ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Пшэплъ  даущыншэхэр» — адыгэбзэкIэ

2021-03-10

  • ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым мазаем и 23-м щекIуэ-кIащ Васильев Борис и Iэдакъэ къыщIэкIа «А зори здесь тихие…» повестым къытращIыкIа «Пшэплъ даущыншэхэр» спектаклым и премьерэр. Ар игъэуващ режиссёр щIалэ Понаровский Антон. КъБР-м и Iэтащхьэм театр гъуазджэмкIэ и грантыр къагъэсэбэпри, утыку кърахьащ а лэжьыгъэр.

  • Зи гугъу тщIы повестым емыджа куэд щыIэу къыщIэкIынкъым, апхуэдэуи цIыхубэм Iэмал яIащ урысей режиссёр Ростоцкий Станис-лав 1972 гъэм триха художественнэ фильмым мызэ-мытIэу еплъыну. Мыр спектаклу щагъэлъэгъуащ Урысейм и къалэ куэдым. Иджы япэу адыгэбзэкIэ Налшык утыку къыщрахьэу аращ. 2020 гъэм, ТекIуэныгъэшхуэр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу, ягъэувыну мурад щащIым, тхыгъэр адыгэбзэкIэ зэздзэкIыну сэ зыкъысхуигъэзащ театрым и унафэщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Пащты Иринэ.
  • НэхъыфI дыдэу слъагъу тхыгъэ- хэм ящыщ зыр анэдэлъхубзэм къизгъэтIэсэным занщIэу сытегушхуащ икIи абы сетIысылIащ. Ар бгъэтIылъурэ къэпщтэж, зыбгъэпсэхуурэ зэбдзэкI хъун тхыгъэтэкъым. АтIэ узэреджэм ещхьыркъабзэу, сыдихьэхыу, зэпызмыгъэууэ сызэлэжьа тхыгъэу къысхущIэкIащ. Тхыгъэм хэт псалъэхэмрэ театр утыкум щызэхэпххэмрэ куэдкIэ зэщхьэщокI, абы къыхэкIыуи жьэрыIуатэб- зэм хуэгъэкIуэным нэхъ сегугъуащ. Си дежкIэ лэжьыгъэр щIэт, ауэ удэзыхьэхт. Иджы си нэ къикIырт, фIыуэ слъагъу повестым театрым сыщеплъыну, адыгэбзэкIэ ар зэхэсхыну. Ар щагъэлъэгъуэну пIалъэр пандемием и зэранкIэ ягъэ-Iэпхъуэри, иджы къэсащ. Хэкум и хъумакIуэм и махуэм и чэзу дыдэт абы.
  • А пщыхьэщхьэм театрым щызэхуэсат щэнхабзэ гъащIэм хуэзэшахэри, ягъэлъэгъуэну спектаклым зи нэр къыхуикIыу къэкIуахэри, тхыгъэмрэ фильмымрэ спектаклыр езыгъэпщэну зи гуращэхэри. Уеблэмэ, «А зори здесь тихие…»-р Къэбэрдей театрым адыгэбзэкIэ щагъэлъэгъуэну зэхэзыха, Черкесск щыщ ди ныбжьэгъухэми щIымахуэ гъуэгур къызэпачат.
  • Спектаклым и пэщIэдзэм утыку къихьащ ди лъэпкъ театрыр куэдкIэ зыщыгугъ щIалэгъуалэр. Ахэр нэжэгужэщ, къофэ, мэджэгу, зэдогушыIэ. Зигу утIыпща щIалэгъуа-лэм я IутIыжщ, мамыр гъащIэм хопсэукIри. Абыхэм ящIэркъым къапэплъэр, ящIэркъым я псэукIэ дахэр зауаем къызэрикъутэнур, я мурадыфIхэр къызэрызэпиудынур.
