхыбл-зыбгъупщIрэ къэтэджурэ тIысыжащ, зигъэхъеиху и щхьэгъусэм едэхащIэу. Абы фIэмыфI гуэр къыхэхуэн дэнэ къэна, а къалэныр къытрахыжыным ещхьу, мэпкIатэ-мэлъатэ, и гукъыдэжри ехуэхыркъым. Сэ си анэр Iэнэм щыщысым деж си адэр зыкIи елъэIуркъым. Шыгъу, фошыгъу къызэт жриIэ хъумэ, нэхъыбэм къытокIие: «Сыкъыумыгъэтэджыж жысIэу дапщэрэ зэрыбжесIэнур?» Си гуащэм къэтэджыныр къытехьэлъэным и гугъу сщIыххэркъым, и лIыр цIыхум яхэмыту, сабийхэри щIэмысу хуиту и закъуэ къызэрыIэрыхьа насып кIэщIыр IэщIэлъэтынкIэ шынэм ещхьу, и хъуреягъыр къеуфэрэзыхь, зэримыужэгъури уолъагъу. Тхьэмадэр зэм къызэIэбэкIыурэ зыгуэрхэр къыжьэдилъхьэну хуожьэ, апщIондэху мамэ абы и напэм, е и Iупэм, и Iэм, и дамащхьэм — къыIэрыхьэм деж — ба хуещIри, къыхуишияр езым жьэделъхьэж.
- — Сэ сызэрыбдэшхэр уи жагъуэ хъурэ? — сеупщIащ си псэ тIэкIум ар слъэгъуа нэужь.
- — Ди адэм ещхь сыхъухукIэ къыздэшхэ, итIанэ деплъынщ, — къызжиIащ. КъащIэ уэ абы къригъэкIар.
- СщIэкъым сщIэнур. Сыдэшхэн? Сыдэмышхэн? Си гуащэм сеупщIынщ, си анэм ар къызжиIэфыну къыщIэкIынкъым. СыкIуэжыху къызошхыдэ. «Юридическэр къэбухауэ, лы зыщэ, джэд зыгъашхэ программистыжь цIыкIум удэкIуасэри уежьэжащ». Нобэр къыздэсым и фIэщ схуэщIакъым Б. а махуэм ипэкIэ зэи зэрызмылъэгъуар. Сыту пщыхьэщхьэ гъэщIэгъуэнт ар. ФIыкIэ зэриухам хуэдэу, си щхьэфэцым зресэ сигу къыщыкIыжкIэ. Дахэзили къэкIуэху: «Си нысэр къысфIэзыдыгъуахэр дауэ фыщыт», — жеIэри дегъэукIытэ.
- Дыгъэгъазэ, 27. Къэлэрдэгу
- … Мо сыздэгузэвэщам къарууншэ сищIауэ сызэфIэтыфыртэкъым, пщIантIэм сыкъыдэлъадэу си тхьэмадэм сыщыхуэзам. Унэм сыщIашэу сагъэтIыса нэужь, хуэмурэ си гур къихьэжащ. Гуащэ схуэхъунум псы сригъафэу къысщхьэщысу, ЛIыгъумхэ я къуэжьыр къытоуIуэри, си фо цIыкIум къыщIешэ. Тхьэмадэм япэ зрегъэщри хьэщIэщым щIокI.
- — Гъунэгъум ирахьэлIэуи хабзэщ, Хьэсэн, ауэ гугъу федмыгъэхьмэ, нэхъ къэтщтэнут, — къытоIукI Марат и макъыр кIэлындорым.
- — Езыр арэзыуэ къыбдэкIуэрэ? — щIоупщIэ си тхьэмадэр.
- — И адэм сыдолажьэ, дызэгурыIуащ. И анэми ещIэ. Илъэс зыбжанэ хъуащ дызэрызэрыцIыхурэ. Пэжым ухуеймэ, лъыхъу згъэкIуэнухэм уэрат япэ итыр. Ауэ щIалэхэм сыт а къомыр гугъу щIебгъэхьынур, къэхьи ежьэж щыжаIэм, нэхъ щIэщыгъуэ хъун жытIэри, арат мы къомыр къыщIэдгупсысар.
- — Езыр арэзыуэ къыбдэкIуэрэ? — щIоупщIэ папэ аргуэру.
- — Сыщогугъ, — зегъэукIытэх Марат.
- Си тхьэмадэр сызыщIэс пэшым ныщIохьэри, къызоупщI:
- — Уарэзыуэ удэкIуэрэ?
- — Хьэуэ! — жысIэри, хуабжьыIуэу естащ жэуап. АфIэкIа зыкIи къызэмыупщIыу щIэкIыжри, адэкIэ зэжраIар зэхэсхакъым.
