Дунейпсо адыгэ диктант
2021-03-10
- Хабзэ дахэ хъуащи, ди лъэпкъэгъухэр куэду щыпсэу республикэхэмрэ къэралхэмрэ мы гъэм илъэс ещанэ хъуауэ къыщызэрагъэпэщ Дунейпсо адыгэ диктант.
- Адыгэ тхыбзэм и махуэм, гъатхэпэм и 14-м, ирырагъэхьэлIэ Iуэху дахэхэм ящыщ, лъэпкъым и цIыху пажэхэр, бзэмрэ хабзэмрэ зи гурыщIэм щызыгъафIэ хэкупсэхэр къызэщIэзыубыдэ а диктантыр къыхилъхьауэ щытащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм анэдэлъхубзэмкIэ и къудамэм. Диктантым и мурад нэхъыщхьэщ адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыныр, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр адэкIи егъэфIэкIуэныр, щэнхабзэр хъумэныр.
- Мыгъэрей диктантыр гъатхэпэм и 12-м екIуэкIынущ. Офлайн щIыкIэм тету ар къыщызэрагъэпэщынущ ди республикэм и щIыналъэхэм, къалэхэм щылажьэ курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, библиотекэхэм. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр (аудиторэ №501-нэ, СГИ), КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Къэрал лъэпкъ библиотекэр. Диктантым сыхьэт 15-м щIидзэнущ.
- ДАХ-м нэхъапэIуэкIэ къыхилъхьауэ щыта «Анэдэлъхубзэр хъума хъунымкIэ си Iуэху еплъыкIэр» сочиненэ зэпеуэм адэкIи пещэ. Абы ухэт хъунущ онлайн щIыкIэм тету.
- Диктантымрэ сочиненэмрэ зэрекIуэкI хабзэхэм нэхъ гъунэгъуу щыгъуазэ зыщыхуэпщIыфынущ ДАХ-м и intercircass.org сайтым. ФыщIэупщIэ хъунущ 89289109975, 89286934817 телефонхэмкIэ.
- Егъэджэныгъэ акцэр екIуэкIынущ Граждан жылагъуэм зегъэужьынымкIэ УФ-м и Президентым къыхилъхьа грантыр и лъабжьэу. Ар Президент грантхэм я фондым къыхэкIащ.
- Iуэхугъуэр къызэрагъэпэщынущ Роспотребнадзорым къигъэува санитар мардэхэм тету.
- Къардэн Ритэ.