  • Мамыр гъащIэр шэкъэуэжхэм, кхъухьлъатэ макъхэм къызэпауд-ри, театреплъхэр зэуапIэ губгъуэм къохутэ. Старшина Васковымрэ зенитчицэ хъыджэбзхэмрэ яхъу-мэн хуей щIыпIэм щекIуэкI гузэвэгъуэмрэ шынагъуэмрэ я пэу-                  блэщ пщащэ IэмащIэлъэмащIэ              цIыкIухэр утыку къызэрихутэр.
  • ЩIалэгъуэрэ дахагъэкIэ псыхьа хъыджэбзхэм зрагъэцIыху къыздаша щIыналъэр, абы къулыкъу зэрыщащIэнум теухуа упщIэ куэд старшинам ират. Ауи я пщIыхь къыхэхуэркъым зауэм зыIуигъэува IэнатIэм и хьэлъагъымрэ дыджа-гъымрэ. Ахэр дахэщ, гуакIуэщ, ауэ я сэлэт щыгъынхэри екIуркъым, я шырыкъухэри зыхуей хуэзэу яхулъытIагъэркъым…
  • Васков Федот старшинам и ро-лыр екIуу игъэзэщIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахьмэд. Абы и нэIэ щIэт хъыджэбзитхум я ролхэри зэпэщу ягуэшат. ЩIэныгъэм, тхылъ еджэным дихьэх Гурвич Соня и ролыр Семэн Регинэ игъэзэщIащ. Ар и теплъэ къудеймкIи а ролым къыхуигъэщIа фIэ-        кIа пщIэнтэкъым, нэгъуджэ цIыкIур Iулърэ иджыри зыри зыхимыщIыкI дунейм тхылъым къриджыкIхэр къыщигъэсэбэпыну иужь иту. Сержант нэхъыщIэ Осянинэ Ритэу джэгуар Багъ Иннэщ. Лэжьыгъэм и пIалъэр фIыуэ зыщIэ актрисэу зыкъигъэлъэгъуащ Иннэ. ЦIыхубз зэтеубыдауэ, бэшэчу, адрейхэм нэхърэ тIэкIу зэрынэхъыжьыр нэрылъагъу ищIыфащ и образымкIэ. Старшинам лъагъуныгъэ хуэ-зыщIауэ ар зыущэху Бричкинэ Ли-зэр МафIэдз Заирэт. Удэзыхьэх ролт ари. Заирэ фIы дыдэу пэлъэщащ екIуэкI Iуэхум нэщхъей къищIа театреплъхэр и дуней тетыкIэмкIэ къыпигъэгуфIыкIыну. Четвертак Галя и ролыр зылъысар Къул Марьянэщ. Пщащэ цIыкIури и обра-зым ихьащ, цIыхухэм гущIэгъу зыхуригъэщIыни хузэфIэкIащ. Дунейр зи зэхуэдитIрэ гъащIэм щыгуфIыкI Камельковэ Женяу джэгуар Гуэщокъуэ Регинэщ — теплъэкIи, утыку итыкIэкIи, IэпкълъэпкъкIи Регинэ          и ролым хуэкIуэ дыдэт. А псоми ятеубгъуат зи актёр IэзагъкIэ псоми яцIыху, фIыуэ ялъагъу Хьэмырзэ Ахьмэд. Щыпхъашэм — пхъашэт, щыгуапэм — гуапэт, щыткIийм — ткIийт, иужьым, и унафэ щIэт цIыкIухэр зэрыгуащIэмащIэм егъэдзыхэри, и шыпхъу цIыкIу хуэдэу яхуэгумащIэщ.