- Гуащэ зэрысхуэхъунур иджыри зыхуэзмыщIэ, занщIэу сигу зыкIэрыпщIа цIыхубзыр къыстелъэщIыхьурэ, и макъ щабэ цIыкIумкIэ къызэпсалъэт:
- — Ухуэмейуэ, зы цIыху IэпэкIэ къоIусэнукъым, си псэ! Уи адэ-анэм ухагъэзыхьу арамэ, ди деж ущыIэнщ. Адыгэ и хьэщIэ быдапIэ исщ щIыжаIэр нобэ хуэдэ зы махуэщ.
- — Хуэмеймэ, хэгъэзыхь щыIэкъым, — зэхызох аргуэру Марат и макъыр. — НакIуэ, фи деж усшэжынщ, — жеIэ къыщIэмыхьэу, ауэ сэ зэрызэхэсхыр ищIэу.
- Абдежым си тхьэмадэр къопсалъэ:
- — Апхуэдэу тщIынкъым ар, Марат. НобэкIэ фи насып зэхэмылъу щытми, пщэдей къэхъунур тщIэркъым, тIуми фи напэр къабзэу мы Iуэхум фыкъызэрыхэкIынращ нэхъапэр.
- ИтIанэ сэ зыкъысхуегъазэри, къызоупщI:
- — Уи адэм хуэтIуэхумэ, уарэзы, си хъыджэбз?
- Жэуап естынум сегупсысын сымыухыу, Марат и телефоныр кърихащ.
- — Сэ сепсэлъэнщ, — жеIэри, папэ хуещI. Си адэми, сызэрыщымыгугъауэ псынщIэу телефоныр къытрехри, Марату пщIэм имыхабзэу зыкъредз. «Мыпхуэдизу зумыфыщIыж, уи пхъум зыри къыщыщIакъым. Иджыпсту уи унэм ныIуашэжынущ», — жеIэ модрейми.
- А «ныIуашэжынущ»-ращ псори къызэрыкIар.
- — Хэт зэбгъэшэжынур? — йопщI си тхьэмадэр.
- — Щытщ мыбдежым зыгуэрхэр, къыщIрекIыж, — жеIэри, йожьэ.
- — Апхуэдэу тщIынкъым ар, Марат, — жеIэ аргуэру си тхьэмадэм. — Хъыджэбзыр зи хьэщIэр сэращи, сэ нэзгъэсыжынщ ар.
- Абы хуэмыхьэзыр Марат тIэкIурэ зрелъэфыхьри, и напэр къихьэжыным гугъэ хихыжыпам ещхьу, щIокIыж. Сэ зэхэзмыхыу, си бысым унагъуэм зыгуэрхэр зэжраIэ, итIанэ рулым си псэ закъуэр дэсу, абы си тхьэмадэр бгъурысу, гуащэ схуэхъунумрэ сэрэ икIэмкIэ дису, унэм сашэж.
- ЗэрымыщIэкIэ хъуа, хьэмэ, мурад гуэр яIэу, апхуэдэу дагъэтIыса? Сытми, Б.-рэ сэрэ тыншу дызэIуплъэфын хуэдэут машинэм дызэрисыр. КъыкIэлъыкIуэ махуэм нысхуихьыжа си телефон пыдзэри езыр-езыру къысщыгъупщарэ нэгъуэщIарэ сщIэркъым. Ауэ нобэ сызэрынасыпыфIэр сощIэ!
- ЩIышылэ, 4. Къэлэрдэгу
- Щыхьым и къуэр ягъэтIысащ икIэм-икIэжым. ЦПЭ-м и унафэщIу зэрагъэуврэ, абы цIыхуу къыкIуэцIыбгамкIэ иджыри къэс зэрыпсэур гъэщIэгъуэнщ. Захуэ, къуаншэ ямыIэу, я ней зыщыхуар даш. Лажьэ зимыIэр нэхъыбэщ. Зыздыкъуадзэн къуэгъэнапIэ къызыхуамыгъэна щIалэгъуалэм я нэхъыбэр къэралым икIащ. Сыт хуэдиз хъыбар гузэвэгъуэ къэIурэ. ЩIалэ закъуэ зыфIэкIуэдахэр дапщэ! Мис апхуэдэхэм язым и адэ-анэм Мэзкуу уэчыл лъэрызехьэ къыщищтауэ, ЛIыгъумым зэтрилъхьа къомыр хузэтрахыж. Си адэ-анэм иджы си Iуфэлъафэр къажыхь: «Сыту фIыуэ удэмыкIуарэт абы!»
- Дахэзилэ и зыгъэщIэрэщIапIэр зэхуищIыжри, Мэзкуу лэжьакIуэ кIуащ. Щыхьым и закъуэщ. Си тхьэмадэмрэ абырэ зэгъусэу мэжджытым макIуэ. КъыщыкIуэжкIэ ди деж къыздешэри, пшапэр зэхэуэху мэуэршэр. Ямыгъэшхауи ягъэкIуэжыркъым.
- ЩIышылэ, 25. Къэлэрдэгу
- Линэ къыдэтIысхьэжащ ди хьэблэм. Зымахуэ си гуащэм и гъусэу сыщыIащ я деж. Ныбжьэгъу дызэхуэхъуну къысфIощI. Къалэм кIуэурэ лэжьэн хуей мэхъу, и сабиитIыр къуажэ сабий IыгъыпIэм иритын идэркъым. Щыхьым лъапсэр абы иритыжыпэну хуейщи, къызэрыригъэзэгъынум теухуауэ си тхьэмадэм къечэнджэщ зэпытщ. ЗэкIэ щIыхуэу фэтэрым щIигъэс хуэдэу аращ. Хадэ щищIэн и мурадщ. ЗыгъэщIэрэщIапIэу щытам щыгъын тыкуэн къыщызэIуихыну хуит ищIащ, ауэ Линэ Дахэзилэ щошынэри тегушхуэркъым, ар къэмыкIуэжыххэу Мэзкуу щыIэщ.
- ЩIышылэ, 31. Къэлэрдэгу
- Марат и судыр зэфIэкIащ. Апхуэдиз къулыкъущIэ цIыхугъэ зиIэр пхуэгъэтIысын? Полицэм къыхадзащ итIанэми. Щыхьым и тхьэлъэIухэр къабыл мыхъуу жыпIэн абы и ужькIэ? ИлъэсищкIэ е нэхъыбэкIэ хабзэхъумэ IэнатIэ иIыгъыну хуиткъым. Унэм щагъэтIыса хуэдэу жызыIи щыIэщ.
- Щыхьым хадэм иригъэлэжьыхьыну хуейт. ЩхъуантIагъэр хущхъуэшхуэщ, жи. Езы Марат зэкIэ дунейм къытехьэркъым. ЗыгъэщIэрэщIапIэу щытам спорт Iэмэпсымэхэр щIигъэуващи, хьэблэ сабийхэр йокIуалIэ, Баширрэ Назирри яхэту.
- Линэ и сабийхэм хуабжьу яхуэгумащIэщ Марат. ЖысIэн сошынэ, ауэ я насып зэхэлъу къыщIэкIамэ, тIум дежкIи хъарзынэт. Линэ къыщыпхуэгъэпцIэну ныбжьым итыжыркъым. Марати тэмакъкIыхьу фIыуэ къэзылъагъун гуэр иIамэ, цIыху сурэтым къихьэнкIи хъунут. Анэмрэ къуэмрэ щызэхуэмыщхьэпэ игъащIэм слъэгъуакъым иджы фIэкIа. Дахэзилэ ежьэу, и къуэр полицэм къызэрыхэкIыжрэ, Щыхьым къыпхуэмыцIыхужыну зихъуэжащ.
- Мазае, 5. Къэлэрдэгу
- Ныжэбэ аргуэру сынопщIыхьащ. Уэ угуфIэу ухэлът, сэ сыпщхьэщыст.
- — Хэт уэ цIыкIур узейр? — жызоIэри сыноупщI. НэхъыщIэр сэрам ещхьу, укъысхудоплъейри, упогуфIыкI:
- — Уэ срыуейщ!
- — НтIэ, щхьэ нэхъ хуабжьу жумыIэурэ: «Уэ срыуейщ» жыпIэу? — узохухь сэри.
- — Уэ срыуейщ, — къызжыбоIэ аргуэру, ауэ иджы нэхъ хуабжьу. Абдежым сыкъэушащ.
- «Уэ срыуейщ! Уэ срыуейщ!» — си щхьэ сыхуопсэлъэж а махуэм щыщIэдзауэ. Ауэ жысIэжыну соукIытэри, хъер ухъу къызжезыIэни сиIэкъым. «Хъер ухъу!» — зыжызоIэж сэр-сэру. Псори хъер ухъу! Аа-а! Си щIакхъуэр ес!
- Мазае, 7. Къэлэрдэгу.
- Си гуащэмрэ си тхьэмадэмрэ лырэ гъэшрэ ящэ. ЩэхуакIуэхэр ди куэдщ сыт щыгъуи, пщIэншэу ягуэшыр нэхъыбэжщ. Сэ лэжьыгъэ гугъу зыри къыслъагъэсыркъым, мамэ гъэшыр щызэрихьэкIэ сыдоIэпыкъу, аркъудейщ.
- (КъыкIэлъыкIуэнущ)