  • Старшинар лIыжь хъуауэ хъыбарыр къэзыIуэтэжыр КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мысост Вадимщ. И нэгум кърих гупсысэм узыIэпишэу уодаIуэ Вадим, адэкIэ къэхъуным упигъаплъэрэ къыпхуэмыгъэсу. Васков дадэм хъыбарыр кърегъэIуатэ капитан щIалэм — ар Семэн Астемырщ. Бричкин Иван и ролыр игъэзэщIащ Бозий Рустам, Шыдгын Тимур щакIуэу джэгуащ. Майорыр ТIымыжь Владимирщ, полковникыр Бетыгъуэн Жамболэтщ, нэмыцэ щIалэу джэгухэм языхэзщ Къардэн Заур,Шыпш Къантемыр лейтенант Осяниным и ролыр игъэзэщIащ, Кирьяновэр Пащтыкъ Анфисэщ. КIэщIу, ауэ гукъинэжу унэгуащэм и ролыр егъэ-защIэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист-кэ КIэхумахуэ ФатIимэ. Щхьэхуэу къытеувыIапхъэщ журт зэлIзэфызым, Гурвич Соня и адэ-анэм я ролхэр зыгъэзэщIа Тэмазэ Лиуан- рэ Мэкъуауэ ФатIимэрэ. ГъащIэм и кIэухымрэ дыджагъымрэ нэрылъагъу зыщыхъуа лIымрэ фызымрэ              я щхьэ кърикIуамрэ я пхъум зэрыхуэхъуапсэмрэ къызыхэщ иужьрей тхыгъэр Соня хуаутIыпщынущи зэхалъхьэ. Зауэ лъэхъэнэм журтхэр зыхэта бэлыхьымрэ цIыхупсэм игъэвыр зыхуэдизымрэ куууэ уезыгъэгупсыс монолог хуэдэщ Лиуан  и псалъэхэр. Езыр апхуэдизкIэ Соломон и образым ихьащи, нэпсыр зыщIэз  нэхэмрэ  я  натIэ  хъуа гугъуехьым зэрытепсэлъыхьыжымрэ уи щIыфэр  игъэтхытхыу уодаIуэ. Пхъум хуаутIыпщыну письмом иратхэ гукъеуэмрэ гугъуехьымрэ цIыхуфэм дэмыхуэну къыпщыхъуми, ажалым и нэм щIэплъэ зэщхьэгъусэхэм ягъэв гузэвэгъуэр пэжу уи нэгу къыщIагъэувэф, зауэ лъэхъэнэм ухешэри, зи гугъу ящIыр псэкIэ зыхыбощIэ. А дакъикъэм зэщы-джэу гъаи щIэсащ театр пэшым. Мы спектаклым хэтщ апхуэдэ теплъэгъуэ куэд, зумыщIэжу а екIуэкI Iуэхум ухишэрэ, уи нэпсыр пхуэмыубыду уигъагъыу. Ар зи фIы-      щIэр екIуэкIыр уи фIэщ ящIыфу джэгу ди актёрхэрщ.
  • Iыхьэ щхьэхуэу хэт хуэдэт, зи щIалэгъуэ дахэу, я псы къэжэгъуэр иджыри къэмысауэ псэзэпылъхьэпIэ ихуа пщащэхэр зырызу бийм яIэщIэкIуэда нэужь, ахэр къызыхаша мамыр гъащIэм щищIамрэ щилэжьамрэ къызэрагъэлъагъуэр. Дэтхэнэри гугъэ IэфIхэр зиIэ пщащэт, лъагъуныгъэмрэ дахагъэмрэ зи псэм щызыгъафIэ хъыджэбз зэпэщт. Сыту гъащIэ гухэхъуэ яIат абыхэм зауэм щIимыдзэ щIыкIэ, сыту мурад куэд зыхуагъэувыжат… Ауэ   я  натIэр  арати,  фронтым Iухьэн хуей мэхъу, игъащIэм ямылъэгъуа фочыр къыIэщIалъхьэри, хъыджэбз IэмащIэлъэмащIитхур нэмыцэ щIалэ 16-м япэщIоувэ. ЛIыгъэ къызыкъуахащ пщащэхэм, махуэ бжыгъэкIи заIыгъащ я старшинар я пашэу. ХэкIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэри къагъуэтурэ бийм пIалъэкIэ зыщахъумащ, щIэзылъэфэнкIэ хъуну псыпцIэ шынагъуэ- ми, къурагъ зырызыр яIыгъыу, пхыкIри, яхъумэн хуейуэ къалэн къыщащIа щIыпIэм я псэр щатащ. Гуузу. Зырызу. ГущIэгъуншэу.
  • ЕкIущ, зэчиифIэщ зи гугъу сщIы ролхэр зыгъэзащIэ ди актёр ныбжьыщIэхэр. Ауэ сигу нэмыса зы Iуэхугъуэ сыкъытеувыIэну сфIэигъуэщ. Пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ ящыщ зыбжанэм яIурылъ адыгэбзэр зэрыныкъуэм я зэчийр фагъуэ зэрыщIэхъукIым гу лъыстащ. Уеблэмэ, урыс акцент яIэу театрым адыгэбзэм щрипсалъэхэр щызэхэпхкIэ, лъэпкъыр щIэгузавэ анэдэлъхубзэр кIуэдыжыпIэ зэрихуам нэхъри урегъэгупсыс. «Адыгэбзэ ныкъуэр» театр утыкум къыщысакIэ, къыдэкIуэтей щIэблэм сыткIэ уазэрыщыгугъыжынур, лъэпкъым и къэкIуэнум дауэ узэрыщыгуфIыкIынур?! Лъэпкъ театрыр, псом япэрауэ, анэдэлъхубзэ къабзэ къыщыIун хуей IуэхущIапIэщ, театреплъыр щIекIуалIэри, адыгэбзэ шэрыуэ щызэхи-хын щхьэкIэщ. Къалэм дэсщ зи гугъу сщIы актёр щIалэхэр, къалащхьэм щеджащ, ауэ илъэс зыбжанэ хъуауэ къагъэзэжауэ адыгэбзэкIэ мэлажьэ. И чэзу мыхъуауэ пIэрэ, актёр пажэхэм щапхъэ трахыу я бзэр къабзэ ящIыну?!
  • «А зори здесь тихие…». Мыбы тхылъуи деджащ, фильмуи деплъащ. Пэжыр жысIэнщи, Адыгэ театрым и утыкум зэрыщекIуэкIынур нэгум къыщIэгъэхьэгъуейт, ар тхылъми фильмми ефIэкIыну сыхуейт, адыгэбзэкIэ къызэрыIунуми фIы гуэрым сыпигъаплъэрт. ГухэлъкIэ, гурыщIэкIэ, гугъуехькIэ, гузэвэгъуэкIэ, гумащIагъэкIэ, гупцIанагъэкIэ, гулъытэкIэ, гуапагъэкIэ гъэнщIа тхыгъэм спектакль гунэс къызэрыхащIыкIам театреплъхэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ. ЯгъэлъэпIащ спектакль нэужьым сценэм къытехьэжа актёрхэр. Ари зы теплъэгъуэ щхьэхуэт. Апхуэдиз зы гугъуагъ образхэм ита актёрхэм  я нэгур зэхэуфат, я нэпсыр нэкIум тегъущхьатэкъым, я гум хыхьауэ зэрыджэгуар я фэм къигъэлъагъуэу ди пащхьэ къиуват.
  • Я нэпсыр щIалъэщIыкIрэ актёрхэм я утыку итыкIам тепсэлъыхьыжу         зэбгрыкIыжащ цIыхухэр. А псоми къыбжаIэрт мыр театрым и репер- туарым хэтын зэрыхуейр. Абы еплъын хуейщ курыт еджапIэм и класс нэхъыжьхэм щIэс ныбжьыщIэхэр. ГъащIэм, лъагъуныгъэм, Хэкум, хэкупсагъэм, пэжыгъэм, хахуагъэм теухуа теплъэгъуэу хэтхэмрэ дерсу къыхэпхымрэ уасэншэщ.
  • Тхыгъэр гугъуми, спектаклыр къайхъулIащ. Хэку зауэшхуэм теухуа произведенэхэм ящыщу нэхъыфI дыдэу къалъытэ тхыгъэм къытращIыкIа спектакль адыгэбзэкIэ зэреплъам ягу хигъэхъуащ театреплъхэм икIи щIэщыгъуэ ящыхъуащ.
  • НэщIэпыджэ  Замирэ,
  • Